Top.Mail.Ru

КъБР-м и Олимп чемпионхэр

Image description

Олимп чемпион Шыхъуэ Борис (1972 гъэ, Мюнхен)

Къэбэрдей-Балъ­къэрым щыщу япэ дыдэу Олимп чемпионыгъэм нэсар Шыхъуэ Борисщ. Ар къыщыхъуар 1972 гъэм Мюнхен щызэхэта зэхьэ­зэхуэхэращ. Абы ипэжкIэ къэрал­псо, дунейпсо лъа­гапIэхэри лъакъуэ­рыгъажэ зэпеуэ­хэмкIэ мызэ-­мы­тIэу къищтат.

Зэманыр ма­кIуэ, ауэ цIыхухэм ящыгъупщэркъым нэхъапэм дэрэ­жэгъуэ къезыта, лъэп­къымрэ Хэ­кум­рэ я пщIэр зы­Iэтахэр. Шэч хэлъкъым апхуэдэхэм зэращыщыр лъа­къуэрыгъажэ спортымкIэ СССР-м тхуэнейрэ и чемпион (1968, 1971, 1972 гъэхэм гуп зэпеуэм, 1968 гъэм щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэм, 1972 гъэм махуэ куэд­кIэ екIуэкIа зэдэжэм), дунейпсо чемпион (1970 гъэ), Олимп чемпион (1972 гъэ) Шыхъуэ Борис.

Къэзылъхуахэр Джылахъстэнейм щыщми, езыр дунейм къыщытехьар Закарпатьеращ. И адэ Хьэбалэ Хэку зауэшхуэм жыджэру хэта офицеру а щIыпIэм дзэм къулыкъу щищIэрт. ИужькIи абы и гъусэу къэралым и щIыпIэ куэд къызэхикIухьащ, щыпсэуащ.

Олимп чемпион Ахэмын Еленэ (1980 гъэ, Мэзкуу)

БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэ­хэм и кIэухым цIыхубз волейболым и вагъуэр щылыдащ адыгэ бзылъхугъэ те­лъыджэ СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Ахэмын Еленэ. 1978 — 1982 гъэхэм Свердловск (иджы Ека­теринбург) и «Уралочка» командэм хэту ар СССР-м и чемпион тхуэнейрэ хъуащ, Европэм и чемпионхэм я кубокыр тIэунейрэ зыIэригъэхьащ. Къэралым и гуп къыхэхам 1979 — 1983 гъэхэм зэпыу имыIэу ира­джащ икIи абы дэщIыгъуу Европэмрэ Олимп джэгухэм­рэ дыщэ медалхэр къыщихьащ, дунейпсо чемпионатым зыкъыщигъэлъэгъуащ. Ахэмын Еленэ и закъуэщ ди лъэпкъэгъу цIыхубзхэм Олимп чемпиону къахэкIар.

Свердловск къалэм дзэм къулыкъу щызыщIэу абы къэнэжа Ахэмын Рабихь и унагъуэм 1961 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 5-м хъыджэбз цIыкIу къралъхуащ. Ленэ зыфIаща сабийр, адыгэ уэрэд цIэрыIуэм зэрыщыIуащи, дахэкIейт, ауэ и гъащIэ гъуэгур щыпхишар спортращ.

Совет Союзым тепщэныгъэр щызыIыгъ, Европэми фIыкIэ къыщацIыхуа Свердловск и «Уралочка» командэм а лъэхъэнэм ухыхьэну хуабжьу гугъут. Ар хузэфIэкIащ Еленэ.

Олимп чемпион Къардэн Мурат (2000 гъэ, Сидней)

Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэхэм ящыщ зыщ алыдж-­урым бэнэкIэмкIэ Олимп чемпион (2000 гъэм), Дунейпсо кубокыр щэнейрэ къэзы­хьа (1992, 1995, 1997 гъэхэм), Европэм щыте­кIуа (1998 гъэ), иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министру, рес­публикэм и Пра­вительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу щыта, иджы КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къар­дэн Мурат.

Къардэн Мурат сыт щыгъуи фIыкIэ игу къегъэкIыж гъащIэм и гъуэгу захуэм тезы­гъэу­вахэр. Апхуэдэхэм ящыщащ ГъуэплъащIэ Замири. Аращ бэнэным япэ лъэбакъуэхэр щезыгъэчар. АбыкIэ фIыщIэ куэд бгъэдэлъщ и япэ тренерхэм ящыщу щыта Къалмыкъ Юри.

Мурат и ныбжьыр илъэсипщI ирикъуауэ арат я унагъуэр Налшык щыIэпхъуам. Дауи, спортым зыщыхуебгъэсэну абы Iэмалхэр щынэхъыбэт икIи ахэр нэсу къигъэсэбэпащ ныбжьыщIэм. Псом япэу Мурат зыхригъэтхащ бэнэкIэмкIэ секцэм. АрщхьэкIэ зыхэхуар иджыри къэс дэзыхьэха бэнэкIэ хуитыракъым, атIэ алыдж-урым бэнэкIэращ. Зи нэIэ щIэхуа Лобжанидзе Владимир абы а спорт лIэужьыгъуэр фIы дыдэу иригъэлъэгъуащ икIи и гъащIэ псокIэ зэрихъуэжын щымыIэу ищIащ.

Олимп чемпион Хъущт Аслъэнбэч (2008 гъэ, Пекин)

Китайм и къалащхьэ Пекин 2008 гъэм щекIуэкIа Олимп джэгухэм я дыщэ теувапIэм Хъущт Аслъэнбэч лъэ быдэкIэ техьащ, илъэсищэ и пэкIэ Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ и закъуэу къэзыгъэIурыщIа ди лъэпкъэгъу Хьэшыр Чылар хуэдэу.

Хъущт Аслъэнбэч наIуэ ищIащ зыхуигъэувыжа къа­лэным псэемыблэжу зэрыхуэкIуэфыр. ГъащIэм абы и лъагъуэр щыпхишыфащ — гугъурэ нашэкъашэу икIи къуажэдэс щIалэжь цIыкIуу къежьар Олимп чемпион хъуащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Тэрч къалэм пэмыжыжьэ Белоглинское къуажэм къыдэкIа бэнакIуэм 2008 гъэм Китайм щызэхэта Олимпиадэм ехъулIэныгъэ щиIэныр зи фIэщ хъур зырызыхэт, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам илъэсиплI хъуауэ хэт пэтми. ЩIэупщIэ щыIэт: Хэт ар езы Хъущтыр? Сыт абы хузэфIэкIынур? Ар дауэ къэралым и командэ къыхэхам зэрыхыхьар?» Апхуэдэ псалъэмакъ мыщхьэпэ къекIуэкIхэм емылъытауэ Аслъэнбэч зыхуигъэу­выжа къалэныр зэригъэзэщIэным иужь итт. Нэхъ мащIэ дыдэу ар зыщыгугъар, Пекин зэрыкIуэн путевкэ зыIэригъэхьэнырати, къехъулIащ.

Хъущтым и зэфIэкIыр къэзымылъыта псоми я нэхейкIэ Китайм абы лъагапIэ нэхъ ин дыдэр къыщищтэфащ: зэIущIих иригъэкIуэкIати, хыми текIуэныгъэ къабзэ къыщихьащ, и хьэрхуэрэгъухэм зы очкои къаримыгъэхьу! Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр спортым и тхыдэм илъэс куэдкIэ къыхэнэнущ.

Олимп чемпион Махуэ Билал (2012 гъэ, Лондон)

Японием и къалащхьэ Токио 2020 гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 24-м, къыщызэIуахын хуеящ XXXII Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Абы хэтыну икIи щыте­кIуэну хуабжьу щIэхъуэпсырт адыгэ бэнакIуэ цIэрыIуэ, дуней псом щэнейрэ и чемпион Махуэ Билал. Ко­ронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ Олимпиадэр илъэскIэ ягъэIэпхъуащ, ауэ ди лъахэгъур Олимп чемпион хъуащ!

Бадзэуэгъуэм и 14-м и пщэдджыжьым дгъуэта дэрэжэгъуэр пщIыхьэпIэ IэфIым хуэдэт. Интернетым къытIэригъэхьа хъыбар гуапэр ди фIэщ мыхъуу къытедгъэзэжурэ мызэ-мытIэу щIэдджыкIыжащ. Нэ­гъуэщI щIыпIэхэм къыщытлъыхъуащ ар щIэзыгъэбыдэж Iуэхугъуэхэр. Пэжт! Допинг къэпщытэныгъэхэр щIэ­рыщIэу ирагъэкIуэкIыжу 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ килограмми 120-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэхьэзэхуэм кърикIуахэм хэплъэжа иужькIэ Дунейпсо Олимп Комитетым дыщэ медалыр яхуигъэфэщащ Махуэ Билалрэ Ираным щыщ Гасеми Камейлрэ.

Олимп чемпион Мудрэн Беслъэн (2016 гъэ, Рио-де-Жанейрэ)

2016 гъэм адыгэм ди пщIэр аргуэру лъагэу Iэта хъуащ. Бразилием и Рио-де-Жанейрэ къалэм щызэ­хэта XXXI Гъэмахуэ Олимп джэгухэм текIуэныгъэ дахэ икIи гукъинэж щызыIэригъэхьащ дзодоист гъуэзэджэ Мудрэн Беслъэн.

ГъащIэми хуэдэу, спортым цIыхухэр лъагъуэ зырыз­кIэ хохьэ. Къапщтэмэ, Мудрэн Беслъэн и натIэ хъу­нур къыхухэзыхар и къуэшращ. Ар спортым зэрыхыхьар самбэращ. Зыгъэсэн зэрыщIидзэрэ куэд дэ­мыкIауэ, 2007 гъэм Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ икIи дунейпсо зэпеуэм дыжьын медалыр къыщихьащ. Абыхэм къыхэкIыу «Дунейпсо классымкIэ спортым и мастер» цIэ лъапIэр къыфIащащ. АрщхьэкIэ иужькIэ дзюдор къыхихыжащ. Щхьэусыгъуэр зы за­къуэщ — дэтхэнэ зы спортменми хуэдэу, Мудрэныр щIэхъуэпсырт Олимп зэпеуэхэм хэтыну, арщхьэкIэ самбэр абы и программэм хагъэхьатэкъым. Дзюдом и Iуэхур абыкIэ нэхъыфIт.

Жыласэ Заурбэч, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналист.