Top.Mail.Ru

Ди бзэ хуэгъэхьа усэхэр

Image description

Къущхьэ Нэдим

Ди псэ

Лъэпкъым и щIалэу зи бзэр кIуэда, Щхьэ мыгъуэ пщIэншэу укъагъэна? Щхьэ уянэ-уядэу уэ узыпIахэм Уи адыгэбзэр къыпIуамылъхьа? Щхьэ уи лъэпкъ дыщэм и бзэр пIурачу, НэмыщI бзэ хьэхухэм укъыхуэна? Iэджэ щхьэ нэщIхэм нобэ къыджаIэр: «Сыт адыгэбзэ зи гугъу къытхуэфщIыр, Ди щIакхъуэр зейхэрщ нобэ ди бзэр, СыткIэ ди щхьэпэ анэдэлъхубзэр?» Ар щызэхэсхым си гур къекIуащ, Бзэр умыщIэжмэ, хамэ ухъуащ. ЩIыхь яхузощIыр дэ дянэ-дядэм, Ди адыгэбзэр къытIурызылъхьахэм, Адыгэ напэу, дахэу, ди шыпхъухэ, Фыпсэу ди нэхухэу Сэтэней бынхэ. Ди цIыкIухэм я бзэр къызэтевгъанэ, Вагъуэплъхэр бзагуэу къытхуэвмыгъанэ, Анэдэлъхубзэр ящымыгъупщэм, Къытхуэфхъумащи, быныфI тхуэхъунщ. Сабийхэу зи бзэр зыIулъ ди нэхухэр Ди жэнэт бзущи, Iэджэ я уасэщ. Ди бзэр дэ ди псэщ, ар зыфIэкIуэдхэр Мы хамэ щIыпIэм лIапIэ щихуахэщ. Сирие, Дамаск къалэ Бештокъуэ Хьэбас

Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым.

Акъыл ин ухуэмей, КъыбгурыIуэу а тIэкIур Утетыну дунейм. Бзэм и макъхэм ди тхыдэр, Ди лъыр, ди псэр хэпщащ. Бзэр тхъумэну зымыдэр Ди биям къагъэщIащ. Бзэр тIэщIэкIмэ, досыкIыр, ТIэщIэкIами дрикъунт. КIуа лIэщIыгъуэм лъыкIпсыкIым Хипщэжар сыт хъужын? Бзэр тIэщIэкIмэ, докIуэдыр. Лъы зыщIэтыр фысакъ. Псы зыщIэтыр текIуэту, ВгъэIу бзэ хуабэм и макъ. Бемырзэ Мухьэдин

Адыгэбзэ

Си гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж, Си гукъыдэж, си гурыфIыгъуэ, Дунейр уэрыншэм ныбгъуэхьэшт, УзиIэу зыми семыфыгъуэ. УзиIэу зыми семыиж — АбыкIи, си бзэ, уэрщ си щапхъэр: Сэ уи беягъкIи сыбеижщ. Адрейхэр сщIэнуи сыхуопабгъэр. Уэрыншэм гъащIэр шхын мышут, И IэфIи фIэIуи зыхэзмыщIэу, Мо дыгъэ къепсыр щхьэкIуэ шут, Абдж къызэрыкIуэт вагъуэ мыщIэр. ЖызыIэ щыIэщ псалъэгъэху Уэ къэбгъэщIэнур къэбгъэщIауэ, И псалъэ кIапсэр зэрихъэху УфIэмыIуэхуу, къопэбжьауэу. Сэ зы дакъикъи семыдэIу Абы я псалъэ мыжьэ-мывэм — Къуршыпс ежэхыр хуэщIкъым дэгу Абы зыгуэрым хидза мывэм. Псыр тожри, мывэхэр къонэж, Гъуэгу зэрытехьэрэ и псыпэр, ЗэринэкIар абы гъунэжщ Мывэ пкIэлъейрэ щхьэдэхыпIэу. Си адыгэбзэ, уэ улъэщщ, Зи зэманыгъуэу угурыхуэщ, ЦIыхугу дэтхэнэри къотIэщI, Уэ ущагъабзэкIэ Iэрыхуэу. Зэм, си бзэ, уохъури уэ жьгъыру, Адыгэ пшынэу, уобзэрабзэ, Зэм, къызыкъуохри уи къарур, ХеящIэ джатэ ар уогъабзэ. Анэ быдзышэу, уэ уIэфIщ, УщыщхьэщыскIэ сабий гущэм, Гухэлъ уэрэди жыбоIэф, ЗэригъэдзэкIыу пщащэ гущIэр. Уэ, уафIэжьгъейми къэбгъэщIащ Зэрыдунейуэ зэджэ «Нартхэр», Гъэ минхэр, си бзэ, уэ бгъэщIащ, Иджыри мащIэкъым уи натIэр... Си лъэпкъым щIэблэ къыщIэхъуам Насып вагъуэбэу ужьэхэпсэу, Я нэхъ тхьэмыщкIэ ар щыхъуам УреIэ уэ, си адыгэбзэ! КъШР, Хьэгъундыкъуей къуажэ Къагъырмэс Борис

Си адыгэбзэ

IэфIыгъэу, лIыгъэу пхэлъыр, уи гуапагъэр Куэд щIауэ псэкIэ зыхэсщIэу сопсэу. СлъэкIамэ, ахэр минкIэрэ згъэбагъуэу, Сыпхуэлэжьэнти, си бзэ, гъащIэ псом. Уэрщ сытым щыгъуи си гур зыгъэнэхур, СиIэту уэрщ сизыхьэр лIыгъэ уэгу. Ди лъэпкъым щыщми, бзэр зыфIэмыIуэхур Адыгэу плъытэу, уиплъэ хъун и нэгу?! ФIокIуэдыр и бзэр уэ узыфIэкIуэдым, КъыпхужызыIэм: «Бзэ лъэрымыхь цIыкIущ…» Уэ къыпхуэпэж уи бын гуащIафIэ куэдым Я тхыгъэхэр ипхьащ къэрал утыку. Уэ Iэщэ жану уриIащ Бэчмырзэ. Ар закъуэныгъэм щиубыдам — уэ зырщ Къыкъуэувар, и щэху зрихьэлIа гъусэу, — Урителъхьэну пэжым ухьэзырщ. Алий и усэм дамэ лъэщ ухуэхъури, ПIэтащ и псалъэр, налкъут зэщIэлыдэу. Пэжыгъэм, лIыгъэм ди бзэкIэ дехъуэхъури, Дыщыуващ гъащIэщIэм, ди лъэр быдэу. Сэ уи къэкIуэнум согупсысыр куэдрэ, Сыхуейщ уи гъащIэр хъуну нэхъри кIыхь. Насып иIэжкъым лъэпкъым, и бзэр кIуэдмэ, — ЗауэлI Iэщэншэу, мэхъу ар лъэрымыхь. Хуэблэжьыр лъэпкъым нэхъри уэ бгъэбагъуэу, Ди адыгэбзэ, куэдрэ утхуэпсэу! IэфIыгъэу, лIыгъэу пхэлъым, уи гуапагъэм Щыгъуазэ сщIынт, слъэкIамэ, дуней псор. Къэшэж Иннэ * * * Къызэпсэлъэж, си адэ, адыгэбзэкIэ, нэгъуэщI нэхъ мыхъуми зэ сегъэпщIыхьыж, бгъэджэгуупсысэм и макъыбзэ шхуэIур уздыщагъафIэ лъахэм дигъэхьэж. Къызэпсэлъэж уиадэм и уэсятымкIэ, Си адэу — узым бзэр зыIуриха! Зэпычми шыныбэ пхыруэрэд хъэтымкIэ Шым нихьэсынущ лъагъуэ хухахар. КъысхуэIуэтэж, си адэ, уилъахэбзэр, а тэмакъыщIэ псынэм и фIыншэбзэр — мэлыхъуэ пщыIэ жьэгухэм я IугъуэкIэм уиузхэм щIэгъэуэну зырашэкIрэ уэсукхъуэгъуагъуэмбгыр щIэщхьэукъукIыу. Къызэпсэлъэж, си адэ, къэпсэлъэж! КъызэпсэлъэкI уз бзаджэм къыпекIуэкIи — узыпэмастэруи мэкъупIэ пхафэу усхурикIуэжу а пшэкIэплъ дыгъафIэм… А зырщиджы, си адэ, къэслъэIужыр: къэгъэпсэлъэж а уахътыншагъэм и бзэр, къэгъэпсэлъэж уиадэм и лъахэбзэр. 1971. ЗэзыдзэкIар Къармэ Iэсиятщ. Щоджэн Аслъэнджэрий

Адыгэбзэ

Ди Iуащхьэмахуэ Уафэм ныщIоуэ, Бахъсэн уэрыжьыр КъуакIэм щызоуэ, Мы ди хэкужьыр Дуней телъыджэщ, Ди адыгэбзэр Абы и гъуджэщ. Зи бзэр зыфIэдахэр Ар лъэпкъ узыншэщ, Зи бзэм хуэлажьэр Ар лъэпкъ уахътыншэщ, Адыгэ лъэпкъыр Дызэкъуэтынщ, Ди бзэм и щIыхьыр Лъагэу тIэтынщ. Ди адыгэбзэр Мывэ джей быдэщ, Илъэс мин куэдхэр Абы и тхыдэщ, Псыкъелъэм хуэдэу Ар къарууфIэщ, Ди лъэпкъ гъэфIэну, ДызэрыгуфIэщ. Зи бзэр зымыдэу Зы лъэпкъ щымыIэ, Зи хэку епцIыжу Зы лъэпкъ щымыIэ, Зи бзэр зыхъумэр Мис ар лъэпкъ къабзэщ, Бзэм пщIэ хуэщIыныр Лъэпкъхэм я хабзэщ. Мы дунеишхуэм Лъэпкъ куэд щызокIуэ, Зи бзэм хуэсакъхэр Зэманым токIуэ, ГъащIэ хъуэпсэгъуэр ЩIылъэм щаухуэ. Апхуэдэ щапхъэм Дэ дегъэгушхуэ. Ди адыгэбзэм Лъэпкъыр зэпещIэ, БлэкIа зэманхэр Дэ къыдегъащIэ, Ди нартыжь лъэпкъым Уэрэд хуеусыр, Ди лъэпкъ хъыбархэр Дэни нехьэсыр. Зи бзэр зыфIэдахэр Ар лъэпкъ узыншэщ, Зи бзэм хуэлажьэр Ар лъэпкъ уахътыншэщ. Адыгэ лъэпкъыр Дызэкъуэтынщ, Ди бзэм и щIыхьыр Лъагэу тIэтынщ.

Си бзэ – си псэ, си дуней

Псалъэхэр Джэдгъэф Борис ейщ Макъамэр Молэ Владимиррэ Щомахуэ Хьэсэнбийрэ ейщ Iуащхьэмахуэу уэгу пкIэлъейм Хасэшхуэр щызэхуос. ЖаIэр нобэ Къэбэрдейм Къайсэри щызэхох: Ежьу: Си бзэ — си псэ, си дуней, Анэбзэу си уэрэд, Лъагъуныгъэу сигу мыжейм Сигу мыжейм укъолъэт Адыгэу тетым щIы хъурейм, Ей, маржэ, жыфIэрей: Си бзэ — си псэ, си дуней, Си бзэ — си дуней. Япхъуатэ си бзэр къуалэбзум. Пшынэбзэу, зэIэпах. Мэзкуу щIодэIур си макъ зум, Аммани щызэхах. Ежьу. Йоубзэ си бзэр мы дунейм. Ар, пшэплъу, кърекIут Си Iуащхьэмахуэу уэгу пкIэлъейм, Тырку лъахэми лъоIэс. Ежьу.