Top.Mail.Ru

Беслъэнейм къыпызыщIэ лъэмыжыр быдэщ

Image description

Санкт-Петербург къалэм къикI­ри Къэрэшей-Черкес Республикэм къеблэгъащ хьэщIэ лъапIэхэр. Нэ­хъыщхьэу ахэр ди хэгъуэгум къезышэлIа Iуэхур — Ленинград блокадэм хиубыда сабийхэр беслъэнейдэсхэм зэрахъумауэ щыта тхыдэ къэхъугъэращ. Гупым я пашэу щытащ а блокадэм хэта, егъэджакIуэ, фотохудожник, «Вечно живые» хэгъуэгубэ жылагъуэ хэкупсэ зэщIехъееныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ Зимневэ Иринэ Алексеевнэ.

ЗекIуэм и мурад нэхъыщхьэу щытар а зэман хьэлъэ дыдэм блокадэм ита къалэм къыдаша сабийхэр къезыгъэла адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, Беслъэней къуажэм дэсхэм гупым хэтхэр нэIуасэ хуэщIынырщ, адыгэ анэм и сыным я щхьэр хуагъэщхъынырщ.
ХэIэтыкIауэ гуапэу, адыгэм и хьэщIагъэр нэгъэсауэ зыхэпщIэу хьэщIэхэр беслъэнейдэсхэм кърагъэблэгъащ. Махъсымэрэ шыгъупIастэрэкIэ абыхэм япе­жьащ къуажэм и нэхъыжьхэр, КъЧР-м щэнхабзэмкIэ и министр Агырбэ Зураб, Хьэбэз муниципальнэ районым и Iэтащхьэ Тэмазэ Рэмэзан, Беслъэней къуа­жэ администрацэм и Iэтащхьэ Тхьэгъэ­псэу Гарри сымэ, еджакIуэхэр, къуажэ­дэсхэр.
Министрым къеблэгъахэм фIыщIэ яхуищIащ ди хэгъуэгумрэ Санкт-Петербург къалэшхуэмрэ я зэпыщIэныгъэр зэрагъэбыдэм, тхыдэр хъума хъуным зэрыхуэсакъым папщIэ.
Псом япэ хьэщIэхэр бгъэдыхьащ щэнхабзэмкIэ Унэм и пщIантIэм дэт, зауэ операцэ хэхам хэкIуэда беслъэнейдэсхэм я фэеплъ пхъэбгъум. Абыхэм зэрахьа гуеигъэм щхьэщэ хуащIащ, иужьым адыгэ анэм и сыным екIуэлIахэщ. Мыбдеж хьэщIэхэм я пашэр къытепсэлъыхьащ къыщIеблэгъам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэм.
Дэ тщыгъупщэнукъым 1942 гъэм адыгэ лъэпкъым, беслъэнейдэсхэм зэрахьа хахуагъэр. Ди къалэм и сабийхэр зэзышэлIа, иужькIи сабий унэм ямыгъа­кIуэу, хыфIамыдзэу, езыхэм яйм па­лъытэу зыпIа адыгэ анэхэр ди гум илъынущ. Дыхуейщ ар адэкIэ къытщIэ­хъуэхэми янэтхьэсыну.
Беслъэней щагъэува, адыгэ анэм и сыным хуэдэ къабзэ Санкт-Петербург къалэм зэрыдэтын хуейми фи лъэп­къэгъу, жылагъуэ Iуэхузехьэ Уэхъутэ Александррэ сэрэ зыкъом щIат дызэрытепсэлъыхьрэ. Мыбдеж щыслъэгъуар, ленинград сабийхэр зэрахъумауэ щытам теухуа тхыдэ хъыбарыр ди районым и Iэтащхьэм щыжесIэм, къыздищтащ сыныр гъэувын зэрыхуейр. ИкIи, Красногвардейскэ районым и 191-нэ еджапIэм деж ар щыгъэувынымкIэ арэзы техъуащ икIи щIыпIэ хъарзынэ щагъэбелджылащ.
Си фIэщ мэхъу, фашист зэрыпхъуа­кӀуэхэм кърахужьа сабийхэр зэзубыдылIа анэхэм, зэман хьэлъэ дыдэм емы­плъу, ахэр IэщIыб зымыщIа адыгэ лъэпкъым хуэфащэ щIыхьу зэрыщытынур,
жиIащ Иринэ Алексеевнэ.
ХьэщӀэхэм ящыщ еджакIуэ Шевцов Матвей абдеж къыщеджащ адыгэ анэм и сыным теухуауэ Чистяков Николай итха усэм. Ар абы апхуэдизкӀэ гъэхуауэ, гум хыхьэу къеджати, щIэдэIуахэм я нэпс къригъэкIуащ. КъыкIэлъыкIуэу, Сабанидзе Нино итха Беслъэней къуажэ» уэрэдыр кърагъэуащ.
Блокадэр зыхэзыщIа, зи нэгу щIэкIа Зимневэ Иринэ иджыри зэ фIыщIи щхьэщи яхуищIащ беслъэнейдэсхэм. Бзылъхугъэм илъэгъуамрэ зыхищIамрэ къигъэлъагъуэу «Карачаево-Черкесия глазами петербурженки» тхылъи къыдигъэкIащ, сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэри игъэхьэзыращ.
Гупыр ягъэхьэщIа нэужь, беслъэней еджакIуэ цIыкIухэм хьэщIэхэм я нэгу зрагъэужьащ адыгэ къафэ дахэхэмкIэ, бэрэбэнауэхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныхэгъэмкIэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, хьэщIэхэми концерт программэ гъэщIэгъуэн ягъэ­хьэзырат.
Мариинскэ театрым и актер Барбаков Игорь, нэгъуэщI уэрэджыIэ ныбжьыщIэхэм хэкупсагъэ уэрэдхэр жаIащ, усэ, балладэ къеджащ.
ХьэщIэхэм Санкт-Петербуг теухуа тхылъхэр къуажэм тыгъэ къыхуащIащ. ЗэгурыIуащ я зэпыщIэныгъэр нэхъри ягъэбыдэну.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Беслъэней щыщ еджакIуэхэр зэ яшагъэххэщ ди къэралым и ищхъэрэ къалэшхуэм. Ауэ иджы апхуэдэ зэкIэлъыкIуэныгъэр куэдкIэ нэхъыбэ зэрыхъунур, фэеплъ сыныр къыщызэIуахкIэ псори зэрырагъэбла­гъэр хьэщIэхэм къыхагъэщащ.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ