Шыхъуэ Iэзэ МыкIытIэ Мухьэмэд
Уафэм зитхьэщIыжурэ плъыфэкIэ зэрызихъуэжым, гъэм и зэманхэр зэблэкIкIэрэ щIылъэр къэкIыгъэ мелуан бжыгъэхэмкIэ зэрихуапэ-зэритIэщIыжым хуэдэ къабзэу, телъыджэрэ гугъуу зэхэлъщ Адыгэ-Хьэблэ къуажэм щыщ шыхъуэ Iэзэ Мыкiытiэ Мухьэмэд Къады и къуэм и гъащIэр.
Ар нэгъуэщI хэгъуэгухэм Iуэху щищIэу илъэс куэдкIэ щыпсэуащ ибэ хъурей хъууэ, псалъэкIи IуэхукIи щхьэтепIэншэу къызэрынам къыхэкIкIэ.
Пасэу и анэр фIокIуэд, абы ипэжкIэ я адэм унагъуэр къегъанэри йожьэж, и шынэхъыщIэмрэ езымрэ сабий унэм щIохуэ, адыгэ жьэгум и хуабагъымрэ адыгэбзэм и IэфIагъымрэ гу щамыхуэу къотэдж. МащIэкъым мы лIы щыпкъэм и фэм дэкIар…
1965 гъэм Мухьэмэд балигъыпIэ иувауэ сабий унэм къыщIокI. Зэуи дзэм къулыкъу щищIэну Орджоникидзе (Владикавказ) дашри, связистхэм яхохуэ. Абы и гъусэхэм яхэтащ Адыгэ-Хьэбли, Беслъэнеи, ПсэукIэ-Дахи щыщ щIалэхэр.
Къулыкъу нэужьым электромонтажеру заулрэ мэлажьэ. Къалмыкъ Республикэм Iуэху щызыщIэу дэс и къуажэгъухэр лъагъунлъагъу къэкIуэжауэ щарихьэлIэм, чэнджэщ кърат хэхъуэ щIагъуэ къызыпымыкI и IэнатIэм къыпэрыкIыу, махъшэ здэкуэд щIыналъэм лэжьапIэ къыщилъыхъуэну. КъыжраIам къегъэбырсейри, илъэсыщIэр бжэщхьэIум къытехьэным махуэ зытIущ фIэкIаи къэмынэжауэ Къэрэшей-Черкесыр ебгынэ.
1973 гъэм МыкIытIэ Мухьэмэд унагъуэ дещIэ Къалмыкъым щыщ Алёхинэ Ольгэ. Зыпхъурэ зы къуэрэ къащIохъуэ: Тимуррэ Дианэрэ. БруупIэм къыIуокIыжри шыхъуэным зрет, зы тэныши къещэху. Къалмыкъхэм шыгъажэ зэрырагъэкIуэкI зэпытыр къыщищIэм, ахалтекинышхэр зыхэт зэхьэзэхуэм еплъыну макIуэри, пцIащхъуэм хуэдэу зи лъэр щIэлъэт псэущхьэм и къэжэкIэм, и зыIыгъыкIэмрэ и Iэпкълъэпкъ зэкIужымрэ игу ирохьыпэ икIи гугъэ ещI апхуэдэш къызэригъэпэщыну.
А зэманым Мухьэмэд и гъащIэ псор шыхъуэным триухуэну хьэзыр ищIат гу зыхуищIа ахалтекинышым. Iэмал имыIэу игъэбагъуэурэ и шэщым щхьэ бжыгъэ къригъэувэнуи къалэн зыхуигъэувыжат, ауэ ахэр хуэзыхъумэн имыIэу зыри зэфIэкIынутэкъыми, хьэджафэ тIощIым щIигъу къеугъуей.
Iущрэ пэжу гъэпса хьэ хъумакIуэхэр хэплъыхьауэ жумэрэнылкIэ игъашхэт. Къалмыкъ тафэм узытеувэр жумэрэныгъуэщи, ар къэзыщэкIухэри нэхъыбэжщ. Арати, Мухьэмэд щакIуэ бэлыхьхэр нэIуасэ къыхуохъу, ягуроIуэ фэндырэшхуэкIэ жумэрэн хуашыуну, абы ипIэкIэ езым шхынхэкI зэхуэмыдэхэр яхуешэ.
ИлъэсищкIэ губгъуэ бжэн къэущэкIунми етауэ щытащ Мухьэмэд. ЩIымахуэкIэ нэхъыбэу къиукIт губгъуэхэм, мэзхэм щыIэ бажэхэр, щIыжьдзыдзэр.
Шыхъуэ IэщIагъэм ирилэжьэн щIимыдзэ щIыкIэ МыкIытIэр шыгъажэм деж и цIыхугъэ мэхъу фермер Чимидов Георгий. Зэдэлэжьэну зозэгъ. ШыфI зыIэрыгъыхьэнрати нэхъыщхьэр, ар къызэрищтэн ахъшэ зэхуихьэсыну къыпэщылът. Сытми, Мухьэмэд губзыгъэу къыщIокIри, Совет Союзым и ЛIыхъужь, Волгоград областым и щакIуэхэмрэ и бдзэжьеящэхэмрэ я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Головин Алексей и деж соми 120-кIэ къыщищэхуа фочымрэ и тэнышымрэ ахалтекинскэ шыбзкIэ Чимидовым кърехъуэж.
ПцIэгъуэплът шыр. МызэмытIэу шыгъажэ хэтат, ауэ и паспортыр щыкIуэдым, зэхьэзэхуэхэм хэтыну лъэкIыныгъэ иIэжтэкъым. И шыр ахалтекинскэхэм яхигъэхьэурэ игъэбэгъуащ щхьэ бжыгъэ 56-м нихусыхун. ДэфтэркIэ зыщIитхэри ферми къызэIуихащ.
Куэд дэмыкIыу ар хохьэ ахалтекинскэ шы заводхэм я Лъэпкъыбэ Ассоциацэм. Илъэс къэс абы къикIыурэ къыхуэкIуэт и шыщIэ цIыкIухэм еплъын, къапщын, уасэ иратын щхьэкIэ. Шыхэм лъы хахыурэ генетикэ и лъэныкъуэкIэ къэхутыныгъэхэр ирагъэкIуэкIт.
Илъэс 30-м щIигъукIэ Къалмыкъым щыпсэуауэ 2020 гъэм МыкIытIэ Мухьэмэд Троицкэ жылагъуэм къыдокIри Астрахань мэкуэшыж. Апщыгъуэм шыуэ иIэжыр 26-т. Шы игъэхъу къудейтэкъым абы, атIэ, шыгъажэхэм хагъэхьэнухэр къратурэ игъэхьэ¬зырт я IэпкълъэпкъкIэ лантIэрэ псынщIэу, мыщтэу, щыпкIэкIэ, щыжэкIэ щымыуэу.
НобэкIэ Мухьэмэд ипIа, игъэса ахалтекинецхэм ящыщу 15-м шыгъажэхэм чемпионыцIэр къыщалъэщащ. Ахэр абы и гушхуапIэщ. И дэтхэнэ шыфIми абы фIищащ мамлюк сулътIанхэм зэрахьэу щыта цIэхэр. И пэш блыным фIэлъу срихьэлIащ ФIыщIэ тхылъ, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и тхьэмадэу тIэунейрэ тета Селезнёв Геннадий и Iэпэ зыщIэлъыр. УФ-м и Президентым и пресс-секретарь Песков Дмитрий и шэщми итщ адыгэхьэблэдэсым и ахалтекинец.
Пэжым фыхуеймэ, шым хуэсакъыу кIэрысу плъагъунур зырыз дыдэщ нобэ. Мухьэмэд ишхэм куэд къыщIэупщIэу зэрыщытар къыпхуаIуатэ и унэм узэрыщIэбакъуэу узыIууэ сурэт къомым. Абыхэм чемпион мыхъуауэ зыри зэрахэмытыр уи фIэщ пщIыми, ущыуэнукъым.
«Ахалтекинскэ шыр — ар дунейм шы лъэпкъыу тетым сэбэп къахуэзыхьщ, шы спортым хэт классикэ лIэужьыгъуэхэр къызытемыхьэлъэу икIи фIагъ хэлъу къызэзынэкIыфщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, хэти зэрищIэщи, дунейм нэхъ цIэрыIуэуи, нэхъ ящэхууи щыIэр хьэрыпышымрэ инджылызышымрэщ. Ауэ, илъэсипщIкIэ узэIэбэкIыжмэ, Урысейм деж аратэкъым зэрыщытар. Псыхуабэ къалэм пэмыжыжьэу щыIэ Тэрч шы заводым и хьэрыпыш хъушэр хохъуэ мыхъумэ, хэщIкъым. СыткIэ сэбэп? Шыуэ ящэр куэдыкIейщ, зыщэхунур — гъуэтыгъуейщ», — жеIэ Мухьэмэд.
МыкIытIэ Мухьэмэд и шыхъуэным къыпэкIуауэ нагъыщэ, саугъэт лъапIэхэр зыщIэлъ пэш иIэщ, музей ищIауэ. А пэшым и блынхэм кIэрызщ аукционхэм къыщищэхуа, къэрал 30-м щIигъум щащIа шы лъэрыгъхэмрэ Iэпслъэпсэхэмрэ. Уанэ иIэщ адыгэхэм, Курыт Азием, Европэм щыпсэу лъэпкъхэм ящIауи.
ЛЫХЬ Тимур.