Пщащэм и щэныр фащэм къыхэщу
Адыгэ пщащэ жан, дэрбзэр, зи адыгэпсэр, зи гупсысэхэр лъэпкъ гурыгъузкIэ къулей Щоджэн Дианэ Дзэлыкъуэдэс щыщщ. КъБКъУ-м дизайнымкIэ и колледжым дэн-бзэным щыхуеджащ, и IэщIагъэм теухуауэ ехъулIэныгъэхэри иIэщ.
Адыгэ бзылъхугъэ фащэхэр, европей фэилъхьэгъуэхэр ед, ахэр куэдым я гум дохьэ. Дианэ ида фэилъхьэгъуэхэм пщащэхэр гуфIэгъуэ пшыхьхэм ирокIуэ, фащэрэ щэнкIэ псоми къахэщу. И IэдакъэщIэкIхэмкIэ фащэ гъэлъэгъуэныгъэхэм хэтащи, абыхэм я гугъу фхуэтщIыну дыхуейщ. Налшыкрэ Георгиевскрэ щекIуэкIа фащэ гъэлъагъуэныгъэхэм Щоджэн Дианэ идахэм щыщ ишащи, абы тыдогъэпсэлъыхь.
— Дианэ, «Гиза-Моделс» агентствэм и проектым узэрыхэтрэ куэд дэкIакъым. Абы и гугъу къытхуэщI, дауэ екIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэр?
— Жэпуэгъуэм и 25-м Георгиевск къалэм щекIуэкIащ дэрбзэр 26-рэ зыхэта фащэ гъэлъэгъуэныгъэ. ЕсэнтIыгу, Псыхуабэ, Черкесск, Грознэм, Ставрополь, Владикавказ къикIахэр хэтащ, сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу сахыхьащ. Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм я мурад нэхъыщхьэт дэрбзэр зэчиифIэхэр зэрагъэцIыхуну, зыр адрейм и лэжьыгъэхэм щагъэгъуэзэну, зэрагъэпсэлъэну, зэрагъэчэнджэщыну. Дэтхэнэ дэрбзэрым и дежкIи ар IэмалыфIу къызолъытэ и зэфIэкIыр къипщытэжыным теухуауэ. Уи фащэхэр утыкум щагъэлъагъуэмэ, уи гур хохъуэ, нэхъыбэжу улэжьэну, щIэщыгъуэ къэбгупсысыну ухуегъэпабгъэ. Апхуэдэ гурыщIэм япэкIэ уегъэкIуатэ, гукъыдэжым куэд дыдэ елъытащи.
Зи гугъу тщIы гъэлъэгъуэныгъэр зэрекIуэкIынум и хъыбарыр интернет напэкIуэцIхэм къыщыслъэгъуат сэ езыр сызэлэжь коллекцэр хьэзыр щыхъу дыдэм ирихьэлIэу. Арати, абы сыхэтын хуейуэ, ар зы лъэбакъуэ дахэ схуэхъуну си гум жиIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм сахуэтхэри, егъэлеяуэ къысщыгуфIыкIащ, Налшык щыщ я Iуэхум зэрыхэтынур я гуапэу. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэр урыст езыхэр. Си фэилъхьэгъуэхэр яфIэгъэщIэгъуэну зэпаплъыхьащ, гъэлъэгъуэныгъэ махуэм, щатIэгъащ, гъуджэм бгъэдэтащ, «фащэхэр щыттIагъэри, фи щэнхабзэ дахащэм ифI къыдэкIа хуэдэу, ди псэр дахагъэ зэрымыщIэ гуэрым игъэнщIауэ зыхэтщIащ» жаIащ. А махуэм сэри утыкум сыкъихьэнут — си фащэхэр зыщыгъ пщащэхэм фIыщIэ тхылъхэмрэ статуэткэхэмрэ естынут, сыкъэпсэлъэнут. Адыгэ фащэ щыстIэгъащ. Iуэхур щекIуэкIым гъэлъэгъуэныгъэм еплъыну къэкIуахэм ящыщ зы пщащэ цIыкIу, илъэс зыхыбл хъууэ къыщIэкIынут, къызбгъэдыхьэри сызэпиплъыхьащ си бгырыпхым, бгъэIулъым къеIусащ, «Сыту дахащэ адыгэхэм фи фащэр!» — жиIащ, и гур зэрыхъуэпсар и сабиинэ къабзэхэм щIэплъагъуэу. Мис а Iуэхугъуэхэм сэ нэхъри сагъэпIейтеящ, ди фащэр лъэпкъ щэнхабзэм и зы къэIуэтэкIэ лъэщу зэрыщытым сыщыгуфIыкIыу.
— ЕтIуанэуи уи фащэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ къыкIэлъыкIуащ. Налшык щекIуэкIа Iуэхуми ухэтащ. Фэилъхьэгъуэхэр бдыным дапхуэдиз зэман текIуэда?
— ЩэкIуэгъуэм и 22-м Налшык, щIалэгъуалэм я унэм гъэлъэгъуэныгъэ дахэ къыщызэригъэпэщащ «Школа моделей RT» IуэхущIапIэр зей ЛъыщIэж Розаннэ. Абы си гур утIыпщауэ, нэхъ сыгушхуауэ сыхэтащ, си унэ сыщыIэж хуэдэти. Мазищ — плIыкIэ селэжьащ пщащэхэр утыкум къызэрихьа си фэилъхьэгъуэхэм. Зыкъом щIауэ згъафIэрт зы гупсысэ — фэилъхьэгъуэ коллекцэ згъэхьэзырыну сыхуейт. Арати, Iуэху сщIыри, гугъу зезгъэхьащ, си лэжьыгъэр цIыхухэм я гум дыхьащ. Егъэлеяуэ дахэу екIуэкIащ фэщэхэм я гъэлъэгъуэныгъэр. Абы траха нэтыныр къыщагъэлъэгъуэнущ Luxury HDTV телеканалым — абы цIыху мелуан 40 хуэдиз йоплъ. Мыри жысIэнут: пщащэхэм ящыгъа фэилъхьэгъуэхэр пасэрей фащэм и щытыкIэ дыдэм хуэдэу сщIакъым, атIэ си гупсысэ хэлъу къэзгъэщIэрэщIащ. Нэхъыбэу арауэ къысфIощI ахэр цIыхухэм ягу щIыдыхьар, щIэупщIэ щIиIэр.
— Адыгэ фащэм бзылъхугъэм и щэным дахагъэ хелъхьэ… Фащэм къалэн гуэри къызэрыпщищIыр гурыIуэгъуэщ. А къалэныр уэ дауэ къэбгъэлъэгъуэнт?
— Адыгэ фащэр щызытIэгъам и нэгур моуэ нэхъ нэхутхьэху зэрыхъум, абы и плIэм зэрызиухуэм, и Iэпкълъэпкъыр псынщIэ зэрыхъум, и плъэкIэм гъащIэ зэрыхэплъагъуэм гу лъыптагъэххэ?! Фащэ зыщыгъ адыгэ бзылъхугъэр зэкIужщ, Iэдэбщ, нэмысыфIэщ. «Фащэр зэкIужщи, зэкIужыр фащэщ», — жиIащ пасэрейм.
Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.