Top.Mail.Ru

Иджырей нэрыбгей — Алий Асият

Image description

Адыгэ лъэпкъым цIыху гъуэзэджэ куэд къыхэкIащ. СурэтыщI, дохутыр, щIэныгъэлI, спортсмен жыпIэми, дуней псом зи цIэр фIыкIэ щраIуэ бын пажэхэр диIэщ, ди гуапэ зэрыхъунщи. Абыхэм ящыщщ и хьэл-щэнрэ зэфIэкIхэмкIэ «иджырей нэрыбгейуэ» къыпщыхъу, Бахъсэн къалэм щыщ, ЦСКА-мрэ Урысейм и гуп щхьэхуэмрэ я регбист Алий Асият.

Спортыр зи псэм щыщ пщащэ цIыкIум и ехъулIэныгъэхэмрэ ахэм зэрыхуэкIуам­рэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Курыт еджапIэм щыщIэсым футболым дихьэхащ, иужькIэ тхэквондом зритащ, каратэ киокушинскаймкIэ спортым и мастер хъуащ, ауэ и гъащIэм зыкъыщридзэкIар регбим къытеувыIа нэужьщ.
«Сыт ехъулIэныгъэм и щэху нэхъыщ­хьэр жыпIэмэ, сэ иджыпсту сызыхэт спорт лIэужьыгъуэм и щэхур — гупыр зэрыIыгъынырщ. Щхьэж езым и щхьэ хих хъунукъым. Узэкъуэмытмэ, уи гупым щхьэкIэ «умызауэмэ» зыри къохъулIэ­нукъым. Ди гъэсакIуэхэр гупым диIэху ухэнэнкIэ Iэмал зимыIэщ, апхуэдизкIэ лъэщщи ахэр!», жеIэ Асият.
2017 — 2019 гъэхэм къриубыдэу Псы­хъуэ регбимкIэ тIуэнейрэ Европэм и чемпион, 2019 гъэм щIымахуэ регбимкIэ Европэм и чемпион хъуащ Асият. РегбимкIэ ЦСКА гупыр 2019 гъэм къызэрагъэпэщат. Абы лъандэри мы гупым щоджэгу хъыджэбзыр. А зэманым къри­убыдэу плIэнейрэ урысейпсо зэпеуэ екIуэкIати, плIыри къахьэхуащ. Европэм щекIуэкIа зэпеуэхэм тхуэнейрэ япэ увыпIэр къыщахьащ. Европэ чемпионхэм я кубокыр щагъэджэгум гуп 12 хэтати, а псоми яхэдэжу, джэгуакIуэ нэхъыфI дыдэр къыхагъэщхьэхукI хабзэти, а цIэ лъапIэр Алий Асият къыхуагъэфэщащ.
Пщащэм и лъакъуэм фэбжь игъуэтри, операцэ ящIауэ щытати, зэтеувэжыху джэгуакъым — зы джэгу закъуэ блигъэ­кIащ. ГъэщIэгъуэнракъэ, илъэс бжыгъэ ихьын хуеящ Асият и узыншагъэр зэтеувэжыным. Ауэ мазэ зытхухым зыкъи­ужьыжри, джэгум пищэжат, гупым хэт хъыджэбзхэми я гъэсакIуэхэми ягъэщIагъуэу. «АпхуэдизкIэ си псэм щыщщ мы джэгури, сысымэджэну зэманым сыщосхь», — жиIащ абы щыгъуэ хъыджэ­бзым.
Бахъсэн пщащэр пэрыту зыхэт гупым и гъэсакIуэ Алексеенкэ Александр щыхьэт тохъуэ Асият спортымкIэ зэры­псэур, къызэрымыкIуэу зэрыгуащIафIэм, икIи жеIэ ЦСКА-р абы ехъулIэныгъэф­I­хэмкIэ дяпэкIи зэрыщыгугъыр.
«Асият зэрысцIыхурэ илъэсиплI мэхъури, а зэманым къриубыдэу дапщэрэ дымыджэгуами, сыт хуэдэ зэпеуэ хэмытами, фIы и фIыжу зыкъигъэлъэгъуащ, регбимкIэ Урысейм и гуп щхьэхуэм щоджэгу, ипэжыпIэкIи пэрыту щытын хьэлыр къыдалъхуауэ жыджэрщи, гу лъумытэнкIэ, къыхыумыгъэщхьэхукIынкIэ Iэмал имыIэу апхуэдэщ. ГъэщIэгъуэн­ракъэ, здынэсамрэ зыIэригъэхьамкIэ и гур мызагъэу, нэхъы­фIыж зэрыхъуным пылъщ пщащэр. Быдэу си фIэщ мэхъу Алий Асият и фIыщIэкIэ урысей регбир ипэкIэ зэрыкIуэтэнур, иджыри илъэс куэдкIэ а спорт лIэ­ужьыгъуэм зэрыхэтынур. Ущытхъу пэтми мащIэщ»,жеIэ Алексеенкэм.
«Регби спорт лIэужьыгъуэм хэт, абы кIэлъыплъ ди хэкуэгъухэр зэры­мащIэм къыхэкIыу, Асият щалъхуа щIы­налъэм и хъыбарыр апхуэдэу щыIуакъым. Арами, УрысеймкIэ фIыуэ къыщацIыху, пщIэшхуэ къыхуащI, щагъэлъапIэ, куэдкIи къыщогугъ ди пщащэм. Ар щеджа курыт еджапIэм щылажьэхэмрэ и Iыхьлыхэмрэ ди напщIэ телъщ Асият и ехъулIэны­гъэхэр. Хуэфащэщ абы и сурэтыр те­дзауэ, хэгъэрейми хьэщIэми ялъагъуу Бахъсэн дэлъэдапIэм фIэлъыну, и цIэр псоми ящIэну. Лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ цIыхущ Асият»,жеIэ Бахъсэн къалэм и 2-нэ курыт еджапIэм и унафэщI Нэгъуей Ахьмэд.

Фырэ Анфисэ.