Комбат ХЬЭБЭЧЫМ хэлъа лIыгъэр
Зауэм къыщалъэща нагъыщэ нэхъыщхьэ дыдэу ялъытэ — Совет Союзым и ЛIыхъужьыцIэр къызыхуагъэфэщахэм ящыщщ хэлъа хахуагъэмрэ лIыгъэмрэкIэ, зэрихьа лIыхъужьыгъэхэмкIэ зи цIэр къэралым и зауэ тхыдэм къыхэзына, Ботэщей (Малый Зеленчук) адыгэ къуажэжьым къыщыхъуа Хьэбэч Умар Хьэмид и къуэр.
И ныбжьыр илъэс 23-рэ мыхъуауэ, зауэр иухыным махуэ 28-рэ фIэкI имыIэжу, Хьэбэчым и псэр ТекIуэныгъэм щIитащ.
Умар ерыщагъ зэрыхэлъым, зыхуигъэувыж къалэнхэм лъэбакъуэ быдэкIэ зэрыхуэкIуэфым гу щылъатагъэххэт щIалэ цIыкIур иджыри къуажэ еджапIэм щеджэ щIыкIэ. ИужькIэ ардыдэр далъэгъуащ Умар здыщеджа, Черкесск къалэм дэт педучилищэм дежи. Сыт щыгъуи пэжщIэкъу, къикIуэт зымыцIыху щIалэм пщIэ хуащIт, ныбжьэгъу щыпкъэу ялъытэт. Арагъэнщ комсомол комитетым и секретарь къалэнри Умар къыщIыхуагъэфэщауэ щытар. И ныбжьым емылъыта губзыгъагъэ зыхэлът, жыжьэрыплъэт. Апхуэдэ и хьэл-щэнхэр зэкъым зауэр щекIуэкIым Умар сэбэп къызэрыхуэхъужар…
Педучилищэ нэужьым Хьэбэчыр мазэ бжыгъэкIэ егъэджакIуэу лэжьащ, итIанэ зауэ-лъэсыдзэ училищэм щIыхьэри ехъулIэныгъэ хэлъу къиухащ, лейтенант фIэщыгъэцIэр иIэххэу.
37-нэ Гвардейскэ корпусым и 100-нэ Гвардейскэ Свирскэ хьэуа-десант бригадэм и батальоным и командир ныбжьыщIэ дыдэу Умар зауэм Iутащ, фIыуэ къалъагъуу, пщIэрэ щIыхьрэ къыхуащIу. УIэгъэ хъууэ сымаджэщым щыщIэлъам мыхъумэ, ар зэи зауэм къыIукIакъым, абы и кууупIэ, и гуащIэгъуэ дыдэм хэту и гъуэгуанэр ирихьэкIащ.
Хьэбэч Умар щэнейрэ Совет Союзым и ЛIыхъужьыцIэр къыфIащын хуеящ. Ауэ зэщ апхуэдэ щIыхьыр къызэрыхуагъэфэщар, ари бэлыхьышхуэм хэту…
Мэлыжьыхьым (апрелым) и 13-м Венэ хуит къащIыжащ. Свирскэ гвардейскэ IэфIауэ полкым щыщу Совет Союзым и ЛIыхъужьыцIэр фIащыну зыхуагъэфэщахэм аргуэру Хьэбэч Умар яхэхуащ…
Дауэми, илъэс 46-рэ текIыжауэ, 1991 гъэм Хьэбэч Умар къилъэща щIыхь иныр — Совет Союзым и ЛIыхъужьыцIэр лъагъэсыжащ.
И фэеплъ сынхэр щытщ Австрием и къалащхьэ Венэ, Черкесск педколледжым и щIыхьэпIэм, зыщалъхуа къуажэм дэт, лIыхъужьым и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм и пащхьэ, республикэм и ЛIыхъужьхэм я алеем.
АБИДОКЪУЭ Люсанэ.