Top.Mail.Ru

«Дяужь къинэнухэм къахуэнэу…»

Image description

Черкесск къалэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм и пащхьэм «Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу» жэуэ те­дзауэ ит домбеякъ сыныр гъэхьэзырынымрэ гъэувынымрэ мылъку­шхуи гуащIэ мымащIи ирахьэлIащ ар зыхуагъэувахэм я щылъху иджырей адыгэхэм. Псом хуэмыдэу, а Iуэхум илъэс зыбжанэкIэ пылъащ Хъумэрэ къуажэм щыщ жылагъуэ Iуэхузехьэ, фэеплъ сыным и проектыр зыщIа КУЭБЛ СулътIан
Кърым и къуэр.

2017 гъэм къызэIуаха фэеплъ сыным къежьапIэ хуэхъуамрэ адыгэм и дежкIэ мыхьэнэуэ зэрихьэмрэ сфIэгъэщIэгъуэну, ди лъэпкъым и щыгъуэ-щIэж махуэм езгъэхъулIэри, СулътIан сыдэпсэлъащ.
«БлэкIа жыжьэм и тхыдэр гъуджэу къызэрыбгъэщыну упылъа сыным сыт къаритыр иджырей адыгэхэм?» жэуэ сыщеупщIым: «1763–1864 гъэхэм екIуэкIа зауэ лъыкI-псыкIыр зыпэщIэкIа, хэкубгынэ гъуэгум егъэзыгъэкIэ теувэныр зи натIэ хъуа дядэжьхэм я фэеплъыр дгъэкIуэд зэрымыхъунур дегъэлъагъу абы» къызжиIащ.
Иужьрей илъэсиблым хуэдэуи, республикэм и унафэщIхэмрэ Адыгэ Хасэмрэ Черкесск дэт фэеплъ сыным и пащхьэм мы мазэм и 21-м къызэрагъэпэщыну пэкIум мыкIуэу къызэрымынэнум пы­лъынущ зи лъынтхуэм адыгэлъ щызежэ дэтхэнэ зыри.
Иджы сывдэгуэшэнщ Куэбл СулътIан сыным и ухуэкIэм теухуауэ гъэщIэгъуэну сызыщигъэгъуэзамкIэ. Нэзий иIэу щIа сыным и къэухьыр метр зэбгъузэнатIэ пщыкIутI мэхъу, абы и кум итщ къамэ Iэпщэ дэгъэзеяр, пэщIэсэм тегъэбыдыхьа мэIухукIэ и гупэри и щIыбри узэдауэ.
Кавказ зауэм хэкIуэдахэм фэеплъ сын хуагъэувын хуейуэ хэгъуэгум и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид унафэ къыщихьам, Куэбл СулътIан сыным и теплъэр и нэгу къызэрыщIигъыхьэм хуэдэу тхылъымпIэм щитхагъэххэу иIэти, и лэжьыгъэр иригъэхьащ КъЧР-м и Правительствэм къызэригъэпэща комиссэм хэдэ-хэплъэ IэмалкIэ фэеплъ сынхэм я проекту щыIэхэм я нэхъыфIыр сэтей къыздащIыну зэпеуэм.
Черкесск къалэм зи IэрыкI къыдэзыгъэувэну хъуапсэхэм яхэтт Адыгэ Рес­публикэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыху IэпщIэлъапщIэхэр, ди лъахэм щыщу Куэблым щIыгъут скульптор гъуэзэджэ КIэмрыгу Хьэтызэ (Тхьэм здэкIуам щигъэтынш).
Хьэтызэ итха чертежыр нэхъ инт, нэхъыбэ къызэщIиубыдэу — бгы теп­лъэу щIа мывэм зэхэуэм и пэмрэ и кIэмрэ къыхэIущIыкIат, и гъунэгъуу щытт адыгэ анэм нану цIыкIур и бгъафэм щIикъузауэ иIыгъыу.
Сыныр иджыри дыуха щIыкIэкъым. Абы лъэныкъуитIымкIи иIэ дэкIуеипIэ цIыкIухэм зэпэплIимэу къыщыдгъэна щIыпIэ нэщIхэм барельеф теплъэу сыныщIэхэр щыдгъэувын ди мурадщ. Зы плIанэпэр хухэтхынущ КIэмрыгу Хьэтызэ къыщIэна лэжьыгъэм, етIуанэр теухуауэ щытынущ адыгэм и мамыр гъащIэм, ещанэр — тырку кхъухьыр къэсыным пэплъэу жыг щIагъым щIэс, псэ зыхэмытыж нанур идиихьауэ зи куэщI илъ лIыжь-фызыжьым, еплIанэр — зауэнэужь илъэсхэм ди лъэпкъым гъащIэщIэ ­иухуэн зэрыщIидзэжам, фэеплъ ухуэныгъэм хищIыхьыжыну къыпэщылъым теу­хуауэ жеIэ Куэблым.
Мыбдежым къыхэзмыгъэщ хъунукъым фэеплъ сыным теплъэу иIэнур тхыным Куэблым илъэсиплI зэрыфIихьар, абы сурэтыщI Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд чэнджэщкIи IуэхукIи дэгъуэу зыкъыщIигъэ­къуауэ зэрыщытар.
Дахэрэ уардэу щIауэ адыгэхэм сын яхуэгъэфэщэнрати нэхъыщхьэр, мывэхэкI­хэмрэ гъущIхэкIхэмрэ елэжь москвадэс IэщIагъэлI лъэрыхьхэм сыныр ярегъэщI СулътIан. МазитIкIэ домбеякъым кIэ­рыса IэпэIэсэхэм, мэIухум къамэхэмрэ ша­бзэхэмрэ къыщыхагъэжым, ахэр IупщIу щытын щхьэкIэ, трахъукIри шэху плъы­фэншэ трагъэлъэдэжащ, уэс къытесэми уэшх къытешхэми улъия кърамыгъэщтэну.
ХэткIи гурыIуэгъуэщ фэеплъ сын къызэрымыкIуэ щIынми гъэувынми ахъшэшхуэ зэрытехуэр. Ди хэгъуэгум щыщу мылъку зыбгъэдэлъ ди лъэпкъэгъу куэд яхузэфIэкI къамыгъанэу къыддэIэпы­къуащ. Лъэпкъыпсэхэм сыным и щIыпщIэри тхуатащ, и лъабжьэм ихъуреягъкIэ хэтлъхьа пкъыгъуэхэмкIи дыкъызэ­рагъэ­пэщауэ щытащ,игу къегъэкIыж СулътIан.
ЩIым къыхэкIа сыт хуэдэ хъугъуэфIыгъуэми пIалъэ иIэу Тхьэм игъэпсащи, сынри хуэныкъуэщ къыкIэлъыплъын цIыхуIэ. Гуапэ зэрыхъущи, КъЧР-м и ЩIалэгъуалэ Адыгэ Хасэм хэтхэм абы гулъытэ егъэгъуэтыныр къалэн зыщащIыжауэ, накъыгъэм и 21-м ехъулIэу ар ятхьэщI, зэхуей хуагъазэ.
ЛЫХЬ Тимур.