«Щана псэ нэхухэм я фэеплъщ…»
Дэтхэнэ лъэпкъми иІэу къыщІэкІынщ езым къехьэлІа тхыдэ Іуэхугъуэхэр, къэхъукъащІэхэр здызэдигъэлъапІэ щІыпІэ хэхахэр. Апхуэдэщ илъэс къэси, хабзэ зэрыхъуам тету, адыгэ лъэпкъыр, дызыхэс нэгъуэщІ лъэкъхэри къытхэту, дыздызэхыхьэ Али-Бэрдыкъуэ къуажапщэм щыІэ, Кавказ зауэм хэкІуэдахэм я фэеплъ-сыным и щІыпІэр.
Ар Кавказ зауэм, щІыпІейхэм щикІуэда ди лъэпкъэгъухэм я фэеплъ хъуныр зипкъ къикІа, сыным пэублэ хуэхъуа фэеплъ мывэр зыгъэувауэ щыта Хутэ Михаил, жагъуэ зэрыхъущи, мы гъэми и лъэпкъым къыщІыгъунукъым.
Ди нэгум къыщІоувэж иужьрейуэ ар а щІыпІэм щытлъэгъуа накъыгъэм и 21 махуэр: адыгэ фащэр и пкъым екІупсу щыкъузарэ зэщІэкъузауэ, зыхэплъэ и лъэпкъэгъухэм защимыгъэнщІу… Тхьэм здэкІуам щигъэтынш, ищІа Іуэху угъурлым и фІыр ахърэтым къыщылъигъэсыж. Мыбдеж, щІылъэм, абы и цІэр щыжаІэ, и Іуэхур ящыгъупщэкъым. Абы къикІыр аращи, къытхэтщ Михаил, мыкІуэдыжынщ къигъэна лъэужьыр.
АтІэ, сыт нобэ уи щыІэкІэ, адыгэм и зэхуэсыпэ, и фэеплъ щІыпІэ? Дауэрэ уекІуалІэрэ Кавказ зауэжьыр зэриухрэ мы гъэм илъэси 161-рэ щрикъуну махуэм, блэрэ уи жьэгу мафІэр, щхьэщыт адыгэпсэр уи щІыпІэм?…
Апхуэдэ упщІэхэм я жэуапыр зэхэтхым къыщымынэу, ди нэкІэ зэдгъэлъагъумэ ди гуапэу деблэгъащ щІыпІэм. Сыт щыгъуи хуэдэу, гуапэу къытпежьащ пщІантІэшхуэми, абы дэт музейми я лэжьакІуэ, и зехьакІуэ Хутэ Аслъэн, Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щэнхабзэмкІэ и Унэм и унафэщІ, адыгэгу, адыгэпсэ нэгъэса Унэгъэс Зэмрэт сымэ.
— Щъыгъуэ-щІэж махуэм и гугъу щытщІкІэ, комплексым къызэщІиубыдэ плІанэпэ, ухуэныгъэ къэс гулъытэ хуэщІыпхъэщ. МузеймкІэ къедгъэжьэнщи, жагъуэ зэрыхъущи, мыбы Кавказ зауэм теухуа хьэпшып щІэлъкъым, картэ зытІущ къинэмыщІа. Ауэ лъэпкъым и тхыдэм дриплъэжыну гукъыдэж диІэмэ, музейм и хьэпшып къэс абы и псалъэншэ нагъыщэщи, ди бжэхэр хэти хузэІухащ, тцІыхумкIэ дадогуашэ, хэкуихур къызыхуахьауэ щыта лъэпкъ уардэм и джэгукІэу, и псэукІэу щытам я дунейм хыдошэ.
Музейм и къежьапІэ хъуауэ къэплъытэ хъунущ Али-Бэрдыкъуэ къуажэ курыт еджапІэм щІэлъа пасэрей хьэпшыпыжьхэр. МафІэс шынагъуэншагъэ хабзэкІэ ахэр еджапІэм щІэлъ мыхъуну Іуэхур къыщыкъуэкІым, щІыпІэ зэхуэмыдэхэм щаІыгъащ. Апхуэдэу зэрыщытыр зэхэзыха къуажэдэсхэр зэчэнджэщри, унафэ къахьащ мыбдеж къыщІалъхьэну. Ахэр музей хьэпшыпу тхъумэным папщІэ дызыхуэныкъуэ ашыч тегъэпсыхьа тІощІрэ ирэ хьэрычэтыщІэ Аргун Олег и мылъкукІэ тхуригъэщІащ.
Адыгэ Хасэм хэт щІалэхэр, еджакІуэ цІыкІухэр, къуажэдэсхэр — псори зэщІыгъуу делІалІэри, хьэпшыпхэр музейм къэдгъэкуэшыжащ. Аргуэру Олег къытхуищэхури, картэ, сурэт, къинэмыщІхэр тыгъэ къытхуищІащ. Абы щегъэжьауэ цІыхухэми хьэпшыпхэр къыдахьэлІэн щІадзащ. Ныбжьышхуэ зиІэхэр яхэтщ абыхэм, апхуэдэщ, псалъэм и жыэгъуэкІэ, илъэси 100 ныбжь зиІэ бащлыкъыр.
Мы фэеплъ щІыпІэм, адыгэм и гуауэм и нагъыщэ хъуам, хэхауэ кино трахыну гуп къытхуэкІуауэ щытащ. Нэгъабэ къудейр къэсщтэжынщи, Тыркум къикІа гупиплІ ди хьэщІащ. Иорданым къикІа, Шыбзыхъуэхэ къахэкІа зылІ ди хьэщІащ. Ар зыгъэ ди лъахэм къеблэгъауэ щыта пащтыхьыкъуэ Алий щІыгъут, генералт. Абы лъандэрэ и гум илъащ къытригъэзэжыныр икІи зригъэхъулІащ и хъуэпсапІэр.
Комплексыр цІыхуншэ, гулъытэншэ хъукъым. Абы и щыхьэтщ музейм щІэлъ, цІыхубэ псалъэхэр зратхэ журналхэр. Апхуэдэ зым из хъури Іуахыжауэ, етІуанэм и зэхуэдитІыфІми блахужащ. Дыхуейт иратха псоми дыкъеджэну, ауэ абыхэм я нэхъы-
бэр хамэбзэкІэ тхащи, неІэмал, тхуэгъэкъулейкъым. Тхыгъэхэм кІэщІэтхахэмкІэ гурыІуэгъуэ мэхъу зытхахэр къыздикІар: Германие, Сауд Хьэрып, Эмиратхэр, Йордан, Щам, Сахалин, Москва, Согъум… ГъэщІэгъуэнракъэ, ахэр псори адыгэкъым, яхэтщ урыси, къинэмыщІ лъэпкъи, ауэ псоми щІыпІэр зэрызрагъэщІэгъуэкІыр, тхыдэ къэхъукъащІэм пщІэ хуащІу зэрахъумэм папщІэ фІыщІэ ящІ.
Музейм, комплексым и къежьэгъуэ дыдэми дыщагъэгъуэзащ ди псэлъэгъухэм. Апхуэдэу, зыхузэфІэкІхэм я мылъку хэлъу, Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ щрикъум хуэкІуэу, 2014 гъэм къызэІуахауэ щытащ комплексыр, абы дэт псэуалъэхэр. Ауэ Іуэхур зэпыужри, зы зэманыфІкІэ комплекси, музеи мылэжьэжу щытащ, къуажэр зэхыхьэу, Аргун Олег дэІэпыкъуэгъушхуэ къахуэхъуу, 2019 гъэм къызэІуахыжыхун.
Иужьрей илъэсхэм комплекс пщІантІэм жыгыщІэхэр къызэрыщыкІым гу лъумытэнкІэ Іэмал иІэкъым. Апхуэдэу нэгъабэ Адыгейм къикІа бзылъхугъэ гуэрхэм щхъуэмчжыг цІыкІуищ хасауэ щытат, адыгэ лъэпкъищым я нагъыщэу. Щхъуэмчжыгхэм щІагъужащ мыІэрысейхэр. ИужькІи гъэщІэгъуэн къэхъуащ.
— Жыгхэм я гугъу щытщІакІэ, зы сигу къокІыж, — жеІэ Хутэ Аслъэн. — Адыгейм щыщ зы бзылъхугъэ Хьэбэз щыхьэщІэти, комплексым къашэри зыщрагъэплъыхьащ. КІуэжри, заули текІыжауэ, Хьэбэз, зи хьэщІахэм къысхуаІуэху: ди хьэщІа бзылъхугъэм пщІыхьэпІэ и нэгу щІэкІащ, гъэмрэ щІымрэ щызэблэкІ махуэм, гъатхэпэм и 21-м мы щІыпІэм жыгыщІэ цІыкІу, адыгэ лъэпкъищым ди нагъыщэу, хэфсэн хуейуэ, къызжаІэ. ТщІащ апхуэдэу. Мес, дыхьэпІэ дыдэм щытщ, мэкІ жыг цІыкІур.
ТУАРШЫ Ирэ.