Top.Mail.Ru

Адыгэ псоми дигу къыдогъэкIыж

Image description

Ди лъэпкъэгъухэ!

Илъэс къэс, накъыгъэм и 21-м дуней псом адыгэу тетым дигу къыдо­гъэкIыж Кавказ зауэм хэкIуэдахэр.
Ноби дызэхохьэ ди япэ итахэмрэ тхыдэм ди нэгу щIигъэкIа гузэвэ­гъуэмрэ дигу къэдгъэкIыжын папщIэ. Илъэси 101-кIэ екIуэкIа зауэжьым адыгэ лъэпкъым къриха лейр и гуащIэу зэрыщытар ноби зыхыдощIэ, ар узу ди гум илъщ.
Пэжщ, илъэси 161-рэ мэхъу а зауэр зэриухрэ, ауэ кIыжыркъым а уIэгъэр. Сыту жыпIэмэ, и Iэужьыр гъэзэкIуэ­жыгъуейщ – адыгэр дунейм текъухьа хъуащ. Лъэпкъым и Iыхьэ пщIанэрщ Хэкум къинар… Адрейхэр ирашащ е хуитыныгъэм я псэр щIатащ. Ха­мэщI къыщыхутахэми псэхугъуэ ямыщIэу, лей къатехьэу, зэхэзедзэну я гъащIэр яхьащ. Ахэр зи нэгу щIэкIа, дауэ хъуами ерыщу гъащIэ гугъуехьхэм пэщIэта, узымрэ мэжэщIалIэмрэ ихьа, зи щхьэр зауэм хэзылъхьа псоми щхьэщэ яхуэдвгъэщI. Дигу къэдвгъэгъэкIыж зэтракъута къуажэхэмрэ тфIагъэкIуэджа щыIэкIэ-псэукIэмрэ. Тхьэм дыщихъумэ апхуэдэ гузэвэгъуэм, зэи я нэгу щIремыкI ди щIэблэм зауэ!
Накъыгъэм и 21-р щыгъуэм и закъуэкъым зи махуэр. Ар адыгэ лъэпкъыр зэрыщыту щызэрыубыд, зы псэ зэрытIутыр, зы гъащIэ къызэрыдгъэщIыр, зы блэкIа дызэриIэр къыщытщIэж махуэщ. Ауэ мащIэм ар дигу къэдгъэ­кIыжыныр, дерс хэтхынырщ псом нэхърэ нэхъыщхьэр. Ди япэ итахэр зыщIэбэна щэнхабзэр, бзэр, хабзэр зыщыдгъэгъупщэну, тIэщIэхуну дыхуиткъым. Адыгэр адыгэ дызыщIыж псори ипэкIэ дгъэкIуатэмэ, ди щэнхабзэм щIэблэр щIэтпIыкIмэщ Кавказ зауэжьым зи щхьэ хэзылъхьахэм я гугъэхэр щыдгъэпэжынур.
Ди нэхъыжьыфIхэр гъащIэм Iущ ищIауэ куэд къагурыIуэрт. ИкIи абыхэм къыхахащ Урысейм гухьэну, абы хуэпэжыну, къулыкъу хуащIэну. Нобэ дэ дыщыщщ нэхъ лъэпкъыбэ, нэхъ ин дыдэу дунейм тет къэралыгъуэм. ИкIи дэтхэнэми ди къалэнщ ар ефIэкIуэнымкIэ щхьэж хузэфIэкIыр хуэдлэжьыну, дызэкъуэтыну.
Урысейм и закъуэ мыхъуу, къэралыгъуэ 50-м щопсэу адыгэр нобэ. Тхуэхъу­мэжащ ди бзэри, хабзэри, щэнри. Хамэ къэрал щыпсэу, дунейм текъухьа ди лъэпкъэгъухэм я цIэр фIыкIэ ираIуэ: ахэр хуолажьэ политикэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, спортым. Гуапэ мыхъуу къанэркъым хэхэс мин бжыгъэхэм Хэкум къызэрагъэзэжари.
Зы адыгэ дунейм тетыху нобэм дыкъэзышэса ди нэхъыжьыфIхэмрэ тхыдэмрэ тщыгъупщэнукъым. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, адыгэр дэнэ щыIэми, щыпсэуми и лъахэ унэр Кавказ Ищхъэрэрщ, Урысей къэралыгъуэрщ. Ди адыгэбзэр Урысей Федерацэм и щIыналъищым я къэралыбзэщ: Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм.
А псом дрипагэу дыкъэгъуэгурыкIуэми, языныкъуэ бзаджащIэхэм дызэрауштыну, зэгурымыIуэныгъэ ди зэхуаку къыдалъхьэну яужь итщ. Ар къыд­гурыIуэу мамырыгъэр тхъумэн, дызэрылъытэн, Урысейм и хабзэм дытету дыпсэун хуейщ.
Лъэпкъым къыхэжаныкIауэ куэд пэрыту къэрал бжьыпэм тетщ. Дэ абыхэм дропагэ, дрогушхуэ, ди бынхэм щапхъэу къахудохь. Ноби хэкум и хъумакIуэу дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди лъэпкъэгъухэм узыншэу къагъэзэжыну ди гуапэщ.
ГъащIэм куэд къыщохъу. Адыгэм и закъуэкъым нэщIэбжьэ зи нэгу щIэкIар. ГъащIэм хэпсэукIыфарщ, лъэ быдэкIэ гугъуехьым щхьэщыкIарщ нобэм къэсари, бэшэчхэмрэ лъэщхэмрэ дэри дащыщщ, дыщыпсэукIэ. Ди щыгъуэ махуэр къыддаIыгъ, дакъыгуроIуэ ди къуэш лъэпкъхэм. Дэтхэнэми фIыщIэ яхузощI!
Зэи щремыIэ зауэ, зэгурыIуэмрэ фIыгъуэмрэ ди унагъуэхэм иремыкI!

Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.