Top.Mail.Ru

Хэкур щIэинщ

Image description

Илъэс блэкIам Адыгэ республикэм урысыбзэкIэ къыщыдагъэкIащ адыгэ дин щIэныгъэлI, узэщIакIуэ Мэрэтокъуэ Нухь 1912 гъэм Къэзан типографием хьэрыпыбзэкIэ щытрыригъэдзауэ щыта «Адыгэхэм я тхыдэм къыхэлыдыкI напэкIуэцIхэр» тхылъыр.

IэщIагъэлI зыбжанэм ягъэхьэзыра зэдзэкIыгъэм я гуащIэ халъхьащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр джынымрэ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмкIэ центрым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Зайцев Илья, Адыгэ респуб­ликэм гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институтым этнологиемрэ лъэпкъ гъуаз­джэмкIэ и къудамэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Хъуэткъуэ Самир, Кавказымрэ Азие Курытымрэ джынымкIэ РАН-м и лабораторэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Нэфлашэ Наимэ, нэгъуэщIхэми.
Мэрэтокъуэ Нухь ТхьэкIумащIэ и къуэр (1847 — 1932) къызыхэкIа лъэпкъ къудамэкIэ абэзэхэщ. Каир дэт «Iэл-Iэз­хьэр» университетыр къиуха нэужь, абы 1895 гъэм Джэрыкъуей къуажэм игъэзэжри, мэжджытищ зыдэт, цIыху 971-рэ зыдэс жылэм и ефэндыуэ лэжьащ. Ислъамыр зэрадж тхылъхэм нэмыщI, Мэрэтокъуэм лъэпкъым ифI зезыхуэ гупсысэхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Большевикхэр диным щабэу хущытыху, жылагъуэ съездхэм кIуэуэ, утыкум къы­щыпсалъэу, пщIэшхуэ иIэу къекIуэкIащ Мэрэтокъуэр. Ауэ 1927 гъэм щхьэусыгъуэншэу ягъэтIысри, цIыхухэм кърагъэутIыпщыжыну къажыхьа щхьэкIэ, зыри къимыкIыу, 1932 гъэм хьэпсым ису дунейм ехыжауэ щытащ.
РАН-м КъуэкIыпIэр джынымкIэ и институтым щылажьэ, тхыдэ щIэныгъэ­хэмкIэ кандидат Бадерхан Фасих 2001 гъэм къыдигъэкIауэ щытащ «Кавказ Ищхъэрэм иIэпхъукIахэр Тыркум, Сирием, Иорданием зэризэгъар» тхылъыр. «Iэпхъуэным щхьэусыгъуэ гущIыхьэ хуэхъуахэр» Iыхьэм абы и гугъу щещI Мэрэтокъуэ Нухь икIи ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа и тхылъым щыщ пычыгъуэхэр щыхьэту къегъэув, адыгэхэр зыгъэщхьэрыуахэр куэд хъууэ щытми, лъэпкъыр и пIэм къинэным, и Хэкур зыIэщIимыгъэкIыным тезыгъэгушхуахэри зэрыщыIар, Мэрэтокъуэри апхуэдэхэм я щапхъэт.
«Урысхэм уазэрыгурыIуэн Iэмал зэрыщыIэм шэч хэлътэкъым, бийм къарит ахъшэ тIэкIум щIэнэцIу, лъэпкъым и епцIыжакIуэхэм цIыхухэр Тыркум Iэп­хъуэным къыхураджэн щIамыдзатэмэ, — щетх Мэрэтокъуэм зи гугъу тщIы тхы­лъым. — ЩIэныгъэ зэрабгъэдэмылъым къыхэкIыу, Хэкур зыбгынахэм занщIэу я фIэщ хъуащ тырку тетыгъуэм къызэригъэгугъэ «гущ­Iэгъумрэ гуапагъэмрэ» икIи япэ махуэм щыщIэдзауэ мащэ Iуфэм къыщыхутахэщ, зыри дэIэпыкъуэгъу ямыгъуэту. Хэкум икIа нэужь, ахэр щыгу­гъырт бий бзаджэм IэщIэкIыу езыхэм динкIэ я къуэш къэралым къыщыхутэну. Ауэ ар щыуа­гъэт. Дагъыстэнымрэ Адыгэ Хэкум щыщ ди къуэшхэмрэ нобэми «хьэжрэт узым» иIыгъщ, щIыпIэр пхъуэжыныр ислъамым къабыл зэрищIым игъэщхьэ­рыуауэ, мэIэпхъуэ, ди жагъуэ зэрыхъущи. Абыхэм ящIэркъым щIыпIэщIэм зэрызыщамыхъумэжыфынур, сыту жыпIэмэ, хамэщIым уIэпхъуэныр лIэныгъэ пэлъытэщ».
«Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ дэ тыр­кухэм я деж дымыIэпхъуэнкIэ Iэмал имыIэу щыIэр, — щIэу­пщIэрт Мэрэтокъуэр. — Мус­лъымэнхэр Iэмал имыIэу Уэс­мэн империем щыпсэун хуеймэ, сыт зи щIыналъэр яубыда адрей муслъымэн лъэпкъхэр абы щIэмыIэпхъуэр? Си лъэпкъэгъу­хэ! Хьэжрэтым (нэгъуэщIыпIэ Iэпхъуэным) гъэщIэрэщIауэ тепсэлъыхьхэм жаIэр фи фIэщ фымыщI. Мухьэмэд бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам хэку бгынэныр игъэдахэр­тэкъым. «ТекIуэныгъэ нэужьым хьэжрэт щыIэкъым», — жиIэу щытащ абы. Сэри слъагъур­къым дин IуэхукIэ ущIэIэпхъуэн щхьэусыгъуэ. Бегъымбар лъапIэм и псалъэхэр фымыщIэныр емыкIукъэ? Хьэжрэтыр Iэмалыншэ хъуауэ щIыщытар Мэккэ мус­лъымэнхэм къаIэрыхьэн ипэкIэ, быдэу зэкъуэувэн папщIэт. Къа­лэр къаIэрыхьэжа нэужь, ущIэIэпхъуэн щхьэусыгъуэр кIуэдыжащ. Хэкум щыпсэуну Iэмал къызыхуэмынэжа гуэрхэр щыIэу щытми, дэнэ щыфщIэр Уэсмэн империер жэнэт унапIэ фхуэ­хъуну? Фи бынхэми абыхэм я быныжхэми я гъусэу фыгъыжынущ, абыхэм игъащIэкIи къыф­хуагъэгъунукъым нобэ ефщIэр».

Тхыдэми дызэрыт зэманми къегъэлъагъуэ Мэрэтокъуэ Нухь и пса­лъэхэм я мыхьэнэм кIуэ пэтми зэрыхэ­хъуэр.

ЧЭРИМ Марианнэ.