Гукъыдэж зыгуэш ГъукIакъуэ Идар
ГъукIакъуэ Идар концерт къызэгъэпэщакIуэщ, «Гучаков Промоушен групп» зи фIэщыгъэ IуэхущIапIэр егъэлажьэ. Идар и гупым екIуу ирагъэкIуэкI зызрапщыт Iуэхухэр, фIыщIэрэ щытхъурэ яIэщ. ГъукIакъуэр маркетолог IэщIагъэм Чехием, Прагэ щыхуеджащ Финансхэмрэ правэмкIэ школ нэхъыщхьэм.
Идар и илъэс 30-р щигъэлъапIэм ирихьэлIэу и IэщIагъэм, зэлэжьхэмрэ зыдихьэххэмрэ теухуауэ депсэлъащ. КъыщIэддзащ IэщIагъэм зэрыхэзэгъамкIэ, япэ лъэбакъуэ хуэхъуамкIэ.
— ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэзухри, интернеткIэ лэжьыгъэ къэслъыхъуэу, компание гуэрым срихьэлIэщ, абы си анкетэр езгъэхьри, сыкъащтащ. Концертышхуэхэр къызэдгъэпэщырт, Мадоннэ, Брайн Адамс, дуней псом щыцIэрыIуэ нэгъуэщI артистхэри хэту. Апхуэдэу Чехием пIалъэкIэ сыщылэжьащ. Налшык сыкъэкIуэжауэ, Ащхъуэт Ритэ сыхуэзэри, лэжьыгъэ къызэрыслъыхъуэр жесIати, Шыхъуэстэн Оксанэ дей сигъэкIуащ. Оксанэ зыхуэзгъэзащ, проект зыбжани зэдэтщIащ. Ауэрэ, Хьэцей Тимур къэпсэлъащ дызэдэлэжьэну Москва сригъэблагъэу. Тимур деж сыкIуэри, шэщIауэ лэжьэн щIэддзащ, урысей артистхэр, хамэ къэралхэм щыщхэр ди Iуэхухэм хэту. Мы зэманым сэ езым къызэзгъэпэщыжа компание согъэлажьэ.
Хьэцей Тимур и фIыгъэкIэ «Кавказ Мюзик Фест» Iуэхум сыхэтащ. 2022 гъэм Налшык Гъэмахуэ театрым махуищкIэ щедгъэкIуэкIащ концертышхуэ. Белорусым, Витебск къалэм, илъэс къэс докIуэри Iуэху щыдолэжь.
— Артистхэм ядэлэжьэнымкIэ хамэ къэралхэм щыIэ мардэхэмрэ ди къэралым ейхэмрэ зэтехуэрэ?
— Чехием сыкъыщикIыжам IэщIагъэм теухуауэ куэд сщIэрт, зыкъомым зыщызгъэгъуэзэну Iэмал сиIат. Ауэ абыкIэ щыIэ мардэмрэ мыбы щыIэмрэ зыкIи зэтехуэркъым. ЗэзгъэщIауэ хъуар къэзгъанэри, щIэрыщIэу зэтезублащ Iуэху къызэгъэпэщыкIэр. 2017 гъэ лъандэрэ Урысейм и системэм сытету солажьэ. Проектышхуэхэм зыдопщыт, къызыдогъэпэщ, ди Iуэхутхьэбзэхэм хиубыдэ Iэмалхэм заубгъу.
«Черкес ФМ»-м сызэрыдэлажьэри Тимурщ зи фIыщIэр. Ар си гъуэгугъэлъагъуэщ, куэд къыщысщIащ езым и дежи, сызыхигъэхьа Iуэхухэми.
— Черкес ФМ-м адыгэм и дежкIэ иIэ щэнхабзэ мыхьэнэр сыт хуэдэу къэплъытэрэ?
— «Черкес ФМ»-м адыгэщ нэхъыбэу хэтыр, дауи. Ар Налшык, Мейкъуапэ е Черкесск щедгъэкIуэкIыу щытамэ, апхуэдэ дыдэуи цIэрыIуэ мыхъункIи хъунт, нэгъуэщI жыпхъэ гуэру къыщIэкIынт зэрытынур. Москва зэрыщедгъэкIуэкIым абы дэс адыгэхэм я адыгэпсэр къигъэушу къысщохъу. Хэкум ущыпэIэщIэм деж, абы уи гум хуилъ хуабагъэр нэхъ IупщI мэхъу, адэжь щIыналъэ, лъахэгъу узэрыхуэныкъуэр куэдкIэ нэхъ зыхыбощIэ. Ухуозэш лъэпкъ щэнхабзэм, лъэпкъ гупсысэкIэм, Iуэху зехьэкIэм. «Черкес ФМ»-р щекIуэкIкIэ абы щIэсхэм щыщ щыгъи къохъу, лъэпкъ гурыщIэр къатегуплIэу. Илъэс зыбжанэм зэ фIэкI къыщалъхуа щIыналъэм къихьэжыну Iэмал зимыIэ куэд яхэтщ москвадэсхэм. Ди уэрэджыIакIуэхэм я уэрэдхэм телефонкIэ едаIуэу аращ ахэр. АтIэ дэ ахэр псори яхудошэ къалащхьэм. СыткIи нэщIысауэ, фэ тету, зы дагъуэ закъуи имыIэу йокIуэкI ар. Лъэпкъым и щэнхабзэр и зыIыгъыкIэр, и дуней тетыкIэр щIэныгъэкIэ къыбгурыIуэ къудей мыхъуу, IэпкълъэпкъкIэ зыхэпщIэн, уи псэр лъэпкъ гупсысэм игъэпIейтеин хуейщ апхуэдэ Iуэхушхуэр къохъулIэным папщIэ. Iуэхум хэт артистхэр дэдейхэращ, ауэ езыр къызэзыгъэпэщыр, режессер лэжьыгъэр езыгъэкIуэкIыр Москващ, концертыр тезыхыр «Первый» каналращ. Лъэпкъым дежкIэ и мыхьэнэр инщ «Черкес ФМ»-м. Ди дахэр, ди макъамэ курыхыр, ди уэрэд нэхъыфIхэр абы утыку къыщрахьэ. ЦIыхубэм фIыуэ яллъагъу Iуэхущ мыр.
— Уи IэщIагъэр къызэрыхэпхам и гугъу дыгъэщI…
— Сэ сызэрыцIыкIурэ щэнхабзэм, гъуазджэм сыдихьэхырт, апхуэдэ Iуэхухэр щыслъагъу икIи щызгъэунэху щIыпIэхэм сыкъыщыхутэрт щIэх-щIэхыурэ. Си адэшхуэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым илъэс 20-м щIигъукIэ и редактор нэхъыщхьэу щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и закъуэ срикъунщ щапхъэу, творчествэм и гугъу пщIынумэ. ПечатымкIэ унэм илъэс 17 сызэрыхъурэ сыщыхэгъэрейт. Телевиденэм Вэрокъуэ Софят и гъусэу щезгъэкIуэкIыу щытащ «Къэрабэ» сабий нэтыныр. Шляпэ сщхьэрыгъыу, нэгъуджэ сIулъу сыкъихьэрт… Пэжщ, сигу ирихьырт апхуэдэ лэжьыгъэрт, ауэ зэгуэр ар IэщIагъэ сщIыну, си гъащIэр абы теухуа хъуну си гугъэтэкъым — сиIэтэкъым апхуэдэ мурад.
Си гупсысэр здэщыIамкIэ сыкъыщыхутами, сыщIегъуэжыркъым. «Сыту фIыщэу зыдгъэпсэхуа!» жаIэу цIыхухэр арэзы хъуамэ, фIыщIэ къытхуащIмэ, мис абы гухэхъуэгъуэ къызет. Апхуэдэ псалъэ гуапэ куэди къыджаIэ. Апхуэдизу гугъу дызыдехьам текIуэда зэманри, гупсысэри, зэфIэкIри псыхэкIуадэ зэрымыхъурщ адэкIэ дыкIуэтэну, щIэщыгъуэ къэдгупсысыну гукъыдэж къыдэзытыр.
— Къэрал куэдым ущыIащ. ПсэукIэ, щэнхабзэ, хабзэ я лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ къэралхэр уигу нэхъ ибубыда?
— Европэр къызэхэскIухьащ, Америкэм, Азием сыщыIащ. Азие лъэныкъуэмкIэ сыщрихьэлIащ ди лъэпкъ щэнхабзэм ебгъапщэ хъун куэдым. Псалъэм папщIэ, цIыху къыщIыхьэмэ къотэдж, уеблэмэ, щхьэщи ящIу. Ущэхуэну тыкуэн ущIыхьарэ, ар зейр зи ныбжь хэкIуэта лIыжьу щытми, укъызэрилъагъуу зыкъытриIэтыкIынущ, пщIэ къыпхуищIу. КIэщIу жыпIэмэ, псом хуэмыдэу Азиер си гум къыдыхьащ. Иджы сыхуейщ Китаим, Японием сыкIуэну.
— Дунейр зэбгъэлъэгъун щхьэкIэ гъуэгу ущIытехьэр, хьэмэрэ лэжьыгъэ Iуэхури абы хэт?
— Дауи, си лэжьыгъэм куэду къыщысхуосэбэп си зекIуэхэр. Iуэхушхуэ гуэрхэм, концертхэм сокIуэ, соплъ. Сызэплъам щIэщыгъуэу, дахэу хэлъыр си Iуэхум къыщызогъэсэбэп, сэ къызэзгъэпэщхэм апхуэдэхэр хэзагъэрэ-хэмызагъэрэ, сэ сщIэр зэзгъэлъагъу цIыхухэр дихьэхын — димыхьэхын — куэд зэпызолъыт. Сценэр зэрагъэувыр, экран зэрыфIалъхьэр, уэздыгъэр утыкум зэрытрагъадзэр — абыхэми мыхьэнэшхуэ яIэщ укIэлъыплъыну. ЗэрыхъукIи, сэ сызэлэжьым хуэдэ Iуэхум пэрытхэр зызогъэцIыху, сопсалъэ, иужькIэ дыщызэдэлажьи къохъу.
— Узыщыщ лъэпкъым къыщIэупщIэ къахэкIрэ?
— Си цIэр яфIэгъэщIэгъуэну къыщыщIэупщIэ щыIэщи, абы къикIым ди лъэпкъыр, ди хабзэхэр зыхуэдэм сытопсэлъыхь. НэгъуэщI къэрал сыщыкIуэкIэ, сфIэфIщ ди лъэпкъым ифI зыгъэлъагъуэ гуэрхэр здэсшэну. Адыгэ кхъуей куэдрэ къыздызощтэ, ар зэрыхахым, шхыныгъуэр зейм сахутепсэлъыхьурэ, лъэпкъыр язогъэцIыху ар зыфIэгъэщIэгъуэну къыщIэупщIэхэм.
Мыри жысIэнут, бзэ, лъэпкъ Iуэхум и гугъу щытщIкIэ… Курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ сыщригъэджащ Щоджэн Iэминат. Абы и дерсхэм тфIэфIу дыкIуэрт, классым щIэсхэм къытхэттэкъым абы хуэмыпIащIэ. Мис иджы, зэман дэкIауэ, зэклассэгъухэр дызэхуэзэмэ, къэхъуркъым ди егъэджакIуэфIым фIыкIэ дыщытемыпсэлъыхь. ЕгъэджакIуэ ткIийт, ауэ еджэнми дытригъэгушхуэрт, анэдэлъхубзэр фIыуэ дигъэлъагъурт. Сыту къыттехьэлъат ди егъэджакIуэр нэгъуэщI IуэхущIапIэ кIуэуэ, еджапIэм щыIукIыжам. Дигу къинэжащ и дерсхэри, и чэнджэщхэри и ущиехэри.
— Прагэ узэрыщеджам дытепсэлъыхьмэ…
— Зы илъэскIэ гугъу сехьащ, бзэр зэзгъэщIэху… Прагэ къыщыздеджахэри сезыгъэджахэри ныбжьэгъу къысхуэхъуащи, дызэрощIэ, дызэщIоупщIэ, дызэролъагъу. Лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къыхэкIа куэд дызэдеджащи, псори дызэхуэгуапэщ.
—ЗэбгъэхъулIахэмкIэ узыхуэарэзыж? УзыщIэхъуэпсу щытахэм техуэрэ ахэр?
— Сызыхуэарэзыжщ. Пэжщ, зыкъомыми иджыри сыхуопабгъэ, нэхъыбэ зэзгъэхъулIэну сыхуейщ. Ауэ апхуэдэущ цIыхум зэрызиужьын хуейри, ущIэпхъуэуэ хъунукъым. ЩыIэщ цIыху и ныбжькIэ жыжьэ дыдэ нэмысами, зыхуейуэ хъуар къехъулIарэ, зыри фIэмыгъэщIэгъуэныжу, мурад хуэмыщIыжу. Ар фIыкъым, мащIэ-мащIэурэ лъагапIэм ухуэкIуэм нэхъыфIщ.
— Иджыпсту узэлэжьыр!
— Апэнэс Астемыр Москва, Вегас Сити Холлым, концерт щитынущи, абы ди гуи ди пси етауэ долэжь. Абу-Даби зы концертышхуэ щекIуэкIынущи, абы тшэну гупыр догъэхьэзыр. Зыхудогъэхьэзыр Ани Лорак и концертми.
— Уи хъуэпсапIэхэр къохъулIэну си гуапэщ, Идар.
Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.