Top.Mail.Ru

Адышэсым и «бжыгъэрыгъажэр»

Image description

Адыгэу зызыбжыж дэтхэнэми лъэпкъым и зыужьыныгъэм хэлъ­хьэныгъэ гуэр хуищIыну ­хущIэкъутэмэ, зи бзэ зыIэщIэхуж лъэпкъ мащIэхэм я бжы­гъэм дыхэмытыну къыщIэ­кIынт… Апхуэдэ гупсысэхэм сыхуишащ, зи гугъу фхуэсщIыну лъэпкъыпсэ щIалэм зэпсэлъэныгъэ дезгъэкIуэкIа иужь.

Газетым и щIэджыкIакIуэхэм я нэIуа­сэщ АДЫШЭС Азэмэт. Ар егъэджакIуэ къудейкъым, атIэ лъэныкъуэ куэдкIэ узэщIыныгъэрэ гупсысэ гъэтIысарэ зыб­гъэдэлъ лъэпкъыпсэщ. Мы щIалэр гъущIым, фэм, пхъэм хуабжьу хуэIэкIуэлъа­кIуэщ, сабийхэри абыхэм хуегъасэ. ЩIалэ цIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэн дыдэу авиамоделированэ, роботехникэ лъэныкъуэ­хэмкIэ ядолажьэ… Иджыри куэду къеб­бжэкIыфынущ хьэбэздэс щIалэм илэжь IуэхущIафэхэр. ЖысIэнщи, Азэмэт зытелажьэ Iуэхухэм теухуауэ илъэс блэкIа къудейм тхыгъищ адыгэ газетым тетащ…
Ауэ нобэ нэхъыбэу тегъэщIапIэ тщIыну дыхуейт Азэмэт иужьрей и IэрыкIхэм ящыщым. Ар адыгэ лъэпкъым и бзэр хъумэным, шэрыуэу гъэлэжьэным хуэунэтIа, «Бжыгъэрыгъажэ» зыфIища Iэмэпсымэ гъэщIэгъуэныщэращ. Бзэ щIэныгъэлIхэм къанэмыщIауэ, бзэр хъумэным иропIейтей егъэджакIуэхэри, журналистхэри, тхакIуэхэри. Азэмэт хуэдэ щIалэ IэпщIэлъапщIэхэри абыхэм ящыщ зыщ.
ЕджапIэ программэм адыгэбзэм хухаха сыхьэт бжыгъэр хагъахъуэ за­къуэ­кIэ, бзэр тхуэхъумэнукъым, ар си фIэщ мэхъу. Мы Iуэхур хадэм деж Iэмэ­псымэр къызэрыбгъэсэбэпым еплъыт хъунущ. Абы уримылажьэмэ, Iуэхур кIуэтэнукъым. Ди бзэри ещхьщ апхуэдэ Iэмэпсымэм, ар дгъэлэжьэн, тIурылъын, къэдгъэсэбэпын хуейщ, зыужьыныгъэ игъуэтыным, зихъумэжыным папщIэ. А лъэныкъуэмкIэ хуабжьу си щхьэр етауэ, абы си гупсысэр хэпщIауэ къыздокIуэкI. Си щхьэкIэ къэсщтэнщи, сыщыпсалъэкIэ, бжыгъэхэр урысыбзэкIэ къызэрыхэзгъы­хьэм гу лъыстэт, ахэр схузэдзэкIтэкъым, щIэх щIэхыу къызэрызмыгъэсэбэпым къыхэкIыу. Апхуэдэт махуэхэм, мазэхэм я фIэщыгъэцIэхэри. Ахэр адыгэбзэкIэ згъэлажьэтэкъыми, щIэх сIэщIэхужт, ирешажьэ и псалъэр Адышэсым.
Апхуэдэу, гупсысэхэм кърихуэкIыурэ, Азэмэт и IэпщIэлъапщIагъри и гуращэри зы ищIащ. ЗыхуэкIуар сытыт — уи Iэм тыншу IэщIэлъу, къепхьэкIынкIэ псынщIэу, бжыгъэхэмрэ абыхэм я фIэщыгъэцIэхэмрэ зыуэ зытеплъагъуэ Iэмэпсымэ къэгупсысынрат. ИкIи, и гупсысэхэр къызэригъэлъэгъуэну Iэмалым Азэмэт хуэкIуащ.
Ахэр япэ щIыкIэ тхылъымпIэм тритхащ, мызэ-мытIэу зэрихъуэкIыжащ, тритхыкIыжащ. Бжыгъэхэмрэ абыхэм я жыIэ­кIэхэмрэ зэгъэуIуауэ, сабийм джэгукIэ Iэмалу бгъэдэплъхьэфынум хуэунэтIат зыпэрыува лэжьыгъэр.
Мазэ текIри, къигъэщIащ «бжыгъэрыгъажэ» зыфIища Iэмэпсымэ къызэрымыкIуэр. НобэкIэ абы ебгъэщхьи, ­еплъыт хъуни щыIэкъым. Ди пащхьэ илъ, пхъэ пIащIэм къыхэщIыкIа зэпэплIимэ Iэмэ­псымэ дахэ цIыкIум и мыхьэнэмрэ и техническэ лъэныкъуэхэмрэ къытхутепсэ­лъыхьащ Адышэсыр:
Бзэм елэжьхэм щыуагъэ хагъуэтэ­нуми сщIэкъым, ауэ мыбы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр мыращ: япэрей сатырыр — минхэр, етIуанэр — щэ бжыгъэхэр, ещанэр — пщIы, еплIанэр — зым къыщыщIэдзауэ пщIым нэсщ. Куэбжэм ирагъэлъадэ лъэрыгъажэм ещхьу, ахэр зэщхьэщокI, «щхьэгъубжэ» цIыкIум бжыгъэр къищу, адреймкIэ абы укъызэре­джэ­нур тету. А лъэрыгъажэм и щIыкIэм зэрещхьыр, бжыгъэхэм ар зэрепхар къыхэслъытэри, «бжыгъэрыгъажэ» абы фIэсщащ.
АдыгэбзэкIэ тхьэмахуэм и махуэцIэ­хэр, мазэхэр къыщыгъэлъэгъуащ мыбдежми: щIышылэ, мазае… апхуэдэурэ макIуэри, езыхэр зэрызэкIэлъыкIуэм нэмыщIу, плъыфэхэмкIэ сабийхэм къа­зэрыгурыIуэным хуэдэуи гъэпсащ.
Псалъэм папщIэ, гъэмахуэ мазэхэр удзыфэу къэхьащ, бжьыхьэр гъуэжьыфэщ … Апхуэдэу, мазэхэм я фIэщыгъэцIэхэр плъыфэхэмкIи сабийм игу ириубыдэ­фынущ.
МыдэкIэ пхъэ «къэзыжыхьхэм» ит бжыгъэхэмрэ я жыIэкIэхэмрэ сабийм сатыр къэс зэтригъэкIуэтурэ, иригъэжэ­кIыурэ бжыгъэхэр зэпигъэувэфынущ. ДжэгукIэ зэхуэмыдэхэри къыхуэбгупсысыфынущ, икIи сабийр абы дебгъэхьэ­хыурэ къабзэу бжэфу зригъэсэфынущ, ипэкIэ зи гугъу тщIа фIэщыгъэцIэхэри тыншу игу ириубыдэфынущ,
къыдпещэ ди псэлъэгъум.
ДызэреплъымкIэ, бжыгъэрыгъажэм иджыри лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ зиукъуэдиифынущ икIи зиубгъуфынущ. Азэмэт и гугъу къытхуещI абы къыхигъэхьэфыну, зэригъэбэгъуэфыну Iэмалхэми. ИпэжыпIэкIэ, щIалэм къигупсыса Iэмэпсымэр ящхьэпэнущ сабийхэми балигъхэми — унагъуэ къэс илъынуми, дерсхэм деж егъэджакIуэм къигъэсэбэпынуми.
Адышэсым и гугъапIэщ республикэми, гъунэгъу хэгъуэгухэми, адыгэ зыщыпсэу щIыналъэхэми бжыгъэрыгъажэр яни­гъэсыну, лъэпкъым абыкIэ сэбэп къыхуихьыну щIохъуэпс. КъинэмыщIауэ, бжыгъэрыгъажэр хуэунэтIащ ди лъэп­къым хуэдэу бзэр хъумэным тегузэвыхь лъэпкъхэми — я бзэкIэ зэрахъуэкIыжмэ, ар абыхэми къагъэсэбэпыфынущ.
Зи бзэр зыхъумэжыну хуей лъэпкъымкIэ, сыт хуэдэ Iэмалри сэбэпщ. «Бжыгъэрыгъажэри» апхуэдэ зы Iэмалщ, зы Iэмэпсымэщ. Тхылъ щыщымыIами, дерсхэр щемыкIуэкIами, бзэр лажьэти, нэхъ дахэжуи ди дежи къынахьэсыфащ. НобэкIэ къэдгупсысын къытхудохуэ ар зэ­рытхъумэн Iэмалхэмрэ лъэныкъуэ зэ­хуэ­мыдэхэмрэ,къыщIегъуж Ады­шэсым.
Ди гуапэщ, лъэпкъым и зыужьыныгъэм хуэунэтIа гупсысэ тэмэм къы­зыпкъ­рыкI, Азэмэт хуэдэ лъэпкъыпсэхэр къы­зэрытхэтым. Лъэпкъ Iуэхур ипэкIэ зэрыдгъэкIуэтэнум дыхущIэкъунымкIэ ар щапхъэ ирокъу!
АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ.