Щэнхабзэмрэ бзэмрэ я гъуазэу

Къэхъун къуажэм дэт курыт еджапIэ N 2-м иджыблагъэ зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ. 7 — 11-нэ классхэм щIэс еджакIуэхэр хуагъэзащ тхакIуэ, журналист, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием хэт корреспондент Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ магистр, адыгэм и пасэрей щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ щIэныгъэлI Гувэжокъуэ ДжэбрэIил, адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэзыхьэсыж, зыгъэзащIэ Тэхъу Мухьэмэд, УФ-м и альпинист, Iуащхьэмахуэ 139-рэ дэкIа Шыбзыхъуэ Казбек сымэ.
Курыт еджапIэм и унафэщI Джэтокъуэ Риммэ хьэщIэхэр щригъэблагъэм жиIащ:
— КъытщIэувэ щIэблэм адыгэбзэр яIурылъын, къызыхэкIа лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм щыгъуазэу къэтэджын, хабзэр зрахьэн папщIэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонидрэ сэрэ къыхэтлъхьа Iуэхущ мыр. Дунейм и зыужьыгъуэ гуащIэм хэпсэукI лъэпкъ мащIэхэм я щэнхабзэр глобализацэм дэмыкIуэдын папщIэ лэжьыгъэшхуэхэр ирагъэкIуэкI иджыпсту. Дэри апхуэдэ гупсысэ диIэу, ди еджакIуэ цIыкIухэр адыгэ щэнхабзэм, тхыдэм, бзэмкIэ щIэныгъэлIхэм яIудгъэщIэну къыхэтлъхьащи, тхьэмахуитIым зэ дызэхыхьэныр тхузэфIэкIыну догугъэ.
Адыгэр къызытекIа лъэпкъыжьым теухуа «Хьэтхэр» романыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ еджакIуэхэр щигъэгъуэзащ илъэс мини 6-кIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа ди адэжьхэм я тхыдэм:
— Хэкум адыгэу исыр куэд дымыхъуми, дунейм текъухьа ди лъэпкъэгъухэм я бжыгъэр мини 7-м щIегъу. Ахэр илъэси 101-кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым ирихужьэу я лъахэр иригъэбгынами, адыгэм тхыдэшхуэ и щIыбагъ дэлъщ, «хьэтхэр» жыхуаIэу Кавказымрэ Азие ЦIыкIумрэ щыпсэуа лъэпкъыжьым дыкъытекIащ. Ахэращ гъущIым япэу елэжьын щIэзыдзари, лъэпкъ зэхуэмыдэхэр зэкъуагъэувэу Хьэт къэралыгъуэшхуэр къызэзгъэпэщари. Ар хъыбарыжь къудей мыхъуу, археологиер щыхьэт зытехъуэ тхыдэщ. Лъэпкъым и пщэдейр къыпызыщэнур, хабзэмрэ бзэмрэ и хъумакIуэу къытщIэувэр щIэблэращи, а псоми хэфщIыкIын хуейщ. ЦIыхур къызыхэкIамрэ и лъэпкъым къича гъуэгуанэмрэ зыщигъэгъуэза нэужь и дуней еплъыкIэми зехъуэж, и хэкупсэр къызэщIоушэ, — къыхигъэщащ и псалъэм.

Анфисэ зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ роман зыхуигъэпса Хьэт къэралыгъуэр къызэрыунэхуам, ахэр Кавказым икIын хуей щIэхъуам, я хуитыныгъэм папщIэ зэзэуахэм, кIуэдыжыгъуэ яхуэхъуам, хэкум къина хьэтхэр адыгэкIэ зэджэж лъэпкъыу нобэм къызэрысам.
ЕджакIуэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ Гувэжокъуэр зэлэжьри. Адыгэбзэр макъыбзэу, щIыуэпсыбзэу зэрыщытым, пычыгъуэ къэси мыхьэнэшхуэ зэрыхэлъым, адыгэ тхыпхъэхэр пасэрей тхыбзэу зэрыщытым, тхыпхъэ къэси хъыбар щхьэхуэ къызэраIуатэм тепсэлъыхьащ ар.
— Адыгэм и Iэщэ-фащэр дахэу игъэщIэращIэ къудей мыхъуу, тхыпхъэ къэс мыхьэнэ гуэр щIилъхьэу щытащ. Апхуэдэу, къамэм, сэшхуэм, хьэзырым, бзылъхугъэхэм я бэхуцейм тещIыхьа тхыпхъэхэм цIыхур къахъумэу я фIэщ хъурт ди адэжьхэм. ЩIэныгъэшхуэ бгъэдэлъащ ди япэ итахэм. А псоми теухуауэ ди щIэныгъэлIхэм тхылъ щхьэпэхэр ятхыжауэ щыIэщи, зыщывгъэгъуазэмэ гъэщIэгъуэн фщыхъунт, хэт ищIэрэ, а лэжьыгъэхэм къыпызыщэн IэщIагъэлI фыхъуну фыхъуэпсэнри хэлъщ, — жиIащ Гувэжокъуэм.
Адыгэ уэрэдыжьхэм лъэпкъ тхыдэр IуэрыIуатэ защIэу нобэм къызэрахьэсам, псалъэжьхэм, жыIэгъуэхэм, псынщIэрыпсалъэхэм Iущыгъэу хэлъым я гугъу ищIащ Тэхъу Мухьэмэд. НэхъыжьыфIым гу лъитащ лъэхъэнэ гуэркIэ тхыбзэ имыIэу къэгъуэгурыкIуа зауэлI лъэпкъым и блэкIар ирихъумэн папщIэ иуса уэрэдыжьхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм, ар лъэпкъ щэнхабзэм и Iыхьэшхуэу зэрыщытым.
АльпинизмымкIэ мастер, УФ-м и альпинист, адыгэ нып нэхъ ин дыдэр Iуащхьэмахуэ дэзыха, «ЩIыхьымрэ лIыгъэмрэ» я орденымкIэ ягъэлъэпIа Шыбзыхъуэ Казбек щIалэгъуалэм щапхъэ зытрах къуажэдэсщ. Абы зэIущIэм къекIуэлIа ныбжьыщIэхэр щигъэгъуэзащ Iуащхьэмахуэ лъапэ и Iэхэлъахэм къыщагъуэтыж фэеплъхэмрэ археологие къэхутэныгъэхэмрэ зыхуэдэм.
Тамбий
Гуащэмахуэ.