Top.Mail.Ru

Лъэпкъыр бзэм къехъумэ

Бзэр лъэпкъым и фащэщ. Ар къокIуэ дызэрыбауэ хьэуам хэту, псэм пэгъунэгъуу, Iэпкълъэпкъым хэгуэшауэ. Абы блэкIар къепщытэж, ит зэманыр егъэнаIуэ.

Лъэпкъым и къэкIуэнур зыхуэдэнум ущегупсыскIи узэжалIэр аращ. Бзэмрэ хабзэмрэ зэщIыгъущ, абыхэм къапкъырокIыж лъэпкъым и шыфэлIыфэ екIухэр. Сыт хуэдэ адыгэ лъэпкъым и хьэлыр, и хабзэр, и щэнхабзэр? Нобэ бзэр хъумэным хуэныкъуэ е езы лъэпкъыр къи­хъумэрэ абы? Сыт хуэдэ Iэмалхэр щыIэ щIэблэм анэдэлъхубзэр яIурылъхьэным теухуауэ, сыт нэхъыщхьэу хэлъ дилъэпкъ шыфэлIыфэм? Сыт лъэпкъым и къарур, и тIасхъапIэр, и насыпыр? Мы упщIэхэм теухуауэ я гупсысэ къагъэнэIуащ зи IэщIагъэкIэ зэхуэмыдэ цIыху зыбжанэм. Абыхэр хэт Хэкум щопсэу, хэти хамэ щIыпIэм щыхэ- хэсщ. Гъунэгъу зэхуэзыщIыр лъэпкъ Iуэхурщ.
Езауэ Мадинэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ центрым и унафэщI:
Дэ ди деж хуэдэу нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ щызэрылъытэ лъэпкъ щыIэу къыщIэкIынкъым. Къытхуэнащ ар, тхэлъщ, хэт сыт жиIэми. Адыгэм укIытэ хэлъщ, напэр къабзэу ихъумэну хущIокъу. ДызытекI мыхъу хабзэхэр тIэкIу ткIийуэ гугъу дыщрагъэхьи щыIэщ. Ауэ а гугъуе­хьым ди псэр егъэнщIыж. Мис ар ди лъэпкъым и къарущ.
Мэлей ФатIимэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и лэжьакIуэ:
Лъэпкъым зиужьын щхьэкIэ, япэ дыдэу щIэблэм егупсысын хуейщ. ЩIэблэ гъэса зиIэрщ япэкIэ кIуэтэфыр. Шэч хэлъкъым сабийм тхылъым гъэсэныгъи щIэныгъи къызэрыхихым. Сабийм гъэсэныгъэ тэмэм иIэмэ, езы цIыкIум и щхьэм къэкIынущ лъэпкъым зэрыщыщыр, и бзэр Iурылъын зэрыхуейр. «Адыгэбзэр умыщIэу хъунукъым», жыпIэу утекIиен е хэбгъэзыхьын хуейуэ аракъым. АтIэ, ар уэ езым зыдэбгъэплъеин хуейщ, щапхъэ ебгъэлъагъуурэ. Адэ-анэм далъа­гъур ящIэж сабийхэм.
Арымбэч Айшанур, инженер пщащэщ, Тыркум щопсэу:
Адыгэ хабзэ жыхуэтIэм егъэлеяуэ купщIэшхуэ кIуэцIылъщи, ар къыбгурIуэн­ри насыпым щыщщ. Псалъэм папщIэ, адыгэм диIэщ мыпхуэдэ хабзэжь: адэ-анэм е нэхъыжьхэм укъалъагъуу, цIыхум уахэту уи сабий бгъэджэгуныр емыкIуу. Иджы мы хабзэм и лъабжьэм щIэплъэгъуэфынум девгъэплъыт: дунейм тетщ цIыху куэд бын ямыIэу, ауэ абы ехъуа­псэу, апхуэдэуи щыIэхэщ адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабийхэр. АтIэ мы хабзэри гущIэгъум къыхэкIауэ хуэбгъэфащэ хъунущ. Си гугъэмкIэ, хабзэр псэщ зэрыпхуэхъумэнур. Уи гум адыгагъэ имылъмэ, хабзэ-бзыпхъэ бгъэлъэгъуэну и ужь уихьэми къохъулIэнукъым. ЦIыхур хамэ лъэпкъ къыхэхутамэ, нэгъуэщI хабзэхэр куэдрэ илъагъумэ, хамэбзэр и тхьэкIумэм итмэ, тыншу абыхэм яхэшэпсыхьыжыфынущ. Ауэ сыт ар къэзыхъу­мэфынур лъэпкъ щхьэхуэм къыхэкIа цIыхуу жыпIэмэ, ар и куцIырщ, и лъым хэту зыхищIэ къарурщ. Ар пхэлъмэ, уи бзэри абы щыхъумащи, къэпщтэжынущ. Япэрауэ, лъэпкъым теухуауэ фIэщхъуныгъэ уи гум илъын хуейщ: уэ езыр узыщыщыр псом нэхърэ зэрынэхъыфIыр хьэкъыу ппхыкIа нэужь, ар къару лъэщ пхуохъу. «Сыт сэ хабзэри бзэри схъумэн щIыхуейр?» — жыбоIэри узоупщIыж. «Ар сысейщи, сегъэдахэри, сегъэлъапIэри, си щхьэр сегъэIэтри!».
Щоджэн Берсис, адвокатщ, Тыркум щопсэу:
Анкара щыIэ Адыгэ Хасэм сы­кIуауэ, абы «Адыгэбзэ» тхылъ щыслъэгъуати, къэсщэхури, сэр-сэру адыгэбзэкIэ тхэкIэ, еджэкIэ зэзгъэщIэжауэ щытащ. Пэжщ, дыщыцIыкIум анэдэлъхубзэщ унагъуэм дызэрыпсалъэр. Ауэ, еджапIэм тыркубзэкIэ дыщагъэпсалъэурэ сIэщIэхуа хъуат. АдыгэбзэкIэ тхауэ сыт къыс­Iэ­рыхьэми, абыхэм макъкIэ седжэурэ, адыгэ уэрэдхэм седаIуэурэ, сызыхуэзэ адыгэхэм сепсалъэурэ, си адыгэбзэр нэхъыфI хъужащ. А зэманхэм Кавказ къафэхэм щыхуагъасэ гуп къыщызэрагъэпэщат Истамбыл. Абыи сыхыхьащ. Сытми, си анэдэлъхубзэм сыкъихъумащ адыгэу.
Дуней псом щикъухьа лъэпкъым зихъу­мэжыну гугъущ. Хабзэ-бзыпхъэри бзэри къэкIуэну зэманым хуэбгъэхьэзырын, япэкIэ уплъэн хуейщ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.