Top.Mail.Ru

ЩIэныгъэр зи дунейуэ, зи дунейр щIэныгъэу зыхьа (Адыгэ бзэщIэныгъэлI Шагъыр Iэмин къызэралъхурэ илъэс 95 ирокъу)

Image description

КъыщIэбгъэлъэху нэхъ кууужу къызэкIуэцIыкIыу адыгэбзэм зы щэн гъэщIэгъуэн иIэщ. А щытыкIэм узыIэпимышэнкIэ Iэмал иIэкъым.

Бзэм и «псэлъэкIэр» зэхэзыхыу кIуэ­цIылъ щэхубэр абы ирипсалъэхэм я деж нэзыхьэсыжыфым Тхьэшхуэр етащ: абы ар егъэпщIыпщI, гупсысэр плъыфэ щхъуэ­кIэплъыкIэхэмкIэ зэщIеблэ, псалъэм и кIуапIэхэр къегъэIэгъуэ. Апхуэдэт адыгэбзэр лъэныкъуэ куэдкIэ зэзыгъэпсэлъэ­фа, илъэс 17-м иту зи гъащIэр абы езыпхыу дунейм ехыжыху хуэпэжа, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Шагъыр Iэмин Къабцу и къуэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Аруан щIыналъэм щыщ Лэскэн ЕтIуанэ (Аслъэ­мырзей) къуажэм 1930 гъэм къыща­лъхуащ Шагъыр Iэмин. ХьэщIэщ щэнхабзэмрэ лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ зи гъащIэм щыщу къэпсэуа нэхъыжьыфIхэм я дежщ абы дунейм тетыху адыгэбзэм хуиIа щытыкIэ дахэр щызэфIигъэувар. Зэрысабийрэ Щагъырым адыгэ псалъэр и тхьэкIумэм итт икIи нэхъыжьхэм къаIуэ­тэж тхыдэжьхэмрэ пшыналъэхэмрэ абы и IэфIыр къыхапщащ.
Курыт еджапIэр къыщиухам, Iэмин къыхихыну гъуэгур зыхуэдэр ищIэрт — ар яхэтащ Тблиси дэт, Джавахашвили Иванэ и цIэр зезыхьэ къэрал университетым кавказыбзэхэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьэну Куржым 1947 гъэм кIуа гупым. ИужькIэ адыгэ бзэщIэныгъэр лъагэу зыIэтахэм ящыщу Iэмин къыде­джащ зи цIэр лъэпкъым и тхыдэм дыщэпскIэ иратха Щэрдан Iэбу, КIэрашэ Зейнэб, ЗекIуэгъу Увжыкъуэ, КIуащ Тамарэ, Къумахуэ Мухьэдин сымэ. Мы гупым унэтIакIуэ гъуэзэджэ яхуэхъуащ адыгэхэр фIыуэ зылъагъуу, абыхэм хуа­щIэр къызэмэщIэкIыу дунейм тета профессор гуп дыгъэлыр: Чикобавэ Арнольд, Рогавэ Георгий, Ломтатидзе Кетеван, нэгъуэщIхэри.
Еджэныгъэм хъарзынэу хэгъуэза щIа­лэщIэм куууэ зритащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм зэдай яIэмрэ унейуэ яхэлъымрэ джыным, абыхэм я зэщхьэщыкIыныгъэхэр къызыхэкIыр къэхутэным, зыуэ хэту, ауэ макъхэм я лэжьэкIэм къашэ зэтекIыныгъэхэр къыщIэгъэщыным. Шагъырым пасэу къыгурыIуащ фонетикэм къыщымыувыIэу, лексикэм зритмэ, и къэхутэныгъэхэр нэхъ хьэлъафIэ зэрыхъу­нур, утыку кърихьэ гупсысэхэр щIэныгъэ пэжым и шыбзэм хуиту зэрыщIэкIынур. Апхуэдэ еплъыкIэр зэрыхьэкъыр абы нэхъри щызыхищIар кандидат лэжьыгъэм зрита нэужьщ.
Шагъыр Iэмин университетыр фIы дыдэу 1952 гъэм къиухри, Рогавэ Георгий и чэнджэщкIэ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием БзэщIэныгъэмкIэ и институтым и аспирантурэм щIэтIысхьащ. Бзэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр нэсу къыпхуэтIэщIынкIэ зы Iэмал иIэкъым, абы и щIыпIэ псэлъэкIэхэмрэ диалектхэмрэ умыджауэ. «Адыгэбзэ (къэбэрдей-шэрджэ­сыбзэ») унэтIыныгъэр къыхэзыха щIалэр тогушхуэри, къэбэрдей адыгэбзэм и балъкъ псэлъэкIэр къихутэну иужь йохьэ. Кандидат диссертацэм хуигъэхьэзыра лэжьыгъэр, «Къэбэрдей адыгэбзэм и балъкъ псэлъэкIэм и щхьэхуэныгъэхэр» зыфIищар, зэрыщыту къуажищым (Бэтэх, ЯтIэкъуэ, Хьэжыхьэблэ) щыпсэухэм я бзэм тещIыхьат, фонетикэ, морфологие, лексикэ я лъэныкъуэкIэ яIэ щхьэхуэныгъэхэри щызэкIэлъыгъэкIуат. 1955 гъэм диссертацэр пхегъэкIри, Шагъырым филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат цIэр къыхуагъэфащэ.
Шагъырыр аспирантурэм щIэст, Институтым кавказыбзэхэмкIэ и къудамэм щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщIэу лэжьэну щрагъэблэгъам. И гъащIэ псор а IуэхущIапIэм епхауэ зыхьа щIалэр зы махуэ хущIегъуэжакъым къыхиха гъуэгум. Аспирантурэм здыщеджэм Шагъырым адыгэбзэри яригъэджащ Луначарскэ Анатолэ и цIэр зезыхьэ Театр гъуазджэмкIэ урысейпсо институтым (ГИТИС-м) щеджэ адыгэ ныбжьыщIэхэм. ИужькIэ, 1986 — 1988 гъэхэм Шагъырыр профессор IэнатIэм пэрыту Щукин Борис и цIэр зезыхьэ театр училищэм адыгэбзэмкIэ адыгэ щIалэгъуалэм щадэлэжьащ.
Шагъырыр Институтым акавказыбзэхэмкIэ къудамэм и унафэщIым и къа­лэнхэр игъэзащIэу 1962 — 1963 гъэхэм лэжьащ. Ар щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъы­жьуи, щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщхьэуи щытащ. 1991 – 2002 гъэхэм ар Институтым щIэныгъэ лэжьакIуэ пашэу лэжьащ. Кавказыбзэхэм ятеухуа и лэжьыгъэхэмкIэ дунейм и щIыпIэ куэдым фIы дыдэу къыщащIэу щыта профессор Климов Георгий 1998 гъэм дунейм ехыжа нэужь, Шагъырыр къудамэм и унафэщI ящIащ, Налшык къэIэпхъуэжыхукIи а IэнатIэм пэрытащ. Iэмин и къалэмыпэм лэжьыгъи 100-м щIигъу къыщIэкIащ. Абыхэм ящыщу мыхьэнэшхуэ яIащ 1962 гъэм дунейм къытехьа «Адыгэбзэм и лексикэ щIэныгъэм теухуа тхыгъэхэр», 1977 гъэм тхылъитIу къыдэкIа «Адыгэбзэм и этимологие псалъалъэр», 1982 гъэм игъэ­хьэзыра «Абхъаз-адыгэбзэхэм я лексикэм зэщхьу хэтыр», 1989 гъэм къыдэкIа «Абхъаз-адыгэбзэхэм хамэбзэхэм къыхаха лексикэр» лэжьыгъэшхуэхэр. Мыбыхэм щIэныгъэм дежкIэ яIэ мыхьэнэр зэпхар абыхэм адыгэбзэм и псалъэхэр къанэ щымыIэу къызэрахутэм, езым къыхэхъукIахэмрэ нэгъуэщIыбзэхэм къы­хэкIахэмкIэ зэрызэщхьэщигъэкIым, зэлъапсэгъу бзэхэм я лъабжьэр къызэрыщIигъэщым къыщыувыIэркъым, атIэ лексикэм и теорием и IуэхукIи гулъытэ хьэлэмэт дыдэхэр щещI, щIэныгъэм и къуэпсхэр жыжьэ идзу, нэгъуэщI къэхутэныгъэ гъуэгухэр къыщIагъэщу.
ЩIэныгъэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэр къалъытэри, Шагъыр Iэмин Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр 1980 гъэм къы­хуагъэфэщащ. Ар Урысейм естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием япэщIыкIэ член-корреспонденту (1991 гъэм) хагъэ­хьащ, иужькIэ – действительнэ члену (1994 гъэм) хахыжащ. Шагъырыр Абхъа­зым ЩIэныгъэмкIэ и академием и академикт, Европэм и кавказыдж хасэми хэтт. ЩIэныгъэлIым илъэс IэджэкIэ Къэ­рэшей-Шэрджэс щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым адыгэбзэмрэ абазэбзэмкIэ и къудамэм и лэжьыгъэр иунэтIу, абы и лэжьакIуэхэм я щIэныгъэ гъуазэу щытащ.
Шагъыр Iэмин къытхэтыжамэ, илъэс 95-рэ ирикъунут. Шагъырым и ныбжьыр илъэс 73-м иту 2003 гъэм дунейм ехыжащ. Ноби фIыкIэ ягу къагъэкIыж ар. ЦIыхур къыщыпхэмытыжым деж абы бгъэдэлъа фIагъ псори нэхъ гуащIэу зыхыбощIэ, къэплъыхъуэу ухуожьэ, и псалъэ ухуэныкъуэу мэхъу. Iэмин фIыщIэ щIыхуэпщIын куэд къигъэнащ. Абы адыгэбзэ щIэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэр ин дыдэщ, и мыхьэнэри мыкIуэщIщ. Шэч хэлъкъым, Шагъырым и щIэиныр адыгэ зэхэщIыкIым и лъагъуэхэш лъэщу щытынущ.
Тхыгъэри сурэтри зейр
ТАБЫЩ Муратщ.