Top.Mail.Ru

ФIым хуэлажьэ Ахъмэт Амир

Image description

Ахъмэт Амир Хъусен и къуэр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым имызакъуэу, къэ­ралым и щIыналъэ куэдми хамэ хэкухэми къыщацIыху. Ар Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренерщ, и гъэсэнхэм яхэтщ УФ-м тхэквондомкIэ и чемпионхэр, дунейпсо, европей зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу щытекIуа­хэр, къыщыхэжаныкIахэр. Кэнжэ ­къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием и унафэщIщ.

Ахъмэтыр мы гъэм ди щIыналъэм щекIуэкIа Парламент хэхыныгъэхэм щытекIуэри, депутату хахащ, комитетым и унафэщIым и къуэдзэщ, и лэжьыгъэр нэхъыбэу зыхуэгъэпсари спортырщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) и командэ къыхэхар къэралым щынэхъыфIхэм хабжэ жытIэми ягъэлея хъунукъым. Ди псалъэм щыхьэт техъуэу ди гугъэщ мы гъэм Налшык щекIуэкIа чемпионатым щыIа, УФ-м тхэквондомкIэ и федерацэм и тхьэмадэм жиIахэр. Абы къыхигъэщауэ щытащ дыщэ медалхэр иужьрей илъэсищ-плIым зэкIэлъыкIуэу къэзыхь командэ, КъБР-м ейм нэмыщI, УФ-м зэрыщымыIэр. Ар лэжьыгъэшхуэщ — жэщи махуи спортсменхэм уахэтыныр, ахэр здэбгъэкIуэну зэхьэзэхуэхэр, зыгъэсэныгъэхэр зэхуэбгъэхъуныр, дэтхэнэми и Iуэху зэрыхъунум ущIэгупсысыныр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, куэд пыщIащ абы, институт псо ирикъуу. Мис ар псори зэхуэзыгъэкIуэхэм я пашэщ еш зымыщIэ, зи лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу, тхэквондор республикэм ипэкIэ щызыгъэкIуатэ Ахъмэт Амир.
«Ди деж къэгъэзэжи, къэралым и командэ къыхэхам, я ныбжькIэ узыхуейр къыхэхи, я тренеру тхуэлажьэ», — къы­жриIат абы УФ-м тхэквондомкIэ и федерацэм и тхьэмадэм, ауэ Амир ар хуигъэ­дэхатэкъым. Нэхъ къищтащ икIи япэ иригъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и цIэр фIыкIэ зыгъэIуу, и щIыхьыр зыIэту зэтригъэува и командэм къыщынэжыныр. ИщIэрт хэхъуэкIи и Iуэхур нэхъ къызэрикIынур, ауэ, езым зэрыжиIамкIэ, псори сомкIэ къэплъытэ хъуну­къым. Ди пщIэр, ди щIыхьыр япэ иригъэщмэ, щалъхуа, къыщыхъуа щIыналъэм, хэкум и сэбэп гуэр иригъэкIмэ нэхъ фIэтэмэмщ.
Амир зэрыхэкупсэр къегъэлъагъуэ тхэквондорами, дзюдорами, бэнэкIэ спорт лIэужьыгъуэхэрами, зыри зэхэдз зэримыщIыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэу щытмэ, хузэфIэкI къимыгъанэу зэрадэIэпыкъур. Апхуэдэ хьэл-щэнхэр яхелъхьэ и гъэсэнхэм икIи хущIокъу щалъхуа щIыналъэр, Хэкур фIыуэ ялъагъуу, нэ­хъыжьми нэхъыщIэми яхуэфащэ пщIэ хуа­щIу ахэр къэгъэтэджыным. Абы фIыуэ къы­гуроIуэ гъэсэныгъэ, фIэлIыкI зыхэмылъ чемпионыр зыми зэримыпэрмэныр икIи и щхьэри лъапIэ зэрымыхъунур.
Ахъмэтыр депутат лэжьыгъэм щIыхыхьам и щхьэусыгъуэри гурыIуэ­гъуэщ: спортыр адэкIэ гъэкIуэтэн, ди щIэблэм я узыншагъэр зыгъэбыдэну, ахэр зыпсыхьыну Iэмалхэр нэхъ нэсу къэгъэсэбэпа хъун папщIэщ. Амир фIыуэ щыгъуа­зэщ зыпэрыхьэ къулыкъум къыщыпэщылъ къалэнхэм икIи бгъэдэлъщ ахэр зэрызригъэхъу­лIэн щIэныгъи Iэзагъи.
«ЦIыху губзыгъэр дэни хэзэгъэнущ жаIэ, ауэ зыпэрыхьа Iуэхум куууэ хэзыщIыкI, абы и пIалъэ зыщIэм сэбэпынагъ нэхъыбэ къызэрыпыкIынуми шэч хэлъ­къым. Дэтхэнэ зы цIыхури езыр зыхуэ­хьэзыр, и щIэныгъэкIэ зыхуэIэрыхуэ и IэнатIэ пэрытыжын ­хуейщ, профес­сионал жыхуаIэм хуэ­дэу щыту. Дунейм и пIа­лъэр къыдгурыIуэу дыщытщ дэтхэнэ зыри, ауэ зы IуэхугъуэхэмкIэ дылъэщу, адрейхэм зэрыхэтщIыкIыр нэхъ мащIэу.
Сэ спортым сыхэтщи, ди ехъулIэныгъэ­хэр езыр-езыру къызэрымыкIуар сощIэ. Алыхь IэмыркIэ цIыхум зэчий гуэр бгъэ­дэлъщи, щхьэж нэхъ зыхуэ­Iэзэм яужь итщ. Сэ спортым сыхэлэжьыхьыну щIысфIэфIыр медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ къызэрыщытхь, абы ди пщIэр зэриIэт къудейркъым. А Iуэхум и мыхьэнэр щIэиныр цIыхум и гъэсэныгъэм, абы и гъащIэр зэрыхъунум, и дуней тетыкIэнум дыхолэжьыхьри аращ», — жеIэ Амир.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек гу къылъимытэу къэнакъым Ахъмэтым и Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ зехьэкIэмрэ икIи сыт и лъэныкъуэкIи къыдеIыгъ и жэрдэм дахэхэр.
«Сэ схузэфIэкIыу, республикэм спортым зыщегъэужьыным щхьэкIэ зыри къэзгъэнэнукъым. Спортыр и пIэм иту аракъым. Лэжьыгъэ хъарзынэхэри щокIуэ­кIри, сэ нэхърэ нэхъыфIу хэзыщIыкI цIыху куэди хэтщ, ауэ сэри къыслъысу, си сэбэпынагъ гуэр езгъэкIыну, щIэуэ зыгуэрхэр хэслъхьэн мурадхэр сиIэу аращ», — жеIэ Ахъмэт Амир. Дэри ар ди фIэщ мэхъу. МыхъункIи Iэмал иIэ­къым. А псом и щыхьэтщ лъэ быдэкIэ спортым хэува, зи цIэхэр лъагэу дунейпсо утыкушхуэхэм щыIуа, «Пять колец» академием и гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэр.
Амир цIыхугъэу, гъэсэныгъэрэ гулъытэу хэлъыр зэрыщIэншэм и щыхьэтщ зи узыншагъэм сэкъат иIэ щIалэ зеиншэ цIыкIур (зы Iэ пымыту къалъхуащ) и унэ къишэу зэрыщигъэпсэуар, дэлажьэурэ, игъасэурэ Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ и чемпион мы гъэм ар зэры­хъуар. Апхуэдэ щапхъэхэм иджыри къыпыпщэфынущ.
КъызыхэкIа унагъуэри лъэпкъри зэрыгушхуэ хъунщ Амир. ПщIэшхуэ яхуэфащэщ апхуэдэ щIалэ зыгъэса Ахъмэтхэ Хъусенрэ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) Аминэрэ. Апхуэдэщ Ахъмэт Амир и дунейр: ар дахэщ, къабзэщ икIи зэIухащ. Дэ къыд­бгъэдэкIыу жытIэжынщи, мураду ищIауэ хъуар къехъулIэну ди гуапэщ!
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.