Джэданэ Алинэ лъэпкълъагъуэм пещэ
Лъэпкъым и пщIэр къэзыIэт, фIыкIэ зи цIэр зыгъэIуа дэтхэнэ зыри лъэпкъым и набдзэщ. ЗэрыжаIэу, апхуэдэр яIэт, я напщIэми телъщ. Ауэ щыхъукIи, пасэрейм щыгъуэ, Iуэху мыщхьэпэ зылэжьа, зэран гуэр зыщIа цIыхум щхьэкIэ хэтхэ ящыщ, жаIэу щытащ, ар къызыхэкIа лъэпкъыр ягъэпудын, гъэсэныгъэ тэмэм абы хэзымылъхьэфахэм я пщIэр ягъэлъэхъшэн мурадкIэ. Мыдрейуэ, лIыгъэ, хахуагъэ зезыхьар зи къуэм щIэупщIэу щытащ, абы хьэл-щэн дахэ хэзылъхьахэр къыхагъэщхьэхукIын, абы и цIэр фIыкIэ къраIуэн папщIэ.
Нобэ зи гугъу фхуэтщIыну Джэданэхэ Залымрэ Алимрэ къэзылъхуахэм я щхьэр лъагэу ирагъэлъагъужащ, жытIэми дыщыуэнукъым. Апхуэдэ бын зиIэм я насыпщ, жыхуаIэм хуэдэхэщ. Нэхъыжьхэм я гугъуехьхэр пщIэншэ ямыщIу, я гъащIэ гъуэгуу къыхаха спортым и лъагапIэм тIури ихьэфащ икIи я зэфIэкIхэр зэрылъагэр щIыпIэ куэдым щагъэлъэгъуащ. ЗэкъуэшитIым УФ-ми, дунейпсо зэхьэзэхуэшхуэхэми мызэ-мытIэу япэ увыпIэхэр къыщахьащ, етIуанэ, ещанэ щыхъуахэри къыхэкIащ.
Зэшхэм я нэхъыжь Залым Урысей Федерацэм самбэмкIэ дунейпсо классымкIэ спортым и мастерщ, УФ-м щIыхь зиIэ и тренерщ. Алимщи, УФ-м дзюдомкIэ спортым щIыхь зиIэ и мастерщ, Пекин щекIуэкIа Олимп джэгухэм хэтащ. КIэщIу жытIэмэ, зэкъуэшитIым медалрэ кубокыу къахьахэр къедбжэкIын щIэддзэмэ, ди зэманри кIуэнщи, мы тхыгъэр къыщIедгъэжьа хъыджэбз цIыкIум дежи дынэмысынкIэ хъунщ.
АтIэ, къалэмыр мызыгъуэгукIэ къыщIэтщтамкIэ дгъэзэжынщи, ди гуапэу къыхэдгъэщынщ Джэданэхэ зэкъуэшитIым спортым щыпхраша лъагъуэм пищэу, Алим ипхъу цIыкIу Алинэ иджыблагъэ утыкум къызэрихьар. Абы хузэфIэкIащ Урысей Федерацэм и еджакIуэхэм дзюдомкIэ я 7-нэ гъэмахуэ спартакиадэу Краснодар крайм и Армавир къалэм тхьэмахуитI ипэкIэ щекIуэкIам япэ увыпIэр къыщихьын. А зэпеуэм хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 79-м я цIыхубз ныбжьыщIэу 320-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, килограмм 40 зи хьэлъагъхэм я деж зыкъыщызыгъэлъагъуэ адыгэ пщащэм абы щыгъуэ зэIущIитху иригъэкIуэкIати, кIэух зэпеуэри хэту, плIым щытекIуащ, зэхьэзэхуэхэм хухаха зэманхэр и кIэм нимыгъэсу, и IэзагъкIэ и хьэрхуэрэгъухэм фIыуэ зэрефIэкIыр нэрылъагъуу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Алинэ и япэ лъагапIэшхуэр спортым къыщищтащ — УФ-м и еджакIуэхэм я Спартакиадэм и дыщэ медалыр къихьащ.
ЗэрыжаIэу, Алинэ зэфэну псыр иджыри къэжакъым, и ныбжьыр илъэс I5 хъууэ аращ. Мэзкуу щопсэу, курыт еджапIэм щIэсщ. Алинэ и адэ къуэш икIи и тренер Залым иджыблагъэ къызэрыджиIамкIэ, хъыджэбз цIыкIум и гур дзюдом хуитхьэщIыкIыпащ икIи нэгъуэщI гуэрым зыхуигъэхьэзырыну е IэщIагъэ ищIыну игу къэкIыххэркъым. Абы къалэнышхуэ зыхуигъэувыжащ, зэрыхузэфIэкIкIэ спортым и лъагапIэ нэхъ ин дыдэхэм нэсыну.
Алинэ и мурадхэм гушыIэ зэрыхэмылъым мыри и щыхьэтщ: илъэситху фIэкIа и ныбжьыр мыхъуауэ художественнэ гимнастикэм иратын мурадкIэ и адэ-анэм ар секцэм щашам, абыхэм къаIущIар дуней псом щыцIэрыIуэ тренер Винер Иринэт. А махуэм абы и деж кърашэлIа сабий минитIым щIигъум цIыхуищ къудейт зыдэлэжьэну къыхихари, а щым Алинэ яхэхуат. Ауэ, адэ-анэм сыт ямыщIами, хъыджэбз цIыкIур гимнастикэм яхуэкIуакъым, дзюдом фIэкIа нэгъуэщI сыхуейкъым жиIэри.
Мис апхуэдэ хъыджэбз щыпкъэ Джэданэхэ къахуохъу, и мурадыр дахэрэ и гуращэхэр нэхуу. ЗыщIэхъуэпсу хъуар Тхьэм къригъэхъулIэ, и текIуэныгъэ куэдми дыщигъэгуфIыкI.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.