Top.Mail.Ru

ХъуэпсапIэр — текIуэныгъэр къэтлъэщынырщ!

Image description

Дзэ операцэ хэхар къызэрежьэрэ Кавказым щыпсэу лъэпкъ куэдым къахэкIа щIалэ мымащIэ мы Iуэхугъуэм хыхьащ. Хэти мобилизацэкIэ дашащ, хэти и лэжьыгъэкIэ пэрыхьэн къыхудэхуащ.

Дзэ зи гугъу тщIы щIалэхэм я нэхъы­бэр езыр-езыру хэгъэзыхь хэмылъу контракткIэ дэкIащ. Дауи, дэтхэнэми дэкIын щIэхъуам щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэр иIэщ. Арами мы щIалэхэр зэщхь зыщIи щыIэщ – дэтхэнэри хэкупсэщ, лIыгъэ зыхэлъщ, зэныбжьэгъугъэмрэ щыпкъагъэмрэ пщIэ хуэзыщIщ.
Мис апхуэдэ ди зы хэкуэгъум, ди лъэпкъэгъум мы тхыгъэмкIэ нэIуасэ фыхуэтщIыну мурад тщIащ. ЛIыхъужьыгъэ зэрихьам къыпэкIуа Жуковым и медалыр зыхуагъэфэща Д. Аслъэн ба­дзэуэгъуэм и 21-м 1976 гъэм Хьэбэз районым хыхьэ къуажэм къыщыхъуащ. ЩIалэм курыт еджапIэр къиухри, ­ДОСААФ-м водитель IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ. Ар зэрызэфIэкIыу дзэм къулыкъу илъэситIкIэ щищIащ икIи старшина нагъыщэри иIэу къэкIуэжащ. Зэрыхабзэуи лэжьэн щIидзащ: Аслъэн мылицэм и ППС къудамэм хыхьэри, абы илъэси 3-кIэ щылэжьащ. Ауэ езым зэрыжиIэмкIэ, мы лэжьыгъэм зэрытемыгъэпсыхьар къыгурыIуэри, къыхэкIыжауэ щытащ. ИужькIэ лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэм пэрытащ, Iуэхуншэу зэи щысакъым.
ЖыIэпхъэщи, Аслъэн и адэ-анэр пасэу щхьэщыкIащ (я хьэдрыхэ фIы ухъу). Езым и ныбжьыр илъэс 23-м итт. ­Арати, апхуэдэу щIалэу Аслъэн илъэсийкIэ езым нэхърэ нэхъыщIэ и къуэш Руслан шынэхъыжьи, адэ пэлъыти хуэхъуауэ жыпIэ хъунущ.
Арагъэнщ Аслъэн езым теухуауэ тхыгъэ дгъэхьэзырыну дыщыIущIами, зэуэ и къуэш Руслан и гугъу къыщIытхуищIар. Ди псэлъэгъур къуэшым хуогузавэ, абы мазитI хъуауэ пыщIэныгъэ зэрыхуимыIэм папщIэ…
Зэрызмыдэнур ицIыхути, сыщымыIэу контракт итхри, СВО-м кIуащ. Си къуэш закъуэщ, икIи нэхъыщIэщ… жеIэ Аслъэн псэкIэ зэрыбампIэр зыхэпщIэу.
Езы лIыхъужьым и гугъу тщIынщи, абы 2022 гъэм фокIадэ мазэм контракт итхауэ щытащ. ИкIи абы лъандэрэ ар СВО-р здыщекIуэкI щIыпIэхэм щыIэщ. ИлъэситIым къриубыдэу ­Аслъэн щэ уIэгъэ хъуащ: зэм контузие хьэлъэ иIащ, етIуанэм шэр и Iэм пхыкIащ, ещанэм лагъым къэуам къигъэлъея пкъыгъуэ и лъакъуэм хэнащ…
Аслъэн зауэм хыхьа зэрыхъуам
теухуауэ, фэрыщIыгъэ хэмылъу жеIэ абы щыIэ ди щIалэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун мурадыр зэриIар. Аслъэн и псалъэхэр уи фIэщ мыхъуну щыткъым: ар цIыху гуапэщ, щабэщ, гъэсащ.
ДызэрыщигъэгъуэзамкIэ, ар зыхэт гупыр лъэпкъ къызыхэкIакIэ зэщымыщщ. Ауэ дэтхэнэри зэкъуэшым хуэдэу зэхущытщ.


Сыту жыпIэмэ, абдеж укъызыхэкIа лъэпкъракъым, уиIэ мылъкуракъым нэхъыщхьэр, атIэ лIыгъэу, цIыхугъэу пхэлъращ. Зауэм деж нэгъуэщIщ нэхъыщ­хьэ хъур, жеIэ Аслъэн.
Ди псэлъэгъур зэхэуэ куэдым хэтащ, къыпхуэбжынуи къыщIэкIынкъым. Ауэ езым къызэрыхигъэщымкIэ, нэхъ гугъуу щытар япэреитIращ. Ипэхуным псэкIи IэпкълъэпкъкIи къыптохьэлъэ зэхэуэр.
Шынэр зытебгъакIуэ хъунукъым. Аращ нэхъыщхьэр. Уи пашэу щыт командирми куэд елъытащ. Абы лIыгъэ щыхэлъкIэ, акъыл иIэу унафэ щищIкIэ, псори абы йодаIуэ, доплъей,жеIэ Аслъэн.
Ди зауэлIхэр абы щыпсэухэм щаIущIэкIэ зыкъызэрыхуащIми дыщIэупщIащ.
Пэжу жысIэнщи, и нэхъыбэм дзыхь яхуэпщIыщэ хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, я сабийхэми дэ дыхьэбыршыбыру жраIэурэ къагъэтэдж. Ауэ пэжыр къызыгурыIуэхэри щыIэщ, ари гуапэщ,дыщегъэгъуазэ ди псэлъэгъум.
Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщи, Аслъэн зэрыадыгэ щIалэр, зэрыгъэсар зыщIыпIи пхуэмыхьын, хэмыгъуэщэн щытыкIэщ – абы консерв е нэгъуэщI шхыныгъуэ лей гуэр иIэмэ, зэхэуэхэр екIуэкIми, зыщIыпIи яхуэмыкуэш лIыжь-фызыжьхэм яхуегуэш.
Псапэщ. Дэнэ абы шхын къыздрахынур. Сыт къысхужаIэми, дауэ къызэгупсысми езыхэр хуитыжщ. Сэ сщIэн хуейр сощIэ, жеIэ Аслъэн.
ЩIалэм къапэщIэт бийми пщIэ
хуэщIыпхъэр хуещI. Абы зэрыжиIэмкIэ, абыхэми унафэ яIэщи, ягъэзащIэ. Ари лIыгъэщ.
Ауэ гъэру зызытхэри щыIэщ. Абы-хэм лей ятхкъым, тыншу тIыгъхэщ. Ауэ пэжыр жыпIэмэ, хамэ зауэлIхэр, наемникхэр куэдщ. Ахэр лъэпкъкIэ франджыщ, инджылызщ, полякщ, нэгъуэщIхэри ­яхэтщ. Ахэр занщIу къахыболъагъукI,къыддогуашэ зауэлIыр.
Ди щIалэхэр СВО-м деж шхын, нэ­гъуэщI зыхуэныкъуэхэр ди хэгъуэгум щыщ гуп зэхуэмыдэхэм гуманитар дэIэпыкъуныгъэу хурагъашэ хабзэщ, щIэгъэкъуэн зыхуащIын мурадкIэ. Ар зауэлIхэм къазэрыщыхъум, абы зэрегупсысым Аслъэн деупщIащ.
Пэжщ. Къыднос апхуэдэ посылкэхэр. Ар хуабжьу гуапэ тщохъу: хэку цIыкIум щыщхэм я гум дыкъызэрыкIыр, зауэм Iутхэм папщIэ хъугъуэфIыгъуэхэр зэрызэрагъэпэщар.
Ар сыту гуапэ лэкъум е хьэлывэ адыгэ шхыныгъуэ ашычхэм къыщикIкIэ! Уи къуажэ, уи хэку укъыщыхутэжа хуэ­дэу къыпщохъу…
Псом хуэмыдэу, псэр дахьэх сабийхэм къабгъэдэкI тхыгъэхэм. Абыхэм ди
гуапэ дыдэу доджэ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ апхуэдэ письмо си къуэш Руслан ипхъу цIыкIуми нитхати, ар сэ къысIэщIыхьа хъуащ.
Тхьэм игъэпсэу цIыкIуи, ини, ди рес­публикэм и Iэтащхьэри, Хьэбэз районым и унафэщIри дазэрыщымыгъупщэм папщIэ,
жеIэ лIыхъужьым.
Къуажэм Аслъэн къыщыпоплъэ и щхьэгъусэмрэ и быниплIымрэ. Ахэр адэм, щхьэгъусэм ирогушхуэ, ироин. ЗауэлIым Iэмал щиIэкIэ уна­гъуэм телефонкIэ закъыпещIэри, ядопсалъэ, ягу­хэр егъэфI.
ЖыIэпхъэщи, езы Аслъэни СВО-м зэрыкIуэр ямыщIэу дэкIауэ щытащ. Абы унагъуэм яжриIат лэжьыгъэ IуэхукIэ нэгъуэщI къалэ кIуэуэ, икIи пэжыр къа­щыжриIар Украинэм щынэсагъэххэращ.
Аслъэн иджыкIэ мы мазэм и 20-м СВО-мкIэ иунэтIыжынущ. ГъэщIэгъуэныр аракъэ, ар нобэ имыгъэзэжыну хуит къащIами, унэм къэнэнутэкъым.
Абдеж къэзгъэна щIалэхэрщэ! Ахэр си къуэшым хуэдэ хъуащ. Куэди хэкIуэ­дащ, къытхэтыжкъым. Къэнахэр дызэрыIыгъщ, зыр зым щIэгъэкъуэн дыхуо­хъу, ди псэр дзыхь зэхудощI. ИлъэситIкIэ сыщыIауэ, иджы дауэ къэзгъэнэн ахэр. Ар емыкIукъэ! Иджыпстуи щыIэщ «щхьэ укIуа» къызжезыIэхэр, ауэ сэ ­сыщIэкIуар IупщIу сощIэ — абдеж къэхъум хуэдэ сэ си хэкум къыщыхъуну сыхуейкъым, мис апхуэдэщ и гупсысэкIэр ди лIыхъужьым.
Аслъэн жеIэ зауэм деж хьэкIэкхъуэ­кIагъэ мымащIэ узэрырихьэлIэр. Ауэ а щытыкIэм гуапэ щыхъур зыщ: дэ ди зауэлIхэм Iэдэб яIэщ, я цIыху напэр ягъэкIуэдкъым.
Пэжщ, сэ сызыхэт 34-нэ бгы мотострелковэ гупыр щапхъэу къэсхьынщи, абы хэту хъуар икIи лIыхъужьщ, икIи цIыхугъэшхуэ зыхэлъхэщ. НобэкIэ абы щыIэ щIалэхэм я хъуэпсапIэр зыщ — ТекIуэныгъэр къэтлъэщынращ, зауэм кIэ игъуэтынращ! жеIэ Аслъэн.
Аслъэни, абы и къуэш Руслани Тхьэм къихъумэхэ, узыншэу тIури я унагъуэхэм яхигъэхьэж! Ижь-ижьыж лъандэрэ лъэп­къым къыдекIуэкIа хабзэхэр, гъэсэныгъэр, Iэдэбыр — а псори нобэ зауэм Iут ди адыгэ щIалэхэм къа­гъэлъагъуэ. Тхьэм дэтхэнэри къихъумэ!
ЧЫРБЫЖ Иринэ.
Сурэтым (сэмэгумкIэ къыщегъэ­жьауэ): Д. Аслъэнрэ къэбэрдей щIалэ, СВО-р зэрыщIидзэрэ лIыгъэ
хэлъу зауэм Iута, хахуэу хэкIуэда Ш. Зауррэщ.