ПщIэ зыхуэсщIси лъэпкъэгъухэ!
Хабзэ дахэ хъуауэ шыщхьэуIум и 1-р, Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр, щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм. Мы махуэр лъэпкъ махуэгъэпсым адыгэхэм я зы махуэ лъапIэу илъэс 25 щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ хэуващ. Ар Адыгэ Республикэм къэрал унафэкIэ къищтащ 1998 гъэм. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ 2010 гъэ лъандэрэ щагъэлъапIэ.
Къэрал куэдым щыпсэу адыгэхэр зыхэс лъэпкъхэм пщIэ къыхуащIу, я IэщIагъэ-щIэныгъэкIэ ехъулIэныгъэфIхэр къагъэлъагъуэу нобэм къызэрысар ину ди гуапэщ. Ауэ дэнэ щIыпIэ ахэр щыпсэуми, сыт хуэдэ бзэкIэ мыпсалъэми, ягури я псэри ХэкужьымкIэ къэгъэзащ, ар я плъапIэу мэпсэу.
Мы лъэхъэнэм Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Косовэ, нэгъуэщIщIыпIэхэми къиIэпхъукIыжауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху 3000 щопсэу, Адыгэ Республикэмк1э зыгъэзахэм я бжыгъэр 2000-м ноблагъэ, Къэрэшей-Шэрджэсым цIыху 34 щыIэщ.
Къыздихьэжа лъахэм щызекIуэ къэрал хабзэхэр ягъэзащIэу, Хэкум и зыужьыныгъэм псэемыблэжу хуэлажьэ защIэщ ахэр. Абыхэм республикэм щекIуэкI гъащIэм, экономикэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, медицинэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIхэр яхэтщ.
Къэрал къулыкъущIапIэхэми лъэкI къагъанэркъым хамэщIкъикIыжа ди лъэпкъэгъуэхэр щIыпIэм хэгъэсыхьыжынымкIэ, я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ.
Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр лъапIэщ ди дежкIи къэзыгъэзэжахэм я дежкIи. Дуней псом дыщикъухьами, нобэкIэ дызэрыщIэну, дызэрыгъуэтыну Iэмал гъуэзэджэхэр диIэ хъуащи, ари фIыщ. Уи гуапэ мыхъу къанэркъым хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр хуэм-хуэмурэ адэжь щIыналъэмкIэ къызэреIэр щыплъагъукIэ. Сыхуейт апхуэдэхэм я бжыгъэр нэхъри хэхъуэну.
ПщIэ зыхуэсщI си къуэшхэ, си шыпхъухэ!
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупми сэри къызбгъэдэкIыу гуапэу сынывохъуэхъу Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэмкIэ.
Узыншагъэ быдэ, гъащIэ мамыр, ехъулIэныгъэ диIэну, лъэпкъым къыхуэщхьэпэн Iуэху куэд длэжьыну! Дыщыпсэу къэралыр зэредгъэфIэкIуэнум дыхущIэкъуу, ди нэхъыжьыфIхэм яхуэфащэу дыпсэуну.
Къеблэгъэжахэр адыгэ щIыналъэм лъэ быдэкIэ щыувыну, щыбэгъуэну! Тхурехъу нобэрей махуэр угъурлы!
ИрефIакIуэ лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр!
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ
Сэхъурокъуэ Хьэутий