Top.Mail.Ru

«ВАГЪУЭБЭР» — Тырку уафэлъащIэм

Image description

Тырку къэралым хыхьэ Яловэ къалэм бадзэуэ­гъуэм (июлым) и 10 — 15 махуэхэм щэнхабзэ дауэ­дапщэ гъэщIэгъуэныщэ — «Кавказ къафэхэмрэ макъамэмрэ я фестиваль» фIэщыгъэцIэр иIэу щызэхашащ.

Мы гъэм а феастиваль дахащэр етIощIанэрейуэ къызэра­гъэпэщ. Абы и зэхэшакIуэщ Тыркум щыпсэу, ауэ зи адэжьхэр Кавказым иIэпхъукIауэ щыта адыгэхэм къащIэхъуа зэадэзэ­къуэу Айдемырхэ Мехметрэ Газирэ.
Мы зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм хэтыну ирагъэблагъахэм ящыщщ ди хэгъуэгум и мызакъуэу, Ищхъэрэ Кавказ псом цIэрыIуэ щыхъуа, Хьэбэз къуажэм дэт, Сидакъ СулътIан и цIэр зезыхьэ гъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэм зыщызыгъасэ цIыхубэ Iэмэпсымэхэм «Вагъуэбэ» ансамблыр. Гупым я художественнэ унафэщIхэр Ашыбокъуэхэ Iэзэмэтрэ Iэсятрэщ.
Зэуэ жыIэпхъэщи, ансамблыр япэущ мы фестивалым зэрыхэтар икIи абы и къызэгъэпэща­кIуэхэм зэрыжаIамкIэ, апхуэдэ телъыджэ иджыри илъэс 20-м къриубыдэу ялъэгъуакъым: ныбжьыщIэ гупыр пасэрей адыгэ Iэмэпсымэжьхэм, фонограммэ хэмыту, зэман жыжьэхэм зэрыIуу щытам ещхьу, лъэпкъ макъамэжьхэр кърагъэкI.
— Ди сабийхэр пшынэми, шыкIэпшынэми, Iэпэпшынэми, пхъэтIаркъми, пхъэцIычми, къамылми, сыринэми йоуэ. Аращи мо фащэкIэ хуэпауэ, пасэрей макъамэ Iэмэпсымэхэм адыгэ уэрэдыжьхэр къизыгъэкI сабийхэр зылъэгъуа бысымхэм яфIэтелъыджэ дыдэ дыхъуащ. Къыдбгъэдыхьэурэ псалъэ гуапэ куэд къыджаIащ, етIанэгъи дызэрырагъэблэгъэным дыщагъэгъуэзащ, — жеIэ гупым я художественнэ унафэщI, пшынэм хуезыгъасэ Iэсят.
НыбжьыщIэ гупым якIэлъыплъын, ядэIэпыкъун папщIэ ансамблым ящIыгъуу адэ-анэ гуэрхэри ядэкIуащ. Апхуэдэщ, Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щыщ, «Дыщэ жыг» сабий-театр студием и художественнэ унафэщI Адзын Мадини. Абы зэрыжиIэмкIэ, мы фестивалыр сабийхэм игъащIэкIи я гум къинэжынущ.
— Дагъыстаным, Куржым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, ­Адыгейм, нэгъуэщI хэгъуэгухэми къикIахэр хэтащ мы щэнхабзэ дауэдапщэ иным. Пэжыр жысIэнщи, ди сабийхэр сценэм къытехьэу еуэн щыщIадзам, цIыху мини 5-м щIигъу зыщIэса амфитеатрыр щэхубзэ хъуат. Нэр зытепщIыпщIыкI къафэхэр, псэр зыгъэхъэрахъэ пшыналъэхэр, фащэ зэмылIэужьыгъуэхэр, гур зыгъэпIейтей шыкIэпшынэм и макъыр къыщыIум — зым и жьы дэшеигъуэм псори игъэнщI пщигъэхъуу ди гупым и зыкъэгъэ­льэгъуэныгъэр екIуэкIащ.
Гупым сурэт, видео ятесхти, сыкъызэплъэкIт, «мы цIыхухэм жьы яшэу пIэрэ» жысIэурэ. Нартыжь лъэхъэнэм къыхэкIыу, Кавказ зауэр зэпызычу, ди нобэм къынахьэса Iэмэпсымэр щIэIур гуфIэгъуэми, уи нэпс къегъакIуэ, сыт хуэдэ хъыбар имыIуатэми, ныбжь тредзэ, ухе­гъэгупсысыхь. ЛIы Iущхэм зэрыжаIауэ, «Вагъуэбэр» — блэкIам зэрыбгъэзэжыф лъагъуэщ.
Мо щэху хъуа цIыхухэри, ма­къамэри — псори зэхыхьауэ уи щIыфэм нэрымылъагъу дахагъэ гуэр къедэхащIэм хуэдэт, псэм зыгуэрым Iэ къыдилъэ пщыхъут. Арагъэнущ, псори щэху хъуар — а щытыкIэ хьэлэмэт зэрыувар ягъащтэу лъэтэжынкIэ шынэу арагъэнт…
Хуабжьу сабийхэри, я макъа­мэри зыхащIэщ, къагурыIуащ фестивалым хьэщIэу къеблэ­гъахэм. Концертыр иуха нэужь, пэшышхуэм щIэсахэр ди гупым къыбгъэдыхьэ зэпыту щытащ «Фыадыгэ? ДызэрывгъэцIыху!» жаIэурэ.
Ди сабийхэр зэрыадыгэм, къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр хъумэным зэрыпыщIам нэхъри иригушхуэу, ирипагэу къэкIуэжахэщ. Ар зи мыуасэ щыIэ! — къыддогуашэ и гупсысэхэмкIэ Мадинэ.
— ЗэрыжысIащи, сабийхэм я теплъэри я IэщIагъэри псоми яфIэгъэщIэгъуэныщэ хъуауэ къапсэлът, сыт и IуэхукIи щIэупщIэт. ИтIанэ абыхэм яIыгъ макъамэ Iэмэпсымэхэр Iэзэмэт яхуищIауэ къыщацIыхум, ар нэхъри зрагъэщIэгъуэкIащ, — къыпещэ Адзын Мадинэ.
Пэжщ, атIэ Ашыбокъуэ Iэзэмэт Тхьэр къызэрыхуэупса и IэщIагъэр хэт зымыщIэр! Ансамблым щагъэIу шыкIэпшынэри, Iэпэпшынэри, пхъэцIычри, пхъэ­тIаркъри, къамылри, сыринэри — псори абы и IэрыкIщ.
Тыркум щрагъэкIуэкIа мы фестивалым сабии 10 яшащ. Ахэр Мэлей Ахьмэд, Кхъуэхъу Данэ, Адзын Сабинэ, Кызылкая Сердар, Уэз Самирэ, Дамэлей Амир, Токъубай Снежанэ, Сидакъ Амирэ, Хутэ Руслан, ­Кхъуэхъу Канэ сымэщ.
Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэу долъытэ мы гупым Хэкужьым къэзыгъэзэжа, макъамэм псэкIи гукIи пыщIауэ ныбжьыщIэхэм яхэт Кызылкая Сердар. Ар ­илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, хэкужьым къэзыгъэзэжа, ди лъэпкъэгъу Лашхэ Джэлал и щIалэщ. Гуапэ зэрыхъущи, мы ныбжьыщIэр Хэкур фIыуэ зылъагъу, зи гу­псысэхэр адыгэ Iуэхум езыпх, хабзэр зыхэзылъхьэ щIалэгъуалэ гурыхуэхэм ящыщщ. ЗэрыцIыкIурэ Сердар лъэпкъ макъамэм дихьэхыу, цIыхубэ Iэмэпсымэхэм зригъэсэным щIэхъуэпсу къэтэ­джащ. Я щIалэм лъэпкъ Iэмэпсы­мэхэм хуиIэ фIылъагъуныгъэр адэ-анэми къыдащтэри, и зыужьыныгъэр абыкIэ хуаунэтIащ. Апхуэдэуи, Черкесск къалэм дэт макъамэмкIэ еджапIэм Пхъэш Iэминат и нэIэм щIэту илъэситхукIэ пшынэм зыхуигъэсащ. Ауэ ныбжьыщIэ зэчиифIэр абыкIи къызэтеувыIакъым, нэгъуэщI лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм зыхуигъэсэным нэхъри дихьэхащ. Апхуэдэуи Ашыбокъуэхэ Iэзэ­мэтрэ Iэсятрэ къызэрагъэпэща цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ ансам­блым хыхьащ.
Пэжыр жытIэнщи, сабийуэ хъуам зырызыххэу я гугъу пщIыфынущ: дэтхэнэри зэчиифIэщ, псэкъабзэщ, адыгэм къигъэщIа, зи лъэпкъыпсэр зыхэлъ ма­къамэхэр зыпащIын щыIэкъым.
— Фестивалым здэтшар сабиипщIми, ди деж нэхъыбэм зыщагъасэ. Я ныбжь елъытауэ ахэр гупищ мэхъу. НобэкIэ ­адыгэ Iэмэпсымэхэм, адыгэ макъамэжьым гукъыдэжрэ лъагъуныгъэрэ хузиIэ хъуа ныбжьыщIэхэри нэхъыжьхэри куэд хъуащ. Ар сэ си щхьэкIэ сызыгъэгуфIэ щытыкIэщ. Ди IэщIагъэмкIэ, ди щIэныгъэмкIэ сабий нэхъыбэм дадэгуэшэху, ди лъэпкъ щэнхабзэри нэхъыбэрэ къызэтенэнущ, и псэр хэтынущ, — жеIэ Iэсят.
Ашыбокъуэ Iэсят дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, Тыркум гупыр зэраIэтам къинэмыщIауэ, икIи фIыщэу сыт и лъэныкъуэкIи ягъэхьэщIащ.
— Яловэ къалэм и Iэтащхьэ Гюрель Мехмет, а щIыпIэм и губернатор Кая Хулья, я хэгъуэ­гум и генеральнэ асамблеем и президент Сойгюзель Хьэсан, къалэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Айдемыр Мехмет сымэ дыIуагъэщIащ. ПщIэшхуэ, гулъытэ нэгъэса къытхуащIащ, Тхьэр арэзы къахухъу! — къыпещэ ди зэпсэлъэныгъэм бзылъхугъэм.
ЖыIэпхъэщи, езы хьэщIэу кIуахэри IэнэщIу ежьакъым. АтIэ, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа бысым­хэм Кавказым и фэеплъу, Хэ­кужьым ираха саугъэтхэр хуздашащ. Апхуэдэу я губернаторыр бзылъхугъэти, адыгэ бгырыпхрэ бгъэщIыIухэмрэ хуагъэфэщащ, къалэм и Iэтащхьэм къамэ хуа­хьащ, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм хъурыфэ пыIэр тыгъэ хуащIащ.
— Мы фестивалыр езыгъэ­жьауэ щытар я хасащхьэм и тхьэмадэ Айдемыр Мехметт, иджы ар и пщэ илъщ и къуэ Гази. Мы хасащхьэ лIым абдеж пщIэуэ щиIэр псалъэкIэ пхужы­Iэнукъым. Дэри хуабжьу апхуэдэ щытыкIэм дригушхуащ, ди лъэпкъэгъухэм я хьэл-щэным и фIы­гъэкIэ апхуэдэ гулъытэ хамэ къэралым зэрыщагъуэтым теухуауэ, — къыпещэ Iэсят.
Езы «Вагъуэбэ» ансамблым и гугъу пщIымэ, ар къызэрагъэщI­рэ илъэс 12-м щIигъуащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы хэтхэр гъуаз­джэхэмкIэ еджапIэм щеджэ ныбжьыщIэхэращи, еджэныр щаухкIэ, абы япIэ нэхъыщIэ цIы­кIухэр къиувэурэ къогъуэгурыкIуэ. Япэ дыдэу ар зэхэзышауэ щытар Ашыбокъуэхэ Азэмэтрэ Iэсятрэщ, Пхъэш Iэминат ящIыгъуу. Iэсят зэрыжиIэмкIэ, Iэминат хуабжьу Iэзэмэтрэ езымрэ иунэтIащ, тригъэгушхуащ, куэд яригъэцIыхуащ.
Нобэ «Вагъуэбэ»-м и художественнэ унафэщIхэу, сабийхэм жэщи-махуи япыщIауэ щыт Ашы­бокъуэ зэщхьэгъусэхэм я гугъу пщIымэ, Адзын Мадинэ жеIэ я бынхэр а тIум сыт и лъэныкъуэ­кIи дзыхь зэрыхуащIыр.
— Мы егъэджакIуэ-зэщхьэ­гъусэхэр псэкIэ ялэжь Iуэхум пыщIащи, сабийхэми абыхэм сыт и IуэхукIи щапхъэ трах. Репетицэхэр жэщым сыхьэтыр 10-м нэгъунэ щаIи къохъу, ауэ дэ, адэ-анэхэр, зыкIи дыгузавэкъым. Ахэр егъэджакIуэ нэхъусахэм я нэгу зэрыщIэтыр дощIэри. Ди сабийхэм къыбгъэдалъхьэ щIэныгъэшхуэм къинэмыщIауэ, ахэр хабзэкIи, хьэл-щэнкIи, IэдэбкIи — сыт и IуэхукIи щапхъэгъэ­лъагъуэщ. ЦIыху щабэхэщ, къабзэхэщ, сабийхэри абыхэм ящхь мэхъу. Тхьэр арэзы къахухъу яжыдоIэ! — къыддогуашэ и гурылъхэмкIэ Мадинэ.
ЖыIэпхъэу къыщIэкIынщи «Ва­гъуэбэ» ансамблым хэт ныб­жьыщIэхэри я егъэджакIуэхэри, адэ-анэхэри Тыркум щекIуэкIа фестивалым хэтынымкIэ сэбэп къахуэхъуар хыхьэхэкIырылажьэ, псапащIэ Аргун Олегщ. Абы папщIэ нэхъыжьыфIым фIыщIэшхуэ хуащI. Сыт щхьэкIэ жыпIэ­мэ, сыт хуэдэ Iуэху дахэри зы­гъэкIуэтэн щымыIэмэ, кIуапIэ имыIэу къыщызэтенэр мащIэ­къым…
— Ар зэрыхъуами хъыбар щхьэхуэ иIэжщ. Илъэс икIам и гъэмахуэ мазэу гъуазджэхэмкIэ ди еджапIэм дыщIэсу репетицэ щедгъэкIуэкIт. ЕджапIэм зэгъэзэ­хуэжыныгъэ лэжьыгъэхэр щащIы­ну унафэ къахьати, зэ зы гуп, зэ нэгъуэщI къакIуэурэ зэращIынур, ящIынур зрагъэлъагъут. Апхуэдэ зы гуп гуэр къыдыхьат аргуэруи, дэри десэжати, ди Iуэхур зэпыдгъэуакъым, репетицэм псэкIи щхьэкIи дыхэтт.
Арати, адыгэ макъамэжьхэм я макъ зыхэзыха, гупым яхэту къыщIэкIа Аргун Олег ди пэшым къыщIыхьащ. Сабийхэри нэхъыжь къыщIыхьам макъамэ зэхуэмыдэхэм къахуеуащ. Абы хуабжьу гупыр фIэгъэщIэгъуэн дыдэ ­хъуауэ щытащ. ИкIи апщыгъуэм къыджиIауэ щытащ сыт и IуэхукIи зыхуэдгъэзэну, дымыукIытэу дыбгъэдыхьэну. «Сызэрыфщхьэпэфын зыри къэзгъэнэнукъым» къыджиIат.
Апхуэдэу, абы и фIыщIэкIэ, 2023 гъэми Краснодар крайм хыхьэ Агой къуажэм щыIа фес­тивалым дыкIуауэ щытащ. Иджыи аращ зи фIыщIэр Тыркум дызэрыкIуэфар: псоми ди кхъухь­лъатэ билетхэр къытхуэзыщэ­хуар Аргун Олегщ.
АдэкIэ мы фестивалым дыкIуэу зэхэзыха Гуэгуш Казбеки ахъшэкIэ зыкъытщIигъэкъуащ. Хьэбэз къуажэр зи нэIэ щIэт Туаршы Беслъэн, псэемыблэжу а Iуэхугъуэм хэлэжьыхьа Кызылкая Хьэлимэт сыми фIыщIэ яхуэфащэщ. Тхьэр арэзы къахухъу дэтхэнэ зыми, къуажэ, район цIыкIум къыдэкIа щIэблэ зэчиифIэм и зэфIэкIыр утыку лъэщ щагъэлъэгъуэну лъэкIыныгъэ язытахэм, — жаIэ Iэсяти, ныбжьыщIэхэм я адэ-анэхэми.
КъинэмыщIауэ, Ашыбокъуэхэ фIыщIэ ин хуащI Хьэбэз районым щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Даур Аннэ, гъуазджэ­хэмкIэ сабий еджапIэм и унафэщI Аслъэнхэ Фатимэрэ, завуч Балэ Зулетэрэ, къуажэ советым. Абыхэм зэи гупым и лъэIухэм лъэныкъуабэ зыхуащIкъым, зэрадэIэпыкъуным хущIокъу.
«Вагъуэбэ» гупым хэт дэтхэнэ ныбжьыщIэми ахэр зыгъасэ Ашы­бокъуэ зэщхьэгъусэхэми, лъэпкъ щэнхабзэр зыхэзыщIэу, ар хъумэным мыхьэнэуэ иIэр къызыгурыIуэ адэ-анэхэми, щIэгъэкъууэн, сэбэп хъу дэтхэнэми фIыуэ щыIэм щыщу яхуэмыфащэ щыIэкъым.
Тхьэм гупыр нэхъри иригъэ­фIакIуэ, сабийхэр псэкIэ адыгэ макъамэм, уэрэдыжьым дезыгъэ­хыф, макъамэ Iэмэпсымэхэр я гъащIэм щыщ зыщIыф егъэджа­кIуэхэр къызыхэкIа лъэпкъым ягуэщI лэжьыгъэшхуэр зыхри­гъащIэ!
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ.