Хэкужьым и бын зэчиифIэ
«ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жиIащ адыгэм. Мыбы арэзы утемыхъуэу хъунукъым. АтIэ, адыгэлъ
зыщIэтыр дэнэ щымыIэми, и адыгэпсэр къыхожаныкI, къыхолыдыкI. Апхуэдэщ Щамым щалъхуами, адыгэ щэнхабзэр, гъуазджэр зи лъым, зи гум, зи псэм хэт Щауэжь Нарт.
Ар «человек-оркестр» зыхужаIэхэм ящыщщ. Щауэжьыр зыхуэмыIэрыхуэ макъамэ Iэмэпсымэ гъуэтыгъуейщ. Пшынэ, шыкIэпшынэ, Iэпэпшынэ, накъырэ, къамыл, кларнет… — дэтхэнэри Нарт егъэбзэрабзэ. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр аращи, зи гугъу тщIа Iэмэпсымэхэм я нэхъыбэр Нарт езым и IэкIэ ещIыж.
ЩIалэм зэрызиумысыжымкIэ, куэд щIауэ щIэхъуэпст и адэжьхэм я лъахэ Кавказым къекIуэлIэжыну. Ауэ гъащIэм уэ узэрыхуейуэ псори къригъэкIэрэхъуэкIкъым. Арами, Нарт и натIэм къитхат и хэкужь илъагъужыну, абдеж и лъапсэр щигъэбыдэжыну…
Нарт и унагъуэмрэ езымрэ щыпсэуащ мывэ щыкъуейуэ зэхагъэщэща Хьэлэб (Алеппо) къалэм. Абдеж Нарт иджыри сабийуэ, илъэси 6-м иту, адыгэ къафэм кIуауэ щытащ, иужькIэ илъэси 10 щыхъуам япэу пшынэр къыIэщIыхьащ. Абы лъандэрэ макъамэмрэ Нартрэ зэкIэрыпх мыхъуу зэпыщIащ.
— Мейкъуапэ къалэм ди Iыхьлы куэд щопсэу. Абыхэм ящыщ си анэ шыпхъум аккордеон къищэхуауэ иIэти, ар саугъэту къызитауэ щытащ. Ар апхуэдизкIэ сфIэфIти, пщыхьэщхьэм сыхьэтыр 6-м щIэздзэти, жэщ ныкъуэм фIыуэ фIэкIыху пшынэр зыIэщIэзгъэкIтэкъым. СыщIэхъуэпст адыгэ макъамэхэр, дэбгъуэн щымыIэу, пшынэм къиIукIыну, — къыддогуашэ Нарт.
Здыщыпсэум пшынэ къутам еIэзэн цIыху зэрыщымыIэм къыхэкIыу, езым Iэзэгъуэр къигъуэтын хуей хъуащ. Апхуэдэу, хуэмурэ зэпкърихмэ, зэпкърилъхьэурэ, клавишэ къэс и макъыр зэригъэцIыхуурэ, щIалэр есащ пшынэ къута ищIыжыфу.
ГъэщIэгъуэнщ, и адэжьхэм я гъуазджэм щIэхъуэпс Нарт Интернет Iэмалыр къигъэсэбэпурэ, адыгэ макъамэхэм я нотэхэм щыгъуазэ зэрызыхуищIа Iуэхугъуэри. Апщыгъуэм щIалэм и ныбжьыр илъэс 15-м нэсами арат. Нарт зэрызиумысыжымкIэ, жэщ-махуэ имыIэу, адыгэ макъамэхэм я дунейм щыпсэут.
— АпхуэдизкIэ куэдрэ адыгэ макъамэхэм седэIути, ахэр гукIэ зэзгъащIэт. «Мыбдеж иджыпсту мыпхуэдэу къеуэнущ, иджы мыр къыкIэлъыкIуэнущ» жэуэ макъамэ композицэхэр зэхэсщIыкIт, — къыддогуашэ щIалэр.
Пшынэр IэщIыб зэи зымыщIа Нарт къыщацIыхут Щамым щыпсэу дэтхэнэ адыгэми. ИкIи Хомс къалэм щыIэ «Адыгэ Хасэм» щIалэр пшынауэу ирагъэблэгъауэ щытащ. Абдеж Нарт я пшынауэ щыхъуащ цIыхуи 120-м хуэдиз зыхэта къэфакIуэ гупым. А пIалъэр Нарт и гум хуабэу къинэжащ…
Хуэму, мамыру екIуэкI гъащIэм 2011 гъэм ЩIыгур зэкIэщIэзытхъ къарухэм я зауэ лагъымыр къыхыхьащ. Мис апщыгъуэм Нарт игу ириубыдащ, зэрысабийрэ зыщIэхъуэпса хэкужьым и лъэр къынихьэсыну. Ахъшэу иIар зэхилъхьэри, Нарт адэжь лъахэм къэлъэтэжащ. Япэу ар Мейкъуапэ екIуэлIащ, абдеж и адэ къуэш — Щауэжь Хьэсан — щыпсэути.
Мейкъуапэ щигъэкIуа пIалъэм Нарт псом хуэмыдэу и гум хуабэу къинащ адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэр зыщI ГъукIэ Зэмудин. АдыгэлIыр сыт и лъэныкъуэкIи къызэрыдэIэпыкъуар гуапагъэ хэлъу Нарт къыхегъэщ.
— Адыгэ Республикэм сыщыпсэуху Зэмудин хуабжьу зыкъысщIигъэкъуащ. ИкъукIэ сыхуэарэзыщ. Зэмудинщ сезыгъэсар шыкIэпшынэм и тIасхъэхэр къэтIэщIыным, — жеIэ Нарт.
Пшынэр тхьэкIумэм фIэIэфIу, псэр дихьэхыу зыгъэбзэрабзэ Нарт зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм ирихьэлIэу Мейкъуапэ паркым щрагъэкIуэкI джэгухэм ирагъэблагъэ хъуащ. Абдеж абы нэIуасэ къыхуэхъуащ Унэрокъуэ Асчэрбий.
— Абы макъамэхэм теухуауэ хуабжьу куэд сигъэцIыхуащ. Адыгэ пшынэм пасэрей макъамэхэр къызэрибгъэкIыным сыщигъэгъуэзащ, — жеIэ Нарт.
Иужьым, 2016 гъэм Щауэжьыр Черкесск къалэм къоIэпхъуэж. ЩIалэм зэрыжиIэмкIэ, Къэрэшей-Черкесыр зэуэ и гум хэпщIащ. «Мыбдеж си псэм зигъэпсэхуу, си деж сыщыIэ хуэдэу къысщыхъуащ», — жеIэ Нарт.
Нарт Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэкIэ колледжым пшынэм, фортепианом, балалайкэм епха къудамэм щеджащ.
— Си егъэджакIуэхэм къызжаIэт: «Ухуейкъым уэ нотэ, арыншэуи псори къыбогъэкI». Пэжщ, ауэ диплом уиIэн хуейуэ солъытэ. Арыншэу лэжьапIэ уащтэнукъым, абы къыхэкIыу еджэным сыпылъщ, — игу къегъэкIыж Нарт.
Нэхъыщхьэращи, щIалэр зыщIэхъуэпс IэщIагъэм пэрытщ. Абы Черкесск къалэм деж къыщызэригъэпэщауэ щытащ макъамэ Iэмэпсымэхэр щищI, щищIыж студие.
— Студием сыщыщIэсым деж си псэм зыщегъэпсэху, си дуней сыхэтыжщ. Iэмэпсымэ сщIам е сщIыжам и макъыр къыщыIукIэ, сэ нэхъ насыпыфIэ щымыIэу зызолъытэж, — жеIэ Нарт.
Щауэжьыр ящыщщ нэгъэсауэ Iуэхур зыщIэхэм. Абы къыхэкIыу, цIыхур зыщIэлъэIуа Iэмэпсымэр зэрыхуейуэ къемыхъулIамэ, ар щикъутэж, щигъэсыж щыIэщ.
— ШыкIэпшынэ, Iэпэпшынэ, накъырэ схуэщI жиIэу цIыхур къыщызэлъэIукIэ, сыхуейщ а хуэсщIар къызэрищтэу и гур абы кIэрыпщIэну, армыхъумэ си IэрыщIыр къызэхъулIауэ къэслъытэкъым, — жеIэ Нарт.
Щауэжь Нарт и творческэ къэухьымрэ зэфIэкIымрэ уримыгушхуэну Iэмал иIэкъым. Адыгэ щIалэм хэлъ зэчийм и хъыбарыр дэни щыIуат. Апхуэдэу, 2017 гъэм Абазэ муниципальнэ районым щэнхабзэмкIэ и Унэм епхауэ къызэрагъэпэща цIыхубэ макъамэ Iэмэпсымэхэм я оркестрым и унафэщIу Нарт ирагъэблэгъащ. Илъэс иримыкъукIэ музыкантхэм ядэлэжьа Нарт, оркестрыр лъагапIэ инхэм хуишагъэххэщ. Апхуэдэу, «Апхъарца» оркестрым япэ увыпIэр къыщилъэщащ Черкесск къалэм щекIуэкIа «Южная волна 2018» Дунейпсо зэхьэзэхуэ-фестивалым.
Гу къабзэрэ псэ хуитрэ зиIэ Нарт и нэжэгужагъым, и дуней еплъыкIэм удехьэх. УмыгъэщIэгъуэну плъэкIкъым адэжь щэнхабзэр Щауэжьым и лъым къызэрыхэщыр, Хэкужьым и къуэр дэнэ щымыIэми, и деж къызэрыришэлIэжар.
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ.