Top.Mail.Ru

ХамэщI сыщытхъэ нэхърэ…

Image description
Сурэтхэр Гъ. Чэмышъом итхылъэу «ПсыикIыжьым илъэгъохэщхэр» зыфиIорэм къыдэхыгъэх.

Хэкужьым къина адыгэхэм я бжыгъэм ебгъапщэмэ, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр хуэдэ зыбжанэкIэ зэрынэхъыбэр зым дежкIи щэхукъым. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм адыгэхэр кIуэдыпIэм зэрыришам къищынэмыщIауэ, ПсыикIыжыр къахилъхьэри, щIы хъурейм щызэбгрипхъащ, я бзэрэ лъэпкъыщхьэрэ IэщIэхуным нигъэсащ. Нобэ ахэр щопсэу Тыркум, Щамым, Иорданием, Израилым, Германием, нэгъуэщI щIыпIэ куэдхэми. Ауэ, дэнэ щымыпсэуами, адэжь лъахэм къыхуэпабгъэу, абы къыщагъэзэжыным щIэхъуэпсу, а хъуэпсапIэхэр нахуапIэ зыщIынум и Iизыным пэплъэу илъэс пщIы бжыгъэхэр къахьащ.

Хъуапсэ и псэ кIуэдыркъым, жаIэ. Дэнэ щIыпIи узэрыщыпсэуфынум, абдеж къыщекIуэкI дунейм зызэрыхэбгъэзэгъы­фынум шэч хэлъкъым, ауэ цIыхум псэу­пIэ хуэхъуар зэрыхамэщIыр щызыдищIэжым деж, пыIэгъуэ къримыту зыгуэр­хэр и гущIэм щопIэжьажьэ, я нэхъ щыIэкIэ тхъэгъуэри IэфI щызымыщI гупсысэхэм зэпаIыгъэ. Ауэ, езым зэри­гъэ­пэщыжами, къыдалъхуауэ хэлъми, Хэкум епха хъуэпсапIэхэм абы къару къыхалъхьэ, зриузэщIу, и гъащIэр ириунэтIу. ЖызыIэн щыIэнщ мыпхуэдэ гупсысэкIэр таурыхъым ещхьу, ауэ адэжь лъахэм зи лъапэ къизыхьэжа дэтхэнэми абы ещхь гузыхэщIэщ иIэри, хэку гупсысэр зэрыгуащIэр нэрылъагъу абдеж щохъу.
Адыгэхэм хамэщIым фIы лъэпкъ къа­зэрыщемыхъулIам и щыхьэтщ Балкан хэгъэгум щекIуэкIа лъыгъажэр. Уэсмэн икIи Урысей пащтыхьыгъуитIым я фейдэ зыхэлъхэм щхьэкIэ я зэхуаку къыдэ­хъуа зэпэщIэтыныгъэм лъэпкъ мащIэхэр зэхэзехуэн зэращIам, куэд дыдэм лъап­сэкIуэдыр къазэрыхуигъэкIуар Балкан зауэм и тхыдэм къеIуэтэж. Минищэ бжыгъэкIэ а щIыпIэм къыщыщIидза адыгэхэм егъэзыпIэ ямыгъуэту мащIэ хэщIыныгъи ягъуэтакъым. ИкIэм-икIэжым, Косовэ губгъуэм тэлайкIэ щетIысэхащ. Псори зэхэту къапщтэмэ, щIэныгъэлIхэм зэратхымкIэ, цIыху мин 40-м нэблагъэ абдеж къыщыувыIэгъат. Дунейр нэхъ къыщыщIидзыжынум мухьэжыр гъуэгум теувахэр пэплъами, ар къэхъуакъым: зыкъомым зыкъаIэтыжри, динкIэ къатехуэ тыркухэм я деж екуэшэкIыжащ, зыкъомми здэтIысар псэупIэ яхуэхъуащ. Узым, мэжэщIалIагъэм, зауэ кIэншэхэм къела ди лъэпкъэгъухэм мащIэ дыдэщ къахинар. Косовэ щIыналъэр иужькIэ зыхыхьа Югославие къэралыгъуэр къыщыунэхуми, гупсэхугъуэ ягъуэтакъым адыгэхэм. Къэралыр лъэпкъ зэрыукIым щыхыхьэм, щIэблэм и пщэдейм иригумэщI нэхъыжьхэм Хэкум джэпсалъэкIэ зыкъыхуагъэзащ, зауэ-банэм къыхашу зрашэлIэжыну къэлъаIуэу.


Лъэпкъым мащIэкIэ зигу хупихыу а джэпсалъэр зэхэзыхахэм пIейтеигъэу зыхащIар къэпIуэтэжыну гугъущ. Абы и жэуапт, хамэщIым къыщыхъуу щылIэжа лIэужь куэдхэм я гугъапIэхэм пэджэ­жырт 1998 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м «Совет Адыгей» газетым къытехуа хъыбарыр: Адыгэ Хэкум и Iэтащхьэ Джарым Аслъэн, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Валерэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Хубиев Владимир сымэ УФ-м и Президент Ельцин Владимир зыхуагъэзат Косовэ щIыналъэм щыпсэу адыгэхэр кърашыжу Адыгэ Хэкум къагъэIэпхъуэжын зэрыхуеймкIэ. Адыгэхэр щыпсэу хэгъэгуищым я лIыщхьэхэр зэрызэдэлэжьам, я лъэпкъ­хэм яфI зыхэлъ къалъыхъуэу зэрыщытам и щыхьэтщ 1998 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м Урысейм и Правительствэм къищтауэ щыта 690-нэ унафэр. «Косовэ щIыналъэм щыпсэу адыгэхэр (шэрджэс­хэр) Адыгэ Хэкум къэшэным етыпхъэ къэрал дэIэпыкъуныгъэм и IуэхукIэ» фIэщыгъэр зиIэ дэфтэрыр ди лъэпкъэгъухэм адэжь лъахэм и бжэр яхузэIузых Iуэху лъэщ хъуащ.
Урысейм и Правительствэм къэрал къулыкъущIапIэхэм унафэ яхуищIащ югослав лъэныкъуэм зыпищIэу Адыгэ Хэкум къихьэжынухэм я Iуэхур ирагъэ­жьэну. Пэжыр жыпIэмэ, Югославием и къулыкъущIэхэм яфIэфIыщэ хъуакъым адыгэхэр къэралым икIыжыну зэрыхущIэкъур. Куэд дыдэ мыхъуми, лъэпкъ псом зиIэту нэгъуэщI къэрал зэрыIэп­хъуэр дунейпсо жылагъуэм ахэр ирахужьауэ къащыхъуну къалъытэрт абыхэм. Урысеймрэ Югославиемрэ я зэпсэлъэныгъэхэр мазэм нэблагъэкIэ екIуэкIащ. Iэпхъуэным епха Iуэхугъуэ псомкIи лъэныкъуитIыр щызэгурыIуэфар бадзэуэ­гъуэм и 30-ращ. Сыхьэт 15-м ирихьэлIэу абыхэм къащта зэгурыIуэныгъэм зэры­адыгэ дунейуэ къызэщIиIэтат: шы­щ­хьэ­уIум и 1-м пщэдджыжьым сыхьэти 10-м Косовэ щыпсэу адыгэхэр Хэкужьым хуэзышэж гъуэгум теувэнут.
Косовэ адыгэхэм я тхыдэм лъэужь дахэ къыхэзына Жэмыфэ Гъэзий а Iуэхум ипэм къыщегъэжьауэ хэтащ. АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи дунейм къытехьа гукъэкIыжхэм Жэмыфэм мыпхуэ­дэу щетхыж: «Косовэ щIы­налъэм кIуэтэху щытыкIэр къыщызэщIэплъэрт. Адыгэхэм къэрал хабзэхэр къызэпаудыну хуейтэкъым, унафэр зыIэщIэлъ сербхэм я лъэныкъуэр яIыгът. Сербхэм пэщIэщIэгъу яхуэхъуа албанхэм адыгэхэр дунейм тралъагъуэ мыхъуу ищIат а щытыкIэм. Зы дин зэдызэрахьэ пэтми, ахэр адыгэхэм урыскIэ къеджэрт. Абы къи­кIым псалъэ лей тежыIыхьын хуейуэ къыщIэкIынкъым». Серб лъэныкъуэри сакъырт. Косовэ адыгэхэм я нэхъыбэм зэрахьэр муслъы­мэныцIэт. Зыщыщ лъэп­къым щыхьэт техъуэ тхылъ гъунапкъэм щыт серб гъунапкъэхъумэхэм ирамыгъэ­лъагъумэ, ткIиягъ къыкIэ­лъызэрахьэрт, ауэ зэрыадыгэр къыщащIэм деж, нэфIэгуфIэ хъухэри, уеблэмэ щIэгъэкъуэн къащыхуэхъуи къыхэкIырт.
ЕкIуэкIа зэпсэлъэныгъэм ипкъ иткIэ Хэкум цIыхуи 112-рэ къихьэжыну тегушхуащ. Къежьэгъуэ пщIондэ я фIэщ хъуакъым косовэ адыгэхэм щалъхуа, щыпсэуа, я лIахэм я хьэдэхэр зыщIэлъ щIыпIэр ябгынэну. Ар хьэлъэ дыдэщ, къыбгурыIуэнуи щытщ, ауэ къащIэхъуэ бынымкIэ яIэ гумэщIыгъуэхэр, Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр гурыщхъуэ псоми ятекIуащ.
1998 гъэм шыщхьэуIум и 1-м зэрыIыгъыу япэ адыгэ гупышхуэр Хэкум къи­хьэжащ — я нэхъыжь дыдэ Жьэу Шухьиб и пашэу ТIуащIэм (Минеральные Воды) къыщытIыса кхъухьлъатэм къикIа ди лъэпкъэгъухэм щэ бжыгъэкIэ хэкурысхэр IэплIэешэкIкIэ япежьат. Зыми игъэпщкIуртэкъым и нэпсыр, псори щыгуфIыкIырт къызэплъэкIыжурэ зи нэпсыкIэр щIаутхыкIыу лъахэр зрагъэбгынахэм я щIэблэм къызэрагъэзэжым. «Си ныбжьыр здынэсам адрей дунеймкIэ къыщы­хъунум сегупсысми хъуну къыщIэкIынт, ауэ сылIэну сыхуейкъым, сыпсэуну сыхуейщ, си щIэблэм я Iуэхур Хэкужьым зэрыщызэфIэувэжыр слъагъуну сы­хуейщ», — жиIат илъэс 90-м фIыуэ щхьэдэха Жьэу Шухьиб. Ар Хэкум къэ­кIуэжыну зэрытриубыдам куэд дыдэ тригъэгу­шхуат. ИкIи, жыIэн хуейщ, илъэ­гъуащ нэхъы­жьыфIым бын насыпыр — Адыгэ Хэкум и къалащхьэ Мейкъуа­пэ пэмыжыжьэу тIысыжащ Махуэхьэблэ фIэщыгъэ дахэр зиIэ адыгэ къуажэр, Косовэ къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм я унапIэр.
ГъащIэр матэ щIэдзакъым. Дауи, лъахэм къихьэжа ди лъэпкъэгъухэр щыIэкIэщIэм зрагъэзэгъэжурэ гугъуехь гуэрхэри ялъэгъуащ, лъэпощхьэпо гуэр­хэри къызэранэкIащ. Ауэ къащIэхъуэ быныр дуней мамыр зэрытетым, езыхэм яхуэдэ адыгэхэм зэрахэсыр, щытыкIэ гугъу ихуэмэ, къакъуэувэн зэрыщыIэр зыдащIэжу мэпсэури, ар зимыуасэ фIыгъуэ щыIэкъым.
Адыгэ Хэкум и Iэтащхьэ Джарым Аслъэн косовэ адыгэхэм щхьэкIэ шыщ­хьэуIум и 14-м зэхашауэ щыта, щIыналъэ куэдым къикIа ди лъэпкъэгъухэр зыхэта гуимыхуж гуфIэгъуэ зэIущIэм щыжиIащ ШыщхьэуIум и 1-р Хэкум къэзыгъэзэжа­хэм я махуэу зыгъэув унафэр къызэрищтар. Апхуэдэу адыгэлIым хузэфIэкIащ и IэнатIэкIэ зыщыщ лъэпкъым и пащхьэ щиIэ хьэкъыр игъэзэщIэн, махуэри лъэпкъ махуэгъэпсым хигъэувэн.
Шэч хэлъкъым — мафIэм и гъунэгъу лыр мажьэ. Косовэ кърашыжа адыгэхэм ятелъ гузэвэгъуэр зэращхьэщыкIам куэдым я гур игъэпсэхужащ. Апхуэдэ дыдэуи адэжьхэм я жьэгу мафIэр зэрымыужьыхыжамкIи куэдым яфIэкIуэду хуежьа фIэщхъуныгъэри къызэщIэрыуэжат. Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэщIыр лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ, фIым щызыгъэгугъ махуэщи, зэрыжылэу къыдэ­хъуну дыщогугъ.
ШУРДЫМ Динэ.