Top.Mail.Ru

Дыгъэм и кIуэкIэм зыдищIырт гъуэгуанэм

Image description

Сыт хуэдэ гурыгъу-гурыщIэу пIэрэт зыхищIэр залымыгъэкIэ зи хэкур зрагъэбгынэухамэ щIыналъэр псэупIэ зыхуэхъуахэм я бынхэу зи адэжь лъахэм къэзыгъэзэжахэм? Ар къыбгурыIуэн щхьэкIэ абыхэм лъэбакъуэу ячам языхэз уи нэгу щIэкIын хуейт.

Гугъуехь щхьэхуэхэри пымыщIауэ щыттэкъым а къыздэбгъэзэжам щIэрыщIэу уи лъэр щебгъэубыдынми. Къэралыбзэмрэ а къэралым щызекIуэ хабзэхэмрэ, узыхамыпIыкIа лъэпкъым, минрэ абы укъыхэкIами, апхуэдиз илъэсым къриубыдэу игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр — узыгъэпIейтеин куэдт. Ди тхыгъэр зытеухуа Къалмыкъ Аднан и унагъуэр ящыщт Сирие къэралыр псэупIэ зыхуэхъуахэм. Дэнэ щIыпIэ адыгэхэр щымыпсэуами, абыхэм Тхьэм къахилъхьа шыIэныгъэмрэ бэшэчагъымрэ сэбэп къащыхуэмыхъуа къэнакъым. Сыт хуэдэ лъэпкъым къахэмыхутами, къаруушхуэ иIащ ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI, лъабжьэшхуи зиIэ адыгэ хабзэм. А псоми къадэкIуэу Аднан бгъэдэлът зыкъуэмылIыкIын щIэныгъи.
… Гъуни нэзи зимыIэ къумым и дыгъэ къухьэгъуэм пэплъэрт щIалэ цIыкIур, зыми емыщхь а теплъэ телъыджэр зыпищI щымыIэу. Дыгъэ бзий пэрыуэншэхэми сабийм и псэр япсыхьырт, гупсысэ куумрэ дунейм и щэхухэмрэ акъылыр хуаунэтIу.
Хуэму къуилъафэ дыгъэ нэпс кIэ­къинэхэм хэту абы зыкъеIэтыж — я пщIантIэм дэт жыг закъуэм псы щIикIэн хуейщ, метр 25-кIэ етIыха псыкъуийм пэгункIэ кърихыурэ. ЩIалэ цIыкIум и адэр къызэрыдыхьэжу щIэупщIэнут: «Жыгым псы щIэфкIа?.. Антуан де Сент-Экзюпери и лIыхъужьыр уигу къы­умыгъэкI, пхузэфIэкIмэ. Зы пIалъэ гуэ­рым нэсри, абы япэу IэщIалъхьащ «Нарт хъыбархэр». АдэкIэ ар абы гъащIэ гъуа­зэ хуэхъун хуейт…
Зи жыпхъэр зыгъуэтыжа гупсысэ хуитымрэ IуэрыIуатэм я нэхъ лъагэр зи къежьапIэ лъэпкъ тхыдэ жыжьэмрэ къищIыкIа адыгэпсэм адрейхэм ямыщхь куэд хэлът, зыщIапIыкIа къум дыгъэм хуэдэ къабзэу. Ар иджыри хунэсатэ­къым Кавказым и къурш уардэхэм, и псы ежэх уэрхэм, и мэз лъэщIэхухэм яIуп­лъэну, арщхьэкIэ нэрылъагъум къыхуигъуэтымкIэ мызагъэ гур адрыщIымкIэ щыIэ и лъахэми хуэпабгъэрт. Къумым исми, къырым итми, кIуэдыпIэ иIэтэ­къым куэд зэпэзылъытыф лъэпкъ гупсысэкIэм.
Ди адэр франджы зауэлIхэм ядэзэуат — Шарль де Голль и тетыгъуэрт ар зыхуэзэр. ИужькIэ хабзэхъумэ IэнатIэм щылажьэхэм яхэтащ. Улахуэр къы­Iихын щхьэкIэ дызыщыпсэу Хъэнасир жылагъуэм икIыу Хьэлэб къалэм нэс кIуэн хуей хъурт ар. Километри I00 гъуэгуанэ дэлът а тIум я зэхуакум. Махуэ гуэрым ар къызэ­рыкIуэж таксим и щхьэм тепхауэ жыг телъу къэ­кIуэжащ. Хьэжумар къокIуэж жаIэри, гъунэгъухэри къаплъэу щытт. Къумым щыдгъэкIыну дытегушхуэу хэтса жыг за­къуэм псейкIэ зэреджэри, ар илъэсыщIэм зэрагъэщIэращIэри ди адэжь лъахэм къэзгъэзэжу, япэу слъэгъуа нэужь, сымыгъэщIагъуэу къэ­накъым, игу къе­гъэ­кIыж ди тхыгъэр зытеухуа, «Адыгэ псалъэ» газетым зэман­кIэ щылэжьа журналист, тхакIуэ Къалмыкъ Аднан.
Дыщыпсэу къуажэр зэрыхъур уэрамитI къудейт — зыр щIыпIэр зей бедуинхэм, адрейр адыгэ хэхэсхэм яйт. ЛъэпкъитIри мамыру дызэхэст. А хамэхэм я псэукIэмрэ я дуней тетыкIэмрэ сыздыхэплъэм, ди хабзэхэм ятехуэ Iэджэ ядэслъагъурт — хъы­джэбзыр унэ щихьэнум деж лъыхъу хуагъакIуэрт, пщащэхэм езыхэм я пэш щхьэхуэ яIэжт, щIалэхэр абы щIыхьэу ядэртэ­къым…
ПшапэкIэрэ нэхъыжьхэр си адэм и хьэщIэщым щызэхуэсырт, сэри абдежым сыщытт, псы е нэгъуэщI къинэмыщI хуеймэ яхуэсхьу. Абы щызэхэс лIыжьхэр игъащIэм зэхэсхакъым хэкум тепсэ­лъыхьу е и гугъу ящIу, ауэ зыгуэр къы­хэхуамэ, псоми заущэхурт…

Шынэу арат? — соупщI.
Хьэуэ, ахэр зыми щышынэр­тэкъым… Псалъэншэу зэпса­лъэрт ахэр. Си сабий акъылымкIэ къэзубыдырт псэкIэ щэху гуэр зэрахъумэр. Апхуэдэ шыIэныгъэмрэ зыIыгъыкIэмрэ лъэпкъым и лъым хэтт. Ар иужькIэщ къыщызгурыIуар…
Аднан и гъащIэм мыкIуэдыжын лъэужь къыханащ зыщIапIыкIа нарт хъыбархэм. Ар ноби и дерс къигъэхъуапIэщ абы. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къиухри, ар пасэу иужь ихьащ адыгэ хабзэм, торэм, къур­Iэным я лъабжьэр куууэ джынымрэ абыхэм я зэлъытыныгъэмрэ. Абы папщIэ мифологиеми гупэр хуэгъэзэн хуейт, дунеймрэ цIыху гъащIэмрэ я блэкIам, я нобэм, я къэкIуэнум и пэжыр къыхэпхутыкIыфын хуэдэу.
Щыми я лъабжьэр зыщ — емрэ фIымрэ я зэпэщIэтыны­гъэрщ. Сэри си гъащIэр зэрызэхэтыр си щхьэм и бэнэныгъэщ, си псэм сеныкъуэкъужынырщ. Абы утекIуэмэ, узыпэмылъэщын дунейм теткъым, жеIэ абы.
Уэсмэн империем и кIэухым хуэзэу тIыса Хъэнасир къуажэм, Кавказым иIэпхъукIа языныкъуэ адыгэхэм псэупIэ яхуэхъуам, школ, мэжджыт дащIыхьащ, хасэ къыщызэIуахащ. Аднан а школым щеджащ, иужькIэ абы егъэджакIуэу игъэзэжащ. Апхуэдэу абы и лэжьыгъэм щыпищащ Дамаск, Хьэлэб къалэшхуэхэм. КъищынэмыщIауэ, ар жьэгъупшынэм еуэным хуеджащ.
Япэ илъэсым сыздагъэкIуар къуажэ пхыдзат, школым унафэщI щхьэхуи иIэтэкъым, егъэджакIуэм и дэIэпыкъуэгъу закъуэ фIэкIа. ЕджакIуэхэр псори бедуинт. ЩIыпIэм зы мэж­джыти иттэкъым — псори Алыхьым къызэригъэщIат. 1977 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къы­щызгъэзэжам, мыбыкIэ «хасэ» псалъэр щызекIуэртэ­къым. Ар гущIыхьэ сщыхъурт. Сэ си щхьэ бэнэныгъэр ерыща­гъым зэи хуэсхьакъым. Сэ си гупсысэкIэмкIэ а щымыIэр къэу­нэхун хуейщ, лъэпкъым ифI щы­хэлъкIэ. Арати, нэгъуэщI къэралхэм къикIыжахэмрэ мыбы щыщ щIалэхэмрэ дызэкъуэту «хасэр» къыхэтлъхьауэ щытащ,игу къегъэкIыж абы.
Аднан зэрыжиIэмкIэ, и щхьэ бэнэныгъэм кърикIуэм езыр арэзы щытемыхъуэ­жи куэдрэ къохъу, ауэ, дауэ мыхъуми, а жэуап тэмэмым и къэлъыхъуэным адэкIи толажьэ, гур зытепсахуэм бжьыпэр иубыдыху.
Псалъэм папщIэ, зэм икъукIэ согъэкъуаншэ зи лъахэр зыбгына адыгэхэр, щхьэ я лъэбжьанэр я щIыналъэм хаукIэу къимынарэ жысIэу. Къинахэри зэрызгъэ­къуаншэ щыIэщ, фи лъахэ фыщисыжакIэ, бзэм апхуэдэ хэщIыныгъэ щхьэ евгъэгъуэтрэ жысIэу. Апхуэдэу сызэныкъуэ­къужурэ, зы зэман сыхуокIуэж лъэныкъуитIри бгъэкъуаншэ щIэмыхъуну щхьэусыгъуэхэм…
Къалмыкъ Аднан и тхыгъэ купщIафIэхэр, и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ дунейм къытехьащ. ТхакIуэм и гупсысэкIэмрэ и дунеймрэ, мащIэу нэхъ мыхъуми, зыщыбгъэгъуэза нэужь, гурыIуэгъуейкъым абы и къалэмыр зыхуигъэпсынкIэ хъунур: ар гъащIэщ, лъэпкъ тхыдэщ, къэзыухъуреихь цIыху­хэм­рэ абыхэм я Iуэху еплъыкIэ щхьэхуэ­хэмрэщ. Аднан и усэхэм уагъэгупсысэ, и сатырхэр зыхуэгъэпса Iуэхугъуэ пыухыкIам ухишэрэ уэри уи дуней еплъы­кIэрэ уи жэуапкIэ абы пыпщэнур къыуи­гъэлъыхъуэу. Апхуэдэщ «Ныбжьэгъужьрэ гъуэгужьрэ умыбгынэ», «Iуащхьэмахуэ», «ПцIащхъуэ цIыкIум къигъэзэжмэ», «Илъэс зыбжанэ япэ бзэмыIубзэкIэ стхахэр» зыфIища IэдакъэщIэкIхэр. Хамэ щIыналъэри адэжь хэкури зи гъащIэм хиубыда, и анэдэлъхубзэм къыдэкIуэу, бзэ зыбжанэ зыIурылъ цIыхум а и нэкIэ илъэгъуар зрилъытынрэ къиIуэтэнрэ иIэщ.
Къалмыкъ Аднан и лъахэм къигъэзэжа нэужь щIэрыщIэу щIэтIысхьэжри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ урысыбзэмкIэ и къудамэр къиухыжащ икIи егъэджакIуэу щылэжьащ Кэнжэ, Чернэ Речкэ къуа­жэхэм, Налшык дэт гимназие N 14-м. ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, иужькIэ и лэжьыгъэм щыпищащ «Адыгэ псалъэ» газетым. Дэтхэнэ зы адыгэми хуэдэу, ар ноби иропIейтей бзэм и къабзагъыр хъумэнымрэ анэдэлъхубзэр ящIэу ди щIэблэр къэгъэтэджынымрэ.
Тхыгъэр ар зыхуэгъэзахэм къа­гурыIуэу щытын хуейщ, абы къыхэкIыу си къалэмыпэм къыпыкI лэжьыгъэ псоми къахэхуапхъэу къэслъытэ урыс псалъэхэми къащыпэскIухьыркъым, уеблэмэ ахэр къыщыслъыхъуэ щы­Iэщ, гъащIэм щIэуэ къыхыхьа Iуэху еплъыкIэхэм сащытепсэ­лъыхьым деж. Ахэр IэщIыб тщIыкIэ анэдэлъхубзэр нэхъ хъума хъуну къэслъытэркъым, къагурымыIуэм Iуигъэщтын мыхъу­мэ. Абы ди бзэри, ди гупсысэри нэхъ къулеиж ещI. Бзэуэ дунейм тетыр зэрагъэтэрэзыр а хабзэм тетущ,жеIэ Къалмыкъым.
Дэтхэнэ зы творческэ цIыхуми и къалэныр цIыху акъылым зригъэужьын хуейуэ арамэ, Къалмыкъ Аднан ящыщщ гъащIэм и дэтхэнэ зы едзыгъуэми зэманым декIу икIи купщIэ зиIэ еплъыкIэщIэ къызыдэунэху зырызхэм. Аднан ноби мэлажьэ, и творческэ IэдакъэщIэкIхэм хигъахъуэу, зэрыгушхуэ унагъуэ дахи иIэщ. ЩIалитI иIэу къигъэзэжащ, хъыджэбз цIыкIуи, ещанэу, мыбы щигъуэтыжащ, абыхэм я дэтхэнэми щIэныгъэ яригъэгъуэтащ.
ЛЪОСТЭН Музэ.