Top.Mail.Ru

Апхуэдэ гузэвэгъуэТхьэм зэи димыгъэлъагъу!

Image description

ПщIэ зыхуэсщI ди лъэпкъэгъу лъапIэхэ!
Илъэс къэс накъыгъэм и 21-м дунейм адыгэу тетым Кавказ зауэм хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыж. Хуитыныгъэмрэ Хэкумрэ щхьэкIэ зи псэр зытахэм, егъэзыгъэкIэ ИстамбылакIуэ гъуэгум трагъэувэу кIуэ­дыпIэ ирашахэм, кIэ зимыIэ бэлыхьхэр зытепсыха ди нэхъыжьхэм дахуощыгъуэ, яшэча гузэвэгъуэхэр щIэрыщIэу ди нэгу къыщIыдогъэувэж. Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа зауэжьым и иужьрей топышэр зэрырагъэкIрэ илъэси 160-рэ ирикъуащ, ауэ абы лъэпкъым къридза фэбжьыр иджыри къыздэсым хэгъуэщэжакъым, къыхуихьа гуIэгъуэ бжыгъэншэхэр цIыхубэм я щIэжым хэкIуэдыкIыжакъым.
Адыгэхэм я дежкIэ лъапсэрыхыу къыщIэкIа зауэм дыщегупсыскIэ, уни жьэгуи къагъанэу щтапIэ ихьэжа цIыху минищэхэм дигу къыдримыдзеинкIэ, зеиншэу къэна сабий хейхэм дигу ящIэмыузынкIэ, зэуапIэм икIуэда щIалэхэм дахуемыплъэкIынкIэ Iэмал иIэкъым. ИхъурегъкIэ нэпст, гуауэт, гуIэгъуэт… КIыхьу икIи гущIэгъуншэу цIыху мамыр­хэм къращIылIа зауэм и кIэр нэхъыкIэжт — пщIым щыщу бгъум и псэр щIимытамэ, Хэкур ибгынэн хуей хъуащ. ЛъэпкъкIуэдыр адыгэхэм къахуэзыхьа а зауэр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м увыIами, тхыдэм хилъэсэж къэхъукъащIэхэр пхузэгъэзахуэркъым, щхьэм къып­хуигъэтIасэркъым.
Кавказ зауэм теухуауэ куэд ятхащ, нэхъыбэжи жаIащ, ауэ ар лъэпкъ щIэжым ноби хэтщ. Ди адэжьхэмрэ къэкIуэну щIэблэхэмрэ я пащхьэ щыдиIэ хьэкъхэм ящыщщ а фэеплъыр тхъумэныр, и пэжыр абыхэм деж нэтхьэсыныр, апхуэдэ нэщIэбжьэ къэмыхъун папщIэ тлъэкIыр тщIэныр.
Нобэ адыгэхэр лъэпкъыбэ Урысейм ящыщу я адэжь лъахэм щопсэу, зыхэтым къахэщу, я лъэпкъыщхьэр яхъумэу, пщIэ зыхурагъэщIу. Я бзэрэ хабзэрэ зэра­хъумэжыным хущIэкъуу ди лъэпкъэгъу­хэр къэрал 50-м щIигъум исщ. Сыт хуэдиз гугъуехь хэмытми, къызыхэкIар зыщагъэгъупщэркъым, зыпэрыт IэнатIэм ехъулIэныгъэшхуэхэр щащI, дуней псом адыгэцIэр фIы и лъэныкъуэкIэ щагъэIу.
БлэкIам дыщыхуеплъэкIыжым деж лъэпкъым и щхьэ кърикIуа бэлыхьлэжьем и мызакъуэу, нэщхъыфIагъ зыхэлъ Iуэхугъуэхэри хэтлъэгъуэфын хуейщ: урыс-­адыгэ зэхущытыкIэхэм я фIыгъэкIэ ди лъахэм зэпымыууэ къихьэ зэрыпхъуа­кIуэхэм къазэрыIэщIихар, мыухыж зауэ­хэм пэIэщIэ зэрахуищIар зыщыдгъэ­гъупщэ хъунукъым.
БлэкIа Iуэхугъуэхэм дащытепсэлъыхькIэ, къыхыдогъэщ адыгэ тхыдэм къыщыхъуа гуауэщхьэуэхэм хуэдэ адрей лъэпкъхэми я щхьэ къызэрырикIуар, нэпсрэ гуIэгъуэкIэ гъэнщIа напэкIуэцIхэр я дыгъуасэ махуэхэм зэрыхэтыр. Ауэ нобэ псэухэм а псом дерс къыхэтхыныр ди пщэрылъщ, ди щIэблэм я къэкIуэныр дубзыхуныр, зэгурыIуэмрэ зэхущытыкIэфIхэмрэ хэлъ фIагъыр захедгъэщIыкIыныр ди къалэнщ. ЖыпIэнуращи, а лъапIэныгъэхэр щхьэузыхь зыхуэпщI хъун щхьэусыгъуэ щыIэн хуейкъым —узэгурыIуэныр, мамыр гъащIэм зэгъусэу утелэжьэныр, зыр адрейм и щIэгъэкъуэну сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыныр дэтхэнэ зы цIыхуми и къалэн лъагэу къилъытэжын хуейщ.
Адэжьхэм я фэеплъыр тхъумэкIэрэ, дэ фIым, ныбжьэгъугъэм, ди хэгъэгуми, къэралми, дунейми тет лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъын хуей мамырыгъэмрэ зэхущытыкIэ тэмэмхэмрэ къызэрытIэтыным дегупсысыпхъэщ.
Дэ игъащIэкIэ тщыгъупщэнукъым щалъхуа лъахэм и щхьэхуитыныгъэм щIэбэнурэ зи щхьэр зауаем хэзылъхьа ди нэхъыжьыфIхэр, дигу ихунукъым Кавказ зауэм хэкIуэда дэтхэнэри, тхъу­мэнущ я фэеплъ нэхур. Хьэкъыу си фIэщ мэхъу а фэеплъыр лIэужькIэрэ зэрызэIэпахынур. Дэ къытхуэнэр а фэе­плъым дыхуэфэщэнырщ, ди ужькIэ къэ­кIуэнухэм я пащхьэ щытхь пщэдэкIыжыр зыщыдмыгъэгъупщэнырщ.
ЗэрытщIэщи, екIуэкI дзэ операцэ хэхам ди щIалэхэр хэтщ, ди адэжьхэм я хабзэхэм тету, лIыгъэ, хахуагъэ къыщагъэлъагъуэу. Зыхэт псэзэпылъхьэпIэм щIэхыу къыхэкIыжу узыншэу я унагъуэ­хэм къахыхьэжыну, ди япэ итахэм яхъума адэжь лъахэм къэкIуэжу мамыр гъащIэм зратыжыну дохъуэхъу!
Лъэпкъыу щыIэр ефIэкIуэну, заужьыну, фIыгъуэ куэд щыIэныгъэм къахуихьыну си гуапэщ. Адыгэ лъэпкъми дигу къэдгъэкIыж гузэвэгъуэм хуэдэ Тхьэм зэи димыгъэлъагъу!
Дунейпсо Адыгэ Хасэм
и тхьэмадэ

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.