Top.Mail.Ru

Вагъуэ ужьыхыжым и нэху

Image description

Мэзкуу къалэмрэ абы дэт ПолитехникэмкIэ институ­тымрэ я жэрдэмкIэ «Медиа­старт» зыфIаща, журналист ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ екIуэкIащ иджыблагъэ. Щауэжь Тыргъэтауэ а зэпеуэм папщIэ игъэхьэзыра «Вагъуэ ужьыхыжым и нэху» лэжьыгъэр кIэух зэхьэзэхуэм нэса 700-м пхыкIри, ехъулIэныгъэр къыхуагъэфэщащ. Ар теухуат убыххэм я тхыдэмрэ я щэнхабзэмрэ.

«Сэ Хэку цIыкIуу къэслъытэр си адэжь убыххэм тхыдэкIэ яIыгъа щIыналъэрщ,дыкъыщоджэ Тыргъэтауэ и лэжьы­гъэм.Ахэр хунэсакъым уэрэдхэр зыхузэхалъхьэ, фильмхэр щытрах, тхыгъэ удэзыхьэххэр къыщагъэщI къалэ щIэращIэхэр яухуэну. А лъэпкъым къыдекIуэкIа псэуныгъэм и нэщэнэхэм ящы­щуи зыри дунейм къытенэжакъым. ТекIуэныгъэр зыIэрыхьа цивилизацэщIэр къиуващ абыхэм я лъапсэжьым и гущIыIу. Сэ къысхуэнэращи, нобэ зыри зэрымыпсэлъэж пасэрей бзэм и ма­къ­хэм сыщIодэIу, нэм IэщIэкI къафэхэм я лантIагъыр зыхэсщIэну сыхэтщ, хуэмурэ ужьыхыж вагъуэм и нэхум си нэм къызэриубыдкIэ сыкIэлъоплъ».
«Хэкур зыфIэкIуэдым псори фIокIуэд», — а абхъаз псалъэжьыр зи лэжьыгъэм псалъащхьэ хуэзыщIа пщащэм и Хэку­жьым лъагъуныгъэу хуиIэр нэхъ гуащIэж ещI езыр Мэзкуу зэрыщыпсэум. Убыххэм я гъусэу, Тыргъэтауэ къедаIуэхэм къагуригъэIуащ адыгэхэр зищIысыр, зэрыщымыгугъауи, къэпщытакIуэхэм хъыджэ­бзым и лэжьыгъэм хуэфэщэн увыпIэ иратащ, куэд арэзы къэзымыщI тхыдэм и куупIэм зэрыхэIэбам хуэдэу. Дыкъевгъаджэт Тыргъэтауэ жюрим и пащхьэ щигъэIуа псалъэхэм:
«Адыгэхэр Кавказ Ищхъэрэм ижь-ижьыж лъандэрэ щыпсэу лъэпкъыр зэрызэджэж лъэпкъыцIэщ, дунейм ар къызэрыщацIыхур «шэрджэс» фIэщы­гъэмкIэщ. Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ Тэрч псыежэхым щегъэжьауэ хы ФIыцIэ Iуфэм Iут Азов деж нэс, Абхъазым щегъэжьауэ Темэн нэс зыщаубгъуауэ щытащ абыхэм я Хэкум. Зызэман Кавказ Ищхъэрэм нэхъ ин дыдэу иса лъэп­къым щыщу нобэ и лъапсэжьым исыжыр проценти 10 къудейрщ. Илъэси 100-м щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ зауэм иужькIэ адыгэ-шэрджэсхэр Уэсмэн империем ирахуауэ щытащ. Ар къыщыхъуар XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэрщ. Нобэ адыгэ­хэр щопсэу Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, хы ФIыцIэм и Iуфэм. Лъэпкъым и нэхъыбэр Тыркум, Израилым, Мысырым, Щамым, Иорданием щопсэу».
Сурэтхэр, картэхэр, убых тхыдэжьым нэху трезыгъадзэ фэеплъхэр дыщIи­гъуащ Тыргъэтауэ и лэжьыгъэм. Пщащэм и гугъу имыщIу къэнакъым иужьрейуэ убы­хыбзэм ирипсэлъа Есэнч Тэуфикъи. «И бзэм иужьрейуэ ирипсэлъа убых» псалъащхьэм щIэту Тыргъэтауэ етх: «Есэнч Тэуфикъ Тыркум и къухьэпIэ ищхъэрэм щыIэ Маньяс къалэм 1904 гъэм дунейм къыщытехьат, зейшуэ лъэп­къым щыщт. Ататюрк Мустэфа Кемал и зэманым унагъуэм Есэнч фIащауэ щытащ. ИтIани Тэуфикъ хузэфIэкIащ убыхыбзэм теухуауэ дуней псом щIэныгъэ гъэщIэгъуэн ялъигъэIэсыну. Зи акъылыр зэгущ, куэд зыщIэж Есэнч убыхыбзэр яригъэцIыхуа къудейкъым. АтIэ лъэпкъым и IуэрыIуатэми, зэрахьэу щыта хабзэхэми я гугъу ищIыжащ».
«Апхуэдэ щIэблэ щыдиIэкIэ дыщIэгузэвэн щыIэкъым», — жаIэ хабзэщ нэхъыжьхэм ныбжьыщIэ зэчиифIэ щалъа­гъукIэ. Езым тхыдэм зэрыхищIыкIым нэмыщI, и лъэпкъыр хамэм къаригъэцIыхуфын хуэдэу щIэныгъэрэ нэмысрэ зыхурикъуа пщащэм къэкIуэну дахэ зэриIэнум шэч къытетхьэркъым, и ехъу­лIэныгъэхэр нэхъыбэж хъуну дохъуэхъу.
ЧЭРИМ Марианнэ.