Top.Mail.Ru

Аращ хы ФIыцIэр дэркIи щIэфIыцIэр!

Image description

Нобэ дызытепсэлъыхьыну мы махуэр махуэ хьэлъэщ. Щыгъуэ махуэщ. Щыгъуэ щIэж махуэщ. Илъэсищэм фIэкIыу кIуа (1763 — 1864) зауэм и къэух махуэу накъыгъэм 21-м хуэзэ махуэщ.
Зэман пшагъуэм щIихъума гуауэщ нобэ фигум къэдгъэкIыжынур!

Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ.
ТырыжаIыхьа гу узым и зы пычы­гъуэу:
Сэ а махуэм кхъухь тедзапIэм
СыкъыIукIри сыкъежъащ.
Къуэ ещанэм сыкъэсауэ
Зы шу закъуэ къысхуэзащ.
ЖакIэм нэпсыр къыщыпыткIум
Сэлам тыгъуэр ирохьэлIэ,
Сыкъогубжыри «лIы и хьэлкъым»
ЖысIэу щIалэм сыхохъущIэ.
Зы лъэбакъуэщ уэ уи нэпсыр
Плъагъужыным къыпхуэнэжыр
ЖиIэщ шуми си лъэужьыр
И гъуэгуанэу щIэпхъуэжащ.
Сэ къызочыр а лъэбакъуэр,
БгъуэнщIагъ гуэрэм срохьэлIэ,
ЛIауэ щылъыр щIегъу щэныкъуэм,
ЛIэуэ щылъыр абы хыубжэм
Зы щытху хъуну къыщIэкIынщ.
Зи джанэбгъэр фыщIа анэм
И нэр къаплъэу псэр щинащ,
Зи псэм еджэ и сабийри
Зэса бгъафэм щIэгъуэлъхьащ.
Насыпыншэу къалъхуа цIыкIур
Щхэну хуейщи хокIиикI,
Зи псэ пытхэм ар зэхахри
Плъагъуу я гур къоузыкI.
ТIэкIу щэIужыри Iэуа дыгъэм
И нэ цIыкIухэр хилъэфащ.
Сэри щIакIуэр зэнэзэкъуэм
Хьэдэтепхъуэ яхуэсщIащ.
Шум жыIауэ сэ си нэпсыр
ЩIакIуэм телъыу слъагъужащ…

Мис мыбы хуэдэу къежьэу, псэупIэ къыхуэмынауэ и хэку зыбгына ди лъа­псэр кхъухькIэ, кхъуафэжьейкIэ къызытехьа хы ФIыцIэм, псыншэу, шхын щIэлIэу, къыхуэмынэжа и къарум къеуалIэ сымаджагъэри къыщыхэхьэм гъуэгу къызыдытехьам хэлIыкIыурэ къызыкIуцIырыкIащ Хы ФIыцIэм. Мы дырыщым псоуIуэ къэсахэм япэ, хыбэр бэн зыхуэхъуахэм я хьэдэхэр къеуалIэу, къридзылIэт толъкъунхэм. Хы нэзыми, а тафэми…
Мы гуауэм и 160 гъэр догъащIэ. Дахуощыгъуэ накъыгъэм 21 махуэм хуэзэу, «щыгъуэ щIэж махуэ» хужытIэу, лъэпкъ гуауэу.
Уанэгур зи пIэщхьагъыу псэуа си лъэпкъ, шыщхьэмыгъазэу шу закъуэу къанэу псэуа си лъэпкъ, къащхьэншэу щIым щыщ хъууэ хэкIуэдэжа си лъэпкъу си лъапсэ:
Утщыгъупщакъым!
Утщыгъупщэнукъым!
Уащыдгъэгъупщэнукъым!

Ауэ иджы нэужь адыгэу къызытена си лъэпкъэгъухэ, мы гуауэм къелыу къыпщIэна щIэблэм, къыщIэхъуа уи бынхэм уэ пIурылъа «аыгэбзэр яIурымылъыжмэ, игъуэр, дэгъуэр, фIыгъуэр зыхэлъу зепхьа зэкIуж, бзэм дэщIыгъу адыгэ хабзэри зэрамыхьэжмэ, узыхэпсэуэхьым и бзэмкIэ «ди адэшхуэхэр адыгэт» жаIэнум нэмысу, сыт къыплъыс­ми гъэзащIэ.
Сэ ди бзэр хъумэным хуегъэзэкIауэ, ди бзэр зызохьэ, зырахьэным сыхущ­Iокъу. Хабзэри зы псэукIэм и бзэщ. Зэгъусэу зызохьэ. Адыгэ ныпым къикIыр сощIэ, ар согъэлъапIэ. ДыкъызыхэкIар, ди лъэпкъыр, ди блэкIар зыщызыгъэгъу­п­щэкъым. Абы къыхэкIыу накъыгъэм 21 махуэм сыхьэтыр 12.00 щыхуэкIуэм, дэнэ дыщыIэми, ящыдгъэгъупщэнукъым! ЖысIэу, «щыгъуэ щIэж» махуэу, зы дакъикъкIэ сызыфIэту, Iэ сэмэгур хуэIэтауэ щхьэщэ яхуэзощI.
Хы ФIыцIэр ужь мыхъужми ди щIэблэ къэкIуэнум щапхъэ хуэхъунщ.
Токъмакъ Айдын.