Top.Mail.Ru

«ЗэдеIэмэ бгыри ягъэкуэш…»

Image description

Тхыдэм и напэкIуэцI жыжьэхэми, мыжыжьэ дыдэхэми апхуэдэу яухуащи, нобэ Урысейм щыпсэу адыгэхэр зы хэгъуэгу дыщипсэухькъым. Абы къыхэкIыу хэгъуэгу къэс лъэпкъ Хасэхэр, зэгухьэныгъэхэмрэ зэщIэхъееныгъэхэмрэ яIэжу къогъуэгурыкIуэ.

Къэрэшей-Черкес Республикэм илъэс 18 хъуауэ «ЩIалэгъуалэ Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэр щыIэщ. Абы къалэн зэхуэмыдэхэр и пщэ ирелъхьэж, ахэр зэрызэфIихыным и ужь итщ. Апхуэ­дэщ, КъЧР-м щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ хуитыныгъэхэр хъумэныр, щIалэгъуалэ политикэ егъэкIуэкIыныр, щэнхабзэ-жылагъуэ дауэдапщэхэр къызэгъэпэщыныр.
2018 гъэм къыщыщIэдзауэ а щIалэгъуа­лэ Хасэм и тхьэмадэ IэнатIэм Къантемыр Арсен пщIэ щиIэу пэрытщ. ГъэщIэгъуэнщ Арсени, абы къыкъуэт щIалэгъуалэми лъэпкъ Iуэхум хуаIэ бгъэдыхьэкIэр. Абы ипкъ иту, упщIэ зэхуэмыдэхэм зэреп­лъым, зэрегупсысым зыщыдгъэгъуэзэн мурадкIэ мы махуэхэм зыхуэдгъэзащ.
Арсен 1994 гъэм Кисловодск къалэм пэгъунэгъу дыдэу щыIэ Новоберезовский къуажэм Муратрэ Динэрэ (Аслъэны­къуэхэ япхъущ) я унагъуэм къихъухьащ. Пэжщ, абдеж ахэр куэдрэ щыпсэуакъым. ЩIалэ цIыкIум и ныбжьыр илъэси 3-м иту Къэ­рэшей-Черкесым и къалащхьэм къэIэпхъуэжащ. Арсен е 8-нэ классым пщIондэ Черкесск дэт е 11-нэ курыт еджапIэм щеджащ. Иужьым Хьэбэз къуа­жэм дэт лицейм кIуэжри, курыт еджапIэр абдеж къыздыщиухыжар.
Зыхуеджэну IэщIагъэу абы къыхихар юриспруденцэращ. Къиухащ Черкесск дэт «Синергия» МФПУ-р. Ищхьэ еджапIэр къызэринэкIри, дзэм къулыкъу щищIэну зы илъэскIэ дэкIащ. НобэкIэ, 2019 гъэм щыщIэдзауэ, «Центр гражданской защиты» РГБУ-м щолажьэ, диспетчер нэхъыщ­хьэщ.
Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм япэ дыдэ Арсен щыгъуазэ щыхуэхъуар и студент илъэсхэращ. Апщыгъуэм 2014 гъэр екIуэкIт, Адыгэ Хасэм лъэпкъым и ныпым и Махуэр игъэлъапIэу дауэдапщэхэр екIуэкIт. Иужьым, накъыгъэм (майм) и 21-р, лъэпкъым и щыгъуэ махуэр, ирагъэкIуэкIауэ щытащ. Хэкупсэ-лъэпкъыпсэу щыт Арсени а махуэм хэтащ.
Пэжу жысIэнщи, апщыгъуэм зыгуэ­ри си гум ирихьат, зыгуэри сигу къыщIиубыдатэкъым. Абы къыхэкIыу Хасэм хэт щIалэгъуалэм си гупсысэхэмкIэ садэгуэшэн мурад сиIэу запысщIауэ щытащ. Арати, езыхэми гуапэу срагъэ­благъэри, дызэдэуэршэращ, си къыхэлъ­хьэ­ныгъэхэр, си еплъыкIэр яхуэсIуэтауэ щытащ. Ар яфIэфI хъуащ, «жыджэрагъ зыхэлъ дыхуейщ» жаIэри. Апхуэдэу Хасэм хэт щIалэхэм, пщащэхэм нэIуасэ сахуэ­хъуащ, куэд апщыгъуэм си ныбжьэгъу хъуауэ нобэр къыздэсми сыт и IуэхукIи дызэпыщIащ,дыщегъэгъуазэ Арсен.
ЗэрызиумысыжымкIэ, Хасэм щыIэ щIалэгъуалэм, ахэр хэкупсэу зэрыщытым зэуэ и псэр дахьэхащ. Сыту жыпIэмэ, езы Арсени къыздихъухьа унагъуэм укъызыхэкIа лъэпкъым, уи щэнхабзэм, уи хабзэм, уи бзэм пщIэ хуэпщIу узэрыщытпхъэр щыжаIэу къэтэджащ. АбыкIэ щапхъэт дадэ-нанэхэри. КIэщIу жыпIэмэ, Арсен адыгэм къызэрыхэкIам иригуш­хуэу, ириину Хасэм ирихьэлIащ. Арати, абыкIэ акъылэгъу къыдэхъу гупым щрихьэлIам ар куэдрэ гупсысакъым, зэуэ щIалэгъуа­лэ Адыгэ Хасэм и сатырхэм яхыхьащ.
Абыи къыщымынэу, Къантемырыр адыгэ Iуэхум ехьэлIа сыт хуэдэ къэхъу­къащIэхэми зэрыхуэгузавэр, зэрыхуэгумащIэр зыхызэщIа и акъылэгъу ныбжьыщIэхэм Арсен 2018 гъэм щIалэгъуалэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу хахащ.
Къыхэгъэщыпхъэщи, Хасэм ныбжьыщIэ куэд хэткъым. Ахэр цIыху 20-м зэрынэхьэ­су аращ. Арсен зэрыжиIэмкIэ, пэжыр жыпIэнумэ, мыбдеж нэхъыщхьэр бжыгъэ­ракъым, атIэ цIыху хэтхэм я хэкупсагъэ­ращ, я жыджэрагъращ.
Арами, си жагъуэ мэхъу, хэлъэт зиIэ, «мыр сщIащэрэт си лъэпкъым папщIэ» жызыIэ зэрымыкуэдыр. Пэжщ, дауэдапщэ гуэр едгъэкIуэкIа нэужь зы цIыху, цIыхуитI щIэуэ къыщытхыхьэ щыIэщ. Ауэ ар сфIэмащIэщ. Хэкупсэ ди мащIэу аракъым республикэм, ауэ ахэр жейуэ аращ, я хэкупсагъэр къэгъэушын хуейщ. Дэри абы ди ягъэ хэлъу къыщIэкIынщ. ЕдгъэкIуэкI, къетхьэжьэ Iуэхугъуэхэр нэхъ ину, нэхъ дахэу тщIын тлъэкIатэмэ, нэ­хъыби къыхэтшэфыну къыщIэкIынт,къыддогуашэ и гупсысэхэмкIэ ди псэ­лъэгъур.
ЖеIэ, илъэситху гуэркIэ узэIэбэкIыжу щыIа щытыкIэм еплъытмэ, ди хэгъуэгум нобэкIэ хэкупсагъэ зыхэлъ щIалэгъуалэр нэхъыбэ зэрыхъуар. Ар узыгъэгуфIэ зэхъуэкIыныгъэу къелъытэ. КъытоувыIэ щIалэгъуалэм гу зылъатэ лъэпкъ дауэ­дапщэхэм.
Накъыгъэм (майм) и 21-р ди рес­публикэм деж, адыгэ лъэпкъыр здыщыпсэу нэгъуэщI щIыпIэхэми хуэдэу, хэIэтыкIауэ гулъытэ зедгъэгъуэт махуэщ — адыгэ псори дыщызэдэщыгъуэщ. Аращи, щIалэгъуалэ Адыгэ Хасэри лъэпкъым­кIэ мыхьэнэ щхьэхуэ зиIэ дауэдапщэхэм — пэкIухэм, фэеплъ пшыхьхэм дыхэтщ, апхуэдэхэр къызэзыгъэпэщхэм дащыщщ. Псалъэм къыдэкIуэу, къэблагъэ щыгъуэ— щIэж махуэми щIалэгъуалэм зыхудогъэ­хьэзыр.
Япэрей илъэсхэм къалэ уэрамхэм лъэсу, лъэпкъым и ныпхэр тIыгъыу дрикIуэу щытащ. Ауэ уз зэрыцIалэм и ягъэкIи, политикэ щытыкIэхэм къыхэ­кIыуи, хабзэфI тхуэхъуа мы бгъэдыхьэкIэр зэдгъэтIылъэкIа хъуащ. Ауэ ар тщыгъупщакъым икIи Iэмал зэрыщыIэу щIэддзэжынущ. Ар зэкIэ мыхъуми, щыгъуэ пэкIу къызыдогъэпэщ.
ЖыIэпхъэщи, си гуапэщ мы гъэм «Алашара» абазэ жылагъуэ зэщIэхъе­еныгъэм хэт щIалэгъуалэмрэ дэрэ дызэщIыгъуу пэкIум дыхэтыну дызэрызэгурыIуар. Ар и нагъыщэщ зы блэкIа, зы тхыдэ зэрыдиIэр къэдгъэлъэгъуэным.
Накъыгъэм и 21-р лъэпкъитIми: адыгэхэми абазэхэми ди зэхуэдэ щыгъуэ махуэщ. ИужькIэ пщыхьэщхьэм фэеплъ пшыхь едгъэкIуэкIынущ: гъыбзэ щыIунущ, усэ къеджэнущ, шыкIэпшынэ еуэнущ. А псори Черкесск къалэм дэт, Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ сыным дежщ здыщедгъэкIуэкIынур, — къыддогуашэ я мурадхэмкIэ Арсен.
Мы щыгъуэ махуэм теухуауэ Арсен жеIэ ар лъэпкъым и блэкIам, зауэ банэм, зэрыхьзэрийм хэкIуэдахэм пщIэ яхуэщIыным псом япэу зэрепхар.
Адэжьхэр щIэзэуар, абыхэм я хабзэу, я гупсысэкIэу, я дуней плъыкIэу щытар, я напэр, нэмысыр псом я щхьэу къалъытэу зэрыщытар ди щIэблэм янэтхьэсыныр а махуэм и IэмалкIэ ди къа­лэнщ.
Накъыгъэм и 21-м и купщIэр, и мыхьэнэр зыхэпщIэмэ, адыгэ лъэпкъым и псэри зыхэпщIауэ аращ. Зи блэкIар зыщыгъупщэжа лъэпкъхэр нобэкIэ лъэпкъыу щытыжкъым, ахэр нэгъуэщIхэм яхэшыпсыхьыжа цIыху къызэрыкIуэу аращ,
жеIэ щIалэгъуалэ Хасэм и тхьэмадэм.
Щыгъуэ махуэм теухуауэ абы деупщIащ ар зэхьэлIа Кавказ зауэм и тхыдэ къэ­хъукъащIэхэр тхыдэтх нэпцI куэдым езыхэм зэрыхуейуэ зэрыжаIэм, зэратхым хуаIэ бгъэдыхьэкIэмкIэ. Адыгэ щIалэ­гъуалэм я пашэм къызэрилъытэмкIэ, апхуэдэхэм яхуэсакъыпхъэщ.
Иджыпсту лъэпкъхэр зэщызыхъуэну хуей къарухэр куэд хъуащ. Ар къэралым иригъэкIуэкI политикэращ зэпхар. Псом япэу ар къыбгурыIуэу ущытыпхъэщ. ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъым и щхьэр къэмыпщтыру жэуап итыжынущ е тхыдэ нэпцI зытхыр, жызыIэр зэщIэгъэстакIуэу гурыщхъуэ пщIымэ, жэуап йомытыххэми нэхъыфIщ. ИджыкIэ птхаи, жыпIаи гулъы­тэншэ хъукъым: апхуэдэ зэщIэгъэстакIуэхэр щIэзыплъыкI къэрал къулыкъухэр щыIэщи, ар абы я нэIэ мы нобэми, пщэдей щIэхуэнущ, тегъэчынауэ жеIэ Арсен.
КъинэмыщIауэ, ди псэлъэгъум зыхуэд­гъэзащ щIалэгъуалэ Адыгэ Хасэм ди лъэпкъым и къэкIуэнур, абы и зыужьыныгъэр зыхилъагъуэм.
Апхуэдэу гъащIэм игъэувау, адыгэхэр хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм дыщопсэухь. Арами, дэнэ щыIэ адыгэми зы гупсысэ диIэу дыщытыпхъэщ. Дызэкъуэт­мэ дылъэщщ. Ар япэ дыдэу дызыхуэ­кIуэн хуей щытыкIэщ. Зы лъэпкъ гупсысэ диIэмэ, хэгъуэгу зэщымыщ дызэрыщыпсэури зэран зыкIи къытхуэхъунукъым. Лъэпкъым зы гъуэгу иIэмэ, дызыхуэкIуэ­ри тлъагъунут. Арауэ солъытэ дызылъа­хэр, ди зыужьыныгъэр зымыгъэкIуатэр.
— СызэреплъымкIэ, хэгъуэгухэм нэхъ жыджэру ис щIалэгъуалэр нэхъыбэрэ дызэхыхьэн хуейщ, лъэпкъым и нобэм, и пщэдейм дригупсысэу, дрипсалъэу зы къалэн щхьэпэ зыхуэдгъэувыжыпхъэщ. Апхуэдэ Iэмал дгъуэтынущ щIалэгъуалэ форум, фестиваль хуэдэ Iуэхугъуэхэр къызэдгъэпэщмэ. Адыгейхэми, къэбэрдейхэми, черкесхэми, нэгъуэщI адыгэ лIакъуэхэми щхьэхуэ-щхьэхуэу зытлъытэ хъунукъым, дэ псори дызылъэпкъщ. «ЗэдеIэмэ бгыри ягъэкуэш» жиIэгъащ пасэрейм. Дызэкъуэтмэ, лъэпкъым Iуэху щхьэпэ куэдыщэ зэрыхуэтщIэфынум шэч хэлъкъым.

ЖытIэнщи, Къантемыр Арсени, ар зи пашэ лъэпкъ щIалэгъуалэми уи гур хагъахъуэ. Уи фIэщ мэхъу гупсысэ узыншэ, лъэпкъым хуэгумащIэ ныбжьыщIэ щыщыIэкIэ адыгэ лъэпкъым къэкIуэну дахэ зэриIэр, ар иджыри мы дунеижьым темыкIуэдыкIыу и хабзэ, и щэнхабзэ зэрихьэу зэрытетынур.
Тхьэм щIэблэм я мурад дахэхэр къа­дигъэхъу!
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ.