Top.Mail.Ru

Усыгъэрэ макъамэкIэ зэхэухуэна пшыхь

Image description

Черкесск къалэ дэт зи N 6 курыт еджапIэм и хэщIапIэм лъэпкъыбзэхэр хъумэным и Къэралыбэ Махуэм ипкъ иту адыгэбзэмкIэ усэ къеджэнымкIэ къалэдэс ныбжьыщIэхэр зэпеуащ.

Усыгъэрэ макъамэкIэ зэхэухуэнауэ «Унагъуэм и илъэсым» къызэрагъэпэща зэхыхьэ щхьэпэр унагъуэ лъапIэныгъэхэм, зэIыхьлыхэм яку дэлъ зэхущытыкIэ дахэмрэ гуапагъэмрэ хуэгъэпсат. Пшыхьыр зэрекIуэ­кIар адыгэбзэщ. Гуапэщ къалэ курыт еджапIэхэм дежкIэ мытынш а Iуэхум зэрытегушхуар. Пшыхьыр щекIуэкI пэшым узэрыщIыхьэу адыгэ фащэкIэ хуэпа, адыгэ щэн зыдэплъагъу, адыгэбзэкIэ зэпсалъэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм уахэплъэну гухэхъуэт. Лъэпкъым дежкIэ насып псом я щхьэщ щIэблэ узыншэ, и анэдэлъ­хубзэ зыIурылъ къыщIэхъуэныр, абы елъытауэ адрей ехъулIэныгъэ псори гуэдзэнщ. Ар щымыIэмэ, лъэп­къым сыт фIагъ бгъэдэлъми псэншэщ.
Курыт еджапIэм щеджэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм пшыхьыр къызэIуахри, «Унагъуэм и илъэсыр» зэраубзыхуам, абы и мыхьэнэм, унагъуэм цIыхум къыхилъхьэ къарум щытепсэлъыхьащ.
НыбжьыщIэ цIыкIухэм я зэфIэкIыр къапщытащ: «Адыгэ Хасэ – Черкес Парламент» лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и вице-президент, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Аслъэнхэ Алий, Черкесск къалэ мэрием егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и IэщIагъэрылажьэ нэхъыщхьэ Агырбэ Хъаджэт, методист Ахбэ Зое, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ, усакIуэ, «Архыз-24» каналым и лэжьакIуэ Чэнджэщауэ Артур, Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ адыгэ драмэ театрым и артист Мамыжь Хьэзрэт сымэ.
Япэу утыку кърашар пэщIэдзэ классхэм щIэс ныбжьыщIэ цIыкIухэращ. Пэжым ухуеймэ, сеплъ пэтми защызгъэнщIыртэкъым абыхэм. Нобэ дызыхэплъэ сабийхэм яIэщIэлъ къарумрэ лъэкIыныгъэмрэ зихуэ­дэр зыми ищIэркъым, абыхэм IэщIагъэу къыхахынури гурыIуэгъуэкъым, ауэ гузавэу, къыфIэIуэхуу мыпхуэдэ Iуэху дахэ хэт ныбжьыщIэм ар и гъэсэныгъэм зэрыщхьэпэнур шэч къызытомыхьэжынщ.
Псом хуэмыдэу ситхьэкъуащ япэ классым щIэс Щауэ Зарэ, а цIыкIур теплъафIэ къудейтэкъым, атIэ адыгэ фащэ екIупскIэ хуэпарэ абы хуэфащэу зиIыгът, а сабийм хэлъ щыпкъагъымрэ Iэдэбагъымрэ уемыхъуэ­псэнкIэ Iэмал имыIэу.
НыбжьыщIэ цIыкIухэм пшыхьым щагъэлъэгъуащ унагъуэм теухуа теплъэгъуи. Абы къыщеджащ адыгэ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкI къыхэхахэм, уеблэмэ, езыхэм зэхалъхьэжа усэ къеджаи яхэтащ.
Усыгъэрэ макъамэкIэ зэхэухуэна пшыхьым сэ гу зылъыста зы Iуэхугъуэ сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ.
А зэпеуэм хэта цIыху 17-м щыщу (8-р пэщIэдзэ классым, 7-р класс нэхъыжьхэм щеджэр), класс нэхъы­щIэм щIэсхэм я бзэр анэдэлъхубзэм нэхъ хуэкъутауэ, нэхъ къабзэу псалъэу къысщыхъуащ. Абы къикIращи, бзэм и къару къызэрогъуэтыж, лъабжьэм зеубгъу. Ар зи фIыгъэр адэ-анэм я закъуэу жытIэмэ, пцIы хъунущ, дауи. Дэ зыхуэдгъазэри депсэлъащ илъэс 30-м щIигъуауэ адыгэбзэмкIэ езыгъаджэ, мы зэхыхьэ гуапэр къызэзыгъэпэща Щауэ Марьянэ.
Абы къызэрыджиIамкIэ, къалэ курыт еджапIэ псоми хуэдэу, мыбы екIуалIэхэм адыгэбзэ мащIэ дыдэу фIэкI зыIурымылъ яхэтщ, ауэ Марьянэ ахэр хуэмурэ я анэдэлъхубзэм дрегъэхьэх, хабзэм и дахагъэр ярегъэлъагъу, яхелъхьэ, абы и щыхьэт нахуэщ мы зэхыхьэр. Мы махуэм Щауэ Марьяни, зи N 11 купсэм адыгэбзэр щезыгъаджэ ХъытIу Айшэти хуагъэфэщащ Парламентым и Президиумым и щIыхь тхылъхэр.
КъэпщытакIуэ гупым я къалэныр тыншу щымытами, ахэр зэчэнджэща, ягъэува бжыгъэхэр зыхалъхьэжа иужь, нэхъыфIым я нэхъыфI усэкъеджэхэр, ахэр езыгъаджэ, зыгъасэ егъэджакIуэхэр КъЧР-м и Адыгэ Хасэм и щIыхь тхылъкIэ, депутат Хъупсыро­къуэ Алий къыбгъэдэкIа саугъэтхэмкIэ къыхагъэщащ, ягъэ­лъэпIащ.
«Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым» — сатыр пэжхэр итхауэ щытащ Бещтокъуэ Хьэбас. ГъащIэм хуэдэу Iэрыхьэ-IэрыкI бзэр, щIэблэ къытщIэхъуэм Iурытлъхьэну зыщыдывмыгъэгъупщэ, девмыгъэпэгэкI, гъащIэмрэ анэдэлъхубзэмрэ зыкIэщIэпч мыхъуну Iуэхугъуэщ!
ЩОМАХУЭ Залинэ.