Бекъул Миланэ и зэфIэкIхэр
Къэбэрдей-Балъкъэрым ипэкIэ зэи къыщымыхъуауэ адыгэ бзылъхугъэ, пщащэ лъэгъугъуафIэ, спортсмен бэлыхь Бекъул Миланэ, хьэлэмэтращи, адыгэ щIыналъэм — Адыгэ республикэм щыIэу тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) Урысей Федерацэм и чемпионату мы гъэм, Мейкъуапэ щекIуэкIам япэ увыпIэр къыщихьащ.
Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Европэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Испанием щекIуэкIа зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр щиубыда нэужь, Миланэ жиIат, сыт хуэдэ лъагапIэми удэкIуеинри зэрыгухэхъуэр, ауэ езым и плъапIэ нэхъыщхьэу щытыр къэралым и командэ къыхэхам хэхуэныр, Олимп джэгухэм хэтыныр зэрыарар.
Абы къыдэкIуэу тхэквондомкIэ дунейпсо классымкIэ спортым и мастер цIэ лъапIэри къыфIащащ, ари ди республикэм щыяпэу. Миланэ и ныбжькIэ щIалэ щхьэкIэ хузэфIэкIащ къэралым и командэ къыхэхам хыхьэн, икIи и хьэлъагъ елъытауэ зыкъыщигъэлъагъуэ килорамм 46-рэ хъу гупым я деж бжьыпэр УФ-м щиIыгъщ.
Адыгэ пщащэ цIыкIум тхэквондом щиIэ ехъулIэныгъэхэм уатепсэлъыхьын щIэбдзэмэ, зэрыжаIэу, махуэней пхутегъэкIуэдэнущ. Медалрэ кубокыу Миланэ иIэр щэ бжыгъэм зэрынэхьэсащ. Адрей илъэс блэкIахэмкIэ умыIэбэжу, мы гъэ къудейм дунейпсо утыкушхуэхэм абы щыхузэфIэкIахэр къыхэбгъэщмэ, Африкэм щыIэ Сенегал къэралым и къалащхьэ Даккар бадзэуэгъуэм щекIуэкIа «Гран-при» зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ. Абы иужькIэ екIуу хэтащ Франджым и къалащхьэ Париж и «Гран-при» зэпеуэм, иужькIэ Мейкъуапэ щекIуэкIа УФ-м и чемпионатым щытекIуащ, а псом ищIыIужкIэ, щэкIуэгъуэ мазэм, къэралым и командэ къыхэхам хэту Белоруссием и «Кубок зэIухам» япэ щыхъуащ.
Тхэквондом зэрыхыхьам, а спорт лIэужьыгъуэр къыщIыхихам теухуауэ Миланэ жеIэ: «Илъэсибл сыщыхъум сэ сщIэрт ар зищIысыр. Зэгуэрым телевизорымкIэ сеплъат зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIым икIи къызгурыIуащ сэ абы нэгъуэщI спорт лIэужьыгъуэкIэ зызгъэсэну сызэрыхуэмейр. Къафэми, художественнэ гимнастикэми сахуеплъэкIыжакъым абы иужькIэ. Мурад сщIащ тхэквондом ехъулIэныгъэхэр щызыIэрызгъэхьэну. СыщIэхъуэпсырт утыкушхуэм ситу си цIэкIэ къэрал гимныр къеуэу зэхэсхыну», — жеIэ Миланэ.
ЗригъэхъулIащ адыгэ пщащэ цIыкIум и хъуэпсапIэр: абы и щIыхьэкIэ утыкушхуэ Iэджэми мызэ-мытIэу къыщеуащ къэралым и гимныр. Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Европэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Испанием щекIуэкIа зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр щиубыда нэужь, Миланэ жиIат, сыт хуэдэ лъагапIэми удэкIуеинри зэрыгухэхъуэр, ауэ езым и плъапIэ нэхъыщхьэу щытыр къэралым и командэ къыхэхам хэхуэныр, Олимп джэгухэм хэтыныр зэрыарар.
Дыгугъэнщ Бекъул Миланэ и щIыхькIэ къэралым и гимныр Олимп джэгухэм я утыкум къыщеуэну, и тренер Ахъмэт Амиррэ езымрэ я хъуапсапIэр къайхъулIэну.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.