Top.Mail.Ru

Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ тхылъ

Image description

Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым иджыблагъэ дунейм къытригъэхьащ «Адыгэ (адыгей, къэбэрдей, шэрджэс, хэхэс адыгэ, тхакIуэхэр XIX-XXI лI.лI» фIэщыгъэм щIэт биобиблиографие псалъалъэм и ещанэ Iыхьэр (Р-Я хьэрфхэр).

Мы къыдэкIыгъуэр 2021, 2022 гъэхэм дунейм къытехьа «Адыгэ (адыгей, къэ­бэрдей, шэрджэс, хэхэс адыгэ) тхакIуэ­хэр XIX — XXI лI.лI» биобиблиографие псалъалъэхэм къапызыщэ ещанэ къыдэкIыгъуэщ. Япэ тхылъым тхакIуи 139-рэ хыхьащ я унэцIэкIэ («А»-хьэрфым щыщIэдзауэ «И»-м нэс къызэщIиубыдэу). ЕтIуанэ тхылъым 136-рэ хыхьащ («Къ»-м щыщIэдзауэ «П»-м нэс). Ещанэ тхылъым тхакIуэу 133-рэ итщ («Р»-м щыщIэдзауэ «Я»-м нэс къызэщIиубыдэу). Мы тхы­лъыр лъэпкъ литературэм, литературэ щIэныгъэм, критикэм я лъабжьэр зыгъэ­тIылъахэмрэ абы и зыужьыныгъэм зи гуащIэ хэзылъхьахэмрэ я IуэхущIафэр къызэщIэзыкъуэ лэжьыгъэщ. АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Кавказ Ищхъэрэм и нэгъуэщI хэгъуэгу зыбжанэм щыпсэу адыгэ тхакIуэ, IуэрыIуатэдж, литературэдж, критикхэм нэмыщI, псалъалъэм хыхьащ хэхэс адыгэхэм къахэкIауэ Тыркум, Щамым, Иорданием, Мысырым, н. къыщыхъуауэ щыпсэу тхакIуэхэр, лъэпкъ литературэмрэ щэнхабзэмрэ хуэлажьэ цIыху пажэхэм ятеухуа тхыгъэхэр.

ТхакIуэ, публицист 400-м щIигъум я гъащIэ, лэжьыгъэр къызэщIакъуэжу абыхэм я IэрыкIхэм теухуа тхыгъэр гъэхьэзырыным илъэси 6-кIэ елэжьащ филологие щIэныгъэхэмкIэ докторхэу БакIуу Хъанджэрий, ТIымыжь Хьэмыщэ, Тхьэгъэзит Юрэ, Алъхъэс Светэ, ХьэкIуа­щэ Мадинэ, Хьэщхъуэжь Рае, Хьэвжо­къуэ Людмилэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидатхэу ЩакIуэ Марьянэ, Къэжэр Иннэсымэ.

Биобиблиографие псалъалъэр щIэныгъэлI-литературэджхэм, щэнхабзэр зыджхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ курыт еджапIэхэмрэ щезыгъаджэхэм, филолог IэщIагъэм хуеджэ студентхэмрэ аспирантхэмрэ, апхуэдэуи адыгэ литературэм и тхыдэм щыгъуазэ зыхуищIыну хуей дэтхэнэ зыми яхуэщхьэпэнущ. Тхылъыр бзитIкIэ (адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ) зэратхам и фIыгъэкIэ абы нэхъы­бэм нэIуасэ зыхуащIыну, ар къагъэсэбэпыну Iэмал яIэнущ.

Къыхэгъэщыпхъэщ мыр ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и президент Къанокъуэ Арсен и мылъкукIэ къызэрыдэкIар. КъызыхэкIам хуэгумащIэ адыгэлIым лъэпкъым и къэкIуэнум хуищI тыхь куэдым щыщ мы къыдэкIы­гъуэм щхьэкIэ фIыщIэ лей хуэфащэщ!

Лъэпкъ литературэм дежкIэ мыхьэнэ ин зиIэ мы лэжьыгъэр ящэкъым, ар тхылъ хъумапIэхэм, еджапIэхэмрэ курыт школхэмрэ хуагуэшынуращ.

Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ къыдэкIыгъуэм и лъапIагъыр тхылъ фIыуэ зы­лъагъу дэтхэнэми зэрыIэрыхьэу къыгурыIуэнущ. Адыгэм къахэкIа дэтхэнэ тхакIуэри абыкIэ зэбгъэцIыхуфынущ, и IэдакъэщIэкIхэр зыхуэдэм, къиIэт Iуэхугъуэхэм зэпкърыхауэ нэIуасэ зыхуэпщIыфынущ.

Лъэпкъым апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ хуэзыщIа щIэныгъэлI гупым фIыщIэ яхуэфащэщ, ефIэкIуэну, ехъулIэну ди гуапэщ.

Щомахуэ Залинэ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.