Top.Mail.Ru

Адыгэшыр иребагъуэ!

Image description

Къэрэшей-Черкесыр щIыпIэ дахэхэмкIэ къулейщ, и щIыуэпсыр псэм дохьэ, гум къонэ. Апхуэдэ и зы щIыпIэ дэхьэхыгъуафIэхэм ящыщщ Абазэ районым хыхьэ, «Биберд»-кIэ зэджэ щIыпIэр. Абы и дахагъым къинэмыщIауэ, нэри псэри зыIэпызышэ мыбы щыкуэдыкIейщ. ЖыIэпхъэщи, «Биберд» проектыр зигу къэкIари, ар къызэзыгъэпэщари адыгэм къытхэкIа хыхьэхэкIырылажьэ, жылагъуэ-бэдаущ Iуэхузехьэ Дер Вячеславщ.

Езым зэрыжиIэмкIэ, проектым и къа­лэнщ адыгэхэм я блэкIа дахэм дыхигъэ­плъэжыныр. Апхуэдэщ абы щагъэхъу адыгэшыр, адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэр къэзыгъэлъэгъуэжу дэт унэр, абы щызэхуэхьэса пасэрей хьэпшыпхэр…

Мы гухэпщIэ щIыпIэм езы Дерми и псэр зэрыхэлъыр зыхыбощIэ. «Биберд»-р гъэщIэрэщIэным, адыгэпсэ хэлъхьэным абы къару мымащIэ ирехьэлIэ.

— Мы щIыпIэм илъ щIыгу Iыхьэм къриубыдэу, ар гектар 612-рэ мэхъу, жыг мин 12-м щIигъу хэтсагъэххэщ, адэкIи пытщэн ди мурадщ. Дыхуейщ жыгхэм я бжыгъэр мин 20-м нэдгъэсыну.

Арами, мыбдеж нэхъыщхьэр шыхэращ. Абы и IуэхукIэ Къэбэрдейм сыщыIауэ щытащ. Абдеж зэзгъэлъэгъуащ адыгэшыр здагъэбагъуэ хъызмэтхэм я лэжьэкIэ-гъэ­псыкIэр. ИкIи апщыгъуэм сигу изубы­дауэ щытащ шыхэр здэдгъэхъуну, здэтIыгъыну щIыпIэр сыт и лъэныкъуэкIэ гур дэзыхьэхыу, зэнэгъэсауэ сыухуэну. А мурадыр хуэм-хуэмурэ зэнызогъэс. Сыхуейщ мыбы къыдыхьэ дэтхэнэ хьэщIэми дахагъкIэ и псэр игъэнщIу мыбдеж зыщигъэпсэхуну. Мы щIыпIэм уеплъмэ, езыр дахэхэщ, Тхьэм апхуэдэу къигъэщIауэ. Дэ ди къалэныр а дахагъэр нэхъри едгъэфIакIуэу зетхьэнращ, — къыддогуашэ Дер Вячеслав.

ЖыIэпхъэщи, «Биберд» щIыпIэр Вячеслав илъэс 22-рэ хъуауэ и IэмыщIэ илъщ. Абы щыщу илъэси 10-м адыгэшыр гъэхъуным йолэжь.

НобэкIэ адыгэш къабзэу абы щыIэщ 100-м нэблагъэ. Япэу мы щIыпIэм ирагъэхьа шыхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым кърашауэ щытащ.

ИкIи нобэкIэ нэхъ лъэрыхь, нэхъ къаб­зэу къалъытэ хакIуэ Беркутрэ шыбз Армиерэ Дерым тыгъэ къыхуищIауэ щы­тащ къэбэрдеишыр щIэзытхэхэм я нэ­хъыщхьэ Амшокъуэ Хьэж-исмел. Тыгъэм къинэмыщIауэ, а адыгэлIыр шыхэр гъэ­бэгъуэным, зехьэным теухуауэ ущие, чэнджэщ и лъэныкъуэкIэ Вячеслав куэд­кIэ къыщхьэпащ.

— Гъатхэ зэрыхъуу шыхэр бгыхэм дыдошейри, абдеж ахэр бжьыхьэ кIасэ хъуху щохъуакIуэ. Хуиту итщ, зыкIи дахэIэбэкъым. ДакIэлъоплъ псалъэм папщIэ, зыгуэр елъэшауэу тлъагъумэ, къахыдошри, доIэзэ. Бжьыхьэм къыдошэхыжхэри, псоми я узыншагъэкIэ дакIэ­лъоплъ, прививкэ зыхуэныкъуэхэр ядогъэщI, шыщIэхэмрэ шыбзхэмрэ зэхыдодз, догъэпскI. КIэщIу жыпIэмэ, зыхуэныкъуапхъэ псоми худогъазэ. Уэс телъмэ, щIыIэмэ, дэтшеижкъым, атIэ шэщым щIыдогъэ­хьэжхэри абдеж щIымахуэр икIыху щыдоIыгъ. Мэкъу, нартыху, зэнтхъ хуэдэхэр ядогъэшх апщыгъуэм. ЖыIэпхъэщи, адыгэшыр зезыхуэхэм я нэ­хъыбэм шыхэр щIымахуэм дэ хуэ­дэу ягъашхэу шэщхэм щаIыгъ­къым, — дыщегъэгъуазэ Рэтмир шым пыщIа Iуэхугъуэхэр къызэ­рекIуэкIым.

ЩIалэм зэрыжиIамкIэ, шыгъа­жэм хагъэтын мурадыр яIэу шиплI иджыкIэ ягъэхьэзыр. Ахэр Кайкен, Урсус, Кинжал, Висмут сымэщ.

Утыкум ита­гъэххи яхэтщ. Апхуэдэщ Беркут хакIуэ цIэрыIуэм и къуэ, илъэсий ныбжьым ит Глок. Ар «Иппосфера» Дунейпсо шы гъэлъэгъуэныгъэм хэтащ, дахэу зыкъигъэлъэгъуащ. ШыщIэхэри мымащIэу гуартэм яхэтщи, абыхэм дяпэкIэ зи цIэр жыжьэ Iунухэр къазэ­рыхэкIынум шэч къытетхьэкъым.

Къыхэгъэщыпхъэщи, адыгэ лъэпкъым и тхыдэр къыгуэхыпIэ имыIэу адыгэшым епхащ. Адыгэшыр зауэхэм, гъуэгуанэ кIыхьхэм, ныбэкIэ бэшэчу щытыным къыхуэгъэщIащ.

Зауэхэм, лъэпкъым къыщыщIа мыгъуа­гъэхэм адыгэшым а псом яжь къыщIихуащ, жагъуэ зэрыхъущи. Абы къыхэкIыу, нобэкIэ адыгэшым и бжыгъэр мин 15-м щIигъу къудейщ. Абыхэм ящыщу мин 11-р Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэхъу. Гуапэщ ди адыгэ щIыналъэри къэбэрдеишыр гъэбэгъуэжын Iуэхум зэрыхыхьар. ИкIи догугъэ илъэс мин бжыгъэхэм къриубыдэу ди адэжьхэм къагъэщIа шы лIэужьыгъуэ лъэрыхьыр, Iущыр, къуэш пэлъытэу зэрахьар нобэм хэпсэукIхэм зыIэщIэдмыгъэкIыу, абы мыхьэнэуэ иIэр къыдгурыIуэу, ди пщэдейм дымыгъэкIуэду, здыхэтшэну Тхьэм акъыл­рэ зэфIэкIрэ къыдитыну.

ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ.