Top.Mail.Ru

«Нарт»-м и вагъуэхэр

Image description

Футболым и Дунейпсо Махуэм Къэрэшей-Черкес Республикэм и къалащхьэм щагъэлъэпIащ мы спорт лIэужьыгъуэмкIэ 2023 гъэм къриубыдэу ехъулIэныгъэ лъагэ зыIэрызыгъыхьа, къагъэщIэрэщIэжа «Нарт» футбол командэм и футболистхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ.

А махуэщIым ипкъ иту, дауэдапщэ иным щIэту мазитхум къриубыдэу ЮФО-м, СКФО-м футболымкIэ и чемпионатми, хэгъуэгу Кубокыр къэлъэщынми, уеблэмэ Урысейпсо чемпионатми япэ-етIуанэ увыпIэхэр къыщызыхьу, илъэс 20-кIэ мыджэгуа «Нарт»-м и псэр къыхэзыгъыхьэжа футболистхэм хуагъэ­фэщащ Урысейм футбо¬лымкIэ спортым и масте¬рым и кандидат фIэщыгъэцIэ лъагэр. Гуапэ зэрыхъущи, спортым и мастерым и кандидат хъуахэм ящыщщ ди адыгэ щIалэхэри: Абидокъуэ Вадим, Жумай Iэмир, Iэбыдэ Iэстемыр, Тхъуахъуэ Сэхьид сымэ.

КъинэмыщIауэ, Къэрэшей-Черкес Республикэм физкультурэмрэ спортымрэкIэ и Министерствэм къыбгъэдэкIа Лъытэныгъэ ЩIыхь ТхылъкIэ щхьэихауэ и цIэр къраIуащ Урысейпсо чемпионатым и «Бомбардир нэхъыфI», и «Футболист нэхъыфI», СКФО, ЮФО чемпионатым и «Футболист нэхъыфI» фIэщыгъэцIэ лъагэхэр 2023 гъэм и джэгугъуэ пIалъэм къызыхуагъэфэща, «Нарт» футбол командэм и капитан Абидокъуэ Вадим.

Щхьэихауэ я гугъу тщIымэ тфIэфIт «Нарт»-м и капитанымрэ 2023 гъэм и джэгугъуэ пIалъэм топи 10 къапэщIэтахэм я гъуэм дэзыгъэхьа Жумай Iэмиррэ.

Мы тIур футболым зэришэлIащ, езыхэм зэрыжаIэу, зэкъуэшщ, зэныбжьэгъу щыпкъэхэщ. Вадим и ныбжьыр илъэс 27-м, Iэмир — 25-м итщ. Футболым пыщIахэм зэрыжаIэу, «я джэгугъуэ фIыгъуэ дыдэщ». ТIури зэрысабий дыдэ лъандэрэ футболым пыщIауэ къэтэджащ. Вадим — Черкесск къалэм, Iэмир — Хьэбэз къуажэм зыщагъэсащ. Уеблэмэ, иджыри ныбжьыщIэ цIыкIухэу «АРР» футбол клуб цIэрыIуэм щыджэгуащ, пщIы бжыгъэрэ Ипщэ, Ищхъэрэ Кавказ хэгъуэгухэм, Урысейм чемпион щыхъуащ. Дэтхэнэ зэхьэзэхуэми мы футболиститIыр къахэщу, IэпщIэлъапщIагъ ин къагъэлъагъуэу къэгъуэгурыкIуащ. Абы щыхьэт тохъуэ къыхуагъэ­фэщащ щIыхь, фIыщIэ нагъыщэ куэдыщэр, фIэщыгъэцIэ лъагэхэр.

Иужьым, Вадим — Ставрополь олимп резервхэр здыщагъэхьэзыр училищэм, Iэмир — Краснодар къалэм и «Кубань» футбол гъэсапIэм къыщыхутэри, ныбжьыщIитIми икъукIэ фIыщэу запсыхьащ, я IэщIагъэмкIэ Iуэху зэхэщIыкI ин зыбгъэ­дэлъ футболисту я цIэр Iуащ.

Вадим илъэс куэдкIэ ехъулIэныгъэ инхэр къигъэлъагъуэу щыджэгуащ Ставрополь крайм, Къэрэшей-Черкес Респуб­ликэм и «Машук-КМВ»-м, иужьым «Интер-Черкесск» командэм; Iэмир и IэпщIэ­лъапщIагъым щригъэфIэкIуащ Краснодарым и «Кубань», «Урожай», Саранск и «Мордовия», «Армавир», «Динамо Брянск», «Тверь» командэхэм. Иужьрейуэ зэныбжьэгъуитIыр «Машук-КМВ»-м щызэхуэзэжащ.

«Нарт»-р къагъэщIэрэщIэжыну иужь щихьам, ди хэгъуэгум щыщ, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щыджэгу футболистхэр къыща­лъыхъуэжым, япэ дыдэ зызыпащIахэм ящыщщ мы щIалитIыр. «Узыщалъхуа республикэм и командэ нэхъыщхьэм ухэту уджэгуныр, уи хэгъуэ­гум и щIыхьыр пIэтыну къыпхуагъэфэщэныр дэркIэ куэд и уасэщ. Балигъ футбол дыджэгун зэрыщIэддзэрэ, абы дыщIэхъуэпсу дыкъекIуэкIащ.

Пэжщ, ди хэгъуэгум профессиональнэ футбол командэ зэримыIэжым къыхэкIыу, тIуми къытхудэхуащ нэгъуэщI щIына­лъэхэм дыщыджэгун… Ауэ, ди респуб­ликэм и лIыщхьэм и унафэм щIэту «Нарт»-р къыщагъэщIэрэщIэжым, дызыщIэхъуэпсар къыдэхъулIащ. Ди насып къихьащ ди республикэр къэралым цIэрыIуэ зыщIауэ щыта «Нарт»-м и щIыхьыр тIэтыну…», — къыддэгуэшащ щIалитIыр.

Мы щIалитIми сыт щыгъуи зызыхуагъэпсыр нэхъыфIым я нэхъыфI хъунращ. Командэ пщIы бжыгъэм япэщIэту, етIуанэ увыпIэр къыщахьым дежи, нэрылъагъуу я гур хощI… ИтIани, мы гъэм «Нарт»-м хузэфIэкIар, къигъэлъэгъуа ехъулIэны­гъэр, мы зэныбжьэгъуитIым абы хуащIа хэлъхьэныгъэр, шэч хэмылъу, узыфIэмыкIыжынщи, адэкIи ефIэкIуэну, ди щIалэхэр къахэщыну дахуохъуахъуэ!

ХЬЭТАЙ Мадинэ.