Top.Mail.Ru

Зэрагъэбагъуэ пщалъэхэмрэ есэп нагъыщэхэмрэ

Image description

Гъэ еджэгъуэщIэм щIидзакIэщ. ЩIэныгъэм хуэпабгъэ сабийхэм я тхылъылъэхэр тхылъыщIэхэмрэ тетрадыщIэхэмрэ ирашэх.

Къалэмхэр, къэрэндащхэр, хьэфэтегъэкIхэр – псори щIэ-рыпсщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ еджакIуэ цIыкIухэм нэ-гъуэщI зы насыпыщIи къахуз-дихьащ мыгъэрей фокIадэм. Ар и гупыж щIэщыгъуэхэмкIэ адыгэгур игъэпIейтеинкIэ емыш тхылътедзэ, зэхуэхьэсакIуэ, «Нумизмат» тхылъ тыкуэныр зыгъэлажьэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес «адыгэмэ къакIэрихыу» къыдигъэкIа тетрадыщIэхэрщ.

Нобэрей къыдэкIыгъуэр лъэпкъ газетхэм я номер зэхэту зэрыщытым и фIыгъэкIэ, Тхьэ-къуахъуэ Iэуес и хъыбар Адыгэ республикэми, Къэрэшей-Шэр-джэсми, Тыркуми нэдгъэсыныр тфIэи-гъуэщ. КъБР-м хыхьэ Нартан къуажэм щыщ щIалэр Мысы-рым ислъам диным щыхуеджэну ягъэкIуауэ щытахэм язщ. Хэкум къызэригъэзэжу, Iэуес и гъащIэри и гуащIэри триухуауэ щытащ а зэманым ди щIыпIэхэм щыгъуэтыгъуей дыдэу щыта, диным и тегъэ-щIапIэхэр гунэсу къыбгу-рызыгъауэ тхылъхэр къыди-гъэкIыным. Фейдэшхуэ къыхуи-мыхь пэтми, щIалэм зыхуейр ищIэжырти, дэтхэнэ зыми тыншу къыхуэщэхун тхылъ куэд, муслъымэн диным ухигъэгъуазэу, уеблэмэ нэгъуэщI щIыпIэ щумыгъуэтын купщIэ иIэу къыдигъэкIауэ щытащ, а Iуэхум иджыри пэрыкIакъым. Ауэрэ Тхьэкъуахъуэм зритащ адыгэ тхыдэр къызытещ хьэпшыпхэр зэхуэхьэсыжыным, лъэпкъым игъэлъапIэ махуэшхуэхэм ири-хьэлIэу, дамыгъэщIэхэр къыдэ-гъэкIыным. Интернет хъыба-регъащIэхэм бгъэхэIу щIэщы-гъуэхэр, лъэпкъым къахэжаныкIа цIыхушхуэхэм я сурэтхэр къы-зытещ письмоулъэхэр, маркэхэр зыгуэркIэ щыфлъагъумэ, а псори Iэуес и тэмакъкIыхьагъым кърихьэлIа «щэнхабзэ гъавэу» зэрыщытым шэч къытевмыхьэ.

Хъыбарыр щIетшэжьа щхьэусыгъуэм къэдгъэзэжынщи, Тхьэкъуахъуэ Iэуес мыгъэрей еджакIуэхэм аргуэру жэр-дэмыщIэкIэ яхуэупсащ. ЩIалэм игъэхьэзыращ Адыгэ ныпымрэ Адыгэбзэмрэ я махуэхэм ятеухуа тетрадыщIэхэр. ЗэкIэ къытIэрыхьахэр лIэужьыгъуиплIу зэщхьэщокI: нэхъ Iувыр и теплъэкIэ удзыфэщ, напэу 36-рэ мэхъу, нэхъ пIащIэр – удзыфэ сырыхущ, напэ I2 мэхъу. Ипэрейм и напэхэр «линэшхуэщ», бзэр щадж предметхэм нэхъ хуэщIащ. Абы и щIыIур егъэ-щIэращIэ «Гъатхэпэм и I4-р Адыгэбзэм и махуэщ» псалъэхэр зи къэухь дамыгъэ гуакIуэм, щхъуэкIэплъыкIэу къэщыпа адыгэ хьэрфхэр къызытещым. Мыр адыгэбзэм е литературэм и закъуэ хухэпхыныр нэхъ къе-зэгъыу щытмэ, тетрадь пIащIэхэр лIэужьыгъуитI мэхъу: «линэшхуэ-хэм» я щIыбагъми зи гугъу тщIа адыгэ тхыпкъылъэр тетщ. Есэпым хуэщIа «тетрадь клеткэ-хэм», нэгъуэщIу жыпIэмэ, зи напэхэм итхъахэр зэбгъузэнатIэу щызэпрышам, иджыри лIэужьыгъуитIу загуэшыж: зыр арифметикэм, бжыным хуэ-щIащи, и щIыбагъым «зэрагъэ-багъуэ пщалъэр», «таблица умножения» жыхуэтIэр тетщ, есэп нагъыщэхэр кIэщIэтхауэ. Адрейр геометрием хуэщIащ, и щIыбагъым «геометрие дамыгъэхэр» тетщ: хъурей, зэбгъузэнатIэ, плIимэ, щимэ. А тетрадым и гупэ жинтым и щIыIум шабзэ гъуэжьищ щызэ-прышащ, адрей псомкIи къэра-лым къыдигъэкI тетрадхэм ещхьщ. Лейуэ гур зыIэт нэщэнэщ тетрадь Iувым и щIыбагъым тегъэуа Къагъырмэс Борис и усэхэр:

Си бзэ дахэу адыгэбзэ, Си бзэ щабэу адыгэбзэ, Узигъусэщ жэщи махуи, ГущIагъщIэлъу си анэм и бзэ.

Тхьэкъуахъуэ Iэуес адыгэ щэнхабзэм пщIэуэ хуищIыр зыхуэдизыр махуэ щIагъуэ къэмынэу утыку кърихьэ тхылъхэми уи фIэщ ящI. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ еджакIуэхэм я мызакъуэу, мыгъэрей тетрадыщIэхэм дэнэ щыIэ адыгэ сабийхэри балигъхэри зэращыгуфIыкIынум шэч хэлъкъым. ЧЭРИМ Марианнэ.