Top.Mail.Ru

«Псалъалъэр зы щIэныгъэ лъагапIэ пыухыкIам тегъэпсыхьащ»

Image description

Тырку бзэщIэныгъэ институтым (TDK) ипэкIэ къыдигъэкIауэ щыта курдыбзэ, зазаибзэ, босниибзэ псалъалъэхэм яужь иту адыгэбзэ псалъалъэри къыхигъэхъуащ.

Институтым къыдигъэкIа псалъалъэм и гугъу «Жьынэпс» газетым къыхуищIащ Истамбыл Окан университетым урысыбзэ зэдзэкIынымкIэ и кафедрэм и унафэщI, егъэджакIуэ нэхъыжь, доктор Топчу (ПIапIшу) Мурат.

— Кавказым теухуа къэхутэныгъэ куэд уиIэщ, уи статьяхэмрэ зэдзэ-кIыныгъэхэмрэ къытрадзэ. Мис иджы Тырку бзэщIэныгъэ институтым «Адыгэбзэ-тыркубзэ, тыркубзэ-адыгэ-бзэ псалъалъэр» къыдигъэкIащ. Мыр зэрыбгъэхьэзыра хъуам укъытхутеп-сэлъыхьыфыну пIэрэ? Зэман дапщэ ихьа?

— Адыгэбзэ псалъалъэмкIэ лэжьыгъэр илъэс куэд хъуауэ йокIуэкI. 1980-хэм, урысыбзэ кафедрэм сыщеджэм щыгъуэ, букинист тыкуэн цIыкIухэм урысыбзэ-адыгэбзэ псалъалъэхэр къыщызгъуэтауэ щытащ. Компьютерхэр ди гъащIэм иджыри къыщыхэмыхьа зэманхэм пса-лъэхэр тхылъымпIэм тестхэурэ зэхуэс-хьэст. ИужькIэ компьютерым ислъхьэжащ, Iэмал зэрызгъуэткIэ хэзгъэхъуащ, икIи мыр лексикографие (псалъалъэ) лэжьыгъэ дыдэ хъууэ хуежьащ.

2020 гъ. щегъэжьауэ лазыбзэмрэ адыгэбзэмрэкIэ Евросоюзым и проектым яужь дитщ, абыкIэ ди лэжьэгъухэщ Лаз институтымрэ Истамбыл Кавказ культур хасэмрэ. Мы проектым къиубыдкIэрэ адыгэбзэм ехьэлIа къэхутэныгъэ куэд едгъэкIуэкIащ. Абы ящыщт псалъалъэ гъэхьэзырынри. 2021 гъэм и пэщIэдзэхэм Тырку бзэщIэныгъэ институтым адыгэбзэ псалъалъэ къыдигъэкIын хуей хъуащ. Мыр зи жэрдэмыр Лъэпкъ егъэджэ-ныгъэмкIэ министерствэм лэжьакIуэу щыта профессор Донмез Бурханеттинрэ КАФФЕД-ым и унафэщI гупымрэт. КАФФЕД хасащхьэр Тырку бзэщIэныгъэ институтым и унафэщIхэм япсэлъылIащ, сэри я зэхуэсым зэ срихьэлIащ. Псалъалъэ стилымрэ форматымрэ иту тхылъыр ягъэхьэзырыну хуейт.

ИужькIэ сэ сиIэ лэжьыгъэр зэрыхъукIэ къэзгъэхьэзыращ. Мураду сиIар студентхэр зэреджэн дэIэпыкъуэгъу Iэмалу згъэпсыныр арат. ЗэрытщIэщи, Дузджэ, Эрджиес университетхэм адыгэбзэмрэ культурэмкIэ кафедрэхэр щолажьэ, курыт еджапIэхэм факультативу, хасэхэм – курс щхьэхуэу адыгэбзэр щадж. Къэпщтапэмэ, B2 лъагапIэм, адыгэбзэ еджэ студентхэм я программэм хурикъун хуэдизщ, псалъэ 5000 хуэдиз итщ. Апхуэдэу щыт пэтми, адыгэбзэм и егъэджэныгъэ лъагапIэхэр убзыхуауэ зэрыщымытым къыхэкIкIэ псалъалъэм дэдгъэхьа псалъэ гуэрхэр «еджапIэ псалъалъэм» и мардэм, и гъунапкъэм щыщхьэпрыкI мэхъур. Зэману диIар зэрымащIэми мы Iуэхугъуэр къыхэкIащ.

Псалъалъэм лъабжьэ хуэсщIар Хэкум (Кавказым) официалу щызекIуэ тхыбзэр, литературэбзэр аращ. Псалъалъэм и IыхьитIри (адыгэбзэ-тыркубзэри тыркубзэ-адыгэбзэри) адыгэбзэм и псэлъэкIитIым (къэбэрдеибзэмрэ кIахэбзэмрэ) тету щхьэхуэу зэзгъэзэхуащ. Тыркубзэ транс-крипцэр хэзгъэхьакъым, мы лъагапIэм тету псалъалъэр къэзыгъэсэбэпынухэм алфавитыр ящIэн хуейуэ зэрыщытым папщIэ, къинэмыщIауэ абы псалъалъэр тIукIэ нэхъ Iув ищIынут.

Мыпхуэдэ псалъалъэ лIэужьыгъуэм диалектхэм я жыIэкIэхэр хагъэхьэу щыткъым, ауэ сэ мащIэу мы хабзэм себэкъуащ. «Къэбэрдеибзэ» Iыхьэм хэзгъэхьащ псыжь-инжыдж щIыпIэ псэлъэкIэхэм къагъэсэбэп псалъэ гуэрхэр. Псыжь-инжыдж псэлъэкIэхэр зыбжанэ мэхъу, ахэм иропсалъэ пасэрей Къэбэрдейм (е нобэрей Къэбэрдей-Балъкъэр

Республикэм) и щIыналъэм пэIэщIэу щыс къэбэрдейхэр, КIахэ щIыналъэм, Лабэ, Хуэдз, Инжыдж псыхъуэ щыпсэухэм. Сэ къызэрыс-щыхъумкIэ, мы псалъэхэр куэду гурыIуэгъуафIэ хъунущ, Тыркум ис адыгэхэм нэхъыбэу къызэрагъэсэбэпым папщIэ.

2021 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм пса-лъалъэм елэжьыныр сухри яхуезгъэхьащ. Хэплъэжыным, уасэ етыным, зэгъэзэ-хуэным зы илъэс ихьащ. 2022 гъэм и бэдзэуэгъуэм тхылъыр къыдэгъэкIыным щIэнхасэр аразы техъуэри, 2023 гъэм и бэдзэуэгъуэм традзащ.

Тырку бзэщIэныгъэ институтым езым и тхыгъэ хабзэхэр иIэжщ. Дэ, тхылъ зытххэм, ахэм дыхэIэбэну Iэмал диIэ-къым. КъыжыIэпхъэщ Тырку бзэщIэныгъэ институтым и стилыр псоми зэдай лексикографие хабзэм мащIэу къызэ-рыщхьэщыкIыр. Псалъэм папщIэ, тыркубзэ псалъэхэр хьэрфышхуэкIэ ятхыр. Адыгэбзэ псалъэхэр хьэрф цIыкIукIэ зэрытхар дахэ хъуакъым икIи къемызэгъщ. Абы къыхэкIыу цIэ унейхэр, хьэрфышхуэкIэ ятх хабзэр, пхузэ-хэмыхужыну хэгъуэщахэщ.

— Псалъалъэр къыдэкIа нэужь «черкес» псалъэр «з» хьэрфкIэ (Сerkez) тха зэрыхъуам тепсэлъы-хьахэщ. Мыр Тырку бзэщIэныгъэ институтым и тхэкIэ стандартым тету къыщIэкIын, пэжкъэ?

—Мыри зы Iуэхугъуэ щхьэхуэ гуэрщ. Тхылъыр щезгъэхьам жинтым «Сerkesсe» (S хьэрфкIэ) тетхат. ЗэрахъуэкIыну яужь щихьэм, мыпхуэдэ дыдэу тхын зэрыхуейм теухуауэ тхыгъэ кIыхь дыщIызгъуащ, арщхьэкIэ къысхуадакъым. Сыту жыпIэмэ, Тырку бзэщIэныгъэ институтым езым и псалъалъэм «Сerkez» жоуэ итщ.

— ЗэрыжыпIэмкIэ, КАФФЕД-ымрэ Тырку бзэщIэныгъэ институтымрэ зэпсэлъахэщ. КАФФЕД-ыр сыт хуэдиз-кIэ мы проектым хэша хъуа?

— Тырку бзэщIэныгъэ институтым ипэкIи Тыркум ис лъэпкъхэм я бзэкIэ псалъалъэхэр къыдигъэкIауэ щытащ. Адыгэбзэ псалъалъэри, ипщэкIэ зэрыжысIащи, проф. Донмез Бурха-неттинрэ КАФФЕД хасащхьэмрэ я жэрдэм хэлъу Анкэрэ къыщыдэкIащ. Абы щыгъуэм хасащхьэм унафэщIу тетащ Шекерджи (Мамхэгъ) Илдыз. Абы зыкъысхуигъэза нэужь жесIащ псалъа-лъэм сызэрелэжьари, пIалъэ кIэщIкIэ тхылъу зэрызгъэхьэзырыфынури. КъыкIэлъыкIуэу КАФФЕД-ым техьа хасащхьэри Тырку бзэщIэныгъэ институтым епсэлъэныр зэпагъэуакъым. Псалъалъэр тедзэным щыхуагъэхьэзыру щыта зэманым къриубыдэу Институтым и унафэщIыр текIынути, тхылъым и щхьэ кърикIуэнум дытегузэвыхьт. Сыту жыпIэмэ, Тыркум и политикэ щытыкIэр напIэзыпIэм зэрихъуэкIыныр хэлъщ. Ди насыпу лэжьыгъэ ирагъэжьар и кIэм нэса хъуащ.

— Тырку бзэщIэныгъэ институтым псалъалъэр экземпляр мин хъууэ тригъэдзащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ псалъалъэр Кавказым къыщы-дэвгъэкIын гухэлъ фиIэ, е Кавказым папщIэ мыбы ещхьу тхылъ вгъэ-хьэзырыну пIэрэ?

— Апхуэдэ мурад щыIэкъым. ПсалъалъэмкIэ авторей хьэкъыр Тырку бзэщIэныгъэ институтым IэщIэлъщ, Кавказым къыщыдэбгъэкIын папщIэ ар зыIэрыбгъэхьэн хуейщ. Тыркубзэр зи гуэгъу адыгэбзэ псалъалъэм мылъку хэхыпIэу узэрыщыгугъын хэлъкъым. Тыркум икIыу Кавказым зыгъэзэжа адыгэхэм ягу ирихьынкIэ хъун, абы къинэмыщIауэ – академик нэрыбгэ бжыгъэ гуэрым. Шэч хэмылъу, мы къыдэкIа псалъалъэм щыщ Хэкум нэсынщ.

— Псалъалъэр диджитал (цифрэ) формату къыдэкIыну?

— Языныкъуэ тхылътедзапIэхэм тхылъхэм я диджитал (цифрэ) версиехэри ящэ. Тырку бзэщIэныгъэ институтым апхуэдэ политикэ иIэми сщIэкъым. Я сайтым зэритлъагъуэмкIэ, иIэкъым. ЗэрыжысIащи, проектым къриубыдэу псалъалъэм и аудиоверсиер ди сайтым худогъэхьэзыр. Шэч хэмылъу, адыгэбзэ лексикэр макъкIэ требгъашэу ибгъэ-хьэным зэман текIуэдэнущ. Онлайн-псалъалъэр хьэзыр хъумэ, ар ирокъур. Си тхылъэщым илъэс бжыгъэкIэ сызэмыIуса псалъалъэ бжыгъэ хэлъщ, ар икIи Iэмалыншэу щыткъым, сыту жыпIэмэ, псори интернетым щыдогъуэт.

— Тырку бзэщIэныгъэ институтым мыр япэу къыдигъэкI адыгэбзэ псалъалъэ?

— Тыркум адыгэбзэ псалъалъэхэр щыIэщ, ауэ Тырку бзэщIэныгъэ институтым къыдигъэкIауэ мыр япэрейщ. Мыр 2000 гъэм ипэ къытрадзауэ щытамэ, сепаратизм щхьэусыгъуэкIэ жэуаплыкъым срашэлIэнри хэлът. Тыркум ис лъэпкъхэм я бзэкIэ институтым псалъалъэхэр къыдигъэкI зэрыхъуар мыхьэнэшхуэ зиIэ зэхъуэкIыныгъэщ. Ипэрей политикэм и зэранкIэ нобэр къыздэсым тыркубзэм къинэмыщIа нэгъуэщIыбзэхэмкIэ уэрамым ущыпсэ-лъэныр, щIэныгъэ зэбгъэгъуэтыныр цIыху куэдым шынагъуэу къащохъу. Тырку бзэщIэныгъэ институтым мы псалъалъэр къызэрыдигъэкIам ипэрапщIэкIэ символик мыхьэнэ иIэщ. Къэралым ис цIыхуу хъуам нэрылъагъу ящещI бзэм хьэкъыу хуитыныгъэ зэриIэр. ------------------------------------------ НапэкIуэцI 692 хъу псалъалъэ д-р ПIапIшу Мурат (Топчу) игъэхьэзырам я гуащIэ халъхьащ: проф. д-р Безрокъуэ Бурханеттин (Донмез), проф. д-р Надир Илхьэн, д-р Пащты Мадинэ, проф. д-р Унэрокъуэ Рае. ------------------------------------------ Аканда ТАШТЕКИН ЗэдзэкIар ПАЩТЫ Мадинэ.