Top.Mail.Ru

Анэдэлъхубзэр фIыуэ ирагъэлъагъу

Image description

Иджыри цIыкIу щIыкIэ лъэпкъыбзэм гулъытэ хэха хурагъэщIу алибэрдыкъуэдэсхэм къуажэ щIэблэр къагъэтэдж. Абы щыхьэт тохъуэ лъэпкъыбзэр хъумэным, хабзэхэр сабийхэм ягъэцIыхуным хуэгъэзауэ сабий IыгъыпIэхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэ уасэншэр.

Апхуэдэщи, Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэт «Вагъуэ» сабий IыгъыпIэм щаIыгъ нану цIыкIухэм фIы дыдэу ящIэ лъэпкъыб­зэм и мыхьэнэр, абы хэлъ къарум зэпеуэу къытопсэлъыхь, усэхэр, уэрэдхэр, жыIэгъуэхэр, псынщIэрыпсалъэхэр, таурыхъхэр жаIэ, гукъыдэж ин ябгъэ­дэлъу теплъэгъуэ зэхуэмыдэхэр ягъэув.

— Адыгэбзэр бгъэлъэпIэн, бгъэбэ­гъуэн, бгъэбзэрэбзэн папщIэ, уадыгэ нэсу, адыгагъэ пхэлъу, адыгэлъ пщIэту ущытын хуейщ. Дэтхэнэ зы лъэпкъми бзэр зыIэщIэдгъэкI, IэщIыб тщIы хъунукъым. Ди бзэр фIыуэ тщIэуэ, бзэм зедгъэужьыну дэрэжэгъуэ худиIэу сыт щыгъуи дыщытын хуейщ. Ди деж къе­кIуа­лIэ сабийхэм адыгэбзэкIэ дазэрепсэ­лъэным и ужь дитщ. Адыгэбзэр нэхъри нэхъ фIыуэ ялъагъунымкIэ, ар IэщIыб пщIы зэрымыхъунур къагурыдгъэIуэнымкIэ зэхыхьэ бжанэ идогъэкIуэкI. Къыхыдошэ мы лэжьыгъэм анэ-адэхэри, — къыддогуашэ нану цIыкIухэм я гъэсакIуэ Пхъэш Аидэ.

Сабий IыгъыпIэм дыщеблэгъа махуэм зэхаша теплъэгъуэри удэзыхьэхт, гъэсакIуэм жиIар зыгъэщыпкъэт. «Морячок» зи фIэщыгъэцIэ гупыр щыхьэщIэт «Адыгэ пщIантIэ» зи фIэщыгъэцIэ лъэпкъ музейм. Абдежым нанухэр нэIуасэ хуа­щIащ адыгэм и блэкIамрэ и псэукIэу щытамрэ. Езы цIыкIухэми адыгэ фащэхэр ящыгъыу, гушхуэу я лъэпкъым и тхыдэм яфIэгъэщIэгъуэну щIэдэIуащ, музейм щахъумэ хьэпшыпхэр зэрагъэзэхуэжащ, зищIысым щIэупщIахэри къахэкIащ.

— ЩIэблэм я анэдэлъхубзэр яIурылъу къэдгъэхъуныр ди къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм, ди Iуэху пажэхэм ящыщу солъытэ. Абы ипкъ иту нанухэм ядедгъэкIуэкI лэжьыгъэр зэи зэпыукъым. Арыншэуи хъунукъым. Ди лъэпкъыр дунейм къытенэну, адыгэбзэр тхъумэну дыхуеймэ, ини цIыкIуи дызэкъуэту абы делэжьын хуейщ, — къыджеIэ сабий IыгъыпIэм и гъэсакIуэ, и логопед Тхьэ­кIумашэ Еленэ.

ЕЗАУЭ Людмилэ