Top.Mail.Ru

«ЦIыкIураш»-р лъэ тоувэ

Image description

Къэрэшей-Черкес Республикэм и къалащхьэм — Черкесск къалэм гуфIэгъуэшхуэкIэ гъэнщIауэ зи лъэтеувэ иджы дыдэ щащIа, лъэпкъыбзэхэмкIэ: адыгэбзэмкIэ, нэгъуеибзэмкIэ, къэрэшеибзэмкIэ къыдэкIа тхылъхэр зэрапхъуащ егъэджакIуэхэми, сабий IыгъыпIэхэм щылажьэ гъэсакIуэхэми, тхылъеджэхэми.

Тхылъхэр къыдэкIащ КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымрэкIэ Министерствэм и жэрдэмкIэ. А мурадыфIыр къыдаIыгъащ КъЧР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и Министерствэмрэ егъэджакIуэхэм я IэпщIэлъапщIагъым здыхагъахъуэ Къэрэшей-Черкес институтымрэ.

Мы проектыр зыхуэгъэпсар анэдэлъхубзэхэм, абыхэм я тхыдэмрэ и нобэмрэ сэтей щIыныр, лъэпкъыбзэ творчествэм дихьэхыу къыдэкIуэтей щIэблэм гъэсэныгъэ нэс ябгъэдэлъхьэн­ращ. Лъэтеувэ пшыхьыр къызэIуих­кIэрэ КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымрэкIэ и министр Кумуков Альберт игъэбелджылащ хэгъуэгум щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр къызэтегъэнэным дапщэщи гулъытэ ин зэригъуэтыр.

— Илъэс къэс лъэпкъыбзэхэмкIэ тхылъ зыбжанэ къызэрыдэдгъэкIыным дыпылъщ, курыт еджапIэхэм, сабий IыгъыпIэхэм дащхьэпэныр ди мурад пажэу. Абы ехьэлIауи тхузэфIэкIыр ма­щIэкъым.

Мис, ди лэжьэгъухэм — щIэныгъэ интеллигенцэм, егъэджа­кIуэхэм, журналист цIэрыIуэхэм я фIыщIэкIэ, адыгэбзэкIэ, нэгъуе­ибзэкIэ, къэрэшеибзэкIэ тхылъ телъыджэхэр дгъэхьэзырри, са­бий IыгъыпIэхэм кIуэ цIыкIу­хэм, пэщIэдзэ классхэм ще­джэхэм къахудэдгъэкIащ. Бзи­щым­кIэ къыдэкIа тхылъхэр зэхэту мин 3300-рэ мэхъу. Ахэр яIэрыдогъэхьэ ди респуб­ликэм ит курыт еджапIэхэмрэ район библиотекэхэмрэ, сабий IыгъыпIэхэм щылажьэхэм. Ди мурадщ абазэбзэкIи апхуэдэ тхылъ дунейм къытедгъэхьэну, — къыхигъэщащ апщыгъуэм министрым.

ЗэрыжытIауэ, мы махуэм утыку кърахьа, нану цIыкIухэм яхуэгъэза тхылъыщIэхэм ящыщщ ди лъэпкъыр зыщыгуфIыкIыпа, адыгэбзэкIэ дунейм къытехьа «ЦIыкIураш»-ри. Ар зи Iэдакъэ къыщIэкIар Арэшыкъуэ Р. и цIэр зезыхьэу Хьэбэз къуажэм дэт курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ щезыгъаджэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ, адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ езыгъаджэхэм я хэгъуэгу Хасэм и унафэщI, Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ пщIэ зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Расьятрэ КъБР-м щыщ Псы­гуэнсу къуажэм дэт курыт еджа­пIэм адыгэбзэмрэ анэдэлъху­бзэмрэ щезыгъаджэ Дзыгъур Люсенэрэщ.

— Нэхъ цIыкIу дыдэхэм папщIэ ягъэхьэзыра «ЦIыкIураш» тхылъыр яхуэгъэзащ егъэджакIуэ­хэм, сабий гъэсапIэхэм, курыт еджапIэхэм деж ныбжьыщIэхэр пэщIэдзэ классхэм здыхуагъэ­хьэзыр гупхэм, быным дэлэжьэну гукъыдэж зиIэ адэ-анэхэм.

ЗэрагъэцIыху макъ къэс яхузэпкърихыу тхылъым къыщыхьащ а макъымкIэ къыщIидзэ сурэтхэр, усэхэр е ар зыхэт псынщІэрыпсалъэхэр, псалъэжьхэр, къуажэхьхэр.

Тхылъыр къэзыгъэсэбэпхэм мыбдеж къыщагъуэтынущ джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ удэзы­хьэххэр, гъэщIэгъуэнхэр, адыгэ хабзэм щыщ гъэсэныгъэ Iэмалхэр. ИкIи, ар зи IэдакъэщIэкIхэр мэгугъэ мыбдеж къыщыхьа лэжьыгъэхэр ягъэзащIэкIэрэ цIыкIухэр еджэныгъэм нэхъ тыншу хэша хъуну, я бзэр хъума хъуну, нэхъри зиужьыну, ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэхъуэну, — тхылъыщIэм и мыхьэнэм хуэгъэзауэ къыддэгуэшащ КъЧР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий.

— ЖысIэнщи, тхылъыр гъэ­хьэзырыным: зэхэгъэувэным, щIэплъыкIыным мазихым нэхърэ нэхъыбэкIэ делэжьащ. «ЦIыкIураш»-р къэгъэщIэным лъабжьэ хуэхъуар, ар къыздежьар Хьэбэз муниципальнэ район администрацэм и унафэщI Жу Тимур дежщ. Абы сриджэри къызжиIащ Къэрэшей-Черкес Республикэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ и Министерствэм гран проект — программэ зэрыщыIэр. «Дыхэвгъэхьэ а программэм, ди бзэр хъума хъунымкIэ сэбэп къэтхьыфынущ, ди щIэблэ нэхъ цIыкIу дыдэхэм зэрыдэлэжьэн тхылъ дывгъэгъэ­хьэзыр» жери, а лэжьыгъэр си пщэ кърилъхьауэ щытащ. Аращ зэрезгъэжьа хъуар.

Мы къыдэкIыгъуэм зи гупсысэ, зи къару хэзылъхьа дэтхэнэми фIыщIэшхуэ яхузощI. Къыддэ­хъуар зылъытэнур тхылъыр зы­Iэрыхьэнухэращ. Ауэ, дэ тлъэкI къэдгъэнакъым «ЦIыкIураш»-р сабийми, балигъми фIы, гъэщIэгъуэн щыдгъэхъунымкIэ, — жиIащ тхылъым и авторхэм ящыщ Шэрджэс Расьят.

— Мыпхуэдэ тхылъ къыдэдгъэкIыну лъэкIыныгъэ зэрыдгъуэ­тар уасэншэщ. Анэдэлъхубзэр къызэтегъэнэн, егъэфIэкIуэн, щIэблэм тыншу бгъэдэтлъхьэн и лъэныкъуэкIэ дэ долъагъу хэт сыт хуэдэ зэфIэкI иIэми. Таучэл щIыгъуафIэкъым мыпхуэдэ Iуэхум иужь уихьэну, абы жэуаплыгъэу пылъыр инщи.

«ЦIыкIураш» тхылъыр жэщ-жей ямыIэу, я псэ халъхьэу мазэ бжыгъэкIэ зэрагъэхьэзырар си нэгу щIэтащ. СрогуфIэ дызэрыгугъам нэхърэ нэхъыфIыжу дахэу, купщIафIэу ар зыщIахэм къазэрехъулIам.

ЖысIэнщи, тхылъым и зы автор Шэрджэс Расьят нобэ игъэлажьэ этно-классым хуэдэ нэгъуэщI адыгэ къуажэхэми къыщызэIутхын ди мурадщ. Ахэр IэмэпсымэфI тхуэхъунущ лъэпкъыр и бзэр, и анэдэлъхубзэр къызэтегъэнэнымкIэ, — къыщIегъуж ди хэгъуэгум и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий.

ЩIыдгъужынщи, мы тхылъ цIыкIур, шэчыншэу, зыхуэгъэзар еджэн щIэзымыдза нанухэращи, тхылъыр я Iэпэгъу хъуа нэужь, абыхэм я бзэм тыншу зрагъэ­утIыпщынущ, зрагъэужьыну лъэ­кIыныгъэ ягъуэтынущ. Езыр алыфбей зэкIэлъыкIуэкIэм тету гъэпсащ, и теплъэкIи сабийр зэуэ дэзыхьэхщ. Абы щибгъуэтэнущ адыгэ лъэпкъым и хабзэхэр, IуэрыIуатэр, къуажэхьхэр, псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ. Ахэракъэ лъэпкъыбзэр хъумэным лъабжьэ хуэхъур, сабийр абы дезыгъэхьэхыр.

АБЫКЪУ Къамырзэ.