ЛIыщIыгъуэхэмя зэблэкIыпIэм

ЛIыщIыгъуэхэмя зэблэкIыпIэм | Адыгэ макъ

УФ-м и тхакIуэхэмрэ и журналистхэмрэ я Союзхэм хэт, адыгэм къытхэкIа усакIуэ, журналист ныбжьыщIэ Чэнджэщауэ Артур иджыблагъэ къыдигъэкIащ урысыбзэкIи адыгэбзэкIи итха усэхэр здызэхуэхьэса тхылъыщIэ, «На стыке веков» и цIэу. Ар ди щхьэусыгъуэу, литературэм и кIыщым мычэму щылъащэ ди лъэпкъэгъум дыдэпсэлъащ и усэбзэм, и Iуэху еплъыкIэхэм, и мурадхэм ятеухуауэ.

— Артур, ди гуапэщ усэ тхылъыщIэ къызэрыдэб­гъэ­кIар. И гугъу къытхуэщI абы итым, узэрелэ­жьам…— Курыт еджапIэм сыщыщIэ­сам къыщыщIэдзауэ стхам сыхэплъэжри, нэхъыфIу къызэхъулIауэ, цIыхухэм я пащхьэ иплъхьэнкIэ хуэфащэу къэслъы­тэу сиIэ усэхэр, япэу дунейм къытехьа «Шёпот предков», «Перо и кинжал» тхылъхэм ихуа куэд згъэкIуащ «На стыке веков» тхылъым. Ар гъэхьэзырынымрэ къыдэгъэкIынымрэ зи пщэ дэлъар Къэрэшей-Черкес тхылъ тедзапIэращи, фIыщIэгуа­пэ хузощI абы зи гуащIэ хэзылъхьа дэтхэнэ зыми.— Инэхъыбэм уэ ухуоусэ лъагъуныгъэм, философием, граждан лирикэм, Кавказым, адыгэ лъэпкъым. Жанр и лъэныкъуэкIэ къап­­щтэмэ, сыт хуэдэ лъэныкъуэхэра уэ нобэ нэхъ узыхуэушэр, удэзыхьэхыр?— Лъагъуныгъэм, цIыхуитIым яку къыдэхъуэ зэхущытыкIэ дахэм ущигъатхэр, сэ сызэреплъымкIэ, еджакIуэу е студенту ущыщыт лъэхъэнэхэращ. Усэн щIэзыдзам япэ лъэбакъуэ щичри апщыгъуэращ. Ауэ сэ адыгэ Iуэхум гукIэ сыкърихуэкIт сыт щыгъуи икIи мащIэкъым абы сызэрытетхыхьар. Ди лъэпкъым и гурыгъу-гурыщIэхэм саблэ­п­лъы­кIыу, ахэр къысфIэмыIуэхуу аракъым иджыпстуи, атIэ, гъащIэм хузиIэ еплъыкIэм тIэкIу зихъуэжауэ, си усэбзэм зиубгъуауэ къысщохъу.— ЦIыхум и щыIэкIэ-псэу­кIэр философие щIыкIэу тхылъымпIэм къыщыгъэлъэгъуэным утезыгъэгу­шхуэр дэра: тхылъхэр щIэджыкIынра, хьэмэрэ иджырей нэтын зэмылIэу­жьыгъуэхэм еплъынра? Сыт уи къалэмым «гъуэмылэ» хуэхъур?— СызэрыцIыкIу лъандэрэ дунейпсо тхыдэр нэIуасэ къэсщIыну сфIэфIщ, псом хуэмыдэу XX лIыщIыгъуэм и щIыб къыдэ­нар. Абы къинэмыщIыжу, сыкIэ­лъоплъ политикэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэми, къэралхэм, лъэпкъхэм унафэу къахьми, цIыхуцIэ зиIэр зэрызэдэпсэуми. А къомым, дауи, еуэ къэс уи нэIэ щытеткIэ, ущегупсыскIэ, Iэмал иIэкъым уи творческэ къэухьыр мыбеинкIэ. Узыхыхьэм я гукъеуэ, я дуней еплъыкIэ щызэхэпхкIэ, узыгъэбампIэу къепхьэкI гупсысэхэр абы хо­зэрыхьыжри, умыусэмэ мы­хъуу зы щытыкIэ лъагэ гуэ­рым уоувэ. УщытхэкIэ, уигу къэбгъэ­кIым, уи нэгу къыщIэбгъыхьэм укърахуэкIыу укъанэ хъунукъым, нэхъри псэкIэ гугъу уемыхьын папщIэ. Уи гупсысэр, уэгум ихьа бзум нэхъей, тхылъымпIэм ­хуиту тептхэу, бутIыпщыжын хуейщ. Сэ усэныр си гум телъ бампIэр зэрызгъэткIу хэкIыпIэщ.— ИтIани, плъагъурэ зэрыщытыр, уэ нэхъыбэу узэ­рытхэр урысыбзэщи, ди ­къэралым лъэпкъыу исыр уи къалэмым къыщIэкIам йоджэф. Уэ уи еплъыкIэм­рэ дунейм къыщыхъумрэ зэппхыу ущытхэм деж, ­зыгуэрым и жагъуэ пщIы зэрымыхъунури, уи усэхэмкIэ зыр дэбгъэуеину, адрейр ебудыхыну узэрыпымылъри зэпыболъыт. Узыщыщ адыгэ лъэпкъым и фIагъыр усэбзэ дахэкIэ пхуапэурэ ди пащхьэ къыболъхьэ, ауэ нэгъуэщI лъэпкъхэми уаблэкI­къым, абыхэми шэрыуэу ­уатотхыхь, я дахэр хэIущIыIу бощI. Сэ си фIэщ мэхъу, Чэнджэщауэ Артур и хъэтI курыхым къинэмыщIауэ, интернационалисту зэрыщытым лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я фIылъагъуныгъэр абы къыхуихьауэ.— Егъэлеяуэ жэуаплыгъэ ин зыпылъщ лъэпкъхэм дяку дэлъ зэхущытыкIэ гуапэр хъумэныр. Иужьрей илъэсипщIыр къэсщтэнщи, си гупсысэкIэм къыпхуэмыцIыхужыну зихъуэжауэ къысщохъу. Ар щIыжысIэр, сэ Тхьэр къысхуэупсэри форум куэдым сыхэтащ усакIуэхэм, журналистхэм сащIыгъуу, абыхэм нэIуаси ныбжьэгъуи къыщысщIащ димылъэпкъэгъу куэд, псалъэм и хьэтыркIэ, хамэ къэралхэм щыщу. АтIэ, цIыхуфI къыщыпхуэ­зэкIэ, уеплъкъым ар зрипсалъэ бзэм, и фэм и плъыфэм, дину зэрихьэм е къыздикIа щIыпIэм. Сэ мащIэкъым цIыхуфIуи цIыху Iейуи сызрихьэлIар. Хьэкъ сщыхъуар пщIэрэ? Жагъуэу укъэ­зылъагъум, джэдыкIэм цы къыхэзыхыну сыт щыгъуи пы­лъым ауи къыгурыIуэнукъым зигу Iей илъ цIыхухэм къанэмыщIа, ­лъэпкъ икIэ зэрыщымыIэр. Хамэ къэрал зыбжанэм сыщыIати, уи фIэщ зэрыхъунщи, адрыщI щыпсэухэм кавказ лъэпкъхэр хэтми нэгъэсауэ къыбжаIэфынукъым, къытщыгъуазэкъыми. Инэхъыбэм Кавказыр къызэращIэр спортсмен Нурмагомедов Хьэбиб и хэкуущ. Сэ адыгэм и бзэр, и щэнхабзэр, и тхыдэр къезгъэлын, схъумэн щхьэкIэ сымыщIэни сымылэжьыни щыIэкъым. Дэ ди беягъыр зыхуэдэр дощIэж, ар дгъэлъагъуэу, дгъэбагъуэу дыпсэумэ, зыми зэран къыдихыфынукъым. Сэ сыхуейщ Кавказым ис лъэпкъ цIыкIухэр зэзэгъыу, зэмыфы­гъуэу, зэрымыгъэлъэпэрэпэжу псэуну. Аращи, усэ щыстхкIэ, ди лъэпкъыр зыпэсщIын щымыIэми, згъэнэхъапэр — цIыхугъэращ, зэгъунэгъухэм яIэн хуей зэныбжьэгъугъэращ!— Адыгэм и фэм дэкIар, зауэу пэщIэкIар зэи тщыгъу­пщэнукъым. Тхьэм и фIыщIэкIэ ди лъэпкъым и ­куэдщ и блэкIами, и нобэми, и къэкIуэнуми хуэпсэуну, хуэлэжьэну хьэзыр нэ­рыбгэхэр. Кавказым и адрей щIыдэлъху лъэпкъхэр къэдмыщтэу, дэ зыкъэт­щтэжынщи щапхъэу, дауэ уеплърэ, Артур, апхуэдэ тхыдэ бей, дахэ, мымаш­Iэуи гууз зиIэ дэ, дызэры­лъэпкъыжь дыдэр лъыкIэ зыхэтщIэу зэрыщытрауэ пIэрэ языныкъуэхэм деж пэгэныр къыщIыттекIуэр?— Кавказым и дэтхэнэ лъэп­къ­ми а пэгэныр хэлъщ, ауэ ар псоми тIэкIу ягъэмэщIащ, якIэ­рыхуащ. Ди тхыдэм ухэплъэж­мэ, «зыдгъэзыгуэрыну» дыщыпылъа, ди джабэр дэрдэру щы­щIэтхужа зэмани щыIащ. Упэгэн хуейщ цIыхухъу хьэл-щэн лъапIэ­хэр, напэр, унагъуэр щыпхъумэкIэ. Ауэ ауи згъэтэрэзкъым бжыхькIэ узыпылъ нэгъуэщI лъэпкъхэм напщIэхэшу уапыкъуэкIыныр. Зы гъэщIэгъуэн вжесIэжынщ. «Кавказцы, отрекитесь от гордыни» жыхуиIэ усэр щыстхам, куэдым ягу ирихьатэкъым. Ин­тернеткIэ мыарэзыуэ къыст­хуатхт «гордыня»-мрэ «гор­дость»-мрэ зэрызэщхьэщыкIым емыгупсысу, кавказ цIыхухэм лIыгъэрэ гушхуэрэ якIуэцIылъ мыхъуну згъэувауэ жаIэу. Сытми, си къыхуеджэныгъэр янэзмыхьэсыфауэ къыщIэкIащ. Си усэмкIэ сэ къэзгъэлъагъуэну сызыхуеяр лъэпкъзэхэгъэж пщIы­ным, убэлыхьыжь гуэру ущыту еуэ къэс жыпIэным фIы къызэримыхьынурат.— Иджыблагъэ къыдэб­гъэкIа «На стыке веков» тхылъым и фIэщыгъэцIэр шэрыуэу къыхэпхащ. Сыт абыкIэ кърибгъэлъэгъуар?— Япэрауэ, cэ сыкъыщыхъуа лъэхъэнэр XX лIыщIыгъуэм и кIэхэращ, балигъ сыхъуауэ сыщыпсэур XXI лIыщIыгъуэращ. Ди лъэпкъыр, сыт хуэдэ зауэ-­банэ хэмытами, и щэнхабзэмрэ и шыфэлIыфэмрэ имыгъэкIуэду илъэсищэхэм я зэблэкIыпIэм зэрызыдигъэкIуфар и купщIэ нэхъыщхьэу солъытэ тхылъым фIэсщам. Къэзэнокъуэ Жэбагъы ауэ сытми жиIакъым: «Зэманым декIур лIыфIщ» жэуэ. Адыгэм зы гъэунэхуныгъэми щыщта­къым, ар щIэм дэбакъуэу мэ­псэу, йофIакIуэ. ИтIани, езы тхылъым ихуа усэхэри теухуауэ щытщ илъэсищэ зауэжьымрэ иджырей адыгэхэм я щыIэкIэмрэ. Абыхэми ягъэнаIуэ фIэщыгъэцIэм и къалэныр.— Усэным къинэмыщIауэ, уэ икIи ууэрэдусщ. Усэрэ уэрэдрэ тхыным, абыхэм фIагъыу хэплъхьэм зэхуэмыдэныгъэ иIэ уэркIэ?— Тхэн щыщIэздза къудейм, апхуэдэу схузэхэхтэкъым тIури, сытхэти сытхэт. Ауэ иджыпсту зэхэзгъэкIащ: усэр — усэщ, уэрэдыр — уэрэдщ. Дэтхэнэми езым и дуней иIэжын хуейщ. Сэ уэрэд сэзыгъэтх артистхэм я дежкIэ псалъэхэр мыхьэлъэу, гум къинэжыгъуафIэу, щIэщыгъуэу щытмэ аращ. Усэм и Iуэхур нэгъуэщIщ, абы нэхъ куууэ убгъэдохьэ, псалъэ, сатыр къэс псэкIэ богъэв.— Уэ илъэсипщIым щIи­гъукIэ «Архыз 24» телеканалым ущылэжьащ, зытIэ­кIу щIащ журналистикэм укъызэрыпэрыкIрэ. Сыт нобэ уи гуащIэ зыхуэбгъэтIылъыр?— Мы зэманым «Petrucho» студием щылажьэ си ныбжьэгъухэм сахыхьауэ уэрэд яхузотх, кино техынми сетащ. Сысценаристщ, кIэщIу жыпIэмэ. «Мой кавказкий блог» жыхуиIэ сериалыр къыдэдгъэкIащ, иджы нэмыщI догъэхьэзыр. СыщыцIыкIу лъандэрэ сыхъуапсэт киномрэ телевиденэмрэ сыхэтыну. Пэжыр жысIэнщи, усэ тхыныр си зэштегъэууэщ, губампIэдэхыущ къызэрыслъытэр. Сэ си IэщIагъэ нэхъыщхьэу сыбжыр сценаристращ. Тхьэм жиIэмэ, ищхьэ щIэныгъэ зэзгъэгъуэтыну сыпылъынущ абыкIи, адэкIэ си гъуэгур нэхъ зэIуха, нэхъ тынш хъун папщIэ.— Уи тхылъымкIэ дгъэзэжынщ. Абы адыгэбзэкIэ тха усэ зыбжанэ иту слъэгъуащ. Уэ псоми укъызэрацIыхуар урысыбзэкIэ тхэ усакIуэущ, ауэ уримыгуфIэ­ну щыткъым ди бзэмкIэ утхэн зэрыщIэбдзам. ТIэ­кIу къытхутепсэлъыхь а лъэныкъуэм…— ГъэщIэгъуэнщ, иужьрей илъэсхэм хуэдэу, япэм зэрымыщIэкIэ си щхьэм къилъадэу щытакъым адыгэбзэкIэ ухуа сатырхэр. ГурыIуэгъуэщ, Урысей Федерацэм и бзэ нэхъыщхьэр урысыбзэращ, абыкIэ лъэпкъ куэдым уагуроIуэф, уи гурыщIэхэмкIэ уадогуэшэф. Ар, къэралым и нэрыбгэу ущыту, уи гъащIэм хэмыкIынщ, ауэ, сыхуейщ иджы нэужь адыгэ­бзэкIэ нэхъыбэрэ сытхэну, абы нэхъ тескъузэну. Пьесэ тхынми хуэмурэ зызот. ИлъэситIкIэ узэIэбэкIыжмэ, абазэ театрым и режиссер Агъачэ Елдар си пьесэмкIэ спектакль игъэувауэ щытащ. Къыздэхъумэ, ди лъэпкъым хуэгъэзауэ гупсысэ гуэр­хэм сыкърахуэкIри, адыгэ те­атрми пьесэ хуэстхынущ.— Тхьэм уи гугъэ дахэхэр къыуигъэхъулIэ, ди лъэпкъым и пщIэр зыIэтын усэ куэд уи Iэдакъэ къыщIигъэкI, уиузэщI!Епсэлъар ЛЫХЬ Тимурщ.

Поделиться: ВКонтакте Telegram Одноклассники