Хэкумрэ хьэкумрэ я зэхуакум

Хэкумрэ хьэкумрэ я зэхуакум | Адыгэ макъ

«Си Къэбэрдей! Си Къэбэрдей!» — жиIэ зэпытт си анэшхуэм. Сэри «Си Нанэ апхуэдизу зыщIэбэг щIыналъэр, нэгъуэщI мыхъуми, зэ сыкIуэнщи слъагъунщ» жысIэри сыкъежьауэ щытащ. Алыхьым и шыкуркIэ, дыхущIегъуэжакъым».

Налшык щызэрахьэ шейдефэхэмкIэ зэхьэзэхуэ ирагъэкIуэкIамэ, мы псалъэ­хэмкIэ уэршэрыр езышэжьа Щомахуэ Сезгин япэ увыпIэр IэщIэкIыныр дзыхьщIыгъуэджэт.«Инарыкъуей къуажэм дыдэкIауэ щытащ, — жыжьэ къыщыщIедзэ абы и хъыбарыр. — Си къуажэми сыщыIащ, уеблэмэ си адэ къуэшым къызэрызжиIам тету, ди унэр здэщыта щIыпIэр зэзгъэлъэгъуащ. Ауэ къуажэр ипэм къуэладжэм дэсти, ищхьэм къыдрахьеящ. Зи гугъу ищIа унапIэри, псынэри, кхъэри – псори къэзгъуэтыжащ. Нэмыцэ зауэр иуха нэужь икIахэу аращ. Си Нанэ жиIэжырт: «Дэ ахъшэ-бохъшэ щхьэкIэ дыкъикIакъым Хэкум. Ди Iиманыр тхъумэн папщIэщ Тыркум дыкъыщIэкIуар. Ди чэтым щIэмыхуэу Iэщ диIащ, итIани, уи адэшхуэм зы сом къищтатэкъым, гъуэгу къыщытехьэм. Дыщэри, дыжьынри, ахъшэри кхъуэщыным итлъхьэщ, ди бжэIупэм Iут жыгым и лъабжьэм щIитIэри, дыкъе­жьауэ щытащ. ГъуэгупщIэ тхуэхъуну зы сом иIыгъакъым». И псалъэхэр трезгъэтхауэ щытащ дыщыщIалэ зэманым, ауэ тфIэкIуэ­дыжащ. Си Нанэ и хьэтырщ Къэбэрдейр слъагъуну сыкъызэрыкIуар. СыкъыщыкIуа гъэм мыувыIэу уэшх къешхырт, зы мазэкIэ дыгъэр слъэгъуакъым. «Мы Къэбэрдейм дэнэкIэ дыгъэр къыщыщыкъуэкIыр, сымылъэгъуауэ згъэзэжынукъым», — жыс­Iэрт. Мэлыжьыхь мазэти, ар зэрыщыту дыгъэншэу зэрекIуэкIар сигу къинащ. ДыкъэкIуащ, дыкIуэжащ, хуэмурэ зыгуэрым тедухуэри дыкъэнауэ, долажьэ».Налшык япэу фадэ щызэрамыхьэ шхапIэ къыщызэIузыхахэм язщ Сезгин. Нобэ къалащхьэм и хьэблэ зыбжанэм дэт «ЩIакхъуэ унэхэри», абыхэм щIэт мывэ хьэкухэри, езы шхын зехьэкIэ IэмалыщIэхэри Налшык щызэхэзыублар Щомахуэрщ. Гъэсэн хуэхъуахэм я бжыгъэр цIыху 500-м нэблэгъэнщ, дэтхэнэ зыри и ерыскъыр къызыхэкI IэнатIэ пэрыту.«Илъэс 15 ипэкIэ, фадэ здэщымыIэ шхапIэ къызэIусхынущ щыжысIам, псори къысщыдыхьэшхырт. «Сыт Iуэху уэ зепхуэр? Фадэ щIэмытмэ, хэт абы къыщIыхьэнур?» — жаIэу. Iэлхьэмдулиллахь. Ди гум илъ фIым гъуэгу игъуэтащ. Ди Iуэхум пыщIауэ дэри хабзэ дахэ гуэр лэжьыгъэм хэтлъхьэфамэ, хъарзынэщ. Тыркум щыпсэу си къуэшхэм пахлава къыщыщIагъэкI фабрикэ ягъэлажьэ. ИпэжыпIэкIэ, си фабрикэр си къуэшхэм къахуэзгъанэри сыкъэкIуэжауэ аращ сэ. Ауэ Хэкум ахъшэ къыщызлэжьынщ жысIэу сыкъэкIуэжакъым сэ. Сыщыпсэунущ сыкъызэрыкIуар».Сезгин сыпэплъэу, лэ­жьакIуэ бзылъхугъэхэм я зым сыдэуэршэрыху, шхапIэм и унафэщIым нэхъыщхьэу далъагъури къэсщIащ: «АпхуэдизкIэ псэ хьэлэлщи, мы кафери абы щIэту хъуари «къызэт» жыпIэмэ, «хьэуэ» хужы­Iэнукъым. Зыгуэ­рым ерыскъы уасэ хуримыкъу хъумэ, «ягъэ кIынкъым» жиIэу апхуэдэщ». ЦIыху хьэрэмыгъэншэхэм къащыщI хабзэращи, мы щIалэри яIууащ и мылъку хьэлэ­лым мурад бзаджэкIэ къытегушхуахэм. Ауэ фIэщхъуныгъэ куу зыбгъэдэлъ пщафIэ лъэрызехьэр лъэпощхьэпо щхьэкIэ къыпхуэвыIэнухэм ящыщкъым. IуэхуфIым гъуэгу ептыныр тынш дыдэу зэрыщымытыр зэхыуигъащIэ пэтми, нэхъыбэрэ зэхэпхыр «Iэлхьэмдулиллахьщ».«Сыт жысIэн? Ахъшэм псори тещIыхьакъым. Ар нобэ уиIэщ, пщэдей уимыIэнкIи хъунущ. Нобэ уимыIэмэ, пщэдей уиIэнкIи хъунущ, улажьэмэ, уузын­шэмэ. Алыхьым и шыкуркIэ, солажьэ, си Iуэхум хьэрэм хэслъхьэркъым. Сэ Хэкур фIыуэ зэрыслъагъум хуэдэу, си фIэщ хъуркъым иджыри зыгуэрым илъагъуу. Къэдлэжьыр тшхыжу, Къэбэрдейм дыщыпсэумэ, аращ дызыхуейр. Тыркуми хьэдэ щыдиIэщ. Уи хьэдэр пщыгъупщэу, мыбы сыкъэкIуэжыпащ жысIэмэ, пцIы хъунущ. Хуэмурэ…»Илъэс 11 фIэкIа мыхъуу, километр 500-кIэ нэгъуэщI къалэ кIуэурэ лэжьэн щIидзащ Сезгин, пщэфIэкIэм зыщригъа­сэм.«Дэ абы щыгъуэ диIэIатэкъым, — пещэ Сезгин хъыбарым. — ЦIыхум зыхэпсэукIын щимыIэм деж, лэжьэн хуейщ. Сэ сыкъызэралъхурэ солажьэ. Иджы илъэс 15 ипэкIэ згъэлэжьахэм уэрамым сащыхуэзэмэ, «шеф» жаIэурэ IэплIэшхуэхэр къысхуащI. Ауэ ди Iуэхур цIыхум тIэкIу зэрыщымыту къащыгурыIуи урохьэлIэ. Тыркум тшхын щыдмыгъуэту дыкъэкIуэжакъым дэ. IэщIагъэ абы щыдмыгъуэтауэ, е мыхъумыщIагъэ гуэр зетхьауэ аракъым. Ди лъэпкъэгъухэм я гъащIэм сыт фIыуэ хэтлъхьэфын, мы ди Iуэхум теухуауэ? Арат дызэгупсысыр. Сэ нобэ машинэ къэпщэхуурэ щэж къызжепIэмэ, схузэфIэкIынукъым. Сэ мы Iуэхуращ зыхэсщIыкIри схузэфIэкIри. Алыхьым жиIэмэ, Къэбэрдейм мы ерыскъы зехьэкIэ хабзэри, хьэкури, кафе хьэлэлхэри япэу къэзыхьар сэращ. Мис мы тандыркIэ (мывэ хьэку) бгъажьэ хьэжыгъэхэкIхэри къедгъэжьащ. Иджыпсту газщ дызэрылажьэр. Ауэ Кенжэ япэ хьэкур щыщыдгъэувами, Байсултановым, Кулиевым я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм къыщызэIутхауэ щыта шхапIэхэми, «ЩIакхъуэ унэми» дызэрыщыпщэфIар пхъэ мафIэт. Мыбдежым унэ къатхэр зэтетщи, пхъэ маф­IэкIэ дыпщэфIэну хуитыныгъэ къыдатыркъым. Газ хьэкуращ дызыхуитри, иджыпсту абыкIэ догъэхьэзыр.Сэ зи шхапIэр пщэджыжьым жьыуэ Iузыххэм сащыщщ. Сыхьэти 6-м зэи фIэзгъэкIакъым Iухыгъуэр, дэнэ сыщымылэжьами. А фIыгъэри Къэбэрдейм сэ къыщыхэслъхьащ. «Сыт сыхьэти 6-м щIыIупхыр?» — жаIэурэ къысщыдыхьэшххэрт. «Хэт къэкIуэнур апхуэдэу жьыуэ?» Насыпыр пщэдджыжьращ щагуэшыр. Тыркум дыкъыщалъхуа къуажэм дэса ди анэхэр пщэдджыжьым къэтэджырти, я нэмэзыр ящIа нэужь, КъурIэн тIэкIу еджэхэрт, итIанэ пщIантIэм псы тIэкIу тракIэрти, куэбжэпэм нэс къапхъэнкIырт. Дэ апхуэдэущ дызэресар. ЦIыхум псом япэ и пщIантIэ дыхьэпIэр къабзэу щытын хуейщ. Къэбэрдейм япэу къыщызэIусха шхапIэм щегъэжьауэ, арат щысщIэр. ЯфIэгъэщIэгъуэну къызэплъхэрт а зэманым. Иджы езыхэри есащ».ЧЭРИММарианнэ.

Поделиться: ВКонтакте Telegram Одноклассники