Пшынэм и макъыр Хэкум щегъэIу

Пшынэм и макъыр Хэкум щегъэIу | Адыгэ макъ

Шэуджэн Алан Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэ щIалэщ, унагъуэщ, Налшык щопсэу. КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал аграрнэ университетым менеджментымкIэ и къудамэр къиухащ. ЦIыхухъум и щхьэц, жьакIэ-пащIэр зэкIуу зыщI лэжьакIуэщ, и щхьэгъусэмрэ езымрэ яIэщ лъэпкъ макъамэхэр щагъэзащIэ «ШоКъу» дуэтыр. Алан Хэкум, макъамэм, адыгэ дунейм теухуауэ и гупсысэхэр дигу дыхьащи, фэри фыщыдогъэгъуазэ.

— Япэу сыт щыгъуэ укъихьэжат Хэкум? Сыт абы щыгъуэ зыхэпщIар?— 2012 гъэм Хэкум сыкъэкIуэжащ, абы сринасыпыфIэу. Хэкур илъагъуну щIэхъуэпсу щытащ си адэшхуэр, сэри ар плъапIэ схуэхъуат. Аращ хэлъар сыкъэкIуэ­жыным – сыкъэхъуэпсауэ аращ.— Макъамэм, пшынэм дауэ удихьэха?— Си анэшхуэр адыгэ пшынэ еуэу щытащ. Сэ ар слъэгъуакъым игъащIэм. Ауэ си гугъэщ пшынэм хуэсщIа лъагъуны­гъэр сымылъагъухха си анэшхуэм и деж къыщежьауэ. 2008 гъэм япэу къэсщтащ пшынэр – ди адэр къызэлъэIуащ къафэ гуэр къизгъэкIыфу зезгъасэу, сыхуеуэну. Си тхьэкIумэм наушникыр ислъхьэурэ зи гугъу ищIа макъамэм седаIуэрти, пшынэм къизгъэкIыжу зезгъасэрт сэр-сэру. Пшынэ Iэпэм си Iэпэхэр зэрытеза­гъэм, адэр къыщIызэлъэIуа къафэр къизгъэкIыф зэ­рыхъуам гу лъыстэжа нэужь, пшынауэ сыхъуну сщIащ мурад.— Лъэпкъым зихъумэжынымкIэ сыт хуэдэ мыхьэнэ яIэ адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэм?— Ди дадэжьхэм яхэлъа хабзэмрэ щэнхабзэмрэ схъумэным, ар макъамэм къыхэзнэным согугъу. Псалъэм папщIэ, сыхуейщ цIыхухэр иджырей макъамэхэм едаIуэм нэмыщI, пасэрей уэрэдыжьхэри зэхахыну, адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэм я IукIэр зыхащIэну. Си гугъэмкIэ, лъэп­къым и макъамэ Iэмэпсымэхэр щэнхабзэм и купщIэр зыхъумэ хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ.— Сирием анэдэлъхубзэр дауэ щыфхуэхъума?— Унагъуэм адыгэбзэщ дызэрыпсэлъар сытым щыгъуи. Ар хабзэти, нэгъуэщIу дегупсысыну дигу къэкIыххэртэкъым. Си сабиигъуэр Адыгэ Хасэм щызгъэкIуауи жыпIэ хъунущ.— ПшынэкIэ узэуэ къафэжьхэм хъыбархэри яIэу къыщIэкIынщ…— Дауи. Макъамэ, уэрэдыжь къэс гъащIэм къыхэIукIыж хъыбарщ. А хъы­барыр зэрызыхэсщIэм елъытащ ар зэрызгъэзэщIэнури.— Уи макъамэ альбомым дауэ дедэIуэну?— «Алан Шэуджэн» е «Alan Shawdjan» жиIэу интернетым къыщыплъы­хъуэмэ, къигъэлъэгъуэнущ.— Къул Даянэрэ уэрэ къызэвгъэпэща «ШоКъу» дуэтым и гугъу уэзгъэщIынут.— НэхъапэкIэ дызыхэта «Джэрпэджэж» гупыр зэбгырылъэлъыжащ, ди жагъуэ зэрыхъущи. КъызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ щIалитI, Къуэдзокъуэ Тимуррэ Хъалил Булатрэ, Германием Iэпхъуащ, абы проектхэр щагъэхьэзыр. ДызэпэIэщIэ пэтми, дызэрощIэ икIи дызэрыIыгъщ. ФIыуэ къыдэхъулIэ Iуэхур адэкIэ зэрыдгъэ­кIуэтэнум, адыгэ макъамэр зэрыдгъэIунум дегупсысырт Даянэрэ сэрэ. Арати, макъамэм дызэделэжьыну мурад тщIащ. ЗыфIэтщынIа хуейти, «шокъу» псалъэм къикIыр дигу ирихьри (зэуэ, зыпэмыплъэ), абы дыкъытеувыIащ. Ар ди унэцIэхэм я къыщIэдзапIэхэр зэпыдгъэувэми, техуэрт. «ШоКъу» зыфIэтщащ, абы тету.— Алан, адыгэу ущытыну гугъу?— Хьэуэри нтIэри хуэбгъэкIуэфынущ а упщIэм… СызэрыцIыкIурэ сыщIапIыкIащ адыгэ хабзэм. Хамэ щIыпIэм сыкъыщыхъуа пэтми, ди щэнхабзэр си Iэпкълъэпкъым игуэшащ, лъэпкъ гурыгъузхэр зыхызощIэ. Ар фIыщ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ сыкъоплъри, гъащIэм къыщыхъуу урохьэлIэ хабзэми цIыхугъэми пэщIэуэ Iуэхугъуэ гуемыIухэм. Мис абы щыгъуэм деж зыгуэрхэм хабзэ якIэлъызепхьэну къы­зэрамылэжьым согупсыс. Ауэ, сэ си напэм себэкъуэфынукъым. Мис ар гугъущ.— Хэкум адыгэ унагъуэ дахэ щыбухуащ. Ар уи хъуэпсапIэм хэтауэ къыщIэкIынущ…— Апхуэдэу щхьэтечауэ сегупсы­сыртэкъым унагъуэ Iуэхум. Ауэ, дауи, сыхуейт адыгэ бзылъхугъэ гъащIэ гъусэ схуэхъуну.— Быным бзэр яIурылъыным фызэрегугъур сощIэ…— Ди зэманым гугъущ быным бзэр къабзэу Iурылъу къыдэбгъэкIуэтеиныр. УрысыбзэкIэ упсэлъэн хуей щIэхъун щхьэусыгъуэхэр куэд мэхъу, зэрытщIэщи. Абы нэмыщIи, телевизорымрэ телефо­нымрэ урысыбзэщ зэрыгъэпсар. Ауэ иужь дитщ быным бзэр яIурытлъхьэну, фIыуэ едгъэлъагъуну. Щапхъэ яIэн хуейщи, унагъуэм адыгэбзэкIэ дыщопсалъэ, йода­Iуэ адыгэ уэрэдхэр зэрыжытIэм, ялъагъу адыгэ къафэ дыкъызэрыфэр. Хъыджэбз нэхъыжьыр — Адыиф — «Адыгэ цIыкIу» сабий гъэсапIэм макIуэри, абы щаIэну дерсхэм хуэпIащIэу апхуэдэщ.Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться: ВКонтакте Telegram Одноклассники