Адэжьхэм я фэеплъыр дымыгъэкIуасэу

Адэжьхэм я фэеплъыр дымыгъэкIуасэу | Адыгэ макъ

ПщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ, си хэкуэгъухэ!

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) дежкIэ накъыгъэм и 21-р щыгъуэкIэ гъэнщIащ: 1864 гъэм а махуэм иухащ цIыху минищэ бжыгъэхэм я гъащIэр зыхьа, илъэсищэкIэ екIуэкIа Кавказ зауэр. Абы лъандэрэ илъэси 162-рэ дэкIащ, ауэ а лъапсэрых зауэр тщы­гъупщэркъым, ди лъэпкъым къыхуихьа гуIэгъуэхэр дигу ихужыркъым. ИлъэсищэкIэ мыужьыхыу екIуэкIа зауэм лъэпкъыр кIуэдыпIэ иришащ: мащIэ дыдэщ адэжь лъахэм къинэжар, нэхъыбэр мафIэ лыгъейм хэкIуэ­дащ е хамэ щIыпIэхэм щыхип­хъащ. Тыншакъым хэхэсыныр натIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъу­хэм я гъащIэр — я бзэм ири­псэлъэну, я хабзэр зэрахьэну Iэмал кърамыту къэгъуэгурыкIуащ, ауэ зыхагъэшыпсыхьыжакъым, къызэтенащ. БлэкIа гузэвэгъуэшхуэм ущегупсыскIэ, укъэмыскIэнкIэ, уи гущIэм зимыгъэзэнкIэ Iэмал иIэкъым.ЗэуапIэм икIуэдахэмрэ лъыгъажэм зи щыIэныгъэр зэтри­къутахэмрэ илъэс къэс накъыгъэм и 21-м дигу къыдогъэкIыж. Накъыгъэм и 21-р щыгъуэ-щIэж махуэу щагъэуващ Адыгейми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэ­рэ­шей-Шэрджэсми. Щыгъуэ Iуэ­ху­хэр щокIуэкI Краснодар икIи Ставрополь щIыналъэхэм, Абхъазием, Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым, Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, нэгъуэщI къэралхэми.Ялъэгъуа нэщIэбжьэхэм адыгэ­хэр зэращIыкIакъым, я анэдэлъхубзэр фIагъэкIуэда­къым, я щэнхабзэр IэщIагъэхуа­къым, я къежьапIэхэр щагъэ­гъупщакъым. Нобэ адыгэхэр Урысейм и лъэпкъыбэ унагъуэм ящыщ зыщ, мамыру и гъунэгъу лъэпкъхэм ядэпсэу зы жыла­гъуэщ. Адыгэхэр дэнэ щIыпIэ щымыпсэуми, зы тхыдэрэ зы щэнхабзэмрэ зэраIэр ягъэгъуащэркъым, зыр адрейм щIэгъэ­къуэн хуэхъуу, сыт щыгъуи зэ­къуэту, зэрыIыгъыу зэдэщы­Iэщ. ХамэщIым къикIыжа ди лъэпкъэгъу минхэр Хэкум що­псэу, къекIуэкI хабзэмрэ псэу­кIэмрэ зрагъэзэгъащ, унагъуэ щащIащ.Урысейм къищынэмыщIауэ, адыгэхэм къэралыгъуэ щаIэу дунейм зы щIыпIи щыIэкъым. Къэралым и пашэхэр хущIокъу лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэ-­фIыгъуэхэр зэрихъумэным икIи зэрызригъэужьыным, апхуэдэуи хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэ­гъухэм адэжь лъахэм къыхуаIэ пыщIэныгъэхэр зэригъэбыдэнуми иужь итщ.Мы махуэм дэ къыткъуэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъыбэр. Ар зыхыдощIэ, абы щхьэкIи дэтхэнэми фIыщIэ ­яхузощI. Ди щIыналъэм сыт хуэдэ Iуэхугъуэ щедмыгъэ­кIуэкIми, ди зэхуакум илъ зэныбжьэгъугъэр хъумэным икIи гъэ­быдэным, ди къэкIуэнум теухуауэ диIэ жэуаплыныгъэр нэсу къыдгурыIуэным хуэгъэпсауэ щытын хуейщ. УзэгурыIуэмэ, узыпэмылъэщын гугъуехь зыри щыIэкъым.Кавказ зауэм и тхыдэм дерс куэд къыдат. Абыхэм нэхъыщхьэу дызыхуагъасэр Iущы­гъэмрэ зыр адрейм пщIэ хуэщIын зэрыхуеймрэщ. Лъэпкъ зэгурыIуэныгъэращ лъахэм зиужьыным и шэсыпIэ нэхъыщхьэр. Аращ къызыхэкIар Президент Путин Владимир 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу къи­лъытэнри.Щалъхуа лъахэр яхъумэу зи псэ зыта ди адэжьхэр дэ зэи тщыгъупщэнукъым икIи Кавказ зауэм хэкIуэда псоми ди щхьэр яхудогъэщхъ. Апхуэдэ гуауэ къэмыхъужын папщIэ, дэ ди къалэнщ а фэеплъыр дымыгъэ­кIуасэу тхъумэну.ИремыкIуэдыж зауэм зи щхьэ хэзылъхьа ди нэхъыжьхэм я фэеплъыр!Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэми дунейм адыгэу (шэр­джэсу) тетхэми мы махуэр ящы­зыгъэгъупщэн гуауэ ямы­лъагъуну, ди япэ итахэм да­щIыхуэфэщэн ехъулIэныгъэхэр диIэну си гуапэщ. Дэтхэнэ зы унагъуэми и жьэгу мафIэр зэхремыкIыж, гуфIэгъуэрэ фIыгъуэрэ диIэну сыфхуолъаIуэ!Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэСЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.

Поделиться: ВКонтакте Telegram Одноклассники