Хэкум йопсэлъэжыр гурэ псэрэкIэ

Хэкум йопсэлъэжыр гурэ псэрэкIэ | Адыгэ макъ

КIэдыкiуей Еркъан хамэщI щыпсэу адыгэ усакIуэщ. Тыр­кум 1969 гъэм къыщалъхуащ, Узун-Яйлэ, Шыджэ­бэхъуей къуажэм къыщыхъуащ. Еркъан электрикыу еджащ икIи а IэщIагъэм иролажьэ. Унагъуэщ, бынитI иIэщ.

2018 гъэм фIыуэ илъагъу Хэкужьым къыщыдэкIащ «Хэкум сепсэлъэжу» и усэ тхылъыр. Ар къыдигъэкIащ усакIуэм и тхыгъэхэр интернет напэкIуэцIхэм зыкъом щIауэ щыщIэзыджыкI, усакIуэ, тхакIуэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ. Зытетхыхьхэр, и усэбзэр, и гупсысэ къэIуэтэкIэр и гум дыхьати, хамэ къэралыр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэ усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр зэхуэхьэсауэ щыIэн хуейуэ къилъытащ, абыхэм Хэкум къэIу джэ макъыу зэхэлъ усэ тхылъ къищIыкIащ. Тхылъым и IуплъапIэри и напэ­кIуэцIхэри абы къыщыкIуэ усэхэм пэджэж тхыпхъэ-сурэтхэмкIэ игъэщIэрэщIащ дакIуэ-бзакIуэ Сэралъп Мадинэ. Тхылъым итщ КIэдыкIуей Еркъан и усэхэр, гупсысэхэр, усэ хуитхэр. Ус­а­кIуэм и тхэкIэр щхьэхуэщ, адыгэ дунейм пэджэж къару щабэ щIэлъу — Мадинэ и тхыпхъэхэри абы екIупсщ.«Еркъан Хэкумрэ и лъэпкъэгъу­хэмрэ псалъэкIэ ялъэIэсыну и нэ къикIыу итхахэр хэмыгъуэщэжын, цIыху нэхъыби еджэн папщIэ, дауи, зыгуэрым къритхыкIыжын хуейт. А гупыж дыдэр хэт иIами, къыхилъхьэ, къыпищэ хъуну си гугъэщ — Еркъани абы хуэдэу езыр-езыру тхэным зыхуезыгъэса адрейхэми ядэIэпыкъун хуейщ… АпхуэдизымкIэ сыдихьэхырт и тхэкIэмрэ и гупсысэ зэкIэлъыгъэкIуэкIэмри, къыщистхыкIыжым и псалъэ къэпсэлъыкIэхэр схъуэжакъым, литературэ­бзэм измыгъыхьэу къэзгъэнар куэд мэхъу. Къасщтэм, седжэжу сиIэну сыхуейти, езыри хэплъэжа нэужь, тхылъ цIыкIуу къыдэзгъэкIыну сехъуэпсащ», — щыжеIэ Заринэ «Хэкум уепсэлъэфыныр» пса­лъащхьэр иIэу тхылъым хэзы­гъэгъуазэ хуищIам.«Тыркум щыпсэу ди къуэшхэм къабгъэдэкIыу къыдэпсалъэ КIэдыкIуей Еркъан къиIуатэмрэ и хъуэ­псапIэмрэ къызэрыддэгуашэмрэ уигу нэмысынкIэ Iэмал иIэкъым — мыр къызэрыдэпсэлъэжыр ди адэжьхэм я бзэщ, ди нэхъыжьхэм я псэ къабзагъэр зыщIэлъ гупсысэщ къыдигъащIэр», — жиIащ тхы­лъым къеджа нэужь уэрэджы­Iа­кIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист Нэхущ Чэрим.«Сытым тепсэлъыхьми: ар ­адыгагъэуи, лъагъуныгъэуи, нэ­гъуэщI гурыщIэуи, зы хьэпшып гуэ­руи щрети, зи гугъу ищIыр сурэт Iэ­рытхым хуэдэу нэгум къыщIе­гъэувэ. Телъыджэщ, и «хъыринэ» дызэ­рытIысхьэм дыщыщIиупскIэу­рэ, и макъамэ зэхуэмыдэхэм дыщIе­гъэдэIу, итIанэ дегъэгупсысэ. Ди къэпсэлъыкIэм къыщыгъэпсэужын хуей псалъэ куэди хыдолъагъуэ усэхэм», — жеIэ КъБКъУ-м адыгэ­бзэр щезыгъэдж Езауэ Мадинэ, Еркъан и IэдакъэщIэкIхэм теу­хуауэ.Дунейм и щэху куэдым зэпхыплъ гупсысэ жанкIэ IулIащ КIэдыкIуей Еркъан и тхыгъэхэр. Гурэ псэрэкIэ мэусэри, ахэр гум щIэх ноIус икIи узыщIа­гъэдэIукI. ЩIыуэпсыр и псэлъэгъу пэжщи, уафэм, вагъуэм, мазэм, къэкIыгъэхэм я хьэлыр фIыуэ ещIэ. Абыхэм усакIуэм и пэжыр япщIэхэлъщ. Тхыгъэхэр гъуджэ пэлъытэщи, дэтхэнэми усакIуэ­псэр къощ. Ар нэхущ — зыри щыгъэп­щкIуакъым, щыбзыщIакъым. Гу лъыботэ сатырхэр адыгэпсэкIэ зэрыпсыхьами. Дыкъыздеджэм, ди нэгум щIэтщ дуней телъыджэ: дигъэунэхуу, дигъэгупсысэу, дигъэгугъэу! КIэдыкIуейм и IэдакъэщIэкI зыбжанэ дыкъевгъаджи, щыхьэт дытевгъэхъуэж усакIуэм и Хэку лъагъуныгъэм.Нобэ тIощIрэ зырэщДэнэ щыIэ си гурыфIыгъуэхэр?Хэт сфIрикIута?Хьэмэрэ сфIэвгъэпщкIуа?Пхъуантэрамэ — къыдэфхыж,матэрамэ — къивгъэщэщыж.Си кIэныр зэрыздзэн жыхафэгу,си чыныр щызгъэжэн мыл,хъыринэ сыщещIэну зы жыг къудамэ…Дэнэ?Ядыгъуа, яукIа си сабиигъуэр,си жьэм Iурылъа агъэ-быгъэри дэнэ?Нобэ тIощIрэ зырэщ…СфIагъэкIуэдар,къыткIуэцIаукIыхьыжари сабиигъуэт…Сэ абы щIымахуэ жэщхэмжезмыIэфа шыпсэхэр,пцIанэу къытенауэси тэмакъым фIэлъ и таурыхъхэр,си бзэгупэм къытена и къуажэхьхэр,къебжэкIхэр згъуэтыжмэ,мис ахэмкIэ зызгъэнщIыжынут.Хэсшэнут пщIантIэм, мыр уи жыгщ,уи псэ жыг…Узмыгъуэтыжурэ кIуащ ари…Уэри укIуащ, урахуащ уи унэ.ИIэ, къэгъэзэж.Дызэрыгъэгъуэтыж.Дижьарэ яжьэ дыхъуами,Хэкужь бжьамийр къытIууамэ,дыхъужынут…Нобэ тIощIрэ зырэщ…Нобэ.Шу закъуэукIуэцIрыпшамиУи дунейр уи хэкуми уи цIыхуми, уи гугъэхэр псым зэрыхомыкIутэжар арамэ, уэ ухакIута пэтрэ, псы зылъомыгъэIэсар ягъэшхуэщ зыгуэрхэм я дежкIэ. Гъэ мин Iэджэхэм я анэмэт а уи лъэпкъ щIыхь зехьэкIэрамэ, уи лъэпкърэ уи культурэрэ иужь уитмэ, ар зыфIэягъэхэм уэри ягъэ пщагъэхъужу, хыфIыуагъэдзэжыным хущIэкъум уафэри щIылъэри яубыдамэ, зы махуэ нэхъыбэ упсэуну, зы уэрамым ней-нейуэ къыздоплъхэм, уи зы уэрэд къыщыхэбдзэныр сыту IэфI!Зэщхь щымыIэн ар, абдеж ущиза­къуэнуми…Тхыгъэри сурэтриГУГЪУЭТ Заремэ ейщ.

Поделиться: ВКонтакте Telegram Одноклассники