Бзылъхугъэхэри хэтащ а зауэм!

Бзылъхугъэхэри хэтащ а зауэм! | Адыгэ макъ

Европей зыплъыхьакIуэхэм зэратхыжамкIэ, адыгэ пщащэ­хэри зауэ губгъуэм иту щытащ, цIыхухъухэм ящIыгъуу биидзэм пэщIэту. 19-нэ лIэщIыгъуэм ипэхэм Адыгэ Хэкум щыхьэщIа британ зыплъыхьакIуэ Спенсер зэрыжиIэмкIэ, «адыгэхэм я бынхэм Iэщэ яхуэIэту зэрыхъуу ягъэшэсырт, зэуэкIэ ирагъащIэрт, уеблэмэ зауэ губгъуэм бзылъхугъэ­хэми уащрихьэлIэрт».

Пэжу, адыгэм и хэкур ихъумэнумэ, цIыхухъу-цIыхубз, ныбжь жаIэу зэхагъэ­жыртэкъым. Уеблэмэ дзэ, лъэпкъ псом бзылъхугъэр пашэу щыхэта къэхъуащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ пщащэхэм я цIэ куэд нобэм къэсакъым, ауэ зыгуэрхэри яхъумащ.Убых лIыжь Щхьэбэ ХьэтIэхъу жиIэжу щытащ Нэгъуч лъэпкъым ящыщ пщащэм теухуа хъыбарыр. А хъыбарыр итхыжат 20-нэ лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм Шапсыгъым щыхьэщIа тхыдэтх Чистяковэ Еленэ. «ЛIы 15-м я пашэрэ пщIагъуалэм тесу бийр зэтриукIэрт».ЩыIащ Аркъуят и цIэу нэгъуэщI пщащи. Ар Кавказ зауэжьым хэтащ хьэжрэт уэрым и тету, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу хэкум и хуитыныгъэм щIэбэну. Пщащэр I859 гъэм гъэр щащIым зиукIыжат. Аркъуят зыхэкIуэда, Хуэдз жылэм щекIуэкIа зэхэуэм траусыхьыжа гъыбзэм къызэрыхэщыжымкIэ, зауэр махуиблкIэ мыувыIэу екIуэкIащ, хъы­джэ­б­зибли хэкIуэдащ. Аркъуят и гъусащ и шыпхъу нэхъыжь Бейдэмэт. ЗэрыжаIэмкIэ, Аркъуят сабий быдзафэ зэтIолъхуэныкъуэ иIэт а лъэхъэнэм.Уигу къыумыгъэкIыжын плъэкIыркъым Къазий Хьэнифэ и хъыбар гуузри…Кавказ зауэжьыр екIуэкIырт. Адыгэ­хэм загъэхьэзырырт ТIуапсы быдапIэр зэхакъутэну. Шапсыгъым щыцIэрыIуэ пщащэ, Къазийхэ япхъу Хьэнифэ дахэм къылъыхъуат дзэзешэ хахуэ Къуэджэ­бэрдыкъуэ Мыхьэмэт. А зэман хьэлъэр нысашэм, хьэгъуэлIыгъуэм темыгъэпсы­хьами, Хьэнифэ арэзы хъуат и насыпыр Шапсыгъым и щIыбкIи зи лIыгъэр щызэ­лъащIыса щIалэ бжьыфIэшхуэм ирипхыну. Хъыджэбзым зэхихат Мыхьэмэт сымэ ягъэхьэзыр теуэныгъэм и хъыбар. Арати, а зэманым къекIуэкIыу щыта нысэ уасэм и пIэкIэ зи лъэпкъым и къэкIуэнум хуэгумэщI бзылъхугъэ Iущым Мыхьэмэт хуигъэуват бийм и топ къуентхъыу къыхуишэмэ, абыкIэ арэ­зыуэ. Мыхьэмэти, и лIыгъэм къигъэгугъэрти, апхуэдэ уасэм йоувалIэ…Адыгэдзэр ТIуапсы быдапIэм тоуэри зэхакъутэ. Мыхьэмэт урыс топыр къуентхъ къещIри, Хьэнифэ дахэм къыхуешэ. Ауэ езыри уIэгъэ хьэлъэу, шэм зэщIиблауэ къашэж. Мыхьэмэт и гъы­бзэм мыпхуэдэу хэтщ ар къыщашэжым Хьэнифэ жиIауэ: «СыпыкъуокI гущэри, сыщыппыкъуэплъэкIэ, уей, и шытх гущэмэ лъы пцIыгъэр ити…».Шэр къыщыхахыжми лIыгъэшхуэрэ шыIэныгъэрэ къегъэлъагъуэ, тIуэкIуи нэхъыфI къохъужри, абы щыгуфIыкIа джэгуакIуэм «Къуэджэбэрдыкъуэ Мыхьэмэт и шэхэхыж уэрэд» нэщхъы­фIэр зэхелъхьэ. Ар псалъэ зыхэмыт мэкъамэ-уэрэдт, шыкIэпшынэкIэ ягъэзащIэу, ежьу щIэту.АрщхьэкIэ куэд дэмыкIыу Мыхьэмэтыр къызэIохьэжри, уIэгъэхэм йолIыкI. Япэ уэрэдыр хузэхэзылъхьауэ щыта джэгуа­кIуэм зэуэ гъыбзэ еус.Абы иужькIэ Хьэнифэ бзэхащ, здэкIуа­ри къыщыщIари зыми ямыщIэу.Зэгуэр шапсыгъ зауэлIхэм къахыхьащ щауэщIэ хахуэ, уеблэмэ иджыри пащIэ къытемыкIауэ щIалэщIэ дыдэ. Ар апхуэдизкIэ жант, зэуэр пигъэщу, зытри­гъапсэр пхиудырти, гъащIэ къэзыгъэщIа зауэлIхэм ягъэщIагъуэрт абы и лIыгъэр. Шыщхьэмыгъазэу зэуащ мы цIыхур, и цIи къриIуакъым зэи. КъаукIыу шым къыщехуэхаращ ар зэрыпщащэри, зэры-Хьэнифэри къыщащIар. Мыхьэмэт илъ ищIэжауэ арат. И цIыхухъу пыIэр щхьэрыхури, абы щIэгъэпщкIуа щхьэцышхуэр къыщIэхуат, жи, и хъыджэбз куэншыбэри зэрыщыгът.Языныкъуэ тхыдэтххэм бгырыс бзылъхугъэхэр пасэрей нэрыбгейхэм ира­гъапщэрт, ахэр зэрыщыIам и щыхьэт куэд щIэныгъэм къимытIэщIами, Кавказ зауэм хэта цIыхубзхэм нэрыбгеилъ зэращIэтым шэч къытрамыхьэу.Фырэ Анфисэ.

Поделиться: ВКонтакте Telegram Одноклассники