Ди бзэмрэ щэнхабзэмрэ зыдж японхэр

Ди бзэмрэ щэнхабзэмрэ зыдж японхэр | Адыгэ макъ

Японием (Токио) щыщ къэфакIуэ икIи блогер, илъэс 20 зи ныбжь Нозаки Тайга Интернетым и социальнэ сайтхэм цIэрыIуэ щыхъуащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм зэрыдихьэхымкIэ.

Иджыри курыт еджапIэм щыщIэсым Кавказ лъэпкъхэм я тхыдэм дихьэхат Нозаки. Ди къафэхэр къыщилъэгъуам къыщыщIэдзауэ, зэуэ дихьэхащ мы Iуэ­хум. Абы зэрыжиIэмкIэ, японхэр Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм, тхыдэм апхуэдэу щыгъуазэкъым, ауэ дуней псом щыпсэу лъэпкъхэм я къа­фэхэр зыджхэр щыIэщ. Тайга Интернетым и Iэмалыр къигъэсэбэпурэ зы илъэсым къриубыдэу къафэхэм захуигъэсащ, адыгэ уэрэдхэри егъэзащIэ. Кавказ макъамэхэм зэпымыууэ йода­Iуэр: мафIэгум исми лэжьапIэм щыIэми. ФIыуэ илъагъу уэрэджыIакIуэхэм ящыщщ Апэнэс Астемыр, ЕлъэщIыIэ Ислъам, Сагаиповэ Маккэ, Мгзаверби.Псом хуэмыдэу зыхилъхьэ щыIэкъым «Ислъэмей», «Картули» къафэхэр, лезгинкэр. И ныбжьэгъухэр зэхуишэсурэ лезгинкэ къахуофэр. Щапхъэу къилъытэ къэфакIуэ Iэзэхэм ящыщщ Мирзаханов Гебек, Энеев Аскэр, Гасанов Рамиль, Нартаев Джапар, Чантурия Бачанэ, Чанишвили Давид. Кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэр зигу дыхьа япон щIалэщIэм, езым абы зыхуигъэсэным къищынэмыщIауэ, гуп зэригъэпэщауэ Японием и къалащхьэм ди къафэхэм щыхуегъасэ. Тайга ещIэ адыгэ, шэшэн, куржы, осетин къафэхэр. Сэшхуэр иIыгъыу къэфэныр Нозаки зыхилъхьэ щыIэкъым. Абы зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэхэм деж зауэлIу зыкъыщохъуж. Токио дэт шхапIэ инхэм ирагъэблагъэурэ абыхэм къыщофэ, пшыхьхэр егъэдахэ.«Адыгэ лъэпкъ къафэхэр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэщ! Фи анэ­дэлъхубзэр, щэнхабзэр, тхыдэр фхъумэ, фи лъапIэныгъэхэм гулъытэ яхуэфщI», — жеIэ щIалэм.Абы и щыхьэтщ лъэпкъ къафэхэр абы Токио и уэрамхэми шхапIэхэми зэрыщигъэзащIэр. Ар хыхьащ Японием щыIэ ансамблым. Мы зэманым абы куржыбзэр, осетиныбзэр, шэшэныбзэр, дагъыс­тэныбзэр, убыхыбзэр, азербайджаныбзэр, урысыбзэр, адыгэбзэр, адыгэ къа­­фэхэр зрегъащIэ, Кавказым ис лъэпкъ­хэм я фэилъхьэгъуэхэр зэхуе­хьэс, Урысей кинематографием, Кавказым и тхыдэм, лъэпкъ шхыныгъуэхэм зыщегъэ­гъуазэ. Тайга и мурадщ Кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэм Японием исхэр хигъэгъуэзэну.Ди лъэпкъ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ Тайга зэрыдахьэхар япэщIыкIэ абы и анэм игъэщIэгъуащ, иужькIэ ди лъэпкъ къафэхэм зэратхьэкъуар щилъагъум, щIалэр нэхъри тригъэгушхуащ.Япон университетым азиат щэнхабзэмкIэ и институтым и щIэныгъэлI лэжьакIуэ Миязавэ София Еежи 2009 гъэм КъБКъУ-м и аспирантхэм ящыщ зы здигъэлэжьат адыгэбзэ дерсхэмкIэ. Ар университетым и общежитием щыпсэуащ, адыгэхэм триухуа и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм папщIэ ди бзэмрэ щэнхабзэмрэ иджу.ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, и диссер­тацэр игъэхьэзырын папщIэ ар Тыркум илъэсиплIкIэ щыпсэуащ. А псом щIэдза­пIэ хуэхъуащ Къайсэр къалэм японыбзэмкIэ здригъаджэм, хэхэс адыгэхэм щыщ къызэрицIыхуар икIи зи тхыдэ хэкур зрагъэбгынауэ Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ятеухуа къэхутэныгъэ лэжьыгъэ итхыну мурад зэрищIар. И тхыгъэхэр тыркубзэт зэритхыр.Адыгэбзэр иджыным къыдэкIуэу, София и мурадт Тыркум щыпсэуа хэхэс адыгэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэзыгъэзэжахэм захуигъэзэну, ди щIы­налъэм теухуа и щIэныгъэ лэжьыгъэм и пэублэ псалъэр игъэхьэзырыну. Абы и къэпщытэныгъэм къызэригъэлъэгъуам­кIэ, къэзыгъэзэжахэм я нэхъыбэм Къэ­бэр­дей-Балъкъэрыр я лъахэу къалъытэрт, Тыркум щыпсэуныр экономикэ и лъэныкъуэкIэ зэрынэхъ тыншыр ямыбзыщIми. Зыхуей псори ягъуэту Тыркум щыпсэуами, адэжь щIыналъэм ахэр нэхъ щынасыпыфIэу ябжырт. Тыркум къиIэпхъукIыжа языныкъуэ адыгэхэр илъэс 20-м щIигъуауэ зэуэ къэралитIми щопсэу, Тыркум хуаIэ пыщIэныгъэр зыфIамыгъэ­кIуэду. Къэбэрдей-Балъкъэрым хэти илъэси 10, хэти илъэс 15-м щIигъуауэ щыпсэуми, ди щIыналъэм къинэпэнуми Тыркум ягъэзэжынуми ящIэркъым. Псори зэлъытар я щIэблэм къапэплъэ гъа­щIэрщ.ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться: ВКонтакте Telegram Одноклассники