Лъэпкъым щыщ дэтхэнэ цIыхуми фIыуэ илъагъун, пщIэ хуищIын хуейщ анэдэлъхуу Тхьэр къызэрыхуэупса, къыIурилъхьа бзэм.
Апхуэдэу щытми, адыгэхэм къытхокI зи анэдэлъхубзэр зымыщIэ, абыкIэ мыпсэлъэф, анэбзэмкIэ екIуэкI псалъэмакъым хэмытыф. Ар узыгъэгузавэ Iуэхугъуэщ. НэгъуэщIуи къохъу языныкъуэхэм деж: ди анэдэлъхубзэр зыфIэхьэлэмэту зэзыгъащIэхэри мымащIэу щыIэщ. «Бзэмрэ псэмрэ зэтохуэ», — жиIэгъащ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ икIи узэщIакIуэ Елбэд Хьэсэн. КъызэрыслъытэмкIэ, хамэ лъэпкъ щыщу уи анэдэлъхубзэр зэзыгъэщIар, абыкIэ къопсэлъэфыр уи псэми пэгъунэгъу мэхъу.Зи гугъу тщIыхэм ящыщщ ди къэралым и щыхьэр Москва щыпсэу Листенгорт Александр. Интернетым и Iэмал гъунапкъэншэхэр къигъэсэбэпу, а щIалэщIэм иджыблагъэ зыкъытпищIащ.Александр 1993 гъэм Москва къалэм къыщалъхуащ. Курыт школ нэужьым абы ехъулIэныгъэкIэ къиухащ Торез Морис и цIэр зезыхьэ Москва къэрал лингвистикэ университетыр. Абы щIалэщIэм щиджащ ермэлыбзэр, испаныбзэр, инджылызыбзэр. Александр мы зэманым хамэ къэралыбзэмкIэ егъэджакIуэщ, зэдзэкIакIуэщ, диным ехьэлIа тхыгъэхэм я купщIэр къэхутэнми дехьэх. А унэтIыныгъэм теухуа и къэхутэныгъэхэр Александр щызэхуихьэсыжащ дунейм къытригъэхьа и тхылъ зыбжанэм.2024 гъэ лъандэрэ щIалэщIэр иужь ихьащ абхъаз-адыгэ бзэ гупым щыщ адыгеибзэр джыным. Абы и егъэджакIуэр Адыгэ Республикэм хыхьэ Пэткэу (Новая Адыгея) жылэм щыщ Иуанхэ Заретэ Долэтбий и пхъурщ. Къыхэдгъэщынщи, а егъэджакIуэ Iэзэм адыгэбзэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэщ, Адыгей къэрал университетыр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ.— Сэ сызэрыцIыкIурэ сфIэфIу содаIуэ шэрджэс пшыналъэхэм, зэрымыщIэкIэ срихьэлIэри фIыуэ слъэгъуауэ. Адыгэхэр, абыхэм я хабзэ дахэр псэкIэ спэгъунэгъу хъуащ хуэмурэ. ПщIэ хузощI фи лъэпкъ гупсысэкIэм, дуней еплъыкIэм, игъащIэ лъандэрэ къывдекIуэкI хабзэ екIум. Абыхэм щыгъуазэ зыщыхуэсщIащ «дунейпсо бэджыхьым», — къетх Александр. — Адыгэхэр адрейхэм факъыхэзыгъэщхьэхукI а фIыгъуэхэм нэхъыфIыжу сезышэлIэну къэслъытащ фи анэдэлъхубзэр, лъэпкъ тхыдэр. ФIыщIэ ин хузощI абыхэм ящыщ куэдым щыгъуазэ зэрызыхуэпщIыфыну адыгэбзэм сыхуезыгъаджэ бзылъхугъэм.Апхуэдэ гупсысэхэр и гъуэгугъэлъагъуэу Александр джын щIидзащ адыгэбзэр. Илъэсым щIигъу зэманым къриубыдэу абы ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьащ. Абыхэм я щыхьэт наIуэщ щIалэщIэр усэ тхыным зэрытегушхуар. Александр къитхуигъэхьащ и къалэмыпэм къыпыкIа усэхэм ящыщхэри.Афэрым, Александр! Уэ щIалэщIэм адыгэхэр дыпкъуэтщ гукIи псэкIи.ЦIыхум и лъэкIыныгъэр, и къулеягъыр бзэуэ ищIэм я бжыгъэм куэдкIэ елъытауэ жаIэ. Ауэ щыхъукIэ, Александр псэ къулей зыбгъэдэлъ щIалэщIэщ. Апхуэдэ цIыхум и зэхэщIыкIыр нэхъ куущ, къэухьым и гъунапкъэхэри къыпхуэмылъытэнщ. Александр и щапхъэр гъуазэ яхурырехъу зи анэдэлъхубзэр зымыгъэшэрыуэфу, ар зыIурымылъу къэхъу щIалэгъуалэм.ЖЫЛАСЭ Маритэ.