Уэрэду зэIуща щIалэгъуэ

Уэрэду зэIуща щIалэгъуэ | Адыгэ макъ

«АдыгэбзэкIэ уэрэд жыIэным сыт утезыгъэгушхуэр апхуэдэу?» — жысIэу сыщыупщIэм, «Ди бзэр псом нэхърэ нэхъ сигу ирохь, зыми емыщхьу зэрыщытымкIэ. Абы и фIагъымрэ и беягъымрэ, и IукIэ дахэр цIыху нэхъыбэм язгъэлъагъуну сыхуейщ», — къызитыжащ жэуапу Малэ Зеленчук (Ботэщей) къуажэм щыщ уэрэджыIэ ныбжьыщIэ Лъхукъуэщауэ Саният.

Урысу, къэзакъыу, чынтыуэ Краснодар къалэм абы къыдеджэхэм яфIэгъэщIэ­гъуэнщ адыгэбзэкIэ итхыурэ иужьрей зэманым къыдигъэкI уэрэдхэр, ирехъу ахэр цIыхубэ фIылъагъуныгъэ зыгъуэтахэм ящыщ, е иджырей усакIуэхэм я къалэмыпэ къыщIэкIа.Езы пщащэм, Краснодар крайм и Адыгэ Хасэм къызэригъэпэща «Гухэлъ» ансамблым зэрыхыхьэрэ, щIыпIэ Iэджэми и творческэ сэнаущым и зэфIэкIыр наIуэ къищIыну лъэкIащ икIи щIэх дыди куэдым ягу дыхьащ. А ансамблым хэтщ пхъэцIычауэрэ шыкIэпшынауэрэ, уэрэ­джыIитIрэ пшынауитIрэ. Хасэм и тхьэмадэ МэшылI Руслан лъэпкъ щэнхабзэм игу, и псэ етауэ хуэлажьэ ныбжьыщIэхэм зэрадэIэпыкъуным пылъщи, Саният абы фIыщIэ лей хуещI сыт и лъэныкъуэкIи заужьыну къару къазэрыритым папщIэ.Илъэс кIуам Адыгэ Республикэм щекIуэкIа адыгэ кхъуейм и фестивалым Саният хэтыну и насып къыщихьым, уэрэдус Сэнэшокъуэ Ася хуитха «Щауэм къытрешэ нысэр», Магомаев Муслим и «Синяя вечность» уэрэдхэр сценэ нэхъыщ­хьэм гунэсу щыжиIащ. Абдеж шыкIэпшынауэ ГъукIэлI Суандэрэ езымрэ пасэрей адыгэ уэрэдыжь зыбжанэ щагъэзэщIащ, фестивалыр къызэзыгъэпэща­хэм ди лъэпкъ щэнхабзэм хухаха плIанэпэм екIуалIэхэм я гукъыдэжыр къаIэту.«Гухэлъ» гупым къинэмыщIауэ, Саният Iуэху ядещIэ Краснодар щыIэ «Девчата» урыс ансамблми. Мы гупым егъэ­защIэ 1980-1990 гъэхэм цIэрыIуэ хъуа уэрэдхэр, къафэ зэхуэмыдэхэр егъэув, сценэм зэрытет фащэхэри езым едыж.Иджы дыдэ Саният дунейм къытригъы­хьащ нарт IуэрыIуатэм къыхэкIа Мэзгуа­щэ теухуауэ нэщхъей нэхумрэ гукъэкIыж жыжьэмрэ зэIузыщэ уэрэд. Тыркум щыпсэу ди нэхъыжьыфI Къущхьэ Догъэн игъэзащIэу щыта «Гум и уэрэд»-ми щIэуэ итхыжыну щеувалIэм, псалъэхэм мы­хьэнэуэ яIэр хэткIи гурыIуэгъуэ хъун папщIэ, тхакIуэ Тохъутэмыщ Хъызыр ипхъу Анетэ урысыбзэкIэ щхьэхуэу хузэридзэкIащ, уеблэмэ Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэхэм видеонэтыни (клип) щыхутрихащ.Ебланэ классым хэсу абы жыджэру зыкъыщегъэлъагъуэ Хьэбэз районым щекIуэкI «Джэгурэш» нэгузыужь зэпеуэм икIи, текIуэныгъэр къэзыхьахэм яхохуэри, егъэджакIуэ Шэрджэс Расьят зи пашэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм ящIыгъуу Тыркум щыхьэщIэну и кIэн къокI. Уэрэдыр дэни зи Iэпэгъу пщащэм абдеж щимыгъэзащIэу хуэшэчкъым хэхэс адыгэхэм я гум мыкIыжу телъ уIэгъэр зыхуэдэр къыбжезыIэ «Истамбыл гъуэгур».Саният 2005 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м къихъухьащ Лъхукъуэщауэ Артуррэ Галинэрэ я унагъуэм. ШыпхъуитI иIэщ. Абы ищхьэ щIэныгъэ нобэ къыщыщIех щэнхабзэмкIэ Краснодар къэрал институтым телерадиовещанэмрэ театр гъуаз­джэмрэкIэ, эстрадэ-джаз уэрэд жыIэныгъэмкIэ и факультетым, еплIанэ кур­сым хэсщ. И диплом лэжьыгъэр триухуащ «Сохранение адыгских музыкальных традиций в вокальной исполнительской практике современной черкесской эстрады» темэм.Институтым щIыхьэным ипэ ар илъэсийкIэ щеджащ Хьэбэз къуажэм Сидакъ СулътIан и цIэр зезыхьэу дэт сабий музыкальнэ еджапIэм. Мызэ-мытIэу япэ увыпIэхэр къыщихьащ урысейпсо, къэралыбэ мыхьэнэ зиIэ зэхьэзэхуэхэм. И закъуэуи, гупым хэтуи уэрэд жеIэ адыгэбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, франджыбзэкIэ, чынтыбзэкIэ.2025 гъэм Лъхукъуэщауэм къыхуагъэ­фэщащ «Бэст» продюссер купсэм гъуаз­джэмрэ творчествэмрэкIэ гъэ къэс иригъэкIуэкI «Гъатхэ уахэ» лъэпкъыбэ зэпеуэм и Гран-прир. Санкт-Петербург щыIэ «Нарт» къэфакIуэ гупым и лэжьыгъэр къипщытэжу мы дызэрыт гъатхэпэ мазэм икIэхэм концерт иригъэкIуэкIын и гугъэщи, абы Саният ирагъэблэгъащ лъэпкъым папщIэ итх уэрэд купщIафIэхэмкIэ игъэгуфIэнкIэ къыщыгугъыу.«Зыщыщ лъэпкъым емылъытауэ, сэ дяпэкIэ стхыну зыхуэзгъэнакIэ адыгэ уэрэдхэр сыхуейщ бэм зэхазгъэхыну. Ахэр зэштегъэууэ къащымыхъуу, атIэ гурэ псэкIэ зыхащIэмэ, сщIэр псыхэкIуа­дэ хъунукъым. Нэхущ Чэрим, Сокъур Ольгэ сымэ хуэдэ артист пажэхэм я творческэ лъагъуэр щапхъэфIу солъытэ. Адыгэ щэнхабзэр, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми, нобэ сэ къэсIэтыну лъэкIыныгъэ щызгъуэтакIэ, сызыщымысхьыжу сылэжьэнщ», — къыддогуашэ пщащэр.Саният ядолажьэ уэрэдусхэу Тэмазэ Лидэ, Сэнэшокъуэ Ася, Чэнджэщауэ Артур, Хасанов Артур сымэ. Адыгэм и классикхэу Къырымызэ Жанэ, Тхьэбысым Умар, МэшбащIэ Исхьэкъ сымэ я щIэин уасэншэр хуэсакъыу, фIэфIу къегъэщхьэпэ. Псори зэхэту къапщтэмэ, бзэ зэхуэ­мыдэхэмкIэ тхауэ уэрэд тIощIитIым зэрынэхьэс и IэмыщIэ илъщ.

ЛЫХЬ Тимур.

Поделиться: ВКонтакте Telegram Одноклассники