Тэрч къалэм и уэрам нэхъыщхьэхэм язым «Джылахъстэн» фIэщыгъэм щIэту тет тыкуэн дахэшхуэм гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. «Адыгэпсэ гуэрщ зейр!» гупсысэр аддэ гущIэм къыщохъуэпскIри, къару гуэр къыпхелъхьэ.
Пэжщ, иужьрей зэманым адыгэну хуейхэр нэхъыбэ мэхъу, ауэ а Iуэхум я къару, зэфIэкI езыхьэлIэу псалъэр Iуэхум нэзыгъэсыр зырызщ армыхъумэ.
«Джылахъстэн» тыкуэныр апхуэдизкIэ хьэпшып гъэщIэгъуэнхэмкIэ бейщи, музейм нэхъ ещхьщ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым ит адыгэ тыкуэн нэхъ ину къалъытэхэм емыфIэкIмэ, зыкIи ефэгъуэкIыркъым. ЩIэми жьыми, щIалэми хъыджэбзми ягу ирихьын, зепхьэну хъуэпсэгъуэ хьэпшып куэдыкIей щIэлъщ абы. Адыгэ тхылъхэр, сэ зэмылIэужьыгъуэхэр, чысэ, бгырыпх, цIыхубз хьэпшып, щакIуэхэм къахуэсэбэпыну цIыкIуфэкIухэр, пкIыгъэхэр, нэгъуэщI куэди.
КъызэрыщIэкIамкIэ, сыщыуатэкъым. Тыкуэныр зейр ди щIыналъэми абы и гъунапкъэхэми фIыуэ къыщацIыху IэщэщI, дыщэкI Iэзэ Тумэ Аслъэнщ. ЩIалэм зыхуэдгъазэри и тыкуэным, IэщIагъэм теухуауэ депсэлъащ.
— Куэд щIауэ сигу илът Джылахъстэнейм мыпхуэдэ тыкуэн къыщызэIусхыну, — къыддогуашэ Аслъэн. — ЩIэх-щIэхыурэ си деж цIыхухэр къэпсалъэрт пIащIэгъуэкIэ сэ, адыгэ хьэпшып хуейуэ, ауэ зэи хьэзыру сиIэтэкъым. Сысейуэ зыри щIэлъкъым абы, сэ заказкIэ сылажьэу аращи, а тыкуэным сыхуэлэжьэну си Iэ нэсыркъым. Ауэ зи IэдакъэщIэкIхэр сигу ирихь си ныбжьэгъу-лэжьэгъухэм ейхэм щыщ щIызолъхьэ. Екатеринбург къыщыщIэдзауэ щIыпIэ куэдым къызогъэш хьэпшыпхэр. Япэхэм абы щыщэхуэнум нэхърэ зыщызыплъыхьыну къакIуэхэр нэхъыбэт. Тэрч щIыналъэм имызакъуэу, ди республикэм и дэнэ лъэныкъуэкIи къикIыурэ щэхуакIуэ, зыплъыхьакIуэ нокIуэ, Къэрэшей-Шэджэсым, хамэ къэрал къикIа хьэщIэ зыбжанэрэ сиIащ. Тыкуэныр си закъуэ согъэлажьэ. Сабийхэр гъуазджэхэм щыхуагъасэу Къулъкъужын дэт школым, Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэм, гъубж къэс сыщолажьэ, адрей махуэхэм Налшык дэт кIыщым (си адэ къуэшым и къуэ, куэдым яцIыху IэщэщI Тумэ Залым игъусэу) сыщолъащэ, зыгъэпсэхугъуэ махуитIым Тэрч сокIуэжри, тыкуэным сыщIэсщ, абы и Iуэху зызогъэзахуэ, къищынэмыщIауэ, губгъуэ зызохьэ.
Мы тыкуэныр ахъшэ къэлэжьыпIэу, срипсэуну сыщыгугъыу сщIауэ жысIэмэ, пцIы супсынущ. Пэжщ, абы сом гуэри къыпокIуэ, ауэ псом ящхьэращи, ар гурэ псэкIэ зыщызгъэпсэху щIыпIэщ.Си хъуэпсапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ абы пасэрей хьэпшыпхэм я музей къыгуэсщIыхьыну. Тыкуэн бжэIупэм IухьэпIэ дахэ, чийкIэ хуа бжыхьым адыгэ хьэпшыпхэр фIэдзэжауэ хуэсщIынущ. КъищынэмыщIауэ, абдеж адыгэ шей ефапIэ, зэбгъэдэсыпIэ щысщIыну си мурадщ.
ЩIэдзапIэр псом ящхьэщ
СызэрыцIыкIурэ сурэт сщIыуэ щытащ. Япэ дыдэу сурэт зэрысщIари сощIэж. Си адэ къуэшым ручкэрэ тетрадрэ тыгъэу къысхуихьати, ахэр сурэт щIыным хухэсхри, абыкIэ езгъэжьат. КъызэхъулIэу щыжаIэм, сытегушхуэри, Тэрч къалэм дэт художественнэ, музыкэ школхэм сыщеджащ. КъБКъУ-м ГъуазджэхэмкIэ институтыр дыщэкIыу къэзухащ.
Ещанэ курсым сыщIэсу заказкIэ лэжьэн щIэздзат. «Адыгэ унэм» си хьэпшыпхэм щыщ куэд естырт.
ЯпэщIыкIэ къызэрыщIэздзар бзылъхугъэм зыкIэрилъхьэ дыщэхэкIхэращ. Иджыпсту дыщэкI IэщIагъэм апхуэдэу срилажьэркъым, сэхэм щIэупщIэшхуэ яIэти, абы нэхъ зестащ.IэщIагъэм гупсэхугъуэ къызиту сролажьэ. СыкъызэплъэкIыжа иужь, адэ-анэм я жыIэм сызэредэIуам сыщогуфIыкIыж. Мы IэщIагъэр си хъыджэбзхэм языхэзым къыхахмэ, сыщыгуфIыкIынут.
Зыгуэр щысщIым деж абы къыпэкIуэну сомракъым, атIэ ар зыхуэсщIым къызэрыщыхъунурщ сызэгупсысыр. Нэ-хъыщхьэр IэкIэ щIа лэжьыгъэм и щхьэхуэныгъэр, лъапIагъыр (ахъшэкъым зи гугъу сщIыр) цIыхухэм къагурыIуэнырщ. Заводым щащIа сэ пудымрэ мазэ бжыгъэкIэ егугъуу IэкIэ ящIамрэ зэи зэхуэдэ хъунукъым. Ар къызыгурымыIуэхэм уащIедэуэни щыIэкъым.
ЦIыхур дапщэщи нэхъыбэм, нэхъыфIым худэплъейуэ псэу хабзэщ, апхуэдэу сэ сиIэщ си къуэш нэхъыжь Тумэ Залым. ЗэрыжысIащи, абырэ сэрэ зы лъэщапIэ дыщIэсщи, дапщэщи чэнджэщэгъу къысхуохъу. Урысейм и IэщэщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Алмэ Мусэ дуней псом къыщацIыху. Тхьэмахуэм зыбжанэрэ абы и деж сыкIуэурэ лэжьыгъэ IуэхухэмкIэ сочэнджэщ.
ГъэщIэгъуэнракъэ, Iэщэ-фащэ сщIы щхьэкIэ, зыри си унэ щIэлъкъым. Сэжьей цIыкIухэр зесхьэну сощIри, ехъуапсэIамэ, схуэмышэчу тыгъэ яхузощI. Унагъуэм къинэжын хуэдэу, ди дамыгъэхэр тету сщIыну си мурадщ. Апхуэдэу, адыгэш зэзгъэпэщу хуэфэщэну Iэщэ-фащэхэмкIэ зэщIэзузэдзэну сохъуапсэ, ауэ шым зэман куэд токIуадэри, абы зэкIэ сыкъегъэувыIэ.
Зэманыр дапщэщи къызомэщIэкI
Лэжьыгъэм сытезыгъэгушхуэхэм ящыщщ ар нэгъэсауэ зэфIэкIауэ слъагъуну сызэрыщIэхъуэпсыр.
Иджыпсту нэхъыбэу адыгэсэм, къамэм солэжь, абыхэм мамонтым и къупщхьэ, пхъэ гъуэтыгъуейхэр сэкъу яхузощI. Пасэрей адыгэхэм шы Iэмэпсымэхэм ягъусэу дыд зэрахьэу щытащ дапщэщи. Иджы а дыдыр сэм хэIуэнтIауэ щIын щIадзащи, куэдым яфIэфIу дагъэщI.
Илъэс зыбжанэ ипэкIэ, зэи сымыщIауэ щIакъуэ баш сщIауэ щытащ, чэщанэм и теплъэ и къум дыжьынкIэ тебзауэ. Башым IункIыбзэ щэху иIэт, тепкъузэмэ, и кум игъэпщкIуа сэр къипкIыу. Мис абы сфIэгъэщIэгъуэн дыдэу селэжьат, ауэ шэч хэмылъу, ар иджы къэсщтэжамэ, куэд зэсхъуэкIыжынут.
Иджыпсту зы проект гъэщIэгъуэн яужь ситщ адыгэшым, адыгэ уанэм, адыгэсэм ятеухуауэ. Хьэзыр хъумэ, гъэлъэгъуэныгъэ инхэм срихэтыну си мурадщ. Абы къыдэкIуэу американхэм ейм тещIыкIауэ сэ лIэужьыгъуэ гуэр зэпкърызолъхьэ, блэ пIащэм, благъуэм я фэ и къум тебзэжауэ.
Зыужьыныгъэ
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм илъэс къэс къызэригъэпэщ къызэщIэзыкъуэж гъэлъэгъуэныгъэхэм дыхэтщ, абы къищынэмыщIауэ Урысейм ис IэщэщIхэм я зэгухьэныгъэм сыхыхьэну сохъуапсэри, абы схьыну си мурад лэжьыгъэхэр нэзгъэсмэ, сытегушхуэнущ.
Егъэджэныгъэ
2013 гъэм къыщыщIэдзауэ Залымрэ сэрэ дыщолажьэ Сабийхэр гъуазджэхэм щыхуагъасэу Къулъкъужын дэт школым. КъыщIэдгъэкIахэм ящыщу щIалитIым зыхуедгъэджахэр IэщIагъэ яхуэхъуащ. Мы зэманкIэ, сабий 30 хуэдиз еджапIэм нокIуалIэри, ехъулIэныгъэфIхэр яIэу, уащыгугъ хъуну зыкъом яхэтщ. Шэч хэмылъу, псоми зэхуэдэу ар къайхъулIэркъым, ауэ нэхъыщхьэр зэхэгъэж умыщIу дэтхэнэми уадэлэжьэнырщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэфIэкI зиIэ, нэхъыфIу къызэхъулIэ сабийм псори зыIэпигъэхуу, а зыри зыхузэфIэмыкIыну къыпщыхъуар псом япэ щищыж мымащIэу щыIэщи. Зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм пашэ щыхъуащ едгъаджэ сабийхэм ящыщхэр.
Iэмал имыIэу щыткъым абыхэм сурэтыщI бэлыхь къахэмыкIынкIэ, творчествэм цIыхум и щхьэр егъэлажьэ, и гупсысэм зрегъэужь. Быдэу си фIэщ мэхъу ар сабийхэм гъащIэм къазэрыщыхуэсэбэпыжынур. Мы школым и унафэщI КIуж Ритэ хуабжьу егугъуу лэжьыгъэр къызэрегъэпэщ. ЕгъэджакIуэхэр хэплъыхьауэ къыхех. А школым хуэдэу зэгъэпэща ди республикэм иту си фIэщ хъуркъым.
ГъащIэм щынэхъыщхьэу
къилъытэ Iуэхугъуэхэм я гугъу щищIкIэ Аслъэн и унагъуэр къыхегъэщ (Аслъэнрэ и щхьэгъусэ Къардэн Аминэрэ жьэгу пащхьэ дахэ зэрагъэпэщащ. Абыхэм я хъыджэбзитIыр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу щапI, гуапагъэрэ хуабакIэ псыхьа унагъуэм. Ар куэдкIэ я фIыгъэщ абыхэм щIэгъэкъуэн къахуэхъуу къащхьэщыт Аслъэн и адэ-анэу Аркадийрэ Маринэрэ). Абыхэм яужь Аслъэн и IэщIагъэр кIэщIкIэ къыкIэлъегъакIуэ.
«Мы IэщIагъэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр ди Iэужь цIыхухэм, лъэпкъым къахуэдгъэнэнырщ», — жеIэ Аслъэн ди псалъэмакъым и кIэухыу.
«IэщIагъэ зиIэм Iэужь иIэнущ», — жызыIар щыуакъым, дауи. Аслъэн хуэдэу а IэщIагъэм егугъухэр IэужьыфIэ, лъэужьыфIэ хъу хабзэщ. Шэч къытетхьэркъым а IэщIагъэм хуэIэижь щIалэм и цIэр иджыри куэдрэ фIыкIэ къызэрыраIуэнум. Тхьэм иригъэфIакIуэ!
Епсэлъар
Щомахуэ Залинэщ.