Дагъыстаным и къалащхьэ Махъачкъалэ шыщхьэIум (августым) и 25 — 27 махуэхэм лъэпкъ телевиденэ нэтынхэмкIэ «Голос Евразии» зи фIэщыгъэцIэ, е 5-нэ Урысейпсо фестиваль щекIуэкIащ.
Абы хэтащ УФ-м и хэгъуэгу телерадиокомпанэхэр. Я IэщIагъэ IэпщIэлъапщIагъ утыку зэпеуэм щрахьащ Къэрэшей-Черкес телерадиокомпанэм и журналистхэми.
Зэпеуэм кърагъэхьащ программэ 430-м нэблагъэ. ИкIи, гуапэ зэрыхъущи, фIыкIэ зи цIэ ираIуахэм, къыхагъэщахэм ящыщщ КъЧР-м и телерадикомпанэм и адыгэ къудамэр.
А Iуэхухэм нэхъ тегъэчынауэ иджыблагъэ къытхутепсэлъыхьащ Къэрэшей-Черкес телерадиокомпанэм лъэпкъ нэтынхэмкIэ и шеф-редактор Кушпэ Маринэ.
— Лъэпкъ нэтынхэм ягъэхьэзырауэ программи 5 зэпеуэм едгъэхьати, абыхэм ящыщу тIур адыгэбзэкIэ щIат. ТIуми саугъэт лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. ПрограммитIми я режиссёрыр Сидакъ Иринэщ.
«Лучшая программа для детей и юношества» номинацэмкIэ текIуэныгъэр къихьащ «Страна детства» нэтыным. Ар зытеухуар Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щыщ Хутэ Аслъэн ищIа гъэсапIэ, узэщIапIэ утыкуращ. Абдежым сабийхэр адыгэ джэгукIэхэм, псынщIэрыпсалъэм, усэ къеджэным хуегъасэ. Псы Iуфэм щытетхащ а программэр. Зи гугъу тщIа номинацэмкIэ япэ увыпIэр къихьащ. Ар си IэдакъэщIэкIщ. Тезыхар оператор Ашыбокъуэ Мухьэмэдщ, — къыхегъэщ Кушпэ Маринэ.
Къапщтэмэ, сабийхэр дэ тщыщ дэтхэнэми и гъащIэм и Iыхьэ нэхъ лъапIэ дыдэщ. Абы къыхэкIыу сабий программэхэр гум, псэм дэщIауэ, фэрыщIыгъэ яхэмылъу мэхъу.
Сабийр дэзыхьэх Iуэхуу щыткIэрэ, джэгукIэхэр гъэсэныгъэ Iэмал лъэщщ. Адыгэ джэгукIэхэр куэду гъэнщIащ гушыIэрэ ауанрэкIэ, зэпеуэ хущIэкъуныгъэкIэ, пкъыр зыузэщI Iэбэгъуэ тегъэчынахэрэ теплъэ дахэрэкIэ. Абыхэм гъунэжу хэтщ сабийхэм фIыуэ ялъагъу къебжэкI псынщIэрыпсалъэхэмрэ пхъэидзэхэмрэ, къыщыгъэлъэгъуащ цIыхухэм я псэукIэр, я лэжьэкIэр, лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэр, щIыхьыр, лIыгъэр IупщI зыщI теплъэгъуэхэр. ДжэгукIэхэм сабийхэр драгъэхьэх лъэщу, бэшэчу, пкъы псынщIэу щытыным, творческэу гупсысэным, текIуэныгъэм хущIэкъуным, хуэпабгъэным.
А джэгукIэхэм лIыщIыгъуэ куэд хъу тхыдэ яIэщ. ЛIакъуэхэм зэIэпахыурэ, ахэр ди нобэрей лъэхъэнэм къынэсащ, ХьэкъыпIэкIэ а лъапIагъэхэращ Кушпэ Маринэ и нэтыным къыщигъэлъэгъуари.
Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм я хъумакIуэу къыщIэкIащ ди нэхъыжьыфI Хутэ Аслъэн. Аращ «Страна детства» программэм пкъы дахэ щIэзыгъэувар, аращ «Голос Евразии» фестивалым и номинацэм щIытекIуар.
ЕтIуанэ программэм — «Народные приметы черкесов» жыхуиIэм саугъэт щхьэхуэ хэхауэ, фIыщIэ тхылъи щIыгъуу къратащ. Зыгъэхьэзырар Ещэр МыIуминатщ, операторыр Урым Ислъамщ.
Саугъэт хэха зылъагъэса «Народные приметы черкесов» программэр щIэныгъэ къызыхах нэтынщ. Мыбдежым къыщыгъэлъэгъуащ адыгэхэм я лъэпкъ философиер. ЛIыщIыгъуэхэм я кIыхьагъым зи тхыдэ хэкум щыпсэужа лъэпкъым къыхудэхуащ щIыуэпс къэхъугъэ къызэрымыкIуэхэм япэщIэтын, бгъэдыхьэкIэщIэхэр къигъэIэрыхуэн, щIэныгъэщIэхэр зыхиубыдэн.
ИужькIэ ахэр цIыхубэ нэщэнэ хъужащ. Лъэпкъ щэнхабзэм и Iыхьэ щхьэхуэр нэрылъагъу зыщIщ псы Iуфэм, мафIэ пащхьэм щытраха программэр. МафIэр Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я дежкIэ гъащIэм епха мыхьэнэ зиIэ (сакральнэ) пкъыщ. Программэр мыхьэнэ хэхарэ теплъэ дахэрэкIэ ирагъэкъужащ адыгэ Iэнэм тет, гурыIупсыр къэзыгъажэ шхыныгъуэ IэфIхэм.
Фестивалыр теухуауэ щытащ Урысейм и щэнхабзэ щIэиныр хъумэным и Илъэсым. Жюрим и унафэщIу щытащ ВГТРК-м и генеральнэ унафэщIым и къуэдзэ, хэгъуэгу Департаментым и унафэщI Сабитов Рифат.
Ари жыIэпхъэщи, мыпхуэдэ зэпеуэхэр куэдрэ екIуэкIкъым икIи абы текIуэныгъэр къыщыпхьыным пщIэшхуэ пыщIащ.
Ди адыгэ радиотележурналист нэхъыжьхэм ящыщ ЩакIуэ Мусэлы зэрыжиIамкIэ, ди адыгэ пщащэхэм къагъэлъэгъуащ IэщIагъэ IэпщIэлъапщIагъ ин икIи яхуэфащэ дыдэу къратащ саугъэтхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ.
Дэри абы щIыдгъужынщи, Тхьэм яхуигъэбагъуэ я ехъулIэныгъэхэмрэ абыхэм къапэкIуэ саугъэтхэмрэ!
ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ.