Iэппыш Бибарс: «Iэмал имыIэу адыгэбзэкIэ унэм дыщыпсэлъэн хуейт»

ИлъэсийкIэ узэIэбэкIыжмэ, Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэ щIалэ IэпэIэсэ, егъэджакIуэ, музыкант Iэппыш Бибарс Адэжь Хэкум къигъэзэжу къызэрытхэзэгъэжар ди гуапэщ. Ар Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэфIэкI зиIэ щIалэщ. ЩIэныгъэм имызакъуэу абы лъэпкъ щэнхабзэми хэлъхьэныгъэ хуещI, адыгэ IуэрыIуатэр едж, цIыхубэ уэрэдыжьхэр егъэзащIэ, пасэм ажэгъафэхэм къагъэсэбэпу щыта нэкIуIупхъуэхэр егъэхьэзыр.

Сирием и къалащхьэ Дамаск къыщалъхуащ Бибарс. Курыт еджапIэ нэужьым, Дамаск къыщиухащ педколледжым инджылызыбзэмкIэ и факультетыр. И щIэныгъэм щыпищащ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ зэрырагъаджэ Iэмалхэм щыхагъэгъуазэ колледжым. ИужькIэ курыт еджапIэм инджылызыбзэмкIэ мазихкIэ щригъэджащ.

Инджылызым къикIа IэщIагъэ­лIым джэгукIэ зэмылIэужьыгъу­хэр къэбгъэсэбэпурэ еджакIуэ­хэм щIэныгъэ зэрабгъэдэплъхьэ­нум тегъэщIа и курсхэмрэ мастер-классхэмрэ Сирием къыщыщызэIуихым, Iэппышри абы екIуэлIащ икIи ар къыхуэщхьэпащ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыщ ныбжьыщIэхэр егъэджэнымкIэ. КъищынэмыщIауэ, Бибарс мазихкIэ жыджэру хэтащ Англием, Шотландием, Сирием инджылызыбзэр ныбжьыщIэхэм, балигъхэм зэребгъэджынум теухуа Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр зи лъабжьэ мастер-классхэр тыным ехьэлIа волонтёр лэжьыгъэм. КъыкIэлъыкIуэу ар Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм кIуэри, аутизм узыфэ зыпкъырыт сабийхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным, ахэр гъащIэм хэгъэзэгъэным теухуа лэжьыгъэм илъэситIкIэ пэрытащ. Апхуэдэу Иорданием и Сабий центрым пIалъэ кIэщIкIэ щылэжьащ, джэгукIэ Iэмалхэр къэбгъэсэбэпурэ цIыкIухэм щIэныгъэ зэрабгъэдэлъхьэным тегъэщIауэ.

2010 гъэм япэу Iэппыш Бибарс Хэкум къыщыкIуэжам гупыж ищIат адэжь щIыналъэм къигъэзэжыну. ИкIи мыгувэу къехъулIащ и хъуэпсапIэр, Сири­ем къыщыхъея зауэм псынщIэу и щхьэр къыхихын хуей щыхъум. 2012 гъэм и къуэшым и гъусэу абы Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжат, арщхьэкIэ репатриантхэр ди щIыналъэм зэрыщыпсэуну квотэхэм я пIалъэр щиухым, Адыгей Республикэм щыпсэуну хуит зыкъригъэщIат, ауэ Бибарс ныбжьэгъухэр щиIэ хъуа Налшык къэкIуэжмэ нэхъ къищтащ, нэгъуэщI щIыпIэхэм къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъу­хэм щIы хухахыным и IуэхукIэ щIыпIэ властымрэ «Пэрыт» хасэм жыджэру хэтхэмрэ щызэгурыIуэм. 2014 гъэм Iэппыш Бибарс къратащ къэралым пIалъэ кIыхькIэ щыпсэуну хуит зыщI тхылъ (вид на жительство).

— Адыгэхэр хьэрыпхэм, курдхэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм фIыуэ яхозагъэ, ауэ хэхэсхэм я щэнхабзэр яхъумэжыным гугъуехь куэд пыщIащ, Хэкум зэрыпэIэщIэм къыхэкIыу. Зи анэдэлъхубзэкIэ псалъэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэщ. Си щхьэкIэ си кIэн къикIауэ къызолъытэр адыгэбзэр фIыуэ зэрысщIэм папщIэ. АбыкIэ фIыщIэр зейр си адэращ, сыту жыпIэмэ къытхуигъэуват Iэмал имыIэу адыгэбзэкIэ унэм дыщыпсэлъэну. А унафэм дебакъуэ­мэ, удын къэдлэжьырт. Нэхъыбэу кIахэ диалектырт сызэрыпса­лъэу щытар, ауэ сыкъэкIуэжа нэужь, къэбэрдей диалектри тыншу зэзгъэщIащ, — жеIэ Бибарс. – Сирием щыIэкъым лъэпкъ мащIэ­хэм я бзэр яджыным ехьэлIа къэрал программэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псапэ зыпылъ Iуэху ящIэ мыхъумэ, нэгъуэщI зэгухьэныгъэхэр, адыгэбзэр щрагъэдж школхэр къызэрагъэпэщыну хуит­къым. КIуэ аракъэ, сабий гъэсапIэхэм анэдэлъхубзэр щрагъэджыну къыпэрыуэркъым. Дамаски нэгъуэщI къалэхэми апхуэдэхэр щолажьэ. Хуабжьу си жагъуэ мэхъу цIыкIухэм щIэныгъэ етыным теухуа программэхэр зэрызэшыгъуэмрэ зэрыгугъумрэ. Аращ егъэджэныгъэм и Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэм, бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэхэм зыщIыхэзгъэгъуэзам щIэдзапIэрэ щхьэусыгъуэрэ яхуэхъуари.

— Ди къарукIэ мазэ бжыгъэ­кIэ хьэрыпыбзэкIэ журнал къыдэдгъэкIащ, кIуэ пэтми и теплъэ­кIи и плъыфэкIи едгъэфIакIуэурэ, — игу къегъэкIыж Бибарс. – Абы щызэхуэхьэсат мастер-классхэм къекIуалIэхэм я лэжьыгъэхэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, а Iуэхури зэпыдмыгъэужу хъуакъым, дыпэлъэщыжтэкъым.

Iэппышым илъэс зыбжанэ хъуауэ адыгэ хабзэм теухуа къэхутэныгъэхэр ирегъэкIуэкI, пасэм къыддекIуэкIыу щыта, ящыгъупщэжа дауэдапщэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным яужь итщ. Псалъэм папщIэ, адыгэ ажэгъа­фэ­хэм бжэн теплъэ зиIэ я нэкIуIупхъуэхэр зэращIым зыщи­гъэгъуэзэжащ.

— А нэкIуIупхъуэхэм хуабжьу сыдахьэхащ. Нобэ ахэр зэраIэщIэхужари сфIэгъэщIэгъуэнщ. Хьэнцэгуащэм и мыхьэнэр си анэм къысхуиIуэтэжащ, ауэ нэкIуIупхъуэхэр ящIэжыркъым. Санкт-Петербург, Москва, Мейкъуапэ щыIэ музейхэм къыщызгъуэтащ апхуэдэ нэкIуIупхъуэу 6, — жеIэ Бибарс. — Ахэр зэращIым, зэрагъэдахэ тхыпхъэ­хэм зыхэзгъэгъуэзащ. Гу лъыстащ дыгъэ, цIыху, Iэлъын теплъэ зиIэхэм, нэгъуэщIхэми куэду узэрихьэлIэм. Ахэр я нэщэнэт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, я щIагъыбзэт мэкъумэшым, гъавэ бэв къехьэ­лIэным, узыншагъэр егъэфIэкIуэ­ным хуэщIа дауэдапщэхэм.

Iэппышым и хъуэпсапIэт езым нэкIуIупхъуэхэр ищIынууи. Налшык щыщ и ныбжьэгъухэу Хъалилэ Миланэрэ Кхъуэжь Дианэрэ и дэIэпыкъуэгъуу упщIэ щIыным зыхигъэгъуэзащ. IэпэIэсэм езым бгъэдэлъ Iэзагъэр абы хиухуэ­нэжри къигъэщIащ нэкIуIупхъуэ телъыджэу 23-рэ, упщIэр, цыр, фэр къигъэсэбэпри. Ахэр игъэщIэрэщIэжащ адыгэм я дежкIэ къэхъукъащIэ е нэщэнэ мыхьэнэ зиIэ сурэт зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ, лъэпкъ дамыгъэхэмкIэ, тхьэгъухэмрэ цIугъэнэхэмкIэ.

ИлъэситIкIэ узэIэбэкIыжмэ, Бибарс и лэжьыгъэхэр щигъэлъэгъуащ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуаз­джэхэмкIэ музейм. Абы и мурадщ и Iэдакъэ къыщIэкIа нэкIуупхъуэхэр нэгъуэщI къалэхэми утыку къыщрихьэну. И Iэ­рыкI хьэлэмэтхэм адыгэмэ къазэрыкIэрихымрэ лъэпкъ IуэрыIуатэм ижь къазэрыщIихумрэ къадэ­кIуэу, гуапэщ дуней псом щикъу­хьа ди лъэпкъэгъухэр, дэнэ щIыпIэ къыщыхутами, пасэ- рей хабзэр ди нобэм къызэра­хьэсыфам и нэщэнэу тхыдэ лъэмыжым узэрырагъэплъэжыр.

Iэппыш Бибарс и лэжьыгъэхэм пасэрей джэгуакIуэхэм я шыфэ­лIыфэм имызакъуэу, я къалэнхэри цIыхухэм ягу къэзыгъэ­кIыжщ. Нэхъапэм адыгэхэм я гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр Iэмал имыIэу ажэгъафэхэм е джэгуа­кIуэхэм ягъэдахэрт. Абыхэм я нэкIухэр бжэн теплъэ зиIэ Iуп­хъуэхэмкIэ ягъэпщкIурт, къа­фэм хуэIэзэт. ДжэгуакIуэхэм хуитыныгъэ яIэт хабзэм къытекIыну, жылагъуэм щиIыгъ увыпIэми емылъытауэ, дэтхэнэ зыри ауан­рэ щIэнэкIалъэрэ ящIыну. Абы щыгъуэми ахэр цIыхубэм фIыуэ ялъагъурт, зыри хуиттэкъым ажэгъафэм и жагъуэ ящIыну.

— Республикэм къызэрызгъэ­зэжрэ псом хуэмыдэу сызыгъэ­гушхуэу, псэм зезыгъэужь Iуэхуу зи ужь ситауэ къэслъытэр ажэгъафэхэм я нэкIуIупхъуэрщ. Лъэ­щапIэ сызэримыIэм къы­хэкIыу, а лэжьыгъэр зэманкIэ зэпызгъэун хуей хъуащ. КъызэхъулIэрэ абы адэкIи схупыщэжмэ, си насыпщ,— жеIэ щIалэм.

А псом къыдэкIуэу Бибарс и псэм зезыгъэужь Iуэхуу къи­лъытэр лъэпкъ IуэрыIуатэр зэриджырщ, пасэрей уэрэдыжьхэм зэрыдахьэхырщ. ГъукIэ Замудин зи художественнэ унафэщI, Адыгей Республикэм и «Жьыу» ансамблми хэтащ ар. Хэкум къэкIуэжа нэужь, ар яхыхьащ адыгэ уэрэдхэр зыгъэзащIэ Къуэ­дзокъуэ Тимур, Хъалилэ Булат, ХьэцIыкIу Башир, Васильев Тамерлан, Шеуджэн Алан сымэ зыхэта «Хьэгъэудж» гу­пым. КъыкIэлъыкIуэу 2019 гъэм къызэрагъэпэщащ «Джэрпэ­джэж» IуэрыIуатэ гупыр. Абы ягъэзащIэхэм ящыщщ 1911 — 1913 гъэхэм щыIа, куэдым яIэщIэхужа уэрэдыжьхэр. Языны­къуэхэр – щIопщакIуэ уэрэдхэр — сымаджэхэр ягъэхъужыным нэхъ тегъэщIащ. Адрейхэр хуэщIащ зауэм, лIыхъужьхэр гъэлъэ­пIэным. ХьэгъуэлIыгъуэ уэрэд­хэм­рэ гъыбзэхэмри гулъытэ хуащI.

Гупым и япэ альбомыр илъэ­ситIкIэ узэIэбыкIыжмэ къыдагъэ­кIащ. Абыхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ иджырей гъуазджэхэмкIэ урысейпсо фестивалхэм, Къалмыкъым, Белоруссием, Латвием, Тыркум, Москва, нэгъуэщI щIы­пIэ­хэм щекIуэкIа щэнхабзэ зэ­хыхьэхэм. Апхуэдэщ «Биеннале современного искусства Северного Кавказа», Fields, «Летняя платформа» щэнхабзэ зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр, нэгъуэщIхэри. Иджыри яубзыхуат Москва, Санкт-Петербург, Европэм концерт щатыну, арщхьэкIэ пандемием къыхэкIыу къехъулIакъым. Гупым онлайн концертхэр къызэригъэпэщащ Москва щекIуэкIа «Боль» фестивалым, Налшык и «Платформа» арт-залым папщIэ. «Джэрпэджэж» гупым хэтхэм дунейпсо утыкухэм зыкъыщагъэ­лъэгъуэным ехьэлIа хъуэпсапIэхэр я куэдщ.

Бибарс Сирием къиIэпхъу­кIыжу хэкужьым къыщыкIуэжа япэ махуэхэм щыщIэдзауэ щIы­налъэм и щэнхабзэ гъащIэм хэтщ. Адыгей Республикэм и ансамблхэм ящыщ зым макъамэ еуэу зэрыщылэжьам ирогушхуэ. Налшыки щэнхабзэ проект зэмы­лIэужьыгъуэхэр щыпхигъэкIащ. Иужьрей илъэситIым Бибарс радиом щолажьэ. И Iыхьлыхэр, и шыпхъуитIыр — Сирием, и къуэшыр — Адыгейм, и адэр пIалъэ-пIалъэкIэрэ Налшык къэ­кIуэжурэ щопсэу. А псоми къигъэдзыхэркъым Хэкум екIуэлIэж гъуэгур къыхэзыха адыгэ щIалэр икIи абы сэбэп зэрыщыхъуным хущIэкъу зэпытщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.