Щамым зауэр къыщымыхъей ипэкIэ Хэкужьым къэIэпхъуэжахэм, адэжь щIыналъэм щыIэ гъащIэмрэ псэукIэмрэ я лъапIагъыр, IэфIагъыр зыхэзыщIэ ди лъэпкъэгъухэм ящыщщ Гъусокъуэ (Куэбл) Раджаб и бынунагъуэри. Унагъуэм нэрыбгитху щIэсщ: зэщхьэгъусэхэм щIалитI къащIотаджэ; къадопсэу зи ныбжьыр илъэс 80-м фIэкIа, Раджаб и анэ Аиша (Дадэхъухэ япхъущ).
Аиша и адэм и адэжращ Хэкур зыбгынауэ щытар. КъэбэрдеймкIэт здикIар. И анэр абазэт. Раджаб и адэр шапсыгъщ, Куэблхэ яйщ.
ЖытIэнщи, Щамым къикIыжауэ, Хьэбэз къуажэм мы зэманым унагъуитху щопсэу. Ахэр зы къуэпсщ, къызэдалъхуахэм я къудамэщ…
НобэкIэ зы унэм щIэс унагъуитхури зэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, Хьэгъундыкъуей къуажэм щыпсэуащ.
Гъусокъуэ (Куэбл) Раджаб
Хэкужьыр псэупIэ зыхуащIыну илъэсиблкIэ узэIэбэкIыжмэ гукъэкI ящIу Урысейм къыщихьэжам, Раджаб и унагъуэр щетIысэхауэ щытащ Къэрэшей-Черкесым хыхьэ Хьэбэз районым щыщ Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) адыгэ къуажэжьым.
— Дызыщыпсэуа къэралым, Щамым, хьэлэмэту ди Iуэху щытщIэжт, зыми дыхуэныкъуэтэкъым, пщIэ къытхуащIт, лъэпкъ куэд дыщызэдэпсэуми, зэран дызэхуэхъутэкъым.
Хамэ къэрал куэдрэ сыщыIащ, сыщылэжьащ, ахъшэ-бохъшэ я лъэныкъуэкIи гуныкъуэгъуэ сиIакъым. Ауэ, дэ нэхъыщхьэу дызэгупсысар ди сабийхэр, нэхъыжьхэр адэжь щIыналъэ къитшэжыныр, дызэрыадыгэр зыщыдмыгъэгъуэпщэныр, дунейм дыхэмышыпсыхьыжынращ. Зауэм дыкърихужьауи дыкъэкIуэжакъым, къэралми дыкърихуакъым. Дэ Хэкужьыр ди плъапIэт.
Пэжщ, уи гъащIэ псом лъащIэ здыщыпщIа щIыпIэр къэбгъанэу, нэгъуэщI къэрал уIэпхъуэныр тыншкъым. Дэнэ ущемытIысэхми, япэхуным хьэлъэ зэрыхъунури хэткIи гурыIуэгъуэщ. Зыри Iэгу зэIухакIэ къыппежьэнукъым. Аращи, тIэкIу гугъу дехьами, Хэкужьым дыкъызэрихьэжрэ цIыхуу къыддэIэпыкъуар гъунэншэщ, зэран къытхуэхъуакъым, я сэбэп къыдэмыкIамэ. ФIыщIэу яхуэтщIми уасэ иIэкъым, — ирешажьэ ди зэпсэлъэныгъэр Раджаб.
«Гугъу дехьащ» щыжиIэкIэ, Раджаб нэхъыщхьэу къызытеувыIэр къызэрыхьэжа къэралым щыпсэуным хуитыныгъэ къезыт тхылъ Iуэхухэращ. АтIэ, къэралым и цIыху ухъун папщIэ, хабзэкIэ зэбгъэпэщын хуей Iуэхугъуэ куэд щыIэщ.
— НобэкIэ ди унагъуэм «вид на жительство»-щ диIэр. Арами, хабзэм дытету ди дэфтэрхэр зыдогъэпэщ «гражданство» къыдэтхын папщIэ. Тхьэм и шыкуркIи, ди Iуэхур мэкIуатэ. ХабзэкIэ къапщтэмэ, Урысейм и цIыху ухъуныр, гражданствэ къыдэпхыныр IыхьлыгъэкIэщ зэрызэфIэкIыр. Нэхъ гурыIуэгъуэу жысIэнщи, уи анэ-адэ-
кIэщ. АбыхэмкIэ дэфтэрхэр тэрэзмэ, лъэпощхьэпо хэмыту къэралым гражданствэ къыует. Ауэ мы Iуэхур къэзылъахъэр ахэр зэрызэфIэгъэкIыпхъэм ехьэлIа Iэмалхэр, мардэхэр, бгъэдыхьэкIэхэр нэгъэсауэ зэрамыцIыхуращ, абыхэмкIэ Iуэху зэхэщIыкI зэрамыIэращ.
Къапщтэмэ, дыкъыздихьэжа къэралым и хабзэ куэд дэр-дэру зэдгъэцIыхужащ. АтIэ, Урысейм и хабзэм утетын щхьэкIэ, ахэр нэгъэсауэ пцIыхун хуейкъэ?! АбыкIэ ди Iуэхур тынш дыдэкъым. Пэжщ, Адыгэ Хасэри, цIыху щхьэхуэхэри хуабжьу къыддоIэпыкъу, ди Iуэху тхуагъэкIуатэ, дызэкIуалIэхэм я лъэкI къагъанэкъым, — къыпещэ Раджаб.
Ди псэлъэгъум зэрыжиIэмкIэ, и щхьэгъусэм и анэм гражданствэ къратащ. АтIэ, Урысейм и хабзэм зэрытету, щхьэгъусэм и анэм и щIалищымрэ и пщащэмрэ (Раджаб и щхьэгъусэмрэ) гражданствэ къаритынкIэ хуитщ.
— Зэрыщытын хуейр аращи, «вид на жительство» къэралым къыуитамэ, адэкIэ гражданствэ къыуитыным ухущIэкъун хуейщ. Си щхьэгъусэмрэ сэрэ мы илъэсращ «вид на жительство» диIэ щыхъуар. Иджыри къыздэсым, илъэсиблым щIигъужауэ, ар щIытхузэфIэмыкIам и щхьэусыгъуэр къэралракъым, абы зыри лажьэ иIэкъым. Щхьэусыгъуэр тхылъхэм зэрелэжьынымрэ а Iуэхур къызэрызэрагъэпэщынымрэ IуэхущIапIэхэр зэрыщымыгъуазэр, нэгъуэщIу жыпIэнумэ, зэрыхуэмыхьэзырращ. АтIэ, дэ ди щытыкIэм итхэм яхуэгъэза Iуэху зэфIэхыным ирихьэлIатэкъым, адыгэ куэд къэкIуэжакъым, зэIэбынури къыздыщIадзэнури ящIэтэкъым…
«Вид на жительство» диIэ щыхъум, къэралым «фыкъеблагъэ» къыджиIащ. Иджы, мис, гражданствэм дыпоплъэ. Си щхьэгъусэм и анэм къыIрех. Мазищ текIмэ, Тхьэм жиIэмэ, къратынущ. ИтIанэ, хабзэм зэрыжиIэу, сэ, мазих текIмэ… Иужьым, си анэм естынущ. Аращ системэр зэрыщытри, зыдопщыт, — жеIэ ди псэлъэгъум.
ЕтIуанэу, псэуным ехьэлIауэ хьэлъагъ зыхэлъу Раджаб зи гугъу ищIыр лэжьапIэ, лэжьыгъэ зэрамыIэращ. Арами, гу лъетэ, дуней псом дежи цIыху куэд зэригъэпIейтейр лэжьапIэ зэрамыгъуэтым. АтIэ, Iуэху зыдэмылъ къуажэм деж а лъэпощхьэпор нэхъыбэу зыхыбощIэкъэ… ЗэрыжиIэмкIэ, гражданствэ яIамэ, лъэныкъуэ куэдымкIэ къэралым и щIэгъэкъуэн къалъысынут.
— Супервайзер, аргоннэ сваркэ, инженер нэхъыщхьэ IэщIагъэхэм срилэжьащ, уеблэмэ Щамым деж инженерхэр щезгъаджэт. ИджыкIэ гараж бэджэнду къэсщтауэ, машинэ инхэм солэжь, абыхэм сазэрыкIэлъыплъын хуеймкIэ щIэныгъэ збгъэдэлъщи, ар къызогъэсэбэп, си щIакхъуэ Iыхьэ къызолэжьыж. КъызэкIуалIэIамэ — солажьэ, къэмыкIуэIамэ — лэжьыгъэншэу сыдэсщ… Сыт хуэдэ Iуэху утелэжьынми гражданствэ уиIэн хуейщ…
ЩIыгу тыкъыр е хадэ диIамэ, абыи делэжьыфынт. Пэжщ, абы упылъынми, бгъэлэжьэнми мылъку текIуэдэнущ. Аращи, псори зэкIуэлIэжыр ахъшэ гъущэращ. Мис ар къэлэжьыныр нобэкIэ тыншкъым, — игу къеуэу къыхегъэщ Раджаб. ИтIани къыщIегъуж я IитI зэтедзауэ зэрыщымысыр, я къару къихь зэралэжьыр.
Щамым къикIыу Хэкужьыр псэупIэ зыхуэзыщIа, Хьэбэз къуажэм дэс унагъуитхури зыщIэсыр къатищу зэтет, фэтэр зыбжанэ зыхэт зы унэщ. Раджаб дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, Хэкужьым щетIысэха ди лъэпкъэгъухэр къуажэдэсхэм я гулъытэм щIагъэкIкъым. Псом хуэмыдэу, ерыскъыкIэ къазэрыпылъыр жеIэ.
КъинэмыщIауэ, унэлъащIэ хьэпшып жыпIэми, зыри зимыIэу етIысэха унагъуэр зыхуэныкъуэн дэтхэнэмкIи, цIыхухэр хуабжьу дэIэпыкъуэгъу къахуохъу.
Раджаб и зы щIалэ цIыкIум и узыншагъэм нэхъ пылъын къахудохуэри, дохутырхэм хуабжьу зыкъыщIагъакъуэ. ЗэрыжиIэмкIэ, къуажэдэсхэми, лъэпкъым и Хасэми щIыхуэ къатенэкъым. Хэкужьым къызэрихьэж лъандэрэ абыхэм я нэIэм щIэтщ.
Гу лъыдмытэнкIэ Iэмал зимыIэт Раджаб и унагъуэм адыгэбзэр уэр-сэру зэрыщагъэбзэрабзэм. Япэрауэ, зи ныбжьыр хэкIуэта, пIэм хэлъ зэпыт Аиша адыгэ нанэ дыдэщ, зи, Щамым щыпсэуауэ умыцIыхумэ, къыпхуэщIэнкъым Хэкужьым къыщымыхъуауэ. Сабийхэри апхуэдэщ, адыгэбзэкIэ мэпсалъэ. Арами, адэжь щIыналъэм къыщихьэжам, сабиитIым адыгэбзэ ящIэтэкъым.
— Ди лъэпкъэгъухэм дакъыхыхьэжри, мазитI-щыкIэ сабийхэм урысыбзэри адыгэбзэри уэр-сэру зрагъэщIащ. Абы дыщымыгуфIыкI хъурэ?! АбыкIи хуабжьу сэбэп мэхъу дызыхэсыр зэрыадыгэр, еджапIэр, сабийхэм я ныбжьэгъухэр. Къапщтэмэ, дызыщIэхъуэпсар къыдэхъулIащ — ди быныр адэжь Хэкум, ди лъэпкъэгъухэм дахэсу допI. Ар насыпышхуэщ.
Къуажэм и Iэтащхьэу Туаршы Беслъэн зэрытехьэрэ куэд щIакъым. Арами, къытлъогъуазэ, къытщIоупщIэ зэпыт. «Фызыхуэныкъуэр, нэхъ фызыгъэгузавэр жыфIэ» жери, зыкъытхуегъазэ. Апхуэдэ гулъытэми димыгъэгушхуэ хъукъым.
Мы унэм дыкъыщыкуэшыжам ди хъуржынхэм ярылъ хьэпшыпхэр, щыгъынрат тIэщIэлъыр. Унэр зэтезылъхьам и ныбжьэгъухэр щIыгъуу Iэнэ къытхуашащ, нэгъуэщI си зы ныбжьэгъу щIалэм щIыIэлъэ, адрейм зэрыжьыщIэ Iэмэпсымэ, нэгъуэщIхэми тепIэнщIэлъын, щхьэнтэ… Мис, мы флъагъу псомкIи дыкъызэрагъэпэщащ. Уеблэмэ, Щамым дыщыщыIам нэхъри нэхъ къулейщ ди Iуэхур. Ар зи фIыщIэри цIыхухэращ, ахэр гу хуабэу, псэ хьэлэлу къызэрытхукъуэкIращ.
Дызыщыпсэу къуажэр дахэщ, цIыхухэращи — узыфIэмыкIыжыну гущIэгъулы зыхэлъщ. Нобэр къыздэсам къытпыщIахэщ. Ауэ, къыуатынум упэплъэу, уи жьэр ущIауэ ущысынукъыми, дэри долъэпхъащэ.
Зы зэманкIи Хьэбэз жыпс заводым сыщылэжьащ. Ауэ, лэжьапIэм сепхауэ сыщIэмыкIуэфым щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ: унэм сабий сымаджэ щIэсщ, си анэри Iэрызехьэщ…
ЦIыхуу къыдихьэлIэм ядэтлъагъу цIыхугъэм ди гур игъэкIуэдкъым, дегъэгушхуэ. Мис, иджыкIэ си щIалэ сымаджэм и тхылъхэр сощI, медицинэ и лъэныкъуэкIэ къэралым и дэIэпыкъуныгъэ игъуэтын папщIэ. СызэкIуалIэр къыздоIэпыкъу. ПщIэ зыхуэсщI Щымырзэ Мирэ — дохутыр-психологым деж щегъэжьауэ, дэтхэнэми лъэкI къигъанэкъым ди Iуэхур кIуэтэнымкIэ.
Республикэ къалащхьэм дежи сызыбгъэдыхьауэ зы цIыхум «хьэуэ, пхуэсщIэнукъым» къызжиIакъым. Ди псэр ягъэтынш. Гукъеуэу сиIэр урысыбзэр фIыуэ зэрызмыцIыхуращ.
Абы си Iуэху куэд къегъанэ. Ауэ, ди лъэпкъэгъухэм дахэсщ, адэжь Хэку дыщопсэухьри, ар шыкурщ икIи насыпу зэрыримыкъу щыIэкъым! — гушхуэу къыщIегъуж Раджаб.
АБИДОКЪУЭ Люсанэ.